ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Щхьэмыгъазэ

2019-05-16

  • Совет Союзым и ЛIыхъужь Байсултанов Алим
  • къызэралъхурэ илъэсищэ ирокъу
  • Фашист Германиер ди къэралым къыщытеуам япэу бийм пэщIэувахэм икIи ар къэзыгъэувыIахэм яхэтащ кхъухьлъатэзехуэ Байсултанов Алим. А лъэхъэнэм ар илъэс 22-рэ ирикъуа къудейт. Апхуэдэу щIалэ щхьэкIэ, Финн зауэми хэтауэ Байсултановыр зауэлI хьэзырт. Алим яхэтащ финн хы къуэпсыр яхъумэу Ханко деж лIыхъужьыгъэшхуэ къыщызыгъэлъэгъуа ди зауэлI хахуэхэм. Ди хэкуэгъур дауэ къыщыхутат а хы тIуащIэм?

  • Зауэм и пэкIэ Байсултанов Алим Налшык щыIа аэроклубым лъэтэфу зыщигъэсащ, иужьыIуэкIэ щеджащ кхъухьлъатэзехуэхэр щагъэхьэзыру Бийск дэта еджапIэм. Ар къиуха нэужь къулыкъу ищIэну ягъакIуэ Прибалтикэм, хыр зыхъумэ дзэхэм хагъэхьэ.
  • Къыдеджахэми, къулыкъу къыдэзыщIахэми къаIуэтэж Байсултановыр цIыхугъэ дахэ зыхэль щIалэу, и хьэл-щэнкIэ адрейхэр зыдригъэплъейуэ зэрыщытар. ЦIыху Iэсэт и ныбжьэгъухэм щахэтым деж, ауэ бий илъэгъуакъэ — ябгэ хъурт…
  • 1941 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэу, зауэри къэхъея къудейуэ, Байсултанов Алимрэ нэгъуэщI щIалитIрэ къалэн къыщащI я кхъухьлъатэхэмкIэ заIэту бийм дзэшхуэ щиIыгъ Тарку къалэм теуэнхэу. Байсултановыр пашэ ящIри, а гуп цIыкIур гъуэгу тохьэ. ИщIагъымкIэ сытри фIыуэ щыплъагъуу дунейр бзыгъэт. Ди кхъухьлъатэхэми лъагащэу заIэтыркъым. Здежьа щIыпIэм гъунэгъу хуэхъуауэ Алимрэ и гъусэхэмрэ ялъагъу фашист кхъухьлъатэхэу плIы къызэрыкъуэхауэ къазэрыхуэкIуэр. Алим и гъуситIым я зым еджащ: «КъызэдаIуэ, къызэдаIуэ: япэ итым сэ сытеуэнущ, уэ си щIыбымкIэ сыкъыщыхъумэ!»
  • ЗэрыжиIам хуэдэуи ещI. Бий кхъухьлъатэм гъунэгъу зыхуещIри, пулемётым и кIакхъур щIеч. Бий кхъухьлъатэр, шэ зытехуа къуаргъыжьу, и дамэхэмкIэ лъэныкъуэ-лъэныкъуэкIэ ещIэу хуожьэ, къолыдри, Iугъуэ фIыцIэр къыщхьэщихыу, йохуэх.
  • И гъуситIми зы бий кхъухьлъатэ я кум даубыдэри, кIуапIи жапIи ирамыту кърагъэпсых. Адрей фашист кхъухьлъатэхэм къыздикIамкIэ IуагъэзыкIыжащ.
  • Къалэн щащIар ягъэзащIэри, Алим сымэ зыри яхэмыщIауэ къагъэзэжащ. Ахэр къетIысэхыжа нэужь, я ныбжьэгъухэр гуапэу къехъуэхъуащ. Полкым и командир подполковник Михайловми комиссар Безносовми «Фи япэ ехъулIэныгъэмкIэ!» — жаIэу щIалэхэм я Iэхэр къаубыдащ.
  • Aбы и ужькIэ полкым щекIуэкIа парт собранэм Байсултановым и хъуэпсапIэр къыщохъулIэ — партым хагъэхъэ.
  • … Уэгум зы мэскъалкIэ ущыщыуамэ, е зы напIэдэхьеигъуэкIэ ущыбэлэрыгъамэ, бийм къыпщIигъэкIуэнукъым. КъимыдэкIэ, гуп ухъумэ, зыр адрейм удэIэпыкъужыфу ущытын хуейщ. А псоми фIыуэ щыгъуазэт Алим икIи зиIэтрэ зауэм Iухьамэ, къашыргъэм хуэдэу, ябги нэ жани хъурт, и гупсысэр асыхьэтым къэхъуну Iуэхум триухуэфырт. Апхуэдэу зэщIэкъуауэ зэрыщытым и сэбэп езым къекIыжырт, и ныбжьэгъухэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэт. Мыпхуэдэ Iуэху зэгуэрым къэхъуащ: «Бийм мафIэ ирадзыну» полкым и бомбэзешэ кхъухьлъатэхэр гъуэгу техьат. Ахэр зыхъумэхэм яхэту лъэтат Байсултановри. Ди бомбэзехьэхэм биидзэм хэщIыныгъэшхуэ иратащ а махуэм. Хъарзынэуи къагъэзэжат, ауэ гъуэгум абыхэм къащылъэщIохьэ кхъухьлъатэ псынщIэхэр — «МЕ-110»-хэр. Зэзэyэн щIадзэ. Зэуэ Алим гу лъетэ эскадрильем и командир Белоусовым и кхъухьлъатэм иужь «МЕ-110»-р къызэриувам икIи, зы тэлай дэкIыжмэ, абы командирыр зэрыс кхъухьлъатэр Iисраф къызэрищIынум. И командирыр къригъэлын щхьэкIэ, Алим езым шэпэIудз зищIу бийм и гупэм зредзэ, шэхэр къызэрытелъалъэр зыхищIэу лъэныкъуэкIэ зыщIедзри, фашист кхъухьлъатэм накIуэпакIуэу хуеунэтI икIи и тегъапси и еуи зыуэ и пулемётыр егъэлъалъэ. «МЕ-110»-р зэщIонэ. Апхуэдэу и ныбжьэгъухэр ажалым къыщригъэл, езыри къыщахъуми куэдрэ къэхъуащ. Алим къыдэзэуахэм яхэтащ «уей-уей» жезыгъэIа кхъухьлъатэзехуэхэу Гринько Пётр, Антоненкэ Алексей, Цоколаев Геннадий, Васильев Михаил сымэ. Нэхъ иужьыIуэкIэ, Алим хуэдэу абыхэми къыфIащат «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр. Ленинград зыхъумэжхэр абыхэм иригушхуэрт, ирипагэрт… АтIэ дунейр къызэрыхъурэ ямылъэгъуа лIыхъужьыгъэшхуэ къагъэлъагъуэрт ленинграддэсхэми, а къалэр зыхъумэж псоми. ЩIылъэми, хыми, уэгуми фашистхэм я нэр щамыгъаплъэу ди дзэхэр япэщIэтт. IэщэкIэ нэхъыфIу зэщIэузэда, бжыгъэкIи куэдкIэ нэхъыбэ хъу бийт зыпэщIэтри. Дуней псор къыкIэлъыплъырт зауэр зыщхьэщыкIа, биидзэм и кум къина къалэм зэрызимытым, Iэщэри, гъаблэри, гугъуехьхэри абы дэсхэм зэрапэмылъэщым. Алим егупсысырт: «Сыту пIэрэ апхуэдэ къару ди цIыхухэм къезытыр?» — жиIэу. Жэуапи зритыжырт: «Дызэрызахуэм, ди лъахэр зэрытхъумэжым къыдет а къарур икIи хамэщI щIэнэцIу къежьа зэрыпхъуакIуэхэм ящыщ зы ди щIым къытемынэжыху, уэгум къимыхьэж хъуху, дэ абыхэм дащысхьынкъым».
  • Зыми гу лъамытэу зы бий кхъухьлъатэ полкым и хэщIапIэм къыщхьэщыхьат зэгуэрьм, щIым щыт ди кхъухълъатэхэм къеуэн мурадыр иIэу. Асыхьэтым зиIэта къудейуэ уэгум итт Алим. Зы дакъикъи зимыIэжьэу абы къыхуиунэтIащ бий кхъухьлъатэм. Лъэныкъуэ зыхуищIщ, еуэри, полк псом ялъагъуу къриудыхащ. Ди кхъухьлъатэзехуэхэр дыхьэшхыу зэхэтт: «Уа, унэмыцэн хуейтэкъэ-тIэ ди бгъащхъуэр уэгум иту къыдэпкун щхьэкIэ», — жаIэу.
  • Зэгуэрым Балтикэм и тенджыз къарухэр зи унафэм щIэт генерал-лейтенант Самохиныр полкым къэкIуат. Командир нэхъыщхьэхэр зэхуишэсауэ абы къариIуэтылIэрт бийм и кхъухьлъатэхэр нэхъыбэ зэрыхъуар, абыхэм ди кхъухьхэм хэщIыныгъэ къызэрыратыр. «НтIэ сыт щIэн хуейр?» — жаIэу псори гупсысэ хэхуат. «Псом япэу, — жиIащ генералым. — КъэщIэн хуейщ а кхъухьлъатэхэр зэрыхъур зыхуэдизыр. Ар къэтщIа нэужь а щIыпIэм деуэнщ».
  • Генералыр картэм теIэбащ: «Мыбы сурэт щытрихыну гъэкIуэн хуейщ нэхъ Iэзэ дыдэу икIи лIыгъэ зыхэлъу фиIэр. Уэгур зыхъумэ зениткэхэр куэдыкIейуэ здэщыт мы щIыпIэм сурэт щытезыхыфынур, нетIи жысIащи, Iэзэ дыдэу щытын хуейщ».
  • — Байсултанов Алим абы дгъэкIуэнщ, — жиIащ полкым и командирым.
  • Iуэхур зытетыр къыжраIа нэужь Байсултановыр егупсысащ: «Дауэ сщIымэ нэхъыфI?» Ар гузавэрт и къалэныр хуэмыгъэзэщIэнкIэ. АтIэ, зэрыгурыIуэгъуэти, апхуэдизу яхъумэ щIыпIэм уащхъуэдэмыщхъуэу ущхьэщыхьэфми — зениткэхэм куэдрэ ущхьэщагъэтынутэкъым, урагъэпсыхынут. Полкым и унафэщIхэри а махуэм гупсысэу зэхэсат, ауэ зыри къахуэгупсысатэкъым. ИужькIэ Алим нэщхъыфIэ къохъу, мэдыхьэшх: «Мис иджы сэ абыхэм яхуэфI сыхъунщ», — жери полкым и командирым зыхуегъазэ, и мурадри иреIуэтылIэ.
  • Ауэ Алим дыхьэшхэн къыщыхъужа и гупсысэр адрейм къыдиIыгъыщакъым. Полкым и командирыр иригузавэрт Алим и щхьэр хилъхьэнкIэ…
  • Алим сурэт зытрихын хуей щIыпIэм уащхъуэдэмыщхъуэу щхьэщыхьащ. Фашистхэр къэуIэбжьат, я зениткэхэмкIэ задзащ. Трагъапсэ, «Дэнэ укIуэжын, улъахъшэщ», — жаIэу. Ауэ сыт а ялъагъур? Советскэ кхъухьлъатэм тIысын мурад иIэу и дамэхэр къахущIеупскIэ, и шэрхъхэри къызыкIэщIихащ. Абы къикIырт: «Фыкъызэмыуэ, гъэру зызот». Нэмыцэхэм ар я гуапэ мэхъу… ТIысыпIэм зыхуигъэхьэзыр щIыкIэу кхъухьлъатэм зэ хъурейуэ къеуфэрэзыхьри, зигъэлъахъшэу хуожьэ. Ауэ тIысыркъым. ЗытетIысхьэн хуея лъагъуэм хуимыгъэзэфа хуэдэу, сэмэгурабгъур ирещэкI. Фашистхэм хьэрэкIытIэхэр худрагъэуейурэ къыздэтIысыну лъэныкъуэр кърагъэлъагъу. Алими ар къыгурыIуа хуэдэу зещI, нэхъри зегъэлъахъшэри, аэродромым и ижьырабгъумкIи сурэт трех.
  • Ещанэуи, тIысын фIэкIа умыщIэу, къыщхьэщохьэри, зыхунэмыса щIыпIэхэм щхьэпролъэтыкI. И Iуэху зэфIэкIати, газым трекъузэ, и шэрхъхэр зэщIекъуэжри, пцIащхъуэм хуэдэу, уэгум йохьэж. Бийхэр я IэфракIэхэм едзэкъэжу къызэхонэ.
  • Тегушхуэныгъэ зыхэлъ щIалэм и цIэр фIыкIэ Iуат. Зы махуэ къанэртэкъым абы Ленинград и уафэм зыщимыIэту. Абы и бгъэм къыхалъхьат Бэракъ Плъыжь ордену тIу, медалхэр, эскадрильем и командирым и дэIэпыкъуэгъуу ягъэуват. 1942 гъэм и гъэмахуэм къабжати, Байсултановыр уэгум зэрихьа бжыгъэр 277-м нэсат, плIыщIрэ тхурэ хъуат уэгу зауэу иригъэкIуэкIар, бий кхъухьлъатэу къриудыхат и ныбжьэгъухэм я гъусэу 13, езым и закъуэу 8, тIур бий аэродромхэм щикъутат.
  • Балтикэ щIыналъэм адэжкIэ щыIуат гвардием и капитан Байсултановым и цIэр. Абы теухуа тхыгъэхэр газетхэм традзэрт, фронтым Iухьа зауэлIхэр Алим ещхьу щытыну ягъэIущырт, 1942 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэкIэ ар Совет Союзым и ЛIыхъужь ящIащ.
  • Абы и ужькIи Байсултановыр зэхэуэ куэдым хэтащ. 1943 гъэм фокIадэм и 23-м Алим финн хы къуэпсым щхьэщыту къраудыхащ. Абы щыгъуэ ар илъэс 24-рэт зэрыхъуар. Ар ящыгъупщакъым полкым къыдыхэтахэм. Абы илъ ящIэжу и ныбжьэгъухэм бийр ягъэгулэзырт икIи куэд мыщIэу ди къэрал гъунапкъэм и уэгури къабзэ ящIыжащ.
  • Хэкуми щыгъупщакъым и хуитыныгъэм зи псэр щIэзыта и быныр. Зыщалъхуа Яныкъуей къуажэм и уэрамыщхьэм абы и фэеплъ щагъэуващ. А сыным деж къокIуэри мэщыгъуэ къуажэдэс балигъхэри еджакIуэ цIыкIухэри.
  • Совет Союзым и ЛIыхъужь Байсултанов Алим лъэужьыншэу кIуэдакъым. И къуэ Валерий лётчик хъужащ. Ар илъэс къэс къокIуэж и адэр щыпсэуа къуажэм икIи зэманыр зэрыкIуэр щыгъупщэжауэ куэдрэ бгъэдэтщ и адэм и фэеплъ лъапIэм. Бгъэдэтщ, и адэм нэхърэ нэхъыжь зэрыхъужами, абы хуэдэу Хэкум къызэрыхущIэкIынуми егупсысу, игъа-
  • щIэкIэ езым нэхърэ нэхъыщIэу къэна и адэм щхьэкIэ и нэпс хэмыубыду.
  • ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд,
  • УФ-м щэнхабзэмкIэ
  • щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.