2019-03-14
- Iуэху зехьэкIэ пэрыт
- ЩIэблэ узыншэ къытщIэхъуэн папщIэ
- И IэщIагъэр гурэ псэкIэ фIыуэ илъагъуу илъэс 25-м нэблэгъауэ егъэджэны-гъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрытщ Нэзэр Марьянэ Хьэсэнбий и пхъур. «Зы илъэскIэ япэ уплъэмэ, жылэ хэсэ. ИлъэсипщIкIэ япэ уплъэмэ, жыг хэсэ. ИлъэсищэкIэ япэ уплъэмэ, цIыху гъасэ», — жеIэ адыгэ псалъэжьым. А псалъэ Iущхэр и гъуэгугъэлъагъуэу дунейм тетщ Нэзэрыр. Анэдэлъхубзэмрэ литературэмрэ, абы къыдэкIуэу зи псэ хуабагъэмкIэ еджакIуэхэм ядэгуа- шэ, я адэжь щIыналъэр, лъэпкъ хабзэр фIыуэ ялъагъуу щIэблэр къэгъэтэджыным хуэлажьэ цIыхущ ар.
- Марьянэ щIалэ дыдэу, еджапIэ нэхъыщхьэр къимыуха щIыкIэу, и лэжьыгъэ мытыншым щыпэрыуващ Бахъсэн къалэ округым хыхьэ Дыгулыбгъуей адыгэ къуажэжьым дэт, Цагъуэ Нурий и цIэр зезыхьэ ебгъуанэ курыт еджапIэм, а зэманым ещанэ курыт еджапIэу щытам.
- — Ныбжьышхуи уимыIэу, апхуэдиз сабийм щIэныгъэ ябгъэдэплъхьэным нэмыщI гъэсэныгъэ лэжьыгъэри абы къыдэкIуэу ядебгъэкIуэкIыныр — ар къызэрымы-кIуэу Iуэху гугъущ, сыпэмылъэщыну къыщысфIэщIа зэмани къысхуихуащ, — игу къегъэкIыж Марьянэ. — «Дауэ мы зэрызехьэм, зэрыхьзэрийм сызэрыхэтынур?» — жысIэу сыщегупсысаи щыIащ, ауэ а зэманым еджапIэм и унафэщIу лэжьа КIурашын Шумсэт Iэюб и пхъур уи пашэу, ар сыткIи уи щапхъэу, уи лэжьыгъэр Iэпэдэгъэлэл пщIыныр — ар зэхэщIыкI гуэр зыбгъэдэлъ дэтхэнэ зы цIыхуми и щхьэ хуимыгъэфэщэн Iуэхут. Шумсэтщ лэжьыгъэм сытезыгъэгушхуари, абы нобэми фIыщIэ ин хузощI.
- ЩIалэгъуалэм ящыщу зы щIэблэкъым, щIэблитIкъым Марьянэ гъащIэм и гъуэгу захуэм, пэжыгъэм, цIыхугъэм хуиущияр. ЕгъэджакIуэ, унэтIакIуэ Iущыр куууэ кIуэцIроплъ иджырей щIалэгъуалэм я хьэл-щэным, зэхэтыкIэм икIи йогугъу къызыхэкIа лъэпкъ уардэм хуэфащэ цIыху и еджакIуэхэм къахэкIыным.
- — Иджырей ныбжьыщIэ-хэр мыхьэнэншэу, купщIэншэу жызыIэхэм арэзы садэхъунукъым. Пэжщ, апхуэдэхэри щыIэщ, щыIэми, зи зэраныр дэращ — нэхъыжьхэрщ: е и чэзум зыгуэркIэ щIэгъэкъуэн дыхъуфыну Iэпэдэгъэлэл дощI, е ди псалъэ дахэ, гуапэ, Iущ зыщIыпIэ деж щыхуэдогъэныкъуэ, — къыддогуашэ Марьянэ и гупсысэхэмкIэ. — Языныкъуэхэм деж нэхъыщхьэу згъэувыр си еджакIуэм анэдэлъхубзэм и щэхухэр, адыгэ литературэр зэрищIэм и фIагъыркъым, атIэ а бзэр зыIурылъ цIыхум и хьэл-щэнхэрщ, гъэсэныгъэрщ, щэнхабзэрщ. Сабийм, ныбжьыщIэм, зи щIалэгъуэм и псэм щыщIэм, и гупсысэм, дуней еплъыкIэм, абы зэрызиужьымрэ зэхъуэкIыныгъэу игъуэтымрэ адэ-анэм, гъэсакIуэм, егъэджакIуэм зыхэтщIэн хуейщ, ахэр къэхъун хуейщ ди лъэпкъ Iущым игъащIэ лъандэрэ къыдекIуэкI адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ щIэ-ту.
- ЩIэблэ узыншэ къызыщIэхъуэм и насыпщ, апхуэдэ лъэпкъхэращ зыужьыныгъэ лъагэ, зэхэщIыкI куу, пщIэ ин зиIэу дунейм тетыфынур. Езым бгъэдэлъ псэ къулеигъэмкIэ дэтхэнэ и лэжьэгъуми дэгуэшэну хьэзырщ Марьянэ. ХузэфIэкI псори цIыхум хуищIэну, абы и гурыщIэр игъэдэхэну, и гупсысэм зригъэужьыну хущIэкъу егъэджакIуэм къелъытэ узыдэлажьэ цIыхум и псэм щыщIэр зыхэпщIапхъэу, хуей хъумэ, зыщIэбгъэкъуэн хуэдэу. Марьянэ зэреплъымкIэ, зи гугъуехьыгъуэм щIэгъэкъуэн узыхуэхъуар, уи ущие щIэбгъэдэIуар гъуэгу захуэ, гъуэгу пэж теувэжмэ, абы гуапагъэрэ хуабагъэу къыбгъэдэкIым адрейхэм уазэрыдэлэжьэн къару къыпхелъхьэ,.
- Марьянэ еджапIэм гуманитар унэтIыныгъэмкIэ щыIэ методикэ зэгухьэныгъэм и унафэщIщ илъэс зыбжанэ хъуауэ, профсоюз комитетми и пашэщ.
- — Махуэ къэс ди лэжьыгъэм зыгуэрхэр щIэуэ къыхохьэ икIи зэрытхузэфIэкI-кIэ яужь дитщ егъэджэныгъэм и стандартыщIэхэм къытхуагъэув къалэнхэр дгъэзэщIэну. Апхуэдэу щытми, дэ зыщыдгъэгъупщэркъым блэкIа илъэсхэм егъэджэныгъэм нэхъыфIу хэлъахэри. Компьютерри хъарзынэщ, ауэ ар нэхъыбэу къыщагъэсэбэп дерсыр нэхъыфI хъууэ къэслъытэркъым. Ар щIэх-щIэхыурэ дерсым къыхыхьэ хъуа нэужь, сабийм я акъылри абы теухуа, абы щыгугъ мэхъу, — жеIэ Нэзэрым. — Абы нэхърэ тхылъыр, псалъалъэр я пащхьэ илъ зэпытмэ — ар я гупсысэкIэм зезыгъэужьын Iэмал нэхъыфI-хэм ящыщщ. Иужьрей зэманым хэлэжьыхьыжу бзэмкIи литературэмкIи къыдагъэкIа тхылъхэм арэзы дытохъуэ. Методикэ пособие къыдэкIахэр къыдогъэсэбэп, фIыщIэ яхуэфащэщ абы-хэм елэжьахэм. Нобэ еджапIэм и унафэщI ГъукIэлI Маринэ Хьэмид и пхъум икъукIэ гулъытэшхуэ къытхуещI анэдэлъхубзэр езыгъэджхэм, гъэлъэгъуэныгъэхэм, зэпеуэхэм дыхэтыну гукъыдэж тщIамэ, къыддеIыгъ, дытрегъэгушхуэ.
- ЕгъэджакIуэ IэщIагъэм и щэхухэм фIыуэ щыгъуазэ, щIэныгъэ куу, цIыхугъэ лъагэ зыхэлъ Марьянэ и гъэсэнхэри дапщэщи щыпэрытщ школпсо, къалэпсо, республикэпсо мыхьэнэ зиIэ зэIущIэхэм, зэпеуэхэм. Апхуэдэ зыбжанэм я цIэр къитIуэну дыхуейт: Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЦIыхухэр егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм лъэпкъыбзэмкIэ и къудамэм иригъэкIуэкI зэпеуэхэм ящыщу балъкъэр усакIуэшхуэ Кулиев Къайсын къызэралъхурэ илъэсищэ щрикъум ирихьэлIэу иригъэкIуэкIа зэпеуэхэм Марьянэ и лэжьыгъэм япэ увыпIэр къыщихьащ, и еджакIуэ Бэрбэч Мадинэ япэ увыпIэр, Абазэ Элинэ ещанэ увыпIэр къыщыхуагъэфэщащ. 2017 — 2018 гъэ еджэгъуэм адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ екIуэкIа олимпиадэм Нэзэр Дианэ республикэм пашэ щыхъуахэм ящыщщ. ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэ зэгухьэныгъэм илъэс зыбжанэ хъуауэ иригъэкIуэкI «Джэгурэш» джэгу-зэпеуэм Нэзэрым и «Нарт щIэблэ» гупыр 2016 гъэм пашэ щыхъуащ, Бахъсэн къалэ ЕгъэджэныгъэмкIэ и департаментым 2015 гъэм иригъэкIуэкIа «Илъэсым и егъэджакIуэ нэхъыфI» зэпеуэм япэ увыпIэр къыщихьащ.
- И лэжьэкIэфIым къыпэкIуэу 2016 гъэм Нэзэрым къыхуагъэфэщащ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм, ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм, Бахъсэн къалэм егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэм къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр.
- — Сэ сабийхэм, еджакIуэхэм, егъэджакIуэхэм папщIэ сымыщIэн щыIэкъым. Си гъащIэр зытеухуауэ щытыр ахэращ, — жеIэ Марьянэ. — Анэдэлъхубзэр, лъэпкъ хабзэр ныбжьыщIэхэм фIыуэ ялъагъун папщIэ сэ слъэкI къэзгъанэркъым, а Iуэхум адэкIи сытелэжьэну си мурадщ.
- ЩIэблэ узыншэ лъэпкъым къытщIэхъуэн папщIэ зи щIэныгъи къаруи емыблэжу IэнатIэм пэрыт бзылъхугъэ щыпкъэм и мурад псори къехъулIэну ди гуапэщ.
- КЪАРДЭН Маритэ.
- Адыгэхэр адыгэбзэ хуей?
- Бзэр лъэпкъым и къэрэгъул бжыхьщ
- Си тхыгъэм фIэщыгъэ хуэсщIа псалъэхэр анэдэлъхубзэм хужиIащ зи гъащIэ псор щалъхуа щIыналъэм, адыгэ лъэпкъым хуэзыгъэпсауэ щыта Нало Заур. Мыхьэнэшхуэ ящIэлъщ а псалъэхэм, сыту жыпIэмэ бзэращ лъэпкъыр къэзыхъумэр, абы и зыужьыныгъэми ефIэкIуэныгъэми джэлэс нэхъыщхьэ хуэхъур. ЗэрыжаIэщи, бзэр имыIэжмэ, лъэпкъри мэкIуэдыж.
- Дэтхэнэ зы цIыхури и бзэмкIэ псэлъэфу, къеджэфу, тхэфу икIи гупсысэфу щытын хуейщ. Сабийр апхуэдэу къэхъунымкIэ жэуап зыхьыр, сэ къызэрысщыхъумкIэ, япэрауэ, адэ-анэращ. Дэ ди унагъуэм абыкIэ щапхъэ тхуэхъуащ ди адэ-анэу Хъанийхэ Мышэрэ Риммэрэ. Унагъуэм илъын хуей фIыгъуэхэм ящыщу къалъытэрт абыхэм ди анэдэлъхубзэр. Пэжу, сабийм и анэбзэр зэхихын хуейщ къыщалъхуа дакъикъэм къыщыщIэдзауэ, унагъуэм исхэр я бзэкIэ псэлъэн хуейщ сыт щыгъуи. Абы къыщинэмыщIауэ, сабийхэр щыбгъащIэ хъунукъым адыгэбзэкIэ тха тхылъхэм, журналхэм, газетхэм. ЕгъэдэIуэн хуейщ уи бзэкIэ екIуэкI радио-теленэтынхэм, адыгэ театрхэм, концертхэм шэн, усэ, уэрэд, лъэпкъ къафэхэр егъэщIэн хуейщ.
- «Адыгэбзэ ямыщIауэ, адрейхэр псори ягъуэтащэрэт си бынхэм. Дэнэ унихьэсыну абы?!» — жызыIэ цIыхубз срихьэлIащ сэ. НэгъуэщIхэми я сабийр адыгэбзэ къабзэ зыдж гупым еджапIэм щыхагъахуэркъым, гугъу зрамыгъэхьын папщIэ, пцIы Iэджэ щхьэусыгъуэ ящIу. УарохьэлIэ адыгэбзэ-кIэ псэлъэну зыфIэемыкIухэми. ИкъукIэ емыкIушхуэщ апхуэдэу угупсысэныр! Зи бзэр зымыщIэр лъэпкъым и фIыгъуэ куэдым хон. Ар лъэпкъым и псэщ. Бзэр щымыIэмэ, лъэпкъри щыIэкъым! Уэ уи лъэпкъыр умыIэтмэ, уи бзэм пщIэ хуумыщIмэ, сыт хуэдэ лъэпкъра пщIэ къыпхуэзыщIынури узыIэтынури?!
- Адыгэбзэр дуней псом щынэхъ пасэрей дыдэхэм ящыщщ. Ар щадж Берлин, Токио, нэгъуэщI къалащхьэ цIэрыIуэхэм дэт университетхэм, дунейпсо щэнхабзэм, бзэ щIэныгъэм увыпIэ щхьэхуэ щеубыд. Дэ ди бзэр дымыщIэжыну емыкIукъэ!
- Си гуапэу гу лъызотэ сабий садхэм адыгэбзэкIэ зэпеуэ гъэщIэгъуэнхэр зэрырагъэкIуэкIым. Ди анэдэлъхубзэр хъумэным, ефIэкIуэным теухуауэ къалэми республикэми Iуэхугъуэ куэд къыщызэрагъэпэщ. Ар зи фIыщIэр ныбжьыщIэхэм я бзэр ящIэнымкIэ, адыгэ щэнхабзэм щыгъуазэ хъунымкIэ лэжьыгъэшхуэ езыгъэкIуэкI егъэджакIуэхэращ. Абыхэм ди сабийхэм кърат щIэныгъэр, къыбгъэдалъхьэ гъэсэныгъэр я гъащIэ псокIэ сэбэп къахуохъу.
- Псоми ди къарур зы тщIыуэ, дыхущIэкъун хуейщ ди щIэблэщIэр гъэсауэ, къыщалъхуа щIыпIэр фIыуэ ялъагъуу, анэдэлъхубзэр ящIэу, ар егъэфIэкIуэнымрэ хъумэнымрэ я гуращэу къэдгъэхъуным. Мис апхуэдэу хъумэ, аращ лъэпкъпсо насыпкIэ узэджэнур!
- ТЕУНЭ Анджелэ,
- Республикэ клиникэ
- сымаджэщым и дохутыр.
- Дэфтэрхэм къаIуатэ
- Дэфтэрхэм къаIуатэ
- Адыгэтхыбзэмрэ лъэпкъ кафедрэмрэ я тхыдэ лъэбакъуэхэр
- 1853 гъэ — Бырсей Умар и «Шэрджэсыбзэм и букварь» тхылъыр Тифлис къыщыдэкIащ.
- 1865 гъэ — ХьэтIохъущокъуэ Къазий и «Къэбэрдей алыфбей» тхылъыр Тифлис къыщыдэкIащ.
- 1906 гъэ — Тамбий Пагуэ и «Къэбэрдеибзэм и азбукэ» тхылъыр Тифлис къыщыдэкIащ.
- 1913 гъэ — Дым Iэдэм и «Алыфбей» тхылъыр Темыр-Хъан Шу-ра (Буйнакск) къыщыдэкIащ.
- 1917 гъэ — Цагъуэ Нурий и «Тхыбзэ» тхылъыр Бахъсэн къыщыдэкIащ.
- 1919 гъэ — «РСФСР-м и цIыхухэм я деж щIэныгъэншагъэр щыгъэкIуэдыным и IуэхукIэ» декретыр ЦIыхубэ Комиссархэм я Советым къищтащ.
- 1923 гъэ — Хъуран Батий зи пашэ щIэныгъэлI гупым латин графикэр и лъабжьэу адыгэбзэм алфавит хузэхалъхьащ.
- 1931 гъэ — Владикавказ дэт Бгырыс (Горскэ) педагогикэ институтыр РСФСР-м и СНК-м и унафэкIэ тIууэ ягуэшащ, Къэбэрдей-Балъкъэр педагогикэ институтрэ Осетие Ищхъэрэ педагогикэ институту.
- 1932 гъэ — Къэбэрдей-Балъкъэр педагогикэ институтым Псыхуа-бэ (Пятигорск) лэжьэн щыщIидзащ. Абы бзэщIэныгъэмкIэ и кафедрэм и япэ унафэщIу ягъэуващ Борыкъуей ТIутIэ.
- 1936 гъэ — Борыкъуей ТIутIэ зи пашэ щIэныгъэлI гупым урыс графикэр и лъабжьэу адыгэбзэм алфавит хузэхалъхьащ.
- 1937 гъэ — Къэбэрдей-Балъкъэр педагогикэ институтыр Налшык къагъэIэпхъуэжащ.
- 1957 гъэ — Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къызэIуахащ. «Адыгэбзэмрэ литературэмрэ, урысыбзэмрэ литературэмрэ» IэщIагъитIым щыхурагъаджэ къудамэ къыщызэрагъэпэщащ.
- 1993 гъэ — Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым IэщIагъэ щрагъэгъуэт и къудамэ псоми адыгэбзэ щрагъэджу хуежьащ.
- 2003 гъэ — Дунейпсо Адыгэ Хасэм гъатхэпэм и 14-р Адыгэ тхыбзэм и махуэу игъэуващ. Ар Адыгэ Республикэм и Къэрал Советым — Хасэм къищтащ.
- 2008 гъэ — лъэпкъ кафедрэр тIууэ зэгуагъэкIащ: Адыгэбзэ кафедрэрэ Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я литературэмрэ IуэрыIуатэмкIэ кафедрэу.
- 2017 гъэ — Адыгэбзэ кафедрэмрэ Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я литературэмрэ IуэрыIуатэмкIэ кафедрэмрэ зэгуагъэхьэжри, Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кафедрэ къызэрагъэпэщыжащ.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.
- КЪЭШЭЖ Иннэ
- * * *
- Къызэпсэлъэж, си адэ, адыгэбзэкIэ,
- нэгъуэщI нэхъ мыхъуми зэ сегъэпщIыхьыж,
- бгъэджэгуу псысэм и макъыбзэ шхуэIур
- уздыщагъафIэ лъахэм дигъэхьэж.
- Къызэпсэлъэж уи адэм и уэсятымкIэ,
- Си адэу — узым бзэр зыIуриха!
- Зэпычми шыныбэпхыр уэрэд хъэтымкIэ
- Шым нихьэсынущ лъагъуэ хухахар.
- КъысхуэIуэтэж, си адэ, уи лъахэбзэр,
- а тэмакъыщIэ псынэм и фIыншэбзэр —
- мэлыхъуэ пщыIэ жьэгухэм я IугъуэкIэм
- уи узхэм щIэгъэуэну зырашэкIрэ
- уэсукхъуэ гъуагъуэм бгыр щIэщхьэукъукIыу.
- Къызэпсэлъэж, си адэ, къэпсэлъэж!
- Къызэпсэлъэж уз бзаджэм къыпекIуэкIи —
- узыпэмастэруи мэкъупIэ пхафэу
- усхурикIуэжу а пшэкIэплъ дыгъафIэм…
- А зырщ иджы, си адэ, къэслъэIужыр:
- къэгъэпсэлъэж а уахътыншагъэм и бзэр,
- къэгъэпсэлъэж уи адэм и лъахэбзэр.
- 1971
- ЗэзыдзэкIар Къармэ Iэсиятщ
- Къагъырмэс Борис
- * * *
- IэфIыгъэу, лIыгъэу пхэлъыр, уи гуапагъэр
- Куэд щIауэ псэкIэ зыхэсщIэу сопсэу.
- СлъэкIамэ, ахэр минкIэрэ згъэбагъуэу,
- Сыпхуэлэжьэнти, си бзэ, гъащIэ псом.
- Уэрщ сытым щыгъуи си гур зыгъэнэхур,
- СиIэту уэрщ сизыхьэр лIыгъэ уэгу.
- Ди лъэпкъым щыщми, бзэр зыфIэмыIуэхур
- Адыгэу плъытэу, уиплъэ хъун и нэгу?!
- ФIокIуэдыр и бзэр уэ узыфIэкIуэдым,
- КъыпхужызыIэм: «Бзэ лъэрымыхь цIыкIущ…»
- Уэ къыпхуэпэж уи бын гуащIафIэ куэдым
- Я тхыгъэхэр ипхьащ къэрал утыку.
- Уэ Iэщэ жану уриIащ Бэчмырзэ.
- Ар закъуэныгъэм щиубыдам — уэ зырщ
- Къыкъуэувар, и щэху зрихьэлIа гъусэу, —
- Урителъхьэну пэжым ухьэзырщ.
- Алий и усэм дамэ лъэщ ухуэхъури,
- ПIэтащ и псалъэр, налкъут зэщIэлыдэу.
- Пэжыгъэм, лIыгъэм ди бзэкIэ дехъуэхъури,
- Дыщыуващ гъащIэщIэм, ди лъэр быдэу.
- Сэ уи къэкIуэнум согупсысыр куэдрэ,
- Сыхуейщ уи гъащIэр хъуну нэхъри кIыхь.
- Насып иIэжкъым лъэпкъым, и бзэр кIуэдмэ, —
- ЗауэлI Iэщэншэу, мэхъу ар лъэрымыхь.
- Хуэблэжьыр лъэпкъым нэхъри уэ бгъэбагъуэу,
- Ди адыгэбзэ, куэдрэ утхуэпсэу!
- IэфIыгъэу, лIыгъэу пхэлъым, уи гуапагъэм
- Щыгъуазэ сщIынт, слъэкIамэ, дуней псор.
- Къуныжь ХьэIишэт
- * * *
- Адыгэбзэр си псэкъым,
- Адыгэбзэр си нэкъым,
- Си псэм хуэдэр си анэрщ,
- Си нэм хуэдэр си адэрщ.
- Адыгэбзэр псысэкъым,
- Iейуи сыгупсысэкъым —
- Ар си нитIым я нэщи,
- Ар схэлъ си псэм и псэщи…