2019-03-14
- Шэрджэс Расьят и жэрдэм
- Хьэбэз къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м мы гъэм гъатхэпэм и 4 – 7-хэм щрагъэкIуэкIащ адыгэбзэмрэ литературэмрэ теухуа егъэджэныгъэ дерсхэр, олимпиадэхэр, зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэхэр, дерс зэIухахэр.
- Къыхэгъэщыпхъэу къыдолъытэ мы школым анэдэлъхубзэр джыным сыт щыгъуи гулъытэ хэха зэрыщыхуащIыр. Егъэджэныгъэ программэм къриубыдэм къинэмыщIауэ, классщIыб лэжьыгъэшхуи ирагъэкIуэкI. Абы папщIэ зыхуэныкъуэ псори яIэщ: егъэджакIуэ емышыжхэр, абыхэм я гупсысэ, мурад щIэщыгъуэхэр ядэзыщтэ, сыткIи щIэгъэкъуэн яхуэхъу унафэщI Гъуэщокъуэ Маринэ, анэдэлъхубзэр джыным хуэпабгъэ еджакIуэхэр.
- Адыгэбзэмрэ литературэмрэ мы школым щезыгъэджхэр нэIуасэ фхуэтщIмэ ди гуапэщ. Ахэр: Къэрэшей-Шэрджэсми нэгъуэщI щIыпIэхэми фIы дыдэу къыщацIыху, бзэр егъэджыным и къару емыблэжу хуэлажьэ, республикэ Адыгэбзэ Хасэм и пашэ Шэрджэс Расьят, еджапIэм и методикэ зэгухьэныгъэм и унафэщI, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ Туаршы ФатIимэт, бзэм ехьэлIауэ лэжьыгъэфI зэфIэзыххэу Сидакъ Светэ, Акъ Софье, Пхъэш Шарифэ сымэ. АдыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ нэхъыфIыр убзыхуным теухуауэ мы гъэм районым щекIуэкIа зэхьэзэхуэм Туаршы ФатIимэт етIуанэ увыпIэр къызэрыщи-
- хьари къыхэгъэщыпхъэщ.
- АтIэ, махуэ къэс ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм, ят дерсхэм къищынэмыщIауэ, сыт хуэдэ IуэхухэмкIэ мы гъэм къыхагъэща Адыгэбзэм и махуэр, абы ирихьэлIэу сыт зэфIахар?
- — Къапщтэмэ, класс псори къыхэтшащ бзэм ехьэлIа лэжьыгъэхэм. «Си псэу си адыгэбзэ» сочиненэ зэхьэзэхуэ, «Ди бзэм и лъэщагъыр ди щIэблэм зыхыдогъащIэ» классщIыб лэжьыгъэ, «Псэм и пэ напэ» дерс зэIухар, «Ди блэкIам дыщIоплъыкIыж» и фIэщы-гъэу музейм щекIуэкIа дерс — нэгъуэщI куэди къызэщIедгъэубыдащ мы Iуэхум. «Живая классика» зи фIэщыгъэ район зэхьэзэхуэм 2-нэ увыпIэр къыщихьащ 10-нэ классым щеджэ Арэшыкъуэ Iэсият. «Адыгэхэр — хэт ахэр?» жыхуиIэ зэхьэзэхуи, класс нэхъыщIэхэм щеджэ цIыкIухэм я тетрадь нэхъыфIхэр къыхэхыным хуэгъэпса зэпеуи едгъэкIуэкIащ. АбыкIэ дгъэнэIуащ хэт нэхъ дахэу, къабзэу тхэми, дэтхэнэ сабийми и тетра-дым пщIэуэ хуищIыр зыхуэдизыр, — дыщегъэгъуазэ Хьэбэз къуажэ курыт еджапIэм и унафэщIым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ Кхъуэхъу Линдэ. Класс нэхъыщIэхэм щезыгъаджэхэми бзэм ехьэлIауэ сабийхэм лэжьыгъэшхуэ драгъэкIуэкI. Хъупсырокъуэ Фатимэ 4-нэ «а» классым адыгэбзэмкIэ дерс зэIуха щригъэкIуэкIащ. «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ щIыналъэ» зи фIэщыгъэ блын газетхэр ягъэхьэзыращ класс нэхъыжьхэм щеджэхэм, ари зэхьэзэхуэ щIыкIэм иту екIуэкIащ. НэхъыщIэхэр хэлэжьыхьащ жьэрыIуатэ сочиненэ зэхьэзэхуэм. АбыкIэ нэхъыщхьэу дубзыхуар сабийхэм бзэр зэрагъэIурыщIэращ, псалъэхэр къызэрапсэлъращ.
- Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа, бзэр кIуэдыжыным тешыныхь дэтхэнэми ди гукъеуэ нэхъыщхьэри къыхигъэщащ Кхъуэхъу Линдэ.
- — Ди егъэджакIуэхэм жэрдэму къыхалъхьэр гъунэжщ, сабийхэм я анэдэлъхубзэр яIурылъыным ехьэлIауэ. Ауэ, пэжыр жыпIэмэ, ипэкIэ зэрыщытам хуэдэу, бзэр ягъэшэрыуэжыркъым, урысыбзэм зезытыр нэхъыбэщ. Уеблэмэ зы таурыхъ цIыкIу къаIуэтэжыным гугъу иригъэхьхэри яхэтщ, — жеIэ Линдэ.
- КъищынэмыщIауэ, Кхъуэхъум дызэрыщигъэгъуэзащи, мазаем щегъэжьауэ еджапIэм бзэм теухуа дерс щхьэхуэхэр щрагъэкIуэкIащ. Мыгувэу ахэри, адыгэбзэм ехьэлIа Iуэхуу зэфIагъэкIахэри къапщытэжынущи, нэхъыфIхэм, нэхъ къыхэжаныкIахэм ЩIыхь тхылъхэр, фэеплъ саугъэт гуэрхэри щIыгъуу, иратынущ. Ари щIэблэр бзэм къыхуэгъэушыным, тегъэгушхуэным и зы Iэмалщ.
- Адыгэбзэм ехьэлIауэ зэфIагъэкIа Iуэхухэр кърапщытэжу, гъатхэпэм и 14-м сочиненэ ятхынущ. Абы хэтынущ еджакIуэхэри, егъэджакIуэхэри, анэ-адэхэри. Ар зи жэрдэмыр Адыгэбзэ Хасэращ, абы и пашэ емышыж Шэрджэс Расьятщ. Мы лэжьыгъэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэр бзэр щIэблэкIэрэ зэрызэIэпах, бынымрэ адэ-анэмрэ бзэр зэрагъэшэрыуэр къэхутэнращ.
- ШЫБЗЫХЪУЭ Иринэ.
- Лъэпкъым и къарур зыхэлъыр и анэдэлъхубзэращ
- Лъэпкъыбзэхэм я дунейпсо махуэм КъШР-м и Правительствэм и Унэм зэIущIэ щекIуэкIащ. Ди республикэм фIагъ хэлъу лъэпкъыбзэхэр щегъэджы- ным зэран хуэхъу Iуэхугъуэхэр щызэпкърахащ абдеж. ЗэIущIэр ирагъэкIуэкIащ республикэм егъэджэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Семеновэ Елизаветэ я пашэу. Абы хэтащ КъШР-м и Парламентым и депутатхэр, муниципальнэ къэхъугъэхэм егъэджэныгъэмкIэ я къудамэхэм я унафэщIхэр, республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я Iэтащхьэхэр.
- Фигу къэдгъэкIыжынщи, илъэс кIуам, ди республикэм лъэпкъыбзэхэр хъумэн хьисэпкIэ, лъэпкъ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм зы защIри, республикэм и унафэщIхэм зыхуагъэзат а Iуэхум гулъытэ къыхурагъэщIыну. Абы ипкъ иткIэ, КъШР-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравченкэ Иннэ я пашэу лэжьакIуэ гуп къызэрагъэпэщауэ щытащ. А гупыр районхэмрэ къалэхэмрэ я еджапIэхэм щыIащ. Яхуэзащ егъэ- джакIуэхэм, адэ-анэхэм, еджакIуэхэм. Зыщыгъуазэ хъуахэм щытепсэлъыхьыжащ зэIущIэм. Щхьэхуэу къыхагъэщащ лъэпкъыбзэхэр езыгъэджхэм я пщIэр къэIэтынымрэ сабий IыгъыпIэхэм лъэпкъыбзэкIэ щегъэджэныр къызэгъэпэщыжынымрэ.
- Ди республикэм лъэпкъыбзэхэр хъумэнымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм тхутепсэлъыхьащ КъШР-м гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и унафэщI Джэтауэ Виктор.
- — ЩIэныгъэ-техникэ зыузэщIыныгъэм зиужьыху лъэпкъ цIыкIухэм я бзэр дэхуэха мэхъу. Нобэ интернетым къыщумыгъэсэбэп бзэр уэхбзэхыу кIуэдыжынкIэ шынагъуэ щыIэщ. ИкIи тыншу убзыхуа, губзыгъагъ хэлъу узэда бзэ политикэ къэдгъэсэбэпмэщ лъэпкъыбзэхэр къыщыдгъэщIэрэщIэжыфынур. Абы папщIэ, къэрал унафэщIхэми, адэ-анэхэми, егъэджакIуэхэми, еджакIуэхэми, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэми зызэщIагъакъуэу зэдэлэжьэн хуейщ, — жиIащ Джэтауэм.
- Псом япэ зэлэжьыпхъэхэри игъэбелджылащ унафэщIым. Ар, ныбжьыщIэхэр зэреджэ тхылъхэр зэманым къигъэув щытыкIэхэм техуэу хъуэжынращ, ахэр щIэуэ зэхэгъэувэнращ. ЕтIуанэу, лъэпкъыбзэхэр джыным курыт еджапIэхэм щыхухаха сыхьэт бжыгъэхэм Iэмал имыIэу хэгъэхъуэн хуейуэ къилъытащ. ЛъэпкъыбзэхэмкIэ егъэджакIуэхэр гъэхьэзырынми гулъытэ хэха зэрыхуэщIыпхъэр жиIащ.
- КъинэмыщIауэ, Джэтауэ Виктор и гугъу ищIащ щIыпIэ телевиденэм лъэпкъыбзэхэм хухах сыхьэт бжыгъэри мащIэу зэрыщытым. Къыхилъхьащ, республикэм и унафэщIхэм ягъэлажьэ хъыбарегъащIэ сайтхэм лъэпкъыбзэхэмкIэ хъыбархэр къыщат Iыхьэ хэха яIэмэ, мы Iуэхум зэрыхуэщхьэпэнур.
- Лъэпкъыбзэхэр джынымкIэ лъэпощхьэпо нэхъыбэм IуощIэ къалэ еджапIэхэр. Мыбдеж сабийхэм бзэр ямыщIэххэу еджапIэм щыщIэтIысхьэр нэхъыбэщ. ИкIи къызыхэкIа лъэп-къым и бзэр хамэ къэралыбзэм хуэдэу, зыри хамыщIыкIыу джын щIадзэ абыхэм.
- Лъэпкъыбзэм мыхьэнэшхуэ имыIэу, ар я сабийхэм ямыджми хъуну къэзылъытэ адэ-анэхэм къалэм нэхъыбэу ущрохьэлIэ. Черкесск къалэм а Iуэхур зэрыщекIуэкIым зэIущIэм щIэсахэр щигъэгъуэзащ республикэ къалащхьэм и мэрием егъэджэныгъэмкIэ и Управленэм и IэщIагъэрылажьэ нэхъыщхьэ, лъэпкъыбзэхэр еджапIэм зэрыщрагъэджыр зи нэIэ щIэт Агырбэ Хъаджэт.
- — Иужьрей илъэсищыр къапщтэмэ, Черкесск и еджапIэхэм щIэсу зи лъэпкъыбзэр зыджыжыр зэрыхъур процент 81-рэщ. Адрейхэр бзэр зезымыхьэ еджакIуэу къалъытэ. Ахэр нэхъыбэм лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIауэ унагъуэ зэдэзыщIахэм я сабийхэращ. Къапщтэмэ, 2018 — 2019 егъэджэгъуэ илъэсым, Черкесск къалэм щеджэ адыгэ сабий 2217-м ящы-щу 466-м урысыбзэр я лъэпкъыбзэу къалъытэ. Апхуэдэ къабзэу, абазэ еджакIуэ 1382-м ящыщу 293-м, къэрэшей еджакIуэ 4499-м ящыщу 699-м, нэгъуей еджакIуи 176-м ящыщу 115-м я лъэпкъыбзэхэм я пIэкIэ урысыбзэр ядж, — жиIащ Агырбэм.
- КъинэмыщIауэ, Хъаджэт тепсэлъыхьащ еджапIэхэр лъэпкъыбзэ, литературэ тхылъхэмкIэ зэрызэтегъэпсыхьам. Адыгэбзэ, литературэ тхылъхэмкIэ къалэ еджапIэхэр процент 65-кIэщ къызэрызэгъэпэщар. Адрей лъэпкъхэм ебгъапщэмэ, къэрэшеибзэр зыджэхэр процент 90-кIэ, нэгъуеибзэр — процент 95-кIэ, абазэбзэр — процент 70-кIэ къызэгъэпэщащ.
- Лъэпкъыбзэхэр хъумэныр жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я къалэн нэхъыщхьэу зэрыщытыр зэIущIэм щыжиIащ КъШР-м и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий.
- — Мы щытыкIэр зэхьэлIар зы лъэпкъым и закъуэкъым. Мыбы ди республикэм щылажьэ лъэпкъ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр псори дызэкъуигъэуващ. Республикэм ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм, къыхэтлъхьа Iуэхур къыддищтэри, еджапIэхэм зэIущIэхэр къыщытхузэригъэпэщащ. ДаIущIащ еджапIэхэм я унафэщIхэми, егъэджакIуэхэми, адэ-анэхэми. Дызыхуейр ягурыдгъэIуащ, ахэр зыIууэ ныкъусаныгъэхэр зэдгъэщIащ. Псом нэхърэ нэхъ гущIыхьэу а зэIущIэхэм щытлъэгъуаращи, адэ-анэхэм я процент 20-м нэсым я бзэр ямыдэжу, я сабийхэми ар ирагъэджыну хуэмейуэ къызэрыуварщ. Мис ар лъэпкъ насыпыншагъэщ. Апхуэдэ цIыхухэр я лъэпкъым епцIыжауэ къысщохъу. АдэкIи ди лэжьыгъэм пыдощэ, иджы еджапIэм къыщымынэу, класс къэс, егъэджакIуэ къэс щхьэхуэу захудогъазэ. Анэдэлъхубзэр зи сабийм езыгъэджыну хуэмей адэ-анэхэми депсэлъэнущ, къедгъэгъэзэжын мурадкIэ, — жиIащ Аслъэн Алий.
- Жылагъуэ зэгухьэны-гъэхэм я унафэщIхэр тепсэлъыхьащ еджапIэ-хэм щрагъэкIуэкIа зэIущIэхэм щалъэгъуа нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми. Апхуэдэщ лъэпкъыбзэхэмкIэ дерс-хэр сабийхэм зэрафIэгъэщIэгъуэным хуэдэу къы- зэрызэмыгъэпэщар, анэдэлъхубзэхэм хухаха сы-хьэт бжыгъэр мащIэ пэтми, куэдрэ абы и пIэкIэ нэгъуэщI дерсхэр зэрырагъэкIуэкIыр, класс кIуэцI-хэр зыхуейхэмкIэ зэрызэтемыгъэпсыхьар, методическэ пособиехэр зэрамыIэр, зэрырагъаджэ программэм фIагъышхуэ зэрыхэмылъыр, нэгъуэщIхэри.
- Сабий IыгъыпIэхэм лъэпкъыбзэхэм гулъытэ зэрыхуамыщIыжри а Iуэхур икIэкIэ изыгъэкIуэту зэрыщытыр жаIащ, а щытыкIэм Iэмал имыIэу зегъэхъуэжын хуейуи къыхалъхьащ.
- Зэпсэлъэныгъэхэр къапщытэжкIэрэ, ягъэбелджылащ республикэм гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым хыхьэу «проектнэ офис» къызэрагъэпэщыну. Ар дэIэпыкъуэгъу хъунущ лъэпкъыбзэхэр джынымкIэ, ахэр хъумэнымкIэ щIэн хуей Iуэху-гъуэхэр зэхэгъэувэнымкIэ, а къалэнхэр гъэзэщIэжынымкIэ. ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтым зэрыщрагъаджэ программэр нэхъри ирагъэфIэкIуэн зэрыхуейри жаIащ. Муниципальнэ къэхъугъэхэм егъэджэныгъэмкIэ я къудамэхэм я унафэщIхэм жраIащ лъэпкъыбзэхэм хухаха класс кIуэцIхэр зэманыщIэм къигъэув щытыкIэхэм техуэу зэтегъэпсыхьа хъуным кIэлъыплъыну.
- БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ.
- Сурэтыр Туаршы Беслъэн трихащ.