Сыт щыгъуи дызыпэплъэ
2019-05-16
- ЩIэджыкIакIуэхэр сыт щыгъуи дызыпэплъэ «Iуащхьэмахуэ» журналым и зи чэзу етIуанэ къыдэкIыгъуэр къытIэрыхьащ. Номерым ихуа тхыгъэхэм ди гуапэу кIэщIу фыщыдогъэгъуазэ.
- Журналым и «ЖьантIэ» Iыхьэр къызэIуех КъБР-мрэ КъШР-мрэ я цIыхубэ усакIуэ, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и унафэщI, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтым и лауреат Ацкъан Руслан илъэс 70 зэрырикъур щигъэлъапIэм ирихьэлIэу ягъэхьэзыра тхыгъэхэмкIэ. Абы и гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуа напэкIуэцIхэм зыщыхэвгъэгъуэзэфынущ НэщIэпыджэ Замирэ дригъэкIуэкIа «Си къежьапIэмкIэ згъэзэжынт» интервью гъэщIэгъуэным. УсакIуэм и сонетхэм дахьэххэм щIэщыгъуэ ящыхъуну къыщIэкIынущ нэхъ гугъу дыдэу къалъытэ а жанрым ди литературэм щыхуищIа хэлъхьэныгъэхэмрэ ирита зыужьыныгъэмрэ БакIуу Хъанджэрий триухуа и тхыгъэ купщIафIэр. Iыхьэр зэхуещIыж Ацкъан Руслан и сонет IэрамэкIэ. И унагъуэм, лэжьэгъухэм, ныбжьэгъухэм, цIыху цIэрыIуэхэм я гъусэу юбилярым зытригъэха сурэтхэри итщ къыдэкIыгъуэм.
- «Прозэ» Iыхьэм фыкъыщеджэ КIэбышэ Лилэ «Си блэкIам есщIэнур сыт?» и повестымрэ абхъаз тхакIуэ Лагулаа Анатолий и Iуэтэж хьэлэмэтхэмрэ. Абхъаз рассказхэр адыгэбзэм япэу къригъэзэгъащ Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и къудамэм и унафэщI, журналист, зэдзэкIакIуэ Iэзэ Мэремкъул Ларисэ.
- «Литературэ щIэныгъэ. Критикэ» Iыхьэр къызэIуех Хьэвжокъуэ Людмилэ ди лэжьэгъу усакIуэ, журналист Гугъуэт Заремэ и творчествэр щызэпкърих «Зи усыгъэр щIэщыгъуэ» тхыгъэмкIэ. Абы и лэжьыгъэм къыщызэщIикъуащ усакIуэм и «Хьэуа Iубыгъуэ» япэ усэ тхылъым ихуа сатырхэм гъащIэм и плъыфэ куэд зэрыщызэхэухуэнар, гурыщIэр зэрыщытепщэр, хъэтI щхьэхуэ зэриIэжыр, сатыритIу, сатырищу зэхэт строфакIэ тха усэхэр е зы едзыгъуэ фIэкIа мыхъу усэ кIэщIхэр и Iэдакъэ къызэрыщIэкIар, бзэм и Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр и усыгъэм къызэрыщигъэсэбэпыр, усэ хужьхэри зэзэмызэ къызэрыхэхуэр, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэу тхыгъэм къыщыхигъэбелджылыкIащ Гугъуэтыр прозэкIэ тха усэхэми зэрыхуэмыхамэр. Iыхьэр зэхуещIыж Заремэ и усэ зыбжанэрэ прозэу тха и усэхэмкIэ.
- «Публицистикэ» Iыхьэм ихуащ Къумахуэ Аслъэн и «Адыгэ лъагъуэжьхэмкIэ», Къэрмокъуэ Хьэмид и «ЛIэщIыгъуэхэм я лъэужь» тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр. Къумахуэм и лэжьыгъэм дыщыхегъэгъуазэ Кавказым и къухьэпIэм и щIыуэпсым и къулеягъэм, Адыгейм и ипщэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ къуэладжэхэм, бгыхэм, псыхъуэхэм я дахагъэм. Къэрмокъуэ Хьэмид и тхыгъэм япэщIыкIэ пхъэкIэн пасэрей адыгэ джэгукIэхэр дигу къыщегъэкIыжри, IуэрыIуатэм и лъахэм «дыщегъэхьэщIэ», абы и напэкIуэцIхэм щыщ хъыбар хьэлэмэтхэр къытхуеIуэтэж, эпосым дызыщрихьэлIэ Iуэхугъуэхэм, къэхутэныгъэ купщIафIэхэм я гугъу къытхуещI.
- «Культурэ» Iыхьэм фыкъыщеджэ НэщIэпыджэ Замирэ УФ-м, Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым я цIыхубэ артист, Урысей псом щыцIэрыIуэ композитор Нэхей Аслъэн и ныбжьыр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу дригъэкIуэкIа «Сэ макъамэр сытым дежи си псэм хэлъщ» интервьюм.
- Театрым и илъэсым хыхьэу, Хьэвжокъуэ Людмилэ ХьэхъупащIэ ФатIимэ дригъэкIуэкIа «Адыгэ театрым и вагъуэщIэ цIыкIу» интервьюм къыщыфщIэну Iэмал фиIэщ цIыхубэм ягу дыхьэу утыкум щыджэгу артисткэ пажэм хэлъ Iэзагъэм и щэхухэм я кIапэлъапэм щыщхэр.
- «Егъэджэныгъэ. Гъэсэныгъэ» Iыхьэм Истэпан Залинэ и «Зи IэщIагъэм къыхуигъэщIа» тхыгъэм щытопсэлъыхь Урыху дэт етIуанэ курыт еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Мэрзей-Нот Зое и гуащIэм, гукIи псэкIи къыхиха IэщIагъэм фIэфIу зэрырилажьэм, лъэпкъыбзэм пщIэ зэрыхуищIым, и лэжьэгъухэми гъэсэнхэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къазэрыхуигъуэтыфым, нэгъуэщIхэми.
- «IуэрыIуатэ» Iыхьэм хагъэхьащ нарт ШукIасэ и хъыбархэм щыщ зыбжанэ. Сабийхэм папщIэ къыдэкIыгъуэм ихуащ щIэблэ куэд зыщIапIыкIа франджы тхакIуэ Перро Шарль и таурыхъ хьэлэмэтхэр. «ПыIэ плъыжь цIыкIу», «Шырыкъу зылъыгъ джэду» таурыхъхэр цIыкIухэм щIэщыгъуэ зэращыхъунум шэч хэлъкъым. Журналым и зи чэзу къыдэкIыгъуэр зэхуещIыж Мыз Ахьмэд и псалъэзэблэдзымкIэ.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.