БгъэхэIу лъэпкъ дамыгъэхэр
2019-03-14
- Адыгэ лъэпкъымрэ муслъымэн динымрэ ехьэлIа тхылъ, дамыгъэ куэд дунейм къытригъэхьащ Тхьэкъуахъуэ Iэуес. Иджыблагъэ аргуэру Iуэху щхьэпэ абы илэжьащ: къыдигъэкIащ «Гъатхэпэм и 14-р Адыгэ тхыбзэм и махуэщ» адыгэбзэрэ урысыбзэкIэ зытетха бгъэхэIу дамыгъэхэр. Абыхэм я куэдагъыр 300 хъууэ аращ икIи мыгувэу зэпэубыда зэрыхъунум шэч хэлъкъым.
- ЦIыхухэм ди лъэпкъ махуэшхуэхэр ягу илъын папщIэ Тхьэкъуахъуэ Iэуес куэд зэфIегъэкI. Къапщтэмэ, нэхъапэIуэкIэ абы къыдигъэкIащ «Мэлыжьыхьым и 25-р Адыгэ ныпым и махуэщ», «Накъыгъэм и 21-р Адыгэхэм я щыгъуэ махуэщ», «ФокIадэм и 20-р Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэщ», «ФокIадэм и 28-р Адыгэ фащэм и махуэщ», адыгэ ныпыр зытет бгъэхэIу дамыгъэхэр икIи нэхъ хэIущIыу ищIын папщIэ буклет щхьэхуэм щызэхуихьэсыжащ. КъищынэмыщIауэ, зи гугъу тщIа махуэшхуэхэр, лъэпкъ бэракъыр къытещу, «Си бзэ — си псэ, си адыгэбзэ» тетхауэ иригъэщIа шар зэмыфэгъухэр сабийми балигъми яфIэщIэщыгъуэу зэIэпах.
- Жыласэ Заурбэч.