ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Октябрь, 2019

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-10-17

  • Жэпуэгъуэм и 17, махуэку
  •  Къулейсызыгъэр гъэкIуэдыным и дунейпсо махуэщ
  • ЩIыхуэ зыт зэгухьэныгъэхэм я махуэщ
  • 1740 гъэм хыдзэлI, урысей флотым и офицер Беринг Витус и экспедицэм хэтхэм Петропавловск-Камчатский къалэм и лъабжьэр ягъэтIылъащ.
  • 1902 гъэм Детройт (США) къалэм къыщыщIагъэкIащ япэ «Кадиллак» автомобилыр.
  • 1905 гъэм Урысейм и япэ Къэрал Думэм и зэхуэс екIуэкIащ.
  • 1918 гъэм дунейм щыяпэу Москва къыщызэIуахащ сабийхэр зэрыджэгу хьэпшыпым и музей.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Бзэр  дэзыгъащIэр Тхьэм  иузэщI

2019-10-17

  • Анэдэлъхубзэр яIурылъу, ар фIыуэ ялъагъуу сабийр къэгъэтэджыныр къалэнышхуэщ. Мыхьэнэшхуэ зиIэ а лъэпкъ Iуэхум уелэжьу лъэпкъыбзэр ебгъэджынри, ипэжыпIэкIэ, щIыхь зыпылъ IэщIагъэщ. Лосэн (Шэмпар) Хьэужан Сэфарбий и пхъум и гъащIэр зыхуэгъэпсар анэдэлъхубзэм и лъапIэныгъэхэм ныбжьыщIэхэр щIэпIыкIынырщ, абыхэм цIыху нэс, акъылыфIэ къищIыкIынырщ. Илъэс 30-м щIигъуауэ ар щолажьэ Бахъсэн къалэм дэт курыт школ №6-м.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щапхъэ

Мэлыхъуэ Мухьэмэд Нэхъупщ и къуэр

2019-10-17

  • Куэдрэ хьэлъэу сымэджа нэужь дунейм ехыжащ Мэлыхъуэ Мухьэмэд Нэхъупщ и къуэр.
  • Ар 1945 гъэм фокIадэм и 1-м Бахъсэн районым щыщ Къызбрун ЕтIуанэ къуажэм къыщалъхуащ. Налшык дэта «Севкавэлектроприбор» заводым рабочэу лэжьэн щыщIидзащ. 1969 гъэм и фокIадэ мазэм щегъэжьауэ 1979 гъэм и гъатхэпэм нэсыху Бахъсэн къалэм дэт «Автозапчасть» заводым техническэ къэпщытэныгъэмкIэ и къудамэм и мастеру, сменэм и мастеру, продукцэр щызэпкъралъхьэ, щызэпагъавэ участкэм и мастер нэхъыжьу, а IэнатIэ дыдэм и унафэщIу щытащ. ИужькIэ зэман кIэщIкIэ Налшык и «Къэббалъкърембыттехникэ» зэгухьэныгъэмрэ вольт лъагэ аппаратурэ къыщыщIагъэкI заводымрэ щылэжьащ. 1980 гъэм «Автозапчасть» заводым продукцэр щызэпкъралъхьэ, щызэпагъавэ и участкэм и унафэщIу игъэзэжри, а IэнатIэр 1987 гъэм нэсыху ирихьэкIащ. ИужькIэ Бахъсэн дэт производствэ комбинатым и унафэщIу ягъэкIуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Хэку зауэшхуэм теухуауэ

2019-10-17

  • Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ «Не склонившие головы. 115-я Кабардино-Балкарская кавале-рийская дивизия» тхылъыр. Ар къыдигъэкIащ филологие щIэныгъэхэм я доктор       Бакъ Зерэ, ЕхъулIэ Къантемыр и «Воздай почёт» проектым хыхьэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

2019-10-17

«Фыкъеблагъэ Адыгэ хэкум!» — жаIэ «Налмэс» академическэ къэфакIуэ гупым хэтхэм.

Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2019-10-17

  • 1 КъБР „Мир“ канал
  • Блыщхьэ, жэпуэгъуэм и 21
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.30 «КъэкIуэнур я плъапIэу» (12+)
  • 7.05 «Iуэху еплъыкIэ» (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

Къэфэным къыхуалъхуа, цIыху телъыджэ Дашу Хьэшыр

2019-10-17

  • ЗыкъыфIэщIыжын  жыхуэпIэр
  • и  пщIыхьэпIэ  къыхэхуэртэкъым
  • Япэрауэ, Дашу Хьэшыр цIыху къекIуу, нэсри къэсыжауэ адыгэ щIалэщ, зыхужаIэм хуэдэу щытащ. ЕтIуанэрауэ, цIыхуфI дыдэт, зэчиифIэми, зыкъыфIэщIыжын жыхуэпIэр и хьэлым хэлътэкъым. Ещанэрауэ, ар къызыхуалъхуар къэфэнырт. А псори зэхэслъхьэжауэ, сэ Хьэшыр пщIэ, дзыхь хуэсщIырт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

2019-10-17

  • Дзюдо
  • Ахъмэт  Мусэбий и  цIэ  лъапIэр
  • Налшык дэт Универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Ахъмэт Мусэбий и фэеплъу къызэрагъэпэща, дзюдомкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Къэралым и щIыналъэ 12-м къикIауэ абы кърихьэлIащ спортсмен 200-м нэблагъэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр