ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2019-03-14

  • Бещтокъуэ Хьэбас
  • * * *
  • Бзэр тIэщIэкIмэ,
  •  дылъэпкъкъым.
  • Акъыл ин ухуэмей,
  • КъыбгурыIуэу а тIэкIур
  • Утетыну дунейм.

  • Бзэм и макъхэм ди тхыдэр,
  • Ди лъыр, ди псэр хэпщащ.
  • Бзэр тхъумэну зымыдэр
  • Ди биям къагъэщIащ.
  • Бзэр тIэщIэкIмэ, досыкIыр,
  • ТIэщIэкIами дрикъунт.
  • КIуа лIэщIыгъуэм лъыкIпсыкIым
  • Хипщэжар сыт хъужын?
  • Бзэр тIэщIэкIмэ, докIуэдыр.
  • Лъы зыщIэтыр фысакъ.
  • Псы зыщIэтыр текIуэту,
  • ВгъэIубзэхуабэм и макъ.
  •  
  • Балъкъэр Фоусэт
  • * * *
  • Адыгэ жьэгум и дэп мыужьыхыу
  • УкъогъуэгурыкIуэ адыгэбзэр.
  • Уэ анэ гуапэм и макъ мыухыу
  • Дэ гъащIэу диIэм утхуоубзэрабзэ.
  • Ди сабий цIыкIухэм
  • урадыхьэшх макъщ уэ,
  • ЗэгуэкIуагъитIым урауэрэд дахэщ.
  • Уэ ди Хэку лъапIэм уриIэщ нэщэнэу.
  • Хамэм уэращ псом япэу и нэм фIэнэр.
  • Уэ мо къурш псынэм укъыдоIущащэ,
  • Мо жэнэт бзухэм уадоубзэрабзэр.
  • КъыщоIу я щыгухэм а уи макъ дахащэр
  • Ди бгыжьхэм,
  • Губгъуэм,
  • Ди гуэл щхъуантIэ къабзэм.
  • Iущыгъэу лъэпкъым иIэм урижылэщ.
  • Гъуэгуанэ тетхэм гъуэмылэу уздащтэ.
  • АдыгэлI Iущхэм лъапIэуэ уаIыгъщ уэ,
  • Бийм я нэхъ бзаджэр уи бзэмкIэ
  •  догъащтэ.
  • Ди лъэкIыныгъэм имыIэ гъунапкъэ —
  • Адыгэ усэр бзууэ уафэм итщ.
  • УзиIэщ сэри уэ си ныбжьэгъу лъапIэу, —
  • Пхуэдэу схуэпэжи дунейм зы темыт.
  • Упсэу уэ куэдрэ!
  • Уэрщ лъэпкъым и лъабжьэр!
  • Упсэу уэ куэдрэ!
  • Уэ дыбдэпсэунщ!
  • УдигуфIэгъуэщ,
  • Уэ удиIэщ набдзэу.
  • Упсэу!
  • Упсэумэ, дилъэпкъырпсэунщ!
  •  
  • Щоджэн Аслъэнджэрий
  • * * *
  •  Ди Iуащхьэмахуэ
  • Уафэм ныщIоуэ,
  • Бахъсэн уэрыжьыр
  • КъуакIэм щызоуэ,
  • Мы ди хэкужьыр
  • Дуней телъыджэщ,
  • Ди адыгэбзэр
  • Абы и гъуджэщ.
  • Зи бзэр зыфIэдахэр
  • Ар лъэпкъ узыншэщ,
  • Зи бзэм хуэлажьэр
  • Ар лъэпкъ уахътыншэщ,
  • Адыгэ лъэпкъыр
  • Дызэкъуэтынщ,
  • Ди бзэм и щIыхьыр
  • Лъагэу тIэтынщ.
  • Ди адыгэбзэр
  • Мывэ джей быдэщ,
  • Илъэс мин куэдхэр
  • Абы и тхыдэщ,
  • Псыкъелъэм хуэдэу
  • Ар къарууфIэщ,
  • Ди лъэпкъ гъэфIэну,
  • ДызэрыгуфIэщ.
  • Зи бзэр зымыдэу
  • Зы лъэпкъ щымыIэ,
  • Зи хэку епцIыжу
  • Зы лъэпкъ щымыIэ,
  • Зи бзэр зыхъумэр
  • Мис ар лъэпкъ къабзэщ,
  • Бзэм пщIэ хуэщIыныр
  • Лъэпкъхэм я хабзэщ.
  • Мы дунеишхуэм
  • Лъэпкъ куэд щызокIуэ,
  • Зи бзэм хуэсакъхэр
  • Зэманым токIуэ,
  • ГъащIэ хъуэпсэгъуэр
  • ЩIылъэм щаухуэ.
  • Апхуэдэ щапхъэм
  • Дэ дегъэгушхуэ.
  • Ди адыгэбзэм
  • Лъэпкъыр зэпещIэ,
  • БлэкIа зэманхэр
  • Дэ къыдегъащIэ,
  • Ди нартыжь лъэпкъым
  • Уэрэд хуеусыр,
  • Ди лъэпкъ хъыбархэр
  • Дэни нехьэсыр.
  • Зи бзэр зыфIэдахэр
  • Ар лъэпкъ узыншэщ,
  • Зи бзэм хуэлажьэр
  • Ар лъэпкъ уахътыншэщ.
  • Адыгэ лъэпкъыр
  • Дызэкъуэтынщ,
  • Ди бзэм и щIыхьыр
  • Лъагэу тIэтынщ.
  • 2004 гъэ
  •  
  • Iуэху еплъыкIэ
  • Тхыбзэмрэ псалъэмрэ
  • «Бзэншэ лъэпкъыр псэншэщ», — жиIащ пасэрей адыгэм. Бзэр цIыхупкъми хуэдэщи, жьы хъуа псалъэхэр зыхегъэхури, гъащIэм къыздишэ псалъэщIэхэр къызыхигъэхьэурэ зеужь, зехъумэж. Дунейм бзэ тет хъункъым езыр зыхурикъужыпэу, нэгъуэщIыбзэм щыщ псалъэ хуэмыныкъуэххэу. АтIэ, унагъуэм зыхуэныкъуэ зыгуэр зримыгъуэтылIэжмэ, гъунэгъум деж жэуэ къызэрыщилъэIухуэм, хьэхуу къызэрыщищтэм хуэдэу, бзэхэми езым ямыIэ псалъэ е термин гуэр хуэныкъуэ щыхъум деж, ар нэгъуэщIыбзэм, псом хуэмыдэу, гъунэгъубзэхэм ящыщу къащтэ. ИтIанэ а къащта псалъэм, терминым и пIэкIэ езым я псалъэ уней къагъэхъуфу щытмэ, хьэхуу къащта хамэбзэ псалъэр хуэм-хуэмурэ бзэм хозыжри, абы и пIэкIэ езым къигъуэта, къигъэхъуа псалъэщIэ унейр хоувэж.
  • Пэжщ, а хамэбзэм щыщу къащта псалъэм зыхыхьа бзэм и фащэ щитIагъэрэ езы бзэм щыщы-пэ щыхъужи щыIэщ. Псалъэм папщIэ, урысыбзэм апхуэдэ псалъэ куэд хэтщ, нэгъуэщIыбзэм къызэрыхахари умыщIэжу бзэм щыщыпэ хуэдэу хэувауэ, хэпщIауэ. Ари хъарзынэщ, ауэ нэхъыфIыр, бзэм езым и псалъэ къигъэхъужыфынырщ. Пэжщ, дуней псом щызекIуэ псалъэхэр, радио, телефон хуэдэхэр, щIэпхъуэжын щымыIэуи жыпIэ хъунущ. ИтIани, хузэфIэкIыу щытмэ, дэтхэнэ зы Iэмэпсымэм, псалъэм, терминым и пIэкIэ бзэм езым и псалъэ уней къигъэхъуным хуэдэ щыIэкъым.
  • ПсалъэщIэ къэгъуэтын-къэгъэхъунымкIэ адыгэбзэм нэхъ лъэщ къэгъуэтыгъуейщ. Япэрауэ, езыр макъ куэд зыхэт бзэжьу зэрыщытым къыхэкIкIэ псалъэщIэ къигъэхъуну, зы псалъэпкъым псалъэщIэ къытригъэхъукIыну Iэмал куэд иIэщ. Адыгей тхыбзэмкIэ тхэн-тхын хъурыщIэ (глагол) зэгуэтым псалъэ мин щитIым нэблагъэ къызэрытехъукIар сфIэгъэщIэгъуэныщэу си нэрылъагъущ.
  • ЕтIуанэрауэ, псалъэщIэ къигъэхъуным нэмыс щIыкIэ, къигъуэтынуи Iэмал куэд иIэщ адыгэбзэм, иджыри хэмыкIуэдэжыпауэ диалект куэд зэриIэм и фIыгъэкIэ. Зы диалектым хэмыт псалъэр адрейм хэтынкIэ хъунущ. Апхуэдэу щытрэ пэт, псалъэщIэ дыщыхуэныкъуэм деж, дэ езым ди IэмалкIэ къэдгъэхъунми демылIалIэу, ди лъэпкъэгъу диалектхэм дыхэплъэнуи дигу къэмыкIыу е зэдмыпэсу, абыхэм даблоIэбыкIри, аддэ жыжьэ доIэбэ, дымыщIэ хьэрыпыбзэм, тыркубзэм псалъэ къыхыдохри къыдощтэ. Абыи къыщымынэу, хьэхуу къэтщта хамэбзэ псалъэр, къызыхэтха бзэм щиIэ мыхьэнэм текIыу зыдохьэ, къыдогъэсэбэп.
  • Псалъэм папщIэ, талант, опытный псалъэхэм я пIэкIэ адыгей жьабзэм хэт сэнауш псалъэр дымылъагъуу, аддэ хьэрыпыбзэм, тыркубзэм деж доIэбэри зэчий псалъэр къыдощтэ, а псалъэм а бзэхэм щиIэ мыхьэнэри дымыщIэххэу е абы демыгупсысыххэу. Зэчий псалъэм хьэрыпыбзэм, тыркубзэм щиIэ мэхьэнэр гурыхуэ, губзыгъэ, Iущ жиIэу аращ. ЦIыху зэчий жиIэмэ, цIыху гурыхуэ/губзыгъэ/Iущ жиIэу аращи, зэчийзыбгъэдэлъ жаIэу зэрызэрахьэр захуэкъым, гурыхуэ/губзыгъэ/Iущ бгъэдэлъ жыпIэмэ, къызэремызэгъым хуэдэу.
  • Апхуэдабзэу тыркубзэм къуажэ мыхьэнэ щызиIэ куей псалъэр къыдощтэри, район мыхьэнэ иIэу зетхьэну дыхохьэ. Абы нэхърэ куэдкIэ нэхъыфIщ район псалъэр гъунэгъум деж хьэхуу къыщытщтэныр, абы и пIэкIэ фэлъыр (территория), тэкурэку,Iэгъуэблагъэ хуэдэ псалъэхэм ящыщ е абыхэм къытедгъэхъукIыфын псалъэ гуэр зетхьэныр, щымыхъужым деж къалэжьей жытIэныр.
  • Хьэрыпыбзэ псалъэу тыркубзэми хэт Iэмэл псалъэр къатщтэри, ар Iэмал тщIащи, хэкIыпIэ мыхьэнэ иIэу зыдохьэ. Iэмэл псалъэм и мыхьэнэр гугъэ лъэщ жыжьэ, гуращэ/гухэлъ лъэщ жыжьэ жиIэу аращ. Iэмэл псалъэр къэбэрдей жьабзэм имыхъуэжыщэу Iэмал жиIэу хигъэхьамэ, адыгей жьабзэм ар адыгэ макъ щIыкIэм, жыIэкIэм нэхъ къызэрезэгъыну амал ищIащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, хамэбзэ псалъэ хьэхум адыгэбзэ фащэ щитIэгъащи, Iэмалым и пIэкIэ амал жытIэмэ нэхъыфIынкIэри хъунущ.
  • Псалъэ хьэху къэдмыщтэу дэ езым ди псалъэщIэ къэдгъэхъуну дыщыхэтым дежи хабзэ-бзыпхъэ гуэрым дытету дызекIуэн, къэдгъэхъуну дызыхэт псалъэм пкърылъ мыхьэнэр къэтхутэу абы екIу псалъэ къызэрыдгъуэтыным дыхущIэкъун хуейщ. Армырамэ, къэдгъэхъуа псалъэщIэр бзэм хэмызэгъэнум къыщымынэу, дыхьэшхэн хъункIи шынагъуэщ. Псалъэм щхьэкIэ, культурэ псалъэм и пIэкIэ щэнхабзэ жаIэри хагъэхьащ. Щэныр щэнщи, щэн зимыIэ цIыху щыIэкъым: цIыкIуи ини, фIыи бзаджи, гъэсаи мыгъаси, Iэси Iэли, зэрыжаIэу. Ауэ щэн зиIэ псоми культурэ яIэу пхужыIэнукъым. Хабзэри апхуэдабзэщ, хабзэ гуэр зимыIэ цIыхуи жылагъуи лъэпкъи щыIэкъым.
  • Культурэ псалъэм и лъапсэр мэкъумэш лэжьыгъэщ. ЩIым зыгуэр хищIэну, хисэну, Iэрысэ гуэр къыщигъэкIыну зыхузэфIэкIам щIэкIэ-щIыкIэ зэрищIэм щхьэ-кIэ цIыху культурнэ хужаIащ, абы къигъэкIахэми езыр-езыру къызэрымыкIар, Iэрысэу къызэрагъэкIар кърагъэкIыу культурнэ къэкIыгъэкIэ еджащ. Псалъэм щхьэкIэ, Iэгъэбэгу Iэли, Iэрыси щыIэщи, Iэрысэм культурнэкIэ йоджэ. Культурэ псалъэр къыщежьар латиныбзэр аращ. ЩIым зыгуэр хэщIэн, хэсэн, къыщыгъэкIын мыхьэнэ иIэу «colere, cult, cultura» псалъэм къытехъукIауэ аращ. Ардыдэр «culture» жиIэу франджыбзэ-ми хэхьащ, а мыхьэнэ дыдэр иIэу. Ауэ иджы абы жыIэкIэ-щIыкIэ, хыхьэкIэхэкIыкIэ зыщIэ хуэдэ мыхьэнэи къыпкърыхьащи, цIыху культурнэ жаIэмэ нэхъыщхьэу къыдгурыIуэри аращ.
  • КIэщIу жытIэмэ, культурэр щэным мыхъуу, щIэным, щIэныгъэм, щIыным, щIыныгъэм пыщIащ. Аращи, абы и пIэкIэ псалъэ къэдгъуэтынумэ, щэнхабзэ жыдмыIэу, щIэнхабзэ жытIэмэ, нэхъ къозэгъ. ЦIыхугъэм и къежьапIэр щIэныгъэрщ, щIыныгъэрщ. АдыгэбзэкIэ абы псалъэщIэ куэд къытебгъэхъукIыфынущ. Псалъэм щхьэкIэ, щIэнгъуазэ (энциклопедие), щIэнгъэпс (компьютер), щIэныгъэрылажьэ-щIэныгъэлI-щIэныгъэцIыху (учёный), щIэнзэдэIуатэ (конференцышхуэ), щIэнзэхуэIуатэ (семинар), щIэнтхыгъэ ( статья), щIэнпсалъэ (термин), щIэнхабзэ (культурэ), щIэныгъэ (наукэ), щIэнIуатэ (конференц).
  • Бзэм псалъэщIэ къызэрыхэдгъэхъуэн Iуэху зетхуэн, абы дыщIэгупсысын хуейщ дапщэщи. Апхуэдэу, псалъэ щыдимыIэм деж къухьэпIэ адыгэхэм (абэзэхэхэм, шапсыгъхэм, кIэмыргуейхэм, бжьэдыгъухэм) апхуэдэ псалъэ яIэу пIэрэ, жытIэу дегупсысын, абыхэм деж дыщыщIэупщIэн, къыщытлъыхъуэн хуейщ. Бзэм къищтэ дэтхэнэ псалъэри и мыхьэнэкIэ къэтхутэн хуейщ.
  • БыныщIэр лъэпкъым и щIэблэмэ, псалъэщIэри бзэм и щIэблэу зэрыщытыр, щIэблэншэм къэкIуэну гъащIэ зэримыIэнур зэи зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым.
  •  ХЪУАЖЬ Фахъри,
  • щIэныгъэлI.
  •  
  • ЦIыхубэ егъэджакIуэм и псалъэ
  • Ди лъэпкъ Iущыгъэ, фIыгъуэ мылъытэ
  • «Адыгэ псалъэм» иджыблагъэ къыхилъхьа рубрикэщIэм, «Адыгэхэр адыгэбзэ хуей?» фIэщыгъэр зиIэм, епха си гупсысэхэмкIэ садэгуэшэну сыхуейт зи анэдэлъхубзэр фIыуэ зылъагъу си лъэпкъэгъухэм. Куэдым дощIэ: бзэм, псалъэм я къарур инщ. Анэдэлъхубзэ зыIурымылъ, ар зымыхъумэ, абы хуэмысакъ лъэпкъми къэкIуэну дахэ иIэкъым. Анэбзэм къитIасэу къэтпсэлъ дэтхэнэ псалъэми я мыхьэнэм епха псалъэжь куэди къыддокIуэкI адыгэхэм игъащIэми. Апхуэдэхэщ «Псалъэм гъущIыр къегъэш», «Псалъэр пылым нэхърэ нэхъ бланэщ», «Джатэм пиупщIыр мэкIыжри, псалъэм пиупщIыр кIыжыркъым», «Зи бзэ ныкъуэм гуныкъуэгъуэ ущигъащIэркъым» псалъэжь гъуэзэджэхэр.
  • Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм пщIэ лей хуащIу щытащ дахэу псэлъэфхэм, я гупсысэхэр шэрыуэу къэзыIуэтэфхэм, бзэ дахэ зыIурылъхэм. Апхуэдэхэрат я хьэщIэ гъэхьэщIэнри, хьэгъуэлIыгъуэ егъэкIуэкIынри, тхьэлъэIухэм бжьыпэр щыIыгъынри дзыхь зыхуащIу щытар.
  • Дахэу, Iущу псэлъэныр адыгэ псоми я зэхуэдэ къалэн пажэхэм ящыщт. Тхыдэри щыхьэт тохъуэ адыгэ псалъэм къару зэриIэм, джатэм нэхърэ нэхъ лъэщу зэрыщытым. Жьэмейуэ, цIыху мыщIу щытыр Хаси ираджэртэкъым, сыт хуэдэ ныбжь имыувами, гуп щыхыхьэкIэ, дзыхь хуащIу, псалъэ жрагъэIэртэкъым. Апхуэдэхэм щхьэкIэ адыгэхэм яIэт джэгуакIуэхэр. ХьэгъуэлIыгъуэ зиIи, хьэщIэ къызыхуэкIуаи, тхьэлъэIу зэмылIэужьыгъуэхэр зыщIи — псори хуейт я Iуэхухэм джэгуакIуэхэр хэтыну, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ абыхэм я бзэр шэрыуэт, кIуэрыкIуэм тету хъуэхъухэр, уэрэдхэр зэхалъхьэрт. Адыгэ джэгуакIуэшхуэ гуэрым мыпхуэдэу жиIауэ щытащ: «Сэ къэрабгъэр зы псалъэкIэ хахуэ, Хэкум и хъумакIуэ сощIыф, лIыхъужьым бгъэм и дамэ къытызогъакIэ, дыгъум и хьэлыр зыхызогъэн. Си пащхьэ къиувэфынукъым цIыху бзаджэр, сэ цIыхугъэншагъэм, икIагъэм срабийщ…»
  • Сыт хуэдизкIэ ди жагъуэ мыхъуми, нэрылъагъущ къытщIэхъуэ щIэблэм я бзэр кIуэ пэтми нэхъ къулейсыз зэрыхъур. ГуфIэгъуэ зэхуэсхэм деж псалъэ, хъуэхъу жыIэн хуейуэ къыхуагъэфэщамэ, я гупсысэхэр дахэу къызэрамыIуэтэфым тегузэвыхьу болъагъу, мыхъуэхъуэфу жызыIэу зыщхьэщызыгъэкIхэри мащIэкъым.
  • Бзэм ехьэлIа хабзэхэм я щхьэр зыщ: «Адыгэбзэр сыт хуэдэ адыгэми ищIэ къудейм къыщымынэу, икIи иреджэфу, иритхэфу щытын хуейщ». Мы Iуэхум щхьэусыгъуэ иIэн хуейкъым — е уадыгэщ, е уадыгэкъым. Щхьэж къыхихыжынур езым елъытыжащ. Нобэрей зэман хьэлъэм уадыгэныр сыт хуэдэу мыгугъуми, а гугъуехьыр зыгъэтэмэмыну зи пщэ къыдэхуэр дэращ, армыхъумэ ди гъунэгъу лъэпкъхэр къакIуэу ди цIэкIэ тхуэадыгэнукъым. Дэтхэнэ зыри абы нэхъ куууэ егупсысыпхъэщ.
  • Адыгэхэм куэд лъандэрэ къыддэгъуэгурыкIуэ хъуэхъу дахэхэр ноби кIуэдыжакъым. ЗэбгъэщIэну ухуеймэ, ахэр тхылъхэм итщ, газетхэм къытрадзэ. ТIорыси хъуакъым ахэр, купщIафIэхэщ, гъэсэныгъэ-ущииныгъэ мыхьэнэ ин дыди яIэщ. Ахэр ди лъэпкъ Iущыгъэщ, фIыгъуэ мылъытэщ, IуэрыIуатэм и фIыпIэщ. Шэч хэмылъу, а псори пэжщ, ауэ мыбдежым зы Iуэху мыщхьэпэ дыщыхуозэ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, нобэ ахэр къэзыгъэсэбэпыжри, зыщIэри, зэзыгъэщIэну хуейри мащIэ дыдэщ. Сэ сызэреплъымкIэ, абы и щхьэусыгъуэр а хъуэхъухэм хэт псалъэхэм ящыщ куэд нобэ къызэрамыгъэсэбэпыжырщ, я мыхьэнэр къазэрыгурымыIуэжыщэрщ, къагурыIуапэу щытми, нобэрей псэукIэмрэ гъащIэмрэ къезэгъ дыдэу зэрыщымытыжхэращ. А псоми къишэр а псэлъафэхэр цIыхухэм яIэпыхужу зэрыхуежьаращ. Псальэм папщIэ, адыгэ хъуэхъухэм дыщрохьэлIэ мыпхуэдэ псалъэхэм е жыIэкIэхэм:
  • Вабдзэ махуэ тетлъхьауэ,
  • Жыр махуэ дыхуэзауэ,
  • ЩIы фIыцIэм и махуэр къигъэзэну,
  • Хум и фIыпIэкIэ къызэрылъэлъыну.
  • Апхуэдэ псалъэхэр куэду щыдолъагъу унагъуэ, нысашэ хъуэхъухэми:
  •  
  • Мы унагъуэр уардэ унэжьу,
  • Выжь укIыпIэу,
  • Нарт ефапIэу, унапIэ махуэу,
  • Пхъэм и махуэр я бжаблэу,
  • Я бланэлыр зэтету…
  • * * *
  • Ди нысэ цIыкIур IэфракIэ кIэщIу,
  • Мастэ кIэщIырыдэу,
  • Идар мытIэпIыжу,
  • ТIэпIыхукIэ зекIуэу,
  • НысащIэхэм я щхьэу,
  • Жыхапхъэр илъэфу,
  • унафэр иримыхыу…
  • Тыншу къыщIэкIынукъым нобэ а хъуэхъухэр щIалэгъуалэм зрагъэщIэну япэбубыдынуи, уеблэмэ, я мыхьэнэ псор къагурыбгъэIуэнуи. Апхуэдэ хъуэхъукIэ захуэбгъазэкIи арэзы пхуэмыщIынри хэлъщ, ауэ а хъуэхъухэм щIапIыкIа ди нэхъыжьхэм ахэр дуней насыпу, гуфIэгъуэшхуэу къащыхъунущ.
  • Газетеджэхэр дызэдэуэфынущ щIэблэм анэдэлъхубзэр зэрамыщIэмкIэ егъэджакIуэри, адэ-анэри, сабий садри, школри къуаншэу жытIэу. АтIэми хьэкъыр зыщ: анэбзэр быным Iурылъу къэгъэтэджыныр псоми ди зэхуэдэ къалэнщи, абы къару зэхэдзэкIэ демыувалIэмэ, ди лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэм дыхэкIыжынкIэ шынагъуэ щыIэщ. Анэдэлъхубзэр щIэблэм ябгъэдэдмылъхьэныр лъэпкъ напэм къемызэгъщ.
  • Си фIэщ мэхъу: куэд дыдэ мыхъуми, абы хуей, гууз-лыуз зиIэу а къалэным бгъэдэт цIыхухэр дызэриIэри дяпэкIэ дызэриIэнури. НобэкIэ нэрылъагъуращи, ныбжьыщIэхэм я анэдэлъхубзэмкIэ псалъэмакь ядебгъэкIуэкIыну, я гупсысэхэр шэрыуэу къебгъэIуэтэну нэхь гугъу хъуащ, кIуэ пэтми нэхь гугъуж хъунущ. Абы къыхэкIкIэ дэтхэнэ егъэджакIуэми гъэсакIуэми, адэ-анэми дапщэщ нэхъри нэхъ ткIийуэ щIэб-лэм ядэлэжьэныр, ди лъэпкъ хабзэ дахэхэмрэ я анэдэлъхубзэ къабзэмрэ яхэпщэныр ди къалэн нэхъыщхьэу щытщ.
  • Ар къэслъытэу, сэ еджакIуэхэм къалэн ящызощI анэдэлъхубзэм, адыгэ хабзэм я пщIэр нэхъри зыIэт усэ кIэщI цIыкIухэр гукIэ зрагъэщIэну. Ахэр урокым и зы Iыхьэу хызогъэхьэ, «Усэбзэм и дакъикъэхэр» фIэсщауэ.
  • Адыгэбзэр езыгъэджхэм я дерсхэм къыщагъэсэбэп хъуну къэслъытэу, зэхэслъхьащ ди нобэрей гъащIэм хуэкIуэ усэ цIыкIу зыбжанэ. Абыхэм ящыщ зыбжанэ фи пащхьэ изолъхьэ, егъэджакIуэ ныбжьыщIэхэм зыгуэркIэ сэбэп къыфхуэхъумэ, си гуапэу.
  • Иремылъ фи унэм сымаджагъэ,
  • Къилъху къилъхужаи иремыхъу тутнакъ.
  • КъахремыкI ныбжьэгъухэм епцIыжакIуэ,
  • Фи мурадыфIхэм фи Iэр лърыреIэс.
  •  
  • * * *
  • Пщэдджыжь хъуэхъухэр жаIэ нэхъ къабылу,
  • Абы щхьэкIэ тIэкIу сепIэщIэкIащ.
  • Сэ пхуэзгъэфэщащ, нэхъыфI къысщыхъури,
  • Тхьэшхуэр сфIэфIщ тхуэхъуну акъылэгъу.
  •  
  • * * *
  • Мы дунеижьыр мэкIэрахъуэ, шэрхъщи.
  • Мычэму дэри дыкъыдоджэрэз.
  • Дыходжэразэ зэм дуней нэщхъыфIэу
  • ЗыщыдмыгъэнщIу ди псэр зыхьэхуф.
  • Дыщегъэхутэ зэми щIыпIэ ябгэу
  • Гугъуехьи, гуауи, жагъуи, зытепхъам.
  • Аращ и хабзэр гъащIэм: фIыи Iеи
  • Къезэгъыу, дахэу щызэхэухуэнащ.
  • А тIур тэмэму уэ зэблэбгъэкIыфмэ,
  • НасыпкIэ уеджэ хъуну къыщIэкIынщ.
  • Къэщтэф, зехьэф ар, ухэмызэрыхьу,
  • Зэхэбгъэзэрыхьынуи уи гум къыумыгъэкI.
  •  
  • * * *
  • Щытхъу псалъэм зэи зыромыгъэхьэжьэ,
  • Жагъуэгъу и жыIи лъэр щIумыгъэгъэху.
  • Ижынур пщIэжу уиш утетщ уэ гъуэгуи,
  • Дапщэщи угъурлы ар пхурырехъу.
  • Трырелъ сыт щыгъуи абы берычэтыр.
  • ЦIыху пэжи куэду гъусэу Тхьэшхуэм къуит.
  • Уэ уимыбгынэу къыпщIрегъу гухэхъуэр,
  • УепцIыжу напэм, зэи укъимыкIуэт.
  •  ДЫЩЭКI Марие,
  • КъБР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ.
  • «Си бзэ-си псэ, си дуней» — зэпеуэ