ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2019-03-14

  • Тхьэмадэм и псалъэ
  • Псоми ди зэхуэдэ къалэн
  • Адыгэу дунейм тетым нобэ, гъатхэпэм и 14-м, зэдыдогъэлъапIэ Адыгэ тхыбзэм и махуэр. Дэтхэнэ лъэпкъми хуэдэу, ди дежкIэ ди анэбзэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Абы дрипсалъэ къудейкъым, атIэ ар ди лъэпкъ щIэныгъэщ, лъэпкъ гъэсэныгъэщ, лъэпкъ щэнхабзэщ. Тхыбзэ зэпэщ уиIэнри хъугъуэфIыгъуэ инщ лъэпкъым и дежкIэ. Тхьэм и фIыщIэкIэ, а лъапIэныгъэмкIэ зыхуэупсахэм дащыщщ адыгэхэр. Бзэм, тхыбзэм я мыхьэнэр къилъытэу, Дунейпсо Адыгэ Хасэм 2003 гъэм игъэувауэ щытащ нобэрей махуэшхуэр гъэлъэпIэныр. Абы лъандэри ар адыгэ псоми зэдыдоIэт.

  • Дэтхэнэ бзэми, псом хуэмыдэу лъэпкъ цIыкIухэм я анэдэлъхубзэхэм, къапэплъэр псом япэу зэлъытар къэралым абы хуищI пщIэмрэ ирит увыпIэмрэщ. Абы къыхэкIыу дэтхэнэ лъэпкъри хущIэкъун хуейщ и анэбзэр, тхыбзэр зэрихъумэным. Адыгэ псоми ди зэхуэдэ къалэнщ ди бзэм зедгъэужьыныр, абы и дахагъым, къабзагъым хэдмыгъэщIу, зэфIэкIыу бгъэдэлъым хэдгъэхъуэныр. УнафэщIхэми, адэ-анэхэми, егъэджакIуэхэми, бзэм елэжь щIэныгъэлIхэми, тхакIуэхэми, усакIуэхэми, газетым, радиом, телевиденэм я лэжьакIуэхэми — адыгэ лъэпкъым щыщу зыкъэзылъытэж дэтхэнэми ди фарзщ, дунейм дыкъытезыхьар зэрытфIэлъапIэм хуэдэу, нэр напIэм зэрихъумэм хуэдэу ди бзэм гу зэIухарэ псэ къабзэу дыхущытыну. Бзэр димыIэжмэ, дэри лъэпкъ щхьэхуэу дыщыIэжынукъым.
  • КъызэрыслъытэмкIэ, зы тхыбзэм тет анэдэлъхубзэ адыгэхэм диIатэмэ, бзэр хъумэным епха ди Iуэхур куэдкIэ нэхъ тынш хъунут. Мыр къызэдгъэпэщыфамэ, дунейм адыгэу тетыр зэщхьу тхэнут, абы гугъу иригъэхьынутэкъым дэнэ щыпсэу ди къуэшри, нэхъыфIу зэрыщIэнут Интернетыр шэщIауэ къэзыгъэсэбэп адыгэ щIалэгъуалэр. А Iуэхугъуэм ди лъэпкъыр нэхъри зыпищIэжынут, зэрипхыжынут, зэгуригъэIуэнут, къару нэхъыби къытхилъхьэнут. Гугъущ мы Iуэхур, ауэ ткIийуэ иужь уихьэмэ, пхузэфIэмыкIын хэлъкъым.
  • Адыгэбзэм зиужьыным, зиузэщIыным и Iуэхум сыт щыгъуи егъэпIейтей лъэпкъым и цIыху пэрытхэр. Ди бзэм лей къытехьэуи ддэнукъым. А Iуэхум хуэунэтIауэ нэгъабэ кърахьэжьауэ щыта хабзэхэм епха ди гупсысэхэр иту дэфтэр щхьэхуэ яхуедгъэхьащ ди къэралым и унафэщIхэм. Ди Конституцэм ит хабзэхэращ тхыгъэм тегъэщIапIэ щытщIари, абы дытету ди щIэблэр едгъаджэмэ, ди Iуэхур кIуэтэнущ. Бзэм еп-ха политикэр къэралым тэмэму щемыкIуэкIмэ, лъэпкъ куэд зэрыс ди хэ-кум къихъуэнкIэ хъунущ лъэпкъ зэхэщIыкIымрэ я анэдэлъхубзэмрэ хуэхей щIэблэ, зыщыщри, зи блэкIари, зи хабзэри зымыщIэжхэр. Лъэпкъ фIыгъуэхэм пэжыжьэхэр къэра-лым и цIыху нэсу къыпхуэлъытэнукъым. Пэжыр жыпIэнумэ, зи анэдэлъхубзэр фIыуэ зыщIэ сабийм нэхъ тыншу къещтэ икIи зрегъащIэ нэгъуэщI лъэпкъхэм я бзэхэри. Къапщтэмэ, анэбзэм хуэмышэрыуэр урысыбзэми хуэлъэрымыхьщ. ЩIэныгъэ лъабжьэ зиIэр пэжыращи, анэдэлъхубзэращ цIыхум бгъэдэлъыфыну хьэл-щэн нэхъыфIхэм, зэфIэкIхэм я къигъэхъуапIэ хъур. «Анэдэлъхубзэм куэдым ухурегъаджэ, бгъэщIагъуэу тыншу, зи тIасхъэр къыпхуэмыщIэ гъэпсыкIэ хьэлэмэтым тету», — итхыгъащ Ушинский Константин.
  • Ди жагъуэ зэрыхъущи, ЮНЕСКО-м 2010 гъэм къыдигъэкIа «КIуэдыжынкIэ шынагъуэ зыщхьэщыт бзэхэм я атлас» тхылъым ихуащ Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэр, адыгэбзэри яхэту. Ар гупсысэ куухэм ухэзыдзэ Iуэхугъуэщи, лъэпкъым щыщ дэтхэнэми щыгъупщэ хъунукъым. Бзэр, псом япэрауэ, щыхъумэн хуейщ адыгэ унагъуэм. АбыкIэ нэхъыжьхэм ди пщэ къалэнышхуэ къыдохуэ. Дэращ къуаншэр, къытщIэхъуэ сабийхэм адыгэбзэ яIурымылъмэ. Ар хьэкъщи, тщыгъупщэ хъунукъым.
  • Нобэрей махуэшхуэмкIэ си гуапэу сохъуэхъу си лъэпкъэгъу псоми. ФIыщIэ яхузощI адыгэбзэр хъумэным зи къару, зэфIэкI, щIэныгъэ езыхьэлIэ дэтхэнэми. УсакIуэм зэрыжиIащи, «ди гум и хущхъуэр, псэм и IэфIыщэу анэдэлъхубзэр, анэм и жьабзэр здэщымыIэм дыщремыIэ».
  • Лъэпкъ узыншэ Тхьэм дищI.
  •  СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий,
  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.