ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-05-16

  • Накъыгъэм и 16, махуэку
  • Мамыру зэдэпсэуным и дунейпсо махуэщ. 2017 гъэм дыгъэгъазэм и 8-м Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и Ассамблее Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ накъыгъэм и 16-р Мамыру зэдэпсэуным и дунейпсо махуэу гъэувыным теухуауэ.
  • Ставрополь крайм и махуэщ

  • Биографхэм я махуэщ
  • 1744 гъэм Урысейм и пащтыхь гуащэ Елизаветэ Пётр и пхъум Iэ щIидзащ цIыхум и хьэкумыр укIкIэ ящIэну зэрыхуимытым теухуа унафэм.
  • 1768 гъэм Урысейм и пащтыхь гуащэ Екатеринэ ЕтIуанэм унафэ ищIащ Пётр Езанэм фэеплъ хуэщIыным теухуауэ. Ар иджы «Гъуаплъэм къыхэщIыкIа шууей» фэеплъу Санкт-Петербург дэтырщ.
  • 1881 гъэм Германием и къалащхьэ Берлин дунейм щыяпэу щаутIыпщащ трамвай зрикIуэ гъущI гъуэгур.
  • 1924 гъэм СССР-м къыщыдэкIащ «Мурзилка» сабий журналым и япэ номерыр.
  • 1929 гъэм США-м япэ дыдэу щекIуэкIащ «Оскар» саугъэтыр зыхуагъэфэщахэм етыжыным теухуа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр.
  • 1954 гъэм Налшык къыщызэIуахащ украин тхакIуэ Вовчок Марко и фэеплъ.
  • 1960 гъэм Америкэм щыщ физик Мейман Теодор дунейм щыяпэу лазер ищIащ.
  • 1985 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым къыдигъэкIащ «Фадафэным ебэныныр гъэлъэщыным теухуауэ» унафэр.
  • Адыгэ тхыдэдж, этнограф, тхакIуэ Хъан-Джэрий СулътIан къызэралъхурэ илъэс 211-рэ ирокъу.
  • Адыгэ узэщIакIуэ, щIэныгъэлI ХьэтIохъущокъуэ Къазий къызэралъхурэ илъэси 178-рэ ирокъу.
  • Урысей кхъухьлъатэзехуэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь Маресьев Алексей къызэралъхурэ илъэси 103-рэ ирокъу.
  • КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Щхьэгъэпсо Таужан къызэралъхурэ илъэси 102-рэ ирокъу.
  • Къэрал лэжьакIуэ, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, РАЕН-м и академик, КъБР-м щIыхь зиIэ и экономист Къалэ Замир и ныбжьыр илъэс 62-рэ ирокъу.
  • Совет гимнасткэ, Олимп Джэгухэм плIэнейрэ я чемпионкэ, гъэсакIуэ Корбут Ольгэ и ныбжьыр илъэс 64-рэ ирокъу.
  • Музыкант, усакIуэ, композитор Шевчук Юрий и ныбжьыр илъэс 62-рэ ирокъу.
  • Уэчыл, КъБР-м щIыхь зиIэ и юрист Бэрокъуэ Хьэсэн-Алий и ныбжьыр илъэс 58-рэ ирокъу.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  •  «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 26 — 28-рэ, жэщым градус 14 — 17 щыхъунущ.
  • Накъыгъэм и 17, мэрем
  • Электросвязымрэ хъыбарегъащIэ зэгухьэныгъэмрэ я дунейпсо махуэщ.
  • Гу узыфэхэм ебэныным и дунейпсо махуэщ
  • Норвегие пащтыхьыгъуэм и лъэпкъ махуэшхуэщ — я Конституцэм и махуэщ
  • Аргентинэм и Дзэ-тенджыз флотым и махуэщ
  • 1727 гъэм Урысейм и пащтыхь тахътэр къылъысащ илъэс 11 фIэкIа мыхъуа Пётр ЕтIуанэм, Пётр Езанэм и къуэрылъхум.
  • 1801 гъэм Санкт-Петербург къыщызэIуахащ дзэзешэ цIэрыIуэ Суворов Александр и фэеплъ.
  • 1861 гъэм дунейм щыяпэу ягъэлъэгъуащ щхъуэкIэплъыкIэу траха сурэтыр.
  • 1916 гъэм Инджылызыр дунейм щыяпэу гъэмахуэ зэманым техьауэ щытащ.
  • 1928 гъэм Нидерландхэм я къалащхьэ Амстердам къыщызэIуахащ IХ Гъэмахуэ Олимп Джэгухэр. Ахэр екIуэкIащ накъыгъэм и 17 — шыщхьэуIум и 12-хэм къриубыдэу.
  • 1944 гъэм Кърым АССР-р щымыIэж ящIащ. Кърымым щыпсэу тэтэр мин 200-м нэс щалъхуа щIыпIэхэм ирашри, Курыт Азием, Урал щIыбым, Поволжье Ипщэм ягъэIэпхъуауэ щытащ.
  • 1988 гъэм Москва и Кремлым, Спасскэ куэбжэхэм япэмыжыжьэу ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр щыщрагъэкIуэкIыу гъэтIылъыгъэшхуэ къагъуэтащ. Абдежым щIэлът 12 — 13-нэ лIэщIыгъуэ-хэм зэрахьэу щыта хьэпшыпхэр, Iэмэпсымэхэр.
  • Адыгэ щIыналъэм щыпсэуа тхыдэдж, узэщIакIуэ Хьэджымыкъуэ Темтэч къызэралъхурэ илъэси 171-рэ ирокъу.
  • Дуней псом щыцIэрыIуэ франджы актёр Габен Жан къызэралъхурэ илъэси 115-рэ ирокъу.
  • Урысей Федерацэм и цIыхубэ артисткэ ДыщэкI КIунэ къызэралъхурэ илъэси 102-рэ ирокъу.
  • Урысей политик, «Демократием и телъхьэ Урысей» зэщIэхъееныгъэм и пашэу щыта Старовойтовэ Галинэ къызэралъхурэ илъэс 73-рэ ирокъу.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  •  «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 27 — 29-рэ, жэщым градус 14 — 17 щыхъунущ.