ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Я псэ емыблэжу хэкур зыхъумахэр

2019-02-23

  • «Адыгэ псалъэ» газетым и япэ номерыр къызэрыдэкIрэ илъэс
  • 95-рэ щрикъум ирихьэлIэу
  • Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм, къэралым и цIыхубэр псэзэпылъхьэпIэ щихуам, я къалэмхэр ягъэтIылъщ, Iэщэ къащтэри, бийм пэувауэ щытащ «Социалистическэ Къэбэрдей-Балъкъэрым» (а зэманым апхуэдэут ди газетым зэреджэр) и журналистхэри. Абыхэм ящыщ зыбжанэм я гъащIэм дыщриплъэж тхыгъэхэр фи пащхьэ ныдолъхьэ Хэкум и хъумакIуэм и махуэм.

  • Редактор нэхъыщхьэу лэжьахэм ящыщу зауэм хэтахэр
  • Къущхьэ БетIал
  • Зеикъуэ курыт еджапIэм щIэсу тхэн щIидзат Къущхьэ БетIал. Газетхэм щIэх-щIэхыурэ къытехуэрт абы и тхыгъэхэр: корреспонденцэхэр, очеркхэмрэ рассказ кIэщIхэмрэ. Еджэным зи гур ета щIалэ цIыкIур и адэм Псыхуабэ ишащ икIи урыс школым щIигъэтIысхьащ. И адэм и ныбжьэгъу лIыжь гуэрым деж щыIэурэ абы щеджащ.
  • ИужькIэ БетIал Ленинскэ еджапIэ къалэ цIыкIум щIэтIысхьащ. Ар къиухри, дзэм къулыкъу щищIащ. Дэнэ щымыIами, ар и къалэнхэм яхуэпэжт икIи жэрдэм хэлъу зэфIигъэкIырт сыт хуэдэ Iуэхури.
  • Зауэр къэхъеиным ипэ- кIэ Къущхьэ БетIал ягъэкIуауэ щытащ «Социалистическэ Къэбэрдей-Балъкъэр» газетым. ЯпэщIыкIэ ар лэжьащ зэдзэкIакIуэу, пропагандэмрэ агитацэмкIэ къудамэм и унафэщIу. А IэнатIэхэм абы зыкъыщигъэлъэгъуат жэрдэм зыхэлъ къызэгъэпэщакIуэ гъуэзэджэуи.
  • 1941 гъэм мэлыжьыхьым и 25-м абы къыхуагъэфащэ газетым и редактор къулыкъур. А къулыкъум ар тетащ зауэм щIидзэу нэмыцэдзэхэр ди лъахэм къихьэху.
  • Фашистхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщысым, Къущхьэ БетIал дзэм хыхьащ икIи Iэщэ иIыгъыу бийм япэуващ. Ар зэуапIэм Iутащ адыгэ нэсым, офицер хахуэм зэрыхуэфащэу, лIыгъэ хэлъу.
  • БетIал щIэхъуэпсырт ТекIуэныгъэр къыщытхьыну махуэм, ауэ абы ар илъэгъуакъым. И хэку лъапIэм, къызыхэкIа лъэпкъым, и къуажэгъухэм я хуитыныгъэм Iэщэ иIыгъыу щIэбэну ар зэуапIэм къыщаукIащ.
  • Дал Iэуес
  • Дал Iэуес МатIэ и къуэр 1916 гъэм Куба къуажэм къыщалъхуащ. 1937 гъэм Налшык педучилищэр къиуха иужь, Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и наркоматым инспектору щылэжьащ. Мыгувэу ар ягъакIуэ «Социалистическэ Къэбэрдей-Балъкъэр» газетым и редакцэм икIи дзыхь къыхуащIащ абы и промышленнэ, мэкъумэш къудамэхэм я унафэщIу щытыну.
  • 1941 гъэм къыщыщIэдзауэ 1944 гъэ пщIондэ Далыр зауэм хэтащ. Абы къыщигъэлъэгъуа лIыгъэм пап-щIи къыхуагъэфэщащ дамыгъэ лъапIэхэр.
  • Зауэ нэужьым «Къэбэрдей пэжым» (1944 гъэм апхуэдэу фIащат газетым) къигъэзэжащ. Парт гъащIэмкIэ къудамэм и Iэтащхьэу, редакторым и къуэдзэу щытащ. 1947 гъэм къыщыщIэдзауэ 1951 гъэ пщIондэ газетым и редактору лэжьащ. А IэнатIэм абы къыщигъэлъэгъуащ жэрдэм зыхэлъ цIыхуу зэрыщытыр.
  • ИужькIэ Далым IэнатIэ зыбжанэ ирихьэкIащ — 1954 гъэм ар Лэскэн ягъакIуэ КПСС-м и райкомым и япэ секретару, иужькIэ республикэм и Министрхэм я Советым и къызэгъэпэщакIуэ къудамэм и унафэщIу щытащ. 1957 гъэм Далыр КПСС-м и ЦК-м и Парт школ нэхъыщхьэм щIотIысхьэри, 1959 гъэм къеух. ЩIэныгъэфI зыгъуэта щIалэр республикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щолажьэ. Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрымытами, Iэуес зэфIэкIышхуэ зиIэ цIыху зэщIэкъуауэ зыкъигъэлъэгъуащ.
  • ЛIыбекъуэ Хьэбас
  • 1922 гъэм Бахъсэн районым щыIэ Къэсейхьэблэ къуажэм къыщалъхуа ЛIыбекъуэ Хьэбас Къасым и къуэм и ныбжьыр илъэс 18 зэрырикъуу я къуажэм дэт пэщIэдзэ школым егъэджакIуэу лэжьэн щыщIидзащ. 1941 — 1944 гъэхэм дзэм къулыкъу щищIащ. ПсэзэпылъхьэпIэ куэдым хэтащ, лIыгъэ хэлъуи зыкъигъэлъэгъуащ. Абы и щыхьэтщ Вагъуэ Плъыжь орденыр, медалхэр къызэрыхуагъэфэщар.
  • УIэгъэ хьэлъэ хъууэ дзэм къыхэкIыжа иужь, 1944 — 1950 гъэхэм Бахъсэнёнкэ курыт школым и унафэщIу лэжьащ. 1950 гъэм къыщыщIидзэри, парт, совет, журналист IэнатIэ зыбжанэ ирихьэкIащ: партым и райкомым и къудамэм и унафэщIу, етIуанэ секретару лэжьащ, райисполкомым и Iэтащхьэу щытащ, КПСС-м и обкомым и инструктор, секторым и унафэщI къулыкъухэр иIыгъащ.
  • 1970 гъэм фокIадэм и 23-м ар ягъэуващ «Ленин гъуэгу» газетым и редактору икIи 1978 гъэ пщIондэ а лэжьыгъэм пэрытащ. ЛIыбекъуэм Iуэхушхуэ зэфIигъэкIащ газетым традзэ тхыгъэхэр нэхъ купщIафIэ хъун и лъэныкъуэкIэ.
  • Дол Батырбий
  • Дол Батырбий Кургъуокъуэ и къуэр 1918 гъэм Налшык районым хыхьэу щыта Нартан къуажэм къыщалъхуащ. Налшык рабфакыр 1937 гъэм къиухри, «Социалистическэ Къэбэрдей-Балъкъэр» газетым и корректор нэхъыжьу лэжьэн щIидзащ. А IэнатIэм пэрашри, 1939 гъэм дзэм ираджащ. Абы щыIэуи Хэку зауэшхуэр къэхъеящ. Батырбий Ленинград дэт топгъауэ-техникэ училищэр къиухащ. Хэку зауэшхуэм жыджэру хэтащ. 1946 гъэм дзэм къыхэкIыжа иужь, «Къэбэрдей пэж» газетым и редакцэм лэжьакIуэ ягъэкIуащ.
  • 1950 гъэм ар щIэтIысхьащ КПСС-м и ЦК-м деж щыIэ Парт школ нэхъыщхьэм. Илъэсищ дэкIыу ар къиуха иужь, «Советская молодёжь» газетым и унафэщI хъуащ. Батырбий пIалъэ кIэщIкIэ щытащ Къэбэрдей АССР-м щэнхабзэмкIэ и министру. 1954 гъэм и накъыгъэм абы къыхуагъэфэщащ КПСС-м и обкомым пропагандэмрэ агитацэмкIэ и къудамэм и унафэщI къулыкъур.
  • Редакцэ лэжьыгъэм куу-уэ зэрыхищIыкIыр къалъытэри, 1955 гъэм дыгъэгъазэм и 15-м Дол Батырбий ягъэуващ «Къэбэрдей пэж» газетым и редактору. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэ, журналистикэм, газет лэжьыгъэм хэзыщIыкI Долыр а IэнатIэм илъэсибл нэскIэ пэрытащ, лъэпкъым къыхуэщхьэпэн лэжьыгъи зэфIигъэкIащ.
  • Сэхъу Къэрэшей
  • Зыдэлэжьа куэдым Сэхъу Къэрэшей ягу къинэжащ гудзакъэшхуэрэ жэрдэм инрэ зыхэлъ цIыхуу зэрыщытар.
  • 1922 гъэм Джылахъстэней щIыналъэм къыщалъхуа адыгэ щIалэр 1939 — 1941 гъэхэм комсомол лэжьыгъэм пэрытащ. Зауэм зэрыщIидзэу Сэхъур дзэм ираджащ икIи абы хэтащ 1946 гъэр къэсыху. Зэхэуэ гуащIэхэм къыщигъэлъэгъуа лIыгъэм папщIэ Хэку зауэ орденитI, медалхэр къратащ.
  • 1946 — 1949 гъэхэм КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым щылэжьащ, иужь-кIэ Прималкинскэ райкомым и секретару щытащ. 1949 гъэм къыщыщIэдзауэ 1955 гъэр къэсыху «Къэбэрдей пэж» газетым мэкъумэш хозяйствэмкIэ и къудамэм и унафэщIу, жэуап зыхь секретару, Къэбэрдей-Балъкъэр тхылъ тедзапIэм и директору лэжьащ. 1955 гъэм Сэхъур Аруан районым и цIыхубэ депутатхэм я Советым и исполкомым и унафэщIу хахащ. А къулыкъур абы ирихьэкIащ 1957 гъэ пщIондэ.
  • Районым и экономикэм-рэ щэнхабзэмрэ зегъэужьыным хэлъхьэныгъэш-хуэ зэрыхуищIам папщIэ а зэманым къыхуагъэфэщащ «ЩIыхьым и Дамыгъэ» орденыр. Иужь- кIэ Сэхъур илъэситIкIэ КПСС-м и Iуащхьэмахуэ райкомым и япэ секрета- ру щытащ. 1961 гъэм къиухащ КПСС-м и ЦК-м деж щыIэ Парт школ нэхъыщхьэр.
  • Ауэ ар республикэ псом фIыуэ къыщацIыху икIи къыщалъагъу зыщIар «Ленин гъуэгу» газетым и редактор къулыкъурщ. Сэхъум пщIэрэ щытхъурэ иIэу а лэжьыгъэр илъэсибгъукIэ (1961 гъэм къыщыщIэдза- уэ 1970 гъэ хъуху) ирихьэкIащ.
  • Махуэ Анатолэ
  • 1923 гъэм Сэрмакъ адыгэ къуажэжьым къыщалъхуащ Махуэ Анатолэ Джылахъстэн и къуэр. 1941 гъэм курыт школыр къиуха иужь ар Орджоникидзе щыIэ, зауэ хуэIухуэщIэхэм щыхуагъасэ училищэм щIэтIысхьащ.
  • 1941 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм ар яхыхьащ нэмыцэ фашистхэм езауэ советыдзэхэм. Взводым, ротэм я унафэщIу щытащ. Зэрихьа лIыгъэм папщIэ къратащ Вагъуэ Плъыжь орденыр, «Берлин къызэращтам папщIэ», «Варшавэ къызэращтам папщIэ» медалхэр, нэгъуэщI дамыгъэ лъапIэхэри.
  • И узыншагъэкIэ къулыкъум зэрыпэмылъэщыжым къыхэкIыу, Махуэр 1945 гъэм фокIадэм дзэм къыхэкIыжын хуей хъуащ. Къигъэзэжа нэужь Сэрмакъ къуажэ клубым и унафэ-щIу, курыт школым и завучу, ВКП(б)-м и Нагорнэ райкомым и пропагандисту лэжьащ.
  • Краснодар дэт илъэситI парт школыр 1949 гъэм къиуха иужь, Анатолэ ВКП(б)-м и Дзэлыкъуэ райкомым пропагандэмрэ агитацэмкIэ и къудамэм и унафэщIу, ВКП(б)-м и обкомым и инструктору, профсоюз, комсомол зэгухьэныгъэхэмкIэ секторым и Iэтащхьэу щытащ.
  • Махуэм и зэфIэкIыр нэхъыфIу къыщигъэлъэгъуащ «Къэбэрдей пэж» газетым и редактор къулыкъум щыпэрыта илъэсиплIым. Ар абы ягъэуващ 1951 гъэм и мэкъуауэгъуэм. Махуэр цIыхухэр зэзыгъэдэIуэф, газетым къыпэщыт къалэнхэм хузэщIэзыгъэуIуэф унафэщIт.
  • Полкым и ныпзехьэу щыта Елмэс Iэбу
  • Хэку зауэшхуэр къыщыхъеям Елмэсыр адыгэ газе-тым щылажьэрт. ЦIыхухэм зыри хащIыкIыртэкъым мэкъуауэгъуэм и 22 махуэм къапэплъэ нэщхъеягъуэ хъыбарым. Елмэсми, и тхьэмахуэ лэжьыгъэр хъарзынэу ирихьэкIауэ, зигъэпсэхурт, унагъуэ Iуэху зэрихуэу и пщIантIэм дэсыжт. Уащхъуэдэмыщхъуэу нэмыцэ фашистхэр къэралым къызэрытеуам и хъыбарыр ради-ом къызэритыххэу, Iэбу лэжьапIэм кIуащ. Зыми хъыбар ирагъэщIатэкъым икIи зэгурыIуатэкъым, ауэ журналистхэр езыр-езыру редакцэм къыщызэхуэсащ, адэкIэ ящIэнухэм-кIэ зэчэнджэщын мурадкIэ. ЩIалэ зыбжанэм, Iэбуи яхэту, асыхьэтым лъэIу тхылъхэр военкоматым яхьащ, зауэм ягъэкIуэну щIэлъэIуу. Зэкъым икIи тIэукъым абы и ужькIи Iэбу апхуэдэ тхылъ зэритхар.
  • Арати, армэм и политлэжьакIуэхэр щагъэхьэзыр курсхэм ираджащ Iэбу, ар къиуха нэужь Налшык къагъэкIуэжащ. 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр лъэпкъ шуудзэр къызэгъэпэщыным, ар гъэхьэзырыным куэд хилъэжьыхьащ эскадроным и политрукым и къуэдзэ Елмэсым. А дивизэм хэту ар япэу зауэм щыIухьащ Ростов областым. ЗауэлI жану, жыIэщIэу зыкъигъэлъагъуэу, и ныбжьэгъухэм щапхъэ яригъэлъагъуу Iэбу шуудзэм хэтащ 1942 гъэм и зэхуэдитIхэм фIэкIыху. ИтIанэ ар 347-нэ фочауэ дивизэм хэту зэуащ. Сэлэтхэм пщIэшхуэ хуащIырт ныбжьэгъуфI яхуэхъуа я командир ткIийм.
  • ЗэрыпхъуакIуэхэр Кавказ Ищхъэрэм щрахужым взводым и командирым и дэIэпыкъуэгъу Елмэсыр яхэтащ тIасхъэщIэххэм. Абы щыгъуэ зэрихьа хахуагъэм папщIэ Iэбу «За боевые заслуги» медалыр къратауэ щытащ.
  • Хэкум ирагъэкъэбзыкIыж фашист хьэщхьэрыIуэхэм я ужь кIэщIу иту кIуэрт ди тIасхъэщIэххэр, бийм и щэхур къахутэрт, ардыдэмкIэ ди зауэлIхэм я гъуэгур нэхъ тынш щащIу.
  • Ди дзэр Севастополь нэблэгъауэ, Iэбу полкым и командирым ириджащ. Дамэ къытекIам хуэдэу щыгуфIыкIащ зауэлIыр къыхуащIа щIыхь иным — ар полкым и ныпзехьэ ящIат.
  • Журналист-ныпзехьэр хахуагъэ игъэлъагъуэу яхэтащ Донбасс, Прибалтикэр щхьэхуит къэзыщIыжахэм. 203-нэ фочауэ дивизэм хэту Елмэсыр Чехословакием и къалащхьэ Прагэ нэсыху кIуащ.
  • Брно и Iэшэлъашэхэм деж нэмыцэхэм я къарур здынэ-сыр, и быдапIэхэр зыхуэдэр, абыхэм я мурадыр ди дзэхэм зэхэхауэ ящIэртэкъыми, куэдкIэ щыгугъыу яутIыпщ Ел-мэсыр зи пашэ тIасхъэщIэх гупыр. Жэщым ахэр щэху дыдэу нэмыцэ къэрэгъулым йопщылIэ, Iэщэр къыIэщIах, и жьэр якудэри, Iэуэлъауэ ирамыгъэщIу къыIуах. А гъэрым бийм и тIасхъэ куэд къахуиIуэтащ. А псэзэпылъхьэпIэ къалэныр щIыхь пылъу зэригъэзэщIам папщIэ Елмэсым Вагъуэ Плъыжь орденыр къыхуагъэфэщауэ щытащ.
  • ТекIуэныгъэр къыщахьам Iэбу Чехословакием щыIэт, ауэ абы и Iэщэр абдежым щигъэтIылъакъым. Ар щыIащ империалист Японием и дзэр зэхэзыкъута Забайкальскэ фронтми. А зауэм абы къыщихьащ Хэку зауэшхуэ орденым и етIуанэ степеныр.
  • 1946 гъэм Елмэсым и унэ къегъэзэж, фIыуэ илъагъу журналист лэжьыгъэм пэрохьэж. Литературнэ лэжьакIуэу, совет лэжьыгъэмкIэ газетым и къудамэм и унафэщIу мэлажьэ. ЗэфIэкIыфI иIэу, къызэгъэпэщакIуэ гъуэзэджэу зыкъэзыгъэлъэгъуа Елмэсыр иужькIэ редакцэм и «шта-бым» и унафэщIу — жэуап зыхь секретару ягъэув. ИлъэсипщIым щIигъукIэ Iутащ ар редакцэм а и IэнатIэ нэхъ гугъу дыдэм. А цIыху гумызагъэр нэхъыщIэхэм я ныбжьэгъуфIт, ущиякIуэ гъуэзэджэт, газет къыдэгъэкIыным хуэIэзэ лэжьакIуэфIт.
  • Редакцэм и секретариатым щыщыIа илъэсхэм типографием и Iуэхухэм фIыуэ хэгъуэза цIыху гумызагъэр 1964 гъэм полиграфкомбинатым и унафэщIу ягъэуващ икIи а къулыкъум илъэс пщыкIузкIэ хьэлэлу пэрытащ ар.
  • Елмэс Iэбу 1977 гъэм пенсэм кIуа нэужь, газетыр къыщы-дэкI цехым и мастеру лэжьащ, 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр лъэпкъ шу дивизэм и ветеранхэм я советым и секретару щытащ.
  • Унагъуэ дахэм я нэхъыжьыфIыр, пщIэшхуэ зыхуэтщIу щыта цIыху пэжыр дунейм ехыжащ. Ахърэт нэху Тхьэм кърит.
  • САНЭ Маринэ.
  • Жэуаплыныгъэ зыхэлъ адыгэлI щыпкъэ
  • Ахуэмгъуэт Башир газетым и мэкъумэш къудамэм и унафэщIу щыщыта лъэхъэнэр ирихьэлIат къуажэхэр щытыкIэ гугъу дыдэм щита зэманым. Хьэуэ, абы щыгъуэм жэмкIэ вэжхэртэкъым, белкIи тIэжхэртэкъым. Хозяйствэхэм яIэт гъатхэ вэн-сэныр зэрырагъэкIуэкIын техникэ: тракторхэр, жыласэхэр, гъавэр къызэрырахьэлIэж комбайнхэр. Ауэ цIыхухэр хьэмфIанэ- кIэ пщIэуэ мазитI-щыкIэ губгъуэм итын хуей хъурт — щыIэтэкъым къэкIыгъэхэр зехьэным хуэщIа Iэмэпсымэхэр. Арат унафэщIхэм а Iуэхум гулъытэшхуэ щIыхуащIыр. Пщэдджыжь къэс ябжырт пщIакIуэ дагъэкIхэм я бжыгъэр.
  • Тхьэмахуэ къэс зэ редакцэм щекIуэкI летучкэхэм Башир щыжиIэрт мыхьэнэшхуэ зиIэ губгъуэ лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIыр, абыхэм ятеухуауэ ттхахэм тепсэлъыхьырт. Абыхэм яужькIэ дэ лэжьыгъэм хэткъузэрт, ди тхыгъэхэм дагъуэ къызэрыхуамыщIыным иужь дитт.
  • Ахуэмгъуэт Башир фронтым илъэ-сиплI енкIэ щыIауэ нэхъыщIэхэм тщIэртэкъым, ауэ ар хэтат Сталинград деж щекIуэкIа зауэ гуащIэм, Курск, Воронеж, Тулэ, Орёл, Харьков, Николаев, Симферополь къалэхэр, Молдавиер, Украинэр, Белоруссиер хуит къэзыщIыжахэм.
  • Башир газетым щыщылэжьам щыгъуэ Бахъсэнт щыпсэур, ауэ зыми илъэгъуакъым ар и чэзум къэмыкIуауэ. Сыт щыгъуи зэщIэкъуауэ, зэщIэкъузауэ псэууэ еса, жэуаплыныгъэ зыхэлъ адыгэлI щыпкъэт Ахуэмгъуэтыр.
  • Гъуэгум тетын зэпытыр къехьэлъэкI хъури, Башир нэгъуэщI лэжьыгъэ иратащ — собкору Бахъсэн районым ягъэкIуэжащ. Абы районым щигъэзэщIащ нэгъуэщI лэжьыгъэ зыбжани: Бахъсэн щIакхъуэ заводым, Бахъсэн бэзэрым я унафэщIу илъэс зыбжанэкIэ лэжьащ.
  • КЪАМБИЙ Зуфар.
  • 1999 гъэ