2019-03-14
- Гъатхэпэм и 14-р Адыгэтхыбзэм и махуэщ
- Налкъут зэщIэлыдэ
- Адыгэхэм дбгъэдэлъ зыужьыныгъэм, щIэныгъэм, гъэсэныгъэм, щэнхабзэм я лъапсэщ ди анэдэлъхубзэр. Аращ ар къэхъугъэ псоми я къежьапIэу къыщIалъытэр. Дэтхэнэ лъэпкъми езым и тхыбзэ иIэжыныр, абыкIэ псэуныр, Iуэху иризэрихьэу дунейм тетыныр, шэч хэмылъу, фIыгъуэшхуэщ.
- ЦIыхур къызэригъэщIрэ жьэрыIуатэбзэ щыIэми, абы Iурылъ и анэдэлъхубзэр тхыгъэкIэ къигъэлъэгъуэн щыщIидза лъэхъэнэхэр лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я деж щызэтехуэркъым. Апхуэдэ Iэмал адыгэхэм диIэ зэрыхъурэ илъэси 160-м щIигъуащ. Тхыдэ дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, 1853 гъэм гъатхэпэм (мартым) и 14-м дунейм къытехьауэ щытащ лъэпкъ щIэныгъэлI Бырсей Умар и къалэмыпэм къыпыкIа, адыгэбзэкIэ тха япэ тхылъыр — «Адыгэбзэ псалъалъэр». Абы лъандэрэ адыгэ лъэпкъым тхыбзэ диIэ хъуауэ къалъытэ щIэныгъэлIхэм.
- Адрей тхыбзэхэм еплъытмэ, адыгэ тхыбзэм къикIуа гъуэгуанэр кIыхькъым, арщхьэкIэ абы зыкIи игъэлъахъшэркъым абы и лъапIагъыр, игъэмащIэркъым и IэфIагъыр. Бзэр лъэпкъым и фIыгъуэу зэрыщытыр псэкIэ зыхащIэу, адыгэбзэм зиужьыным, зиузэщIыным и Iуэхум сыт щыгъуи егъэпIейтей лъэпкъым и цIыху пэрытхэр. Пасэ зэманым абы елэжьащ лъэпкъ узэщIакIуэ куэд. Абыхэм я Iэужь Iумахуэм кърикIуа тхылъщ лъэпкъым бзэ иIэу къалъытэным лъабжьэ хуэхъуар. Апхуэдэуи, «Адыгэбзэ псалъалъэ» тхылъымкIэ япэу хьэрфхэмкIэ къэгъэлъэгъуа хъуащ адыгэбзэр зэрызэхэт апхуэдиз макъ зэщIэжьыуэр.
- ЛIэщIыгъуэ блэкIахэм ди адыгэ тхыбзэм зэхъуэкIыныгъэ куэд игъуэтащ. Жэпуэгъуэ революцэшхуэм и ужькIэ бзэм и макъхэр къагъэлъагъуэу хуежьащ урыс хьэрфхэмкIэ, къыкIэлъыкIуэу латин графикэми тетащ. 1936 гъэм адыгэбзэр урыс хьэрфылъэм и дамыгъэхэмкIэ къэгъэлъэгъуэн щIадзэжауэ щытащ, ноби абы тетщ.
- Лъэпкъым и блэкIари и нобэри къэзыгъэлъагъуэу, и тхыдэр, хабзэр, щэнхабзэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуэзыхъумэу щыIэр тхыбзэрщи, абы сыт щыгъуи гулъытэ хуэщIыпхъэщ. Лъэпкъыбзэу щыIэхэм я нэхъыжьхэм хабжэми, ди адыгэбзэм и Iуэхуми узыгъэпIейтей куэд хэтщ. Абы и щыхьэтщ Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм (ООН-м) бзэхэм елэжь и къудамэм иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр. Абыхэм къагъэлъагъуэ адыгэбзэр зызыужь, ефIакIуэ бзэхэм зэращымыщыр. Уеблэмэ, ар зыхэт абхъаз-адыгэ бзэ гупым хыхьэхэм ящыщ гуэрхэр Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэм я Тхылъ Плъыжьым иратхащ.
- зэм хуэфэщэн пщIэрэ гулъытэрэ иIэн папщIэ, адыгэу дунейм тетым ди лъэпкъ зэгухьэныгъэ нэхъ ин ды-дэм — Дунейпсо Адыгэ Хасэм — илъэс 16 и пэкIэ, 2003 гъэм, абы теухуа унафэ щхьэхуэ къищтащ икIи абы лъандэрэ илъэс къэс гъатхэпэм и 14-м Адыгэ тхыбзэм и махуэр ягъэлъапIэ. Ди анэдэлъхубзэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуэхъумэнымкIэ ари зы хэкIыпIэщ, зы Iэмалщ.
- Анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ, тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ къэкIуэну щIэблэхэм яхуэхъумэным жыджэру хуэлажьэхэм ящыщщ «Си бзэ — си псэ, си дуней» республикэпсо фестиваль-зэпеуэри. «Адыгэ псалъэ» газетым 1999 гъэм къыхилъхьауэ щыта а лъэпкъ Іуэхур ди щIыналъэм зэрыщекIуэкIрэ мы гъэм илъэс 20 ирикъунущ. Зэпеуэ щхьэпэр егъэкIуэкIыныр газетым къыдаІыгъауэ щытащ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щІэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэм, Къэбэрдей Адыгэ Ха-сэм, нэгъуэщІ къэрал ІуэхущІапІэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм. Абы и къалэнхэм хохьэ лъэпкъыбзэхэр курыт школхэм зэрыщаджыр егъэфIэкIуэныр, апхуэдэуи а Iуэхухэм хуэлажьэ егъэджакIуэ нэхъыфIхэр наIуэ къэщIауэ гъэпэжэныр, еджакIуэ зэчиифIэхэр гъэбелджылауэ гъэгушхуэныр. Мы зэманым зиузэщIащ, дэнэкIи зыщиубгъуащ а зэпеуэм. Нэхъапэм зэхьэзэхуэм и утыку къихьэу щытар адыгэбзэр езыгъэджхэрауэ щытамэ, илъэс зыбжанэ лъандэрэ абы къыхохьэ урысыбзэр, балъкъэрыбзэр езыгъэджхэри. Ар щокIуэкI адыгэхэр щыпсэу нэгъуэщI щIыналъэхэми. Апхуэдэу зэпеуэр ипэжыпІэкІэ хъуащ щIыналъэ куэд къызэщIэзыубыдэ фестиваль ин.
- Дэтхэнэ цIыхури и анэбзэмкIэ тхэфу, къеджэфу щытыным къыдэкIуэу, Iэмал имыIэу а бзэмкIэ гупсысэу, сыт хуэдэ Iуэхури зэрихьэфу щытын хуейщ. Лъэпкъым хуэгъэпса апхуэдэ хъуэпсапIэр дэтхэнэ адыгэми дигу илъыпхъэщ, бзэр тIэщIэкIмэ, лъэпкъкIуэдыр къытхуэкIуэнкIэ зэрыхъунур тщIэжу. Адыгэ усакIуэ пажэхэм ящыщ Мыкъуэжь Анатолэ а Iуэхум теухуауэ хуэкIуэ ды-дэу жиIа псалъэхэм я мыхьэнэри ди гупсысэхэм хэ- лъын хуейщ къызыхэкIа лъэпкъыр, къэзылъхуа анэр фIыуэ зылъагъу дэтхэнэми: «Си бзэм сэрэ дызэтIолъхуэныкъуэу Зы адыгэ анэ дыкъилъхуащ. Здэнукъым сыкъэзылъхуар хаутэу, Здэнукъым хаутэу къыздалъхуар».
- ЖЫЛАСЭ Маритэ,
- «Адыгэ псалъэ» газетым егъэджэныгъэмрэ
- щIэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI.