ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мыхьэнэшхуэ зиIэ IэнатIэ

2019-02-23

  • Хэкум и хъумакIуэм и махуэр илъэс къэс мазаем и 23-м щагъэлъапIэ Урысейм, Белоруссием, Таджикистаным, Къыргъызым. Махуэшхуэр РСФСР-м и ВЦИК-м и Президиумым 1922 гъэм щIышылэм и 27-м иубзыхуауэ щытащ, Дзэ Плъыжьыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэсиплI щрикъум ирихьэлIэу. НэхъапIэм ар ягъэлъапIэу щытащ «Дзэ Плъыжьым и махуэу», 1946 гъэм къыщыщIэдзауэ — «Совет Армэм и махуэщ», 1949 — 1992 гъэхэм «Совет Армэмрэ Дзэ-тенджыз флотымрэ я махуэщ».

  • Хэкум и хъумакIуэм и махуэр къызэрыунэхуам тхыдэ ин къыдокIуэкI. 1923 гъэм Iэтауэ ягъэлъапIэрт лэжьакIуэбэмрэ мэкъумэшыщIэхэмрэ я Дзэ Плъыжьыр къызэрыунэхурэ илъэси 5 зэрырикъур. Тхыдэдж Миронов Борис къызэрилъытэмкIэ, абы щыгъуэщ махуэшхуэм и мыхьэнэр нэхъ наIуэ хъун щыщIидзар икIи 1923 гъэм щIышылэм и 18-м ВЦИК-м и Президиумым къыдигъэкIа унафэм япэу къыщыхагъэ- щащ Дзэ Плъыжьыр мазаем и 23-м къызэрагъэпэщауэ.
  • А Iуэхур ягъэлъэпIэным щхьэусыгъуэ хуэхъуам теухуауэ Троцкий Лев 1923 гъэм мазаем и 5-м Iэ зыщIидза, Республикэм и дзэ советым и унафэм мыпхуэ- дэу къыщыгъэлъэгъуащ: «1918 гъэм мазаем и 23-м бийр къазэрыпэщIэувам къыхэкIыу, цIыхубэмрэ мэкъумэшыщIэхэмрэ я властым къыхилъхьащ Iэщэ-кIэ зэщIэузэда къару Iэмал имыIэу къызэгъэпэщын хуейуэ». А илъэс дыдэм «Военная мысль и революция» журналым и къыдэкIыгъуэм къытридзащ ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щекIуэкIа зэхэуэхэм хэтын папщIэ зэщIагъэуIуа Дзэ Плъыжьым и еза-нэ частыр мазаем и 23-м зэхагъэхьауэ зэрыщытам теухуа тхыгъэр. Ахэр щыхьэт тохъуэ Хэкум и хъума-кIуэм и махуэр ягъэлъэпIэныр мазаем и 23-м щIытрагъэхуам.
  • Нобэ Урысейм мазаем и 23-р цIыхухъу псоми я махуэшхуэу къалъытэ, унагъуэхэми къэрал къулыкъущIапIэхэми щагъэлъапIэу. А махуэм йохъуэхъу цIыхубзхэми — Хэку зауэшхуэм и ветеранхэмрэ дзэм къулыкъу щызыщIэ бзылъхугъэхэмрэ. Къэралым и щыхьэрым нэхъыщхьэ дыдэу а махуэм щекIуэкI Iуэхухэм ящыщщ Кремлым деж зэрыщызэхуэсымрэ ЯмыцIыху зауэлIым и кхъащхьэм удз гъэгъахэр зэрытралъхьэмрэ. Апхуэдэуи Урысейм и Президентыр, Федеральнэ Зэхуэсым и палатитIми я Iэтащхьэхэр, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я унафэщIхэр, политикэ партхэм я лIыкIуэхэр, члисэм и лэжьакIуэхэр йокIуалIэ Александровскэ жыг хадэм, зауэм хэкIуэдахэм дакъикъэкIэ щахуощыгъуэ, цIыхухэр йоплъ пщIэ зиIэ къэрэгъулым и гупым а махуэм и щIыхькIэ ирагъэкIуэкI маршым.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрми Хэкум и хъумакIуэм и махуэр Iэтауэ щагъэлъапIэ. Абы теухуа Iуэхухэм щыщIадзэ Налшык къалэм щыIэ «ЩIыхьым и мафIэ мыужьых», Совет Союзым и ЛIыхъужьхэмрэ «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденыр зыхуагъэфэщахэмрэ я фэеплъхэм деж. ЛIыгъэмрэ хахуагъэмрэ щагъэлъапIэ зэхыхьэхэр щокIуэкI республикэм и район псоми.
  • КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.