ЩIыуэпсыр хъумэныр, гъэкъэбзэныр ди фарзщ
2019-05-16
- Накъыгъэм и 15-м къэрал куэдым щекIуэкIащ
- Климатым и махуэм ехьэлIа Iуэхухэр
- Мы зэманым цIыхуу дунейм тетхэми дяпэкIэ къэунэхуну щIэблэхэми я щыIэкIэ-псэукIэр зыхуэдэнур, зэрыгурыIуэгъуэщи, «дызыхэсыхь» щIыуэпсым и щытыкIэм куэду елъытащ.
- Абы къыхэкIыуи Климатым и махуэм гулъытэ хэIэтыкIа хуащI экологие шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным телажьэ къэхутакIуэхэм, щIыуэпсым и щытыкIэм кIэлъыплъ IуэхущIапIэхэм я IэщIагъэлIхэм, къэрал властым щыщхэм, щIэныгъэлIхэм, нэгъуэщIхэми.
- ЗагъуэзагъуэкIэрэ зэхэтх хъыбархэм ятетщIыхьмэ, шынэгъуагъэшхуэ къэзышэ къэхъукъащIэхэм къэралхэр ерыскъыкIэ къызэрызэгъэпэщари, цIыхухэм тыншыгъуэкIэ гъэнщIа я псэуныгъэри къызэпауд.
- ЩIыгур, дызэрыбауэ хьэуар кIуэ пэтми нэхъ хуабэ зэрыхъум уэгъухэр, псыдзэхэр, нэгъуэщI тхьэмыщкIагъэхэр куэду къагъэщI, хы щхьэфэр къегъэукъубейри псыIур къегъэIэпхъуэ, ищхъэрэ, ипщэ жыжьэхэм илъэс мин бжыгъэкIэрэ щызэтрищIа мылышхуэхэр егъэткIу. Апхуэдэуи, ди планетэм дежкIэ хуабжьу шынагъуэщ къытщхьэщыт уэгум гъуэз щхъухьзехьэхэр зэрыщызэтрихьэри.
- Тхыдэ мыжыжьэм къызэрыхэщыжымкIэ, мы къедбжэкIа Iуэхухэм япэ дыдэу зэIухауэ щытепсэлъыхьар 1992 гъэм Рио-де-Жанейрэ щекIуэкIа, къэрали 180-м щIигъум (СССР-м хыхьэу щытахэри яхэту) я лIыкIуэхэр щызэIущIа, «ЩIым и Саммит» зыфIаща зэхыхьэ иныр аращ. А зэхуэсым щызэрихьэлIахэм Iэ традзауэ щытащ ООН-м и Конвенцэм, ди планетэм и климатым и зыхъуэжыкIэ шынагъуэм теухуам. Мы зэгурыIуэныгъэрат щаубзыхуари гъуэз «дыджхэр» атмосферэм щызэтремыгъэхьэным пыщIауэ япэ дыдэу зэфIэгъэкIыпхъэхэр.
- ЩIым и Саммитым (зи гугъу тщIы зэIущIэхэм апхуэдэущ зэреджэр) и ещанэ конференцыр 1997 гъэм и кIэухым Японием хыхьэ Киотэ хытIыгум щызэхашат. Мыбдежым щызэIущIахэм 1992 гъэм екIуэкIауэ щыта япэ зэхыхьэшхуэм къыщащтауэ щыта Конвенцэм щыщIагъужат иужькIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа Киотэ унафэр — къэрал зызыужьахэмрэ зи экономикэр зэблэкIыгъуэ лъэхъэнэм итхэмрэ уэгум хаутIыпщхьэ гъуэзыр 2008 — 2012 гъэхэм ягъэмэщIэн зэрыхуейм теухуа къыхуеджэныгъэр.
- Илъэси 10 дэкIри, 2007 гъэм и дыгъэгъазэм, Индонезием и Бали къалэм аргуэру щызэхэтащ ООН-м мы Iуэхум триухуа и къыкIэлъыкIуэ конференц. Абыи щхьэтечу щытепсэлъыхьат дунейм и щытыкIэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэ шынагъуэхэм. Къэрали 190-м я лIыкIуэхэу а зэхыхьэм щызэIущIахэм абдежым Iэ щытрадзауэ щытащ сату-промышленнэ IуэхущIапIэхэм уэгум хаутIыпщхьэ гъуэзхэр ягъэмэщIэным къыхуезыджэ дунейпсо зэгурыIуэныгъэм.
- ЩIыуэпсыр хъумэныр, дыкъэзыухъуреихь дунейр къабзэу щыгъэтыныр тщыщ дэтхэнэми ди фарзщ. Автомобилхэр нэхъ мащIэрэ къэдгъэсэбэпрэ электрокъарур ямылейуэ дымыгъэкIуэщIу, жыгыщIэхэр дгъэтIысрэ щхъуантIагъэми зедгъэубгъуу дыкъекIуэкIмэ, ахэр, шэч хэмылъу, сэбэпынагъ ин къэзышэщ. Мы зи гугъу тщIыхэр Iуэху цIыкIуфэкIу дыдэу къытщыхъункIи мэхъу, арщхьэкIэ ЩIы Хъурейм цIыхуу тетым апхуэдэхэр зэгъэуIуауэ длэжьмэ, ахэр мыхьэнэ ин дыдэ зиIэу къыщIидзыжынущ.
- ЩIэныгъэр гудзакъагъэм и щIэгъэкъуэнщ
- ЩIыуэпсым и щытыкIэр зыхуэдэм щытепсэлъыхь егъэджэныгъэхэм ди зэманым мыхьэнэ ин зэраIэми шэч къытехьэгъуейщ.
- «ЦIыхухэм экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIащари (ар зыхуэзэр накъыгъэм и 12-рщ) къыщащтар ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм и зэIущIэу Бразилием и къалащхьэ Рио-де-Жанейрэ 1992 гъэм щызэхашарщ.
- Мы Iуэхуми и къызэгъэпэщакIуэхэм зыхуагъэувыжауэ щыта къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ экологие щэнхабзэм зегъэужьынымрэ дыкъэзыухъуреихь дунейм и щытыкIэм цIыхухэр щыгъуазэ щIынымрэ.
- ЦIыхухэм экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэм Урысей Федерацэм гулъытэ хэха хуащI щыхъуар 1996 гъэм къыщыщIэдзауэщ. Абы лъандэрэ, ди къэралым зы илъэс къэмынэу, дыкъэзыухъуреихь дунейр шынагъуэншэу щыгъэтыным хуэгъэза Iуэхугъуэхэр мэлыжьыхьым и 15 — мэкъуауэгъуэм и 5-хэм («ЩIыуэпсыр хъумэным и дунейпсо махуэр» хиубыдэу) щрагъэкIуэкI.
- А зэманым къриубыдэу гъэсакIуэ-егъэджакIуэхэм сабий садхэм, курыт школхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIыуэпсым и щытыкIэм и гугъу щащI зэхыхьэхэр щызэхашэ, удэзыхьэх зэпеуэхэр къыщызэрагъэпэщ, Iэгъуэблагъэр щызэлъыIурагъэх, жыгыщIэхэр щыхрагъасэ.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.