ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2019-02-23

  • Псалъэжьхэр
  • Къэхъу псор яIуатэркъым
  • ХамэщI гъэмахуэрэ хэкужь щIымахуэрэ я хуабагъ зыщ.
  • ХамэщI дыщэ кIанэ нэхърэ — хэкужь дэп.
  • ЖаIэ псор къэхъуркъым, къэхъу псор яIуатэркъым.
  • Зым и хущхъуэр зым и щхъухьщ.

  • КIапсэр и псыгъуапIэм щызэпоч.
  • Мыщэ дыгъужь фIэбэлацэщ.
  • АкъылыфIэм делэми бзэ къыхуегъуэт.
  • Жьым еубзи, щIэр гъэгушхуэ.
  • Зым ищIэр щэхущи, тIум ящIэр нахуэщ.
  • ЦIыху нэхъ лъапIэ щыIэкъым.
  • Шэр нэхъапэ зытехуэр пэж лъыхъуэхэращ.
  • ШылъэгумкIэ шэдри жэнэтщ.
  • Щхьэж фIэзахуэр еукъуэдий.
  •  
  • Ауан
  • Жануэс зэрыкIуэсар
  • Нанурэ Жануэсрэ жари ди къуажэм зы щIалэрэ зы хъыджэбзрэ фIыуэ зэрылъагъуу дэст. А тIур зэрызэпылърэ Iэджэ щIат. Ауэ зэрышэу зы унагъуэу тIысыжыну Iэмал ягъуэтыртэкъым. Жануэс и адэ-анэм зратынур нэгъуэщI щIалэт.
  • — Жануэс, си псэм хуэдэ! Къуажэ псом дэр фIэкIа Iуэху яIэжкъым, кхъыIэ, мыпхуэдиз бэлыхьым дыхыумыгъэту, къыздэкIуаси ежьэж! — жиIэри зэгуэр Нану хъыджэбзым елъэIуащ.
  • — Содэ, тхьэ, — арэзы хъуащ хъыджэбзыр.
  • ЕтIуанэ пщыхьэщхьэм щIалэм Жануэс шыгум иригъэтIысхьэщ, шыжьэрыутIыпщу къуажэ уэрамым къыдэлъадэри, ищхъэрэкIэ иригъэзыхащ. Хъыджэбзым кIийуэ щIидзащ.
  • — Уэуэур си махуэщ! … Уэ сахь мыгъуэ!.. ЗалымыгъэкIэ сахь!
  • Къуажэм дэс милицэр, къыздихуари къыздикIари ямыщIэу, шууэ шыгум къыпэуващ:
  • — КъэувыIэ!
  • — КхъыIэ, щалэфI, ди Iуэху къызумыхуэ!.. Сэ сфIэфIыпсу мыбы сыдокIуасэ! — Жануэс милицэм елъэIуащ.
  • — НтIэ емынэм щхьэкIэ зыпчэтхъэжу укIийрэ? — щIэупщIащ милицэр.
  • — ЗалымыгъэкIэ сахьауэ къуажэм яхэзгъэIуэнущи аращ, — къыпыгуфIыкIащ хъыджэбзыр.
  • Дудар Хьэутий.
  • АдыгъэлI дзэзешэ цIэрыIуэхэр
  • Генералиссимус  Черкасский Михаил

  •  
  • Флотым и адмирал Ушаков Фёдор

  •  
  • Генерал-полковник Ерыжокъуэ ТIутIэ

  •  
  • Генерал-полковник КIуэкIуэ Юрий

  • Къуажэхьхэр
  • ЦIыкIуи ини ещI нэхъыжь
  • Зы шы къарэрэ зы пщIэгъуалэрэ
  • Зэблэхъуу щIылъэм къыщакIухь.
  •  
  • Iугъуи пшагъуи къезыхьэкI,
  • Тхьэмпэ гъуэжьхэр къезыхуэкI.
  •  
  • ЦIыкIуи ини ещI нэхъыжь,
  • Ауэ хъуркъым езыр лIыжь.
  •  
  • ЩхъуэкIэплъыкIэу уафэм къыфIадза,
  • Гъуэбжэгъуэщу кIуэдыжа.
  •  
  • ЩIым и гъусэу къэзыкIухь,
  • Уэгум иту гъащIэр зыхь.
  •  
  • Iэпэ пымыту мастэ къэзыщтэ.
  • ЖЭУАПХЭР:
  • Жэщ, махуэ. Жьыбгъэ. Зэман. Лэгъупыкъу. Мазэ. Малъхъэдис.
  • Зы уэрэдым и хъыбар
  • «ЖумыIэфу»
  • Зи къалэмыпэм уэрэд купщIафIэ куэд къыщIэкIахэм ящыщщ Къанкъул ФIыцIэ. Псори зэхэту абы итхащ уэрэд щиплIым нэс. ФIыщIэ и IэдакъэщIэкIхэм къызэщIаубыдащ гъащIэм и лъэныкъуэ псори: хэкур, адэ-анэр, ныбжьэгъугъэр, лъагъуныгъэр. КъыжыIапхъэщ, Къанкъулым итхахэм дзапэ уэрэд мыхъуа, цIыхубэм фIыуэ ямылъэгъуа зэрахэмытыр.
  • ФIыцIэ ипхъу Заремэ къызэрыджиIамкIэ, сыт хуэдэ уэрэд имытхами, япэ дыдэу абы иригъэдаIуэрт и унагъуэм щIэсхэр икIи абы- хэм яхуиусауэ жиIэрт. Гухэлъ, лъагъуныгъэ уэрэдхэр куэду къигъэнащ Къанкъулым. Абыхэм ящыщ зыщ зи гугъу тщIыри.
  • Къанкъул ФIыцIэ усэ итхар илъэс бжыгъэкIэ щимыгъэлъауэ, фIыуэ мычэнджэщауэ занщIэу утыку кърихьэу щытакъым. «ЖумыIэфу» уэрэдри куэдрэ игъэтIыгъуахэм ящыщщ. Усэр зигу ирихьа Щомахуэ Хьэсэнбий абы макъамэ щIилъхьа нэужь, япэ дыдэу ар игъэзэщIащ Сокъур Ольгэ.
  • Нэхъ иужьыIуэкIэ зэIэпахыу уэрэдыр куэдым ягъэзэщIащ. Нэхъыбэрэ ар жызыIахэм ящыщщ «Дахэнагъуэ» гупыр.
  • КIУНТIЫЩ — ХЬЭПЦIЭ Аннэ,
  • КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист.
  •  
  • СыпIуплъэхукIэ, уи нэ щхъуантIэр псы Iэрышэурэ уоIуантIэр.
  • ЖумыIэфу, жумыIэфу, жумыIэфу: «Си псэ закъуэ».
  •  
  •  Мы си туфлъэм лъэр къекъузыр, си Iэ ижьыр уэ бокъузыр.
  • ЖумыIэфу, жумыIэфу, жумыIэфу: «Си псэ закъуэ».
  •  
  • КъыкъуокI дыгъэр, ар къуохьэжыр, сэ пщIантIэшхуэм сыдохьэжыр.
  • ЖумыIэфу, жумыIэфу, жумыIэфу: «Си псэ закъуэ».
  •  
  • Укъэпсалъэрэ сэ къытесхмэ, телефоныр тыболъхьэжыр.
  • ЖумыIэфу, жумыIэфу, жумыIэфу: «Си псэ закъуэ».
  •  
  • Дунеишхуэм щызизакъуэщ, мы си гъащIэр зейр уэ закъуэрщ.
  • ЖумыIэфми, жумыIэфми, жумыIэфми: «Си псэ закъуэ».
  •  
  • Дыгъужь Къурмэн
  • Гунэмыс
  • Новеллэ
  • Зи ныбжьыр илъэс блыщIым ит лIыжьыр гъуджэшхуэм бгъэдэтщ, жьакIэр къабзэу иупсащи, хуэсакъыпэурэ пащIэр трегъащхьэ. И нэгур гъуджэм гъунэгъу дыдэу ирехьэлIэ, упщIащхъуэм ещхь пащIэм щымыщ гуэр хилъэгъуа хуэдэ, цы налъэ тхъуахэр зэIуегъэкIуэт. Гъуджэм къищ и сурэтым йопсалъэ:
  • — Къабзэу зэщIэупсауэ щымытыр лIы мыхъущ. ПщIэнукъым къыщоджэнур… ЖьакIэ бацэу укъалъагъумэ…
  • ПащIэм аргуэру йоплъ, пигъэщхъын хуэдэу зыри имылъагъуж пэтми, лэныстэ цIыкIур хуэму ирехьэлIэ. ИкIэм-икIэжым пащIэр зэфIэкIащ. Блыным фIэлъ фочыр къыпихауэ зэпеплъыхь, и щхьэ хуопсалъэ: «ЛIым и фочыр сыт щыгъуи хьэзыру щытын хуейщ. ПщIэнукъым къыщоджэнур…»
  • И щхьэгъусэм бжэр къыIуихащ:
  • — Сыт щыгъуи хуэдэу, зыбгъэщIэлэну упылъщ. НакIуэ, пщэдджыжьышхэр хьэзырщ.
  • Аслъэн Iэнэ лъакъуищым бгъэдотIысхьэ. Iэнэм тетщ джэд лыбжьэ, ху пIастэ, къалмыкъ шей, лэкъум щабэ тхъуэплъхэр. Ауэ Аслъэн Iэрэ жьэрэ зэхуимыхьу щысщ. Фызыжьыр йолъэIу:
  • — Сигу бгъэзагъэу фIыуэ шхэ, лIыжь.
  • — Хьэуэ, сэ сыбгъэшхэнумэ, кхъуейрэ шхурэ къызэт.
  • — Мы жылэ цIыхум хуэдэу, къыпхутрагъэувэр пшхырэ утэджыжмэ, си насыптэкъэ.
  • Аслъэн фызыжьым ар хуидэркъым:
  • — Сыт ущIэшхыдэр? Мырамысэ ныбэу ущытыну лIым къезэгъыркъым. Бгы псыгъуэрэ Iэпкълъэпкъ псынщIэмэ, «маржэ» щыжаIэм напIэIэтыгъуэкIэ уанэгум къихутэмэ — ар лIыщ. Кхъуеймрэ шхумрэ цIыхум и ныбэр щIешэ. АдыгэлIыр ныбэфыжьмэ, къезэгъыркъым. Къащтэ кхъуейрэ шхурэ.
  • И щхьэм удын игъуэтауэ, Аслъэн зауэ екIуэкIам къыхэкIыжащ, и бгъэм хэлъ дамыгъэхэми къагъэлъагъуэ лIыгъэншэу зэрыщымытар. Зауэ нэужь лъандэрэ ар мэпсэу апхуэдэу. И фызри гугъу дехьынкъэ. И бынхэр цIыху хьэлэмэт хъури, унагъуэ дыщэу, IэщIагъэлIхэу, лэжьакIуэ-псэуакIуэу къалэм дэтIысхьэжащ. Бынхэр къокIуэж тхьэмахуэ махуэхэм, гу къылъатэ адэ-анэр нэхъ зыхуэныкъуэмкIэ, пщIантIэр зэщIакъуэ, унэм кIэлъоплъ. ЛIыжь-фызыжьыр унагъуэ хуэщIауэ мэпсэу, ар зи фIыщIэр фызыжь жанырщ: хадэри, жэмри, мэлхэри, джэдкъазри дэгъуэу зэрехьэ.
  • Фызыжьым кхъуеймрэ шхумрэ Iэнэм къытригъэуващ. Аслъэн арэзы дыдэ хъуауэ шхэри тэджыжащ. Цей щIэрыпсыр зыщетIа- гъэ, дыжьынкIэ зэщIэбла къамэр зыщIелъхьэ, фочыр зыпщIэхедзэжри йожьэ.
  • Зауэм къызэрикIыж лъандэрэ абы цей зыбжанэ игъэлэжьащ, иджы щыгъ цей псыфэ щIэрыпсыр къулыкъум къикIыжагъащIэ сэлэт гуэрым и тыгъэщ. Езы Аслъэн дзэм къызэрикIыжыгъа цейр Iэджэми къащхьэпакъэ. Зауэ нэужьым щыгъыныр хуабжьу зэпэубыдат. Аслъэн и цеймкIэ щIалэ Iэджэм фыз къашащ. Цейм шынагъуэ нэхъ къезытыр хьэблэ фызхэрт. Уэздыгъэку щамыгъуэткIэ, Аслъэн и фызым и деж къакIуэхэрт: «Алыхь, кIыфIу дыкъыщIэнакIэ, уэздыгъэку дунейм тедмых»… АпщIондэхукIэ цей къуащIэр фызым къигъэжыхьырт, шухьэ щагъэр лъэIуакIуэ къэкIуа гъунэгъу фызым иритырт. Аслъэн дзэм къызэрикIыжа цейр хьэблэм апхуэдэурэ яIэщIэухащ.
  • Аслъэн, хабзэ хуэхъуащи, махуэл димыхыу, къуажэм къыщхьэщыт бгы лъагэм докIри зеплъыхь. Iэдакъэжьауэ ещIри, ипщэкIэ маплъэ, и щхьэ хуэпсалъэурэ:
  • — Сыту пIэрэ тыркужьхэм я мурадыр? Дзыхь яхуэпщI хъунукъым…
  • Йожьэжри хъупIэр, мэкъупIэр къызэхекIухь. Мэкъу Iэгуэ гъуэгум щыкIэрэхъуауэ къигъуэтмэ, мэшхыдэ: «Мыр зи IэбэкIэм и шхэкIэри апхуэдэ хъуащэрэт». Мэл щIакъуэ хъушэм къыкIэрыхуауэ къигъуэтмэ, мэлыхъуэхэм яхуехьыж: «ФызэкIэрыху-фызэкIэрыщу, апхуэдэу мэл зэрагъэхъур? ЗэщIэкъуауэ щхьэ фымыпсэурэ?»
  • Аслъэн бгъуэнщIагъ кIыфIыжьхэр, къуэ кIуэцI куухэр щIещыкI. Абы и гум Iэджэ къокI: «ПщIэнукъым, тIасхъэщIэх бзаджащIэм зыщигъэпщкIункIэ хъунущ мыбдежым. Апхуэдэурэщ зауэр къызэрежьэр, апхуэдэурэщ хэкум къызэрытеуэр».
  • Аращ лIыжьым и псэукIэр, махуэ къэси аращ, гъэмахуи щIымахуи аращ. Аслъэн здежьамкIэ зыри еупщIыркъым, цIыкIуми инми ящIэ абы и гъуэгур. ЗдежьамкIэ уеупщIмэ, хуабжьу и жагъуэ мэхъу. Пщэдджыжьым пщIан- тIэм докI, жэщ ныкъуэм нэблэгъауэщ Аслъэн унэм къыщекIуэлIэжыр. Щыгъуэлъыжынум деж фочымрэ къамэмрэ блы- ным фIедзэж, Iэбэмэ къызэрищтэнум хуэдэу. ЗитIэщIыркъым, цей закъуэрщ зыщихыр. Фызыжьыр тхьэусыхэу абы бгъэ- дэтщ:
  • — ЩIыIутелъыр зыщыпхрэ тыншу ужейркъэ. Сыт щхьэкIэ уэри гугъу зебгъэхьрэ, сэри сигу щхьэ хэбгъэщIрэ?
  • — Хьэуэ, — жеIэ лIыжьым, — хэкум гузэвэгъуэ къылъэIэсащ жаIэрэ къаджэмэ, зысхуапэу сыувыжыну? Къэджэнур зэгуэри зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым…
  • Апхуэдэурэ лIыжьым и гъащIэр ирехьэкI. Бгыи, мэзи, къуэи, губгъуи щIещыкI. Абы ещIэ мэз бжэнхэм я увыIэпIэр. Шыгъу кIанэхэр къэлътмакъкIэ дехри, мэз бжэнхэм я увыIэпIэм щрекIут…
  • Махуэ псом уэшх щIыIэм хэтауэ лIыжьыр къекIуэлIэ-жащ. Фызыжьым шхын хуабэ къыхутригъэуващ. Ауэ лIыжьым дежкIэ нэхъапэр уэшхым къыщрихьэкIа фочрати, илъэщIыжщ, дагъэ щихуэжри фIидзэжащ. ЛIыжьыр щIыIэм иубыдат. Лэпс пщтыр тIэкIу еIубри, пIэм хэгъуэлъхьэжауэ, фызыжьым къолъэIу:
  • — Щыгъын гъущэ моуэ Iэгъуэу къэгъэтIылъ, пщIэнукъым къэджэнур.
  • Фызыжьым щыгъын гъущэ шэнтым къытрилъхьащ, арыншэу Аслъэн жейм езэгъынутэкъым…
  • Пщэдджыжьым, къулъшыкъушхуэ хъуарэ пэт, Аслъэн зыкъиужьыртэкъым.
  • Фызыжьыр пэшым щIыхьащ:
  • — Сыту ухэжея нышэдибэ?
  • Жэуап щыIэтэкъым, пэшыр щымт. Фызыжьыр гъуэлъыпIэм бгъэдыхьащ. Сытым щыгъуи къабзэу зэщIэупса Аслъэн и напэ дахэр шэхум хуэдэт. И нэхэр зэтепIат, и бгъэм телъ фочыр псэ зыхэмытыж и Iэхэм IэщIэдиихьат. Ажалыр къыщыкIуэм, фочым Iэбат, арщхьэкIэ…
  • И лъэр щIэхури фызыжьыр зэщIэтIысыкIащ:
  • — Къеджа мыгъуэщ…
  • Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
  • Хупщ
  • Мы ерыскъым хуабжьу къэуатышхуэ щIэлъщ, витаминкIэ къулейщ, зэIымыхьэу куэдрэ щылъщ. ТхъуцIынэр кIэструлым иралъхьэ, пэшхьэкум трагъэувэри ягъэткIу, пэшхьэкум къытрахыж, фошыгъу щабэ хакIутэри, ткIухукIэ зэIащIэ. Абы хакIутэ къэрмэфибл ущэ- ба, содэ гъэткIуа, фо гъэва хакIэ — а псори зэхагъэзэрыхь. ИтIанэ джэдыкIэ цIынэ уда хакIэ, а зэхэщIамрэ ху хьэжыгъэ ухуэнщIамрэ зэхалъхьэри, тхьэву япщ.
  • Тхъу зыщыхуа тебэм мыIув дыдэу иралъхьэри, хьэкулъэм ирагъэувэ. Мыжьапэу тебэр хьэкулъэм кърахыж, щабэ щIыкIэ IупщIэурэ яупщIатэри, шатэ щахуэ, хьэкулъэм ирагъэувэри хьэзыр хъуху ягъажьэ. Жьа нэужь ар тхъуэплъ дахэу, мэ гуакIуэ иIэу мэхъу.
  • Хуабэуи щIыIэуи яшх, шэм, шейм докIу.
  • Халъхьэхэр: ху хьэжыгъэу — г 1000, джэдыкIэу — 3, тхъуцIынэу — г 200, фоуэ — г 700, фошыгъуу — г 100, содэу — г 7, къэрмэфибл ущэбауэ — г 10.
  • Къэб хьэнтхъупс
  • Къэб тхьэщIар гъущэу ялъэщI, IупщIэурэ зэгуауд, и фэр трагъэжри, г 25 — 30 хъу тыкъыр цIыкIуурэ яупщIатэ. Шыуаным тхъу иралъхьэри къагъэплъ, абы къэб упщIэтар халъхьэ, бэлагъкIэ зэIащIэурэ мафIэ щабэм тету дакъикъий-пщIыкIэ ягъажьэ, зэIащIэурэ псывэ щIакIэри, дакъикъэ 15 — 20-кIэ ягъавэ. Мис иджы псыр щIоващIэ щыжаIэм деж къэбыр шыуаным зэрилъу яуб. Шэ гъэпщта щIакIэ, зэIащIэурэ дакъикъипщI-пщыкIутху хуэдизкIэ мафIэ щабэкIэ ягъавэ. ИужькIэ фо е фошыгъу халъхьэри, зэIащIэурэ дакъикъи 5 — 6-кIэ ягъавэ.
  • Къэб хьэнтхъупсым и фэр гъуэжь дахэу, мэ гуакIуэ къыхихыу щытщ. Езы хьэнтхъупсыр и IувагъкIэ мырамысэ пIащIэм ещхьщ. Пщтыру яшх, лэкъум е щIакхъуэ и гъусэу. Къэб хьэнтхъупсыр гъэткIугъуафIэщ, сэбэпышхуэщ зи кIэтIий, тхьэмщIыгъу узхэмкIэ. Витамин А куэду хэлъщ.
  • Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ): къэбу — г 250-рэ, псыуэ — г 300, тхъууэ — г 60, шэуэ — г 450-рэ, фоуэ е фошыгъуу — г 30.
  • «Адыгэ шхыныгъуэхэр»  тхылъым къитхыжащ.
  •  
  • ЖыIэгъуэхэр
  • УкIытэ зиIэ бей хъурэ?
  • Зи щхьэр уз Дизыкъуажэ гуфIэрт, узын илъщ си щхьэм жиIэри.
  • Фадэм кърихур гум илъым и закъуэкъым, щхьэм илъри дегъакIуэ.
  • Акъылыр цIыхум и лъагагъым елъытакъым.
  • Фадэ пIащIэм лъэр щIеуд.
  • Къаплъэнэф нэхърэ — псори зылъагъу хьэфиз.
  • МыхъуакIуэуи былым щыIэщ.
  • Лъыхъу куэд зиIэр къыдэнэри, зы закъуэ фIэкIа къызылъымыхъуар яшащ.
  • ЩIалэм щIалэ и Iуэхущ, жьым и Iуэхур сыт?
  • Абы и пэжыр бжыхьым ирапхащ.
  • УкIытэ зиIэ бей хъурэ?
  • Бзуубзэр умыщIэми хъунущ, уи бзэр пщIэжмэ.
  • Банэр хьэхэм я закъуэкъым.
  • Щхьэ зимыIэм сыт щхьэц зэрищIынур?
  • Вы тIыса имыгъэтэджми, цIыхур имыгъэтIысу кърехуэкI.
  • УщIалэну фIыщ, ауэ ущIалэфIыну нэхъыфIыжщ.
  • Кхъужь мыхъур щылъмэ, мэтIыгъуэ, мыIэрысэ мыхъур щылъмэ, мэф.
  • Хьэрэмыр зищIысыр зымыщIэм хьэлэлми хищIыкI щыIэкъым.
  • КIуантIэ Iэзид.
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу:6. ЦIыхухъу-цIэ е Къэрмокъуэ Мухьэмэд и роман. 7. Бразилием щекIуэкIа дунейпсо Олимп зэхьэзэхуэхэм дыщэ медаль къыщызыхьа адыгэ щIалэ. 8. Зеиншэ. 9. Псы Iуфэ мывалъэ-пшахъуалъэ. 10. Нарт хъыбархэм къызэрыхэщымкIэ, Iэщхэм я тхьэ. 11. Ди зэманым куэдым зэрамыхьэж цIыхухъу гъуэншэдж, шырыкъу лъапщэм дыхьэу. 12. Бо. 14. ХадэхэкI. 16. ПлIанэпэ. 18. Ди лъэпкъэгъу, Урысей Федерацэм и цIыхубэ художник. 19. Iуэху щIэн зи жагъуэ, щхьэхынэ. 20. ЦIыхубз пшэрыхь … 23. Дунейр щыуаем деж щIылъэм къытохэ. 24. Жэмэщ. 28. КIапсэ зэрыхъам къыхэщIыкIа пасэрей цIыхухъу вакъэ. 31. Къуаргъым нэ хуащIати, … жиIащ. 32. Совет зэманым сеныч дестэ тIощI къызыщIэкIыу щыта ахъшэ жьгъей. 33. Ди къэралым и щIыналъэшхуэ: властым и бийхэр нэхъапэм здашэу щыта щIыпIэ. 34. Адыгэ уэрэджыIакIуэ, Урысей Федерацэм и цIыхубэ артист. 35. Шым и пщэм тет цы кIыхь. 36. Тыркумэн республикэм и къалащхьэ. 39. Дунейм ехыжам и цIэкIэ тхьэмыщкIэхэм ират Iыхьэ. 40. … зэхэдзэ нэхърэ — акъыл зэхэдзэ. 42. Пхъэ кIапэ. 43. Мы гъэм зи ныбжьыр илъэс 90 ирикъу еджагъэшхуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, критик ХьэкIуащэ … 44. … щIакъуэншэ хъур-къым.
  • Къехыу:1. Мэжджытым хэтщ … джапIэ. 2. Ди республикэм и псыежэх нэхъ инхэм ящыщ зы. 3. «ПыIэ … плъыфэм уи фэр изоплъри, лъахъшэу щхьэрызокъуэ …» — Къэжэр Индрис и уэрэд цIэрыIуэм щыщщ. 4. Европэм хиубыдэ къэрали 10-м я щIыналъэхэм щежэх псышхуэ. 5. А унэцIэр зэрахьэ: адыгэ генералым; еджагъэшхуэм; Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэуа усакIуэ цIэрыIуэм; ди лъэпкъыр зэуIуу щыпсэу республикищми я цIыхубэ артист хъуа уэрэджыIакIуэм. 12. Анэкъилъху. 13. Блэ зэуар аркъэным … 14. Арджэн къызыхащIыкI къэкIыгъэ. 15. Адыгэ театрым и джэгуакIуэ Iэзэу щыта, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Сибэч … 16. Мэ дахэ къызыхих ткIуаткIуэ. 17. Iэпслъэпсым щыщ. 21. Ди адэжьхэм я дуней тетыкIар къытщIэхъуэ щIэблэм дежкIэ … гъуэзэджэщ. 22. Мэз джэд лъэпкъыгъуэм хабжэу губгъуэхэм, мэкъупIэхэм узыщрихьэлIэ къуалэбзу цIыкIу. 25. МахуэцIэ. 26. ПхъащIэ Iэмэпсымэ. 27. Егъэлеяуэ ерыщ. 28. Адыгэ зауэлIым къыпэува биищым тIур хигъэщIащ, ещанэр … къищIри къэкIуэжащ. 29. ГъущI зэблэдза зэтегъэва. 30. Муслъымэн лъэпкъышхуэ. 36. Бдзэжьей лIэужьыгъуэ. 37. Хабзэ-бзыпхъэкIэ адыгэм и гъунэгъу, Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу лъэпкъ. 38. Уэрэдус, драматург, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист …. Мурадин. 39. … бэлътоку. 41. ХадэхэкI.
  • Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
  • Мазаем и 16-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу:1. ЩIыIуб. 3. Мест. 6. Жанхъуэтекъуэ.7. Хуабэ. 9. ГъукIэ.10. Жьажьэ. 14. Дзапэ. 15. Iущхьэ. 17. Къуэныкъуей. 18. ЩIакъуэншэ. 23. Лэгъуп. 24. Тхьэм. 28. Дерт. 30. Яжьэ. 31. Шэрхъ. 32. ШыкIэпшынэ. 33. Гуанэ. 34. Къарэ.
  • Къехыу:1. ЩIымахуэ. 2. Бланэ. 3. Мыкъуэжь. 4. Тэрмэш. 5. ХьэмкIэ. 8. Бадзэ. 11. Арэф. 12. IупщIэ. 13. Пщае. 16. Хъыдзэдж. 19. Абгъуэ. 20. Шухьэ. 21. Блэр. 22. IумпIэ. 25. Адэмыгу. 26. Бжьэпэ. 27. Пхъампэ. 29. Тхыдэ. 31. Шынакъ.