Петронас чэщанэ зэтIолъхуэныкъуэхэр дуней псом щынэхъ телъыджэ ухуэныгъэхэм ящыщщ. Абыхэм ягъэдахэ Малайзием и щыхьэр Куала-Лумпур. ТIури зэбгъурытщ икIи ислъам гъуазджэм и хабзэхэм тету яухуащ. Дэтхэнэри къуапи 8 зиIэ вагъуэм ещхьщ. Чэщанэхэр пасэрей щэнхабзэм я дамыгъэщ, абыхэм апхуэдэу уигу къагъэкI мы къэралым Iэмал гъунапкъэншэхэр зэриIэр. ЧэщанитIыр абджыпсым къыхэщIыкIа лъэмыжкIэ зэпыщIащ. УакъиплъыкIмэ, щыхьэрым и щIыпIэ телъыджэхэр уолъагъу. Уардэунэхэм я пэшхэм псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ 213-рэ къызэщIаубыдэ. Ар футбол щыджэгу губгъуэу 48-м хуэдиз мэхъу. Дэтхэнэ чэщанэми къат 88-рэ и лъагагъщ. Абыхэм я щхьэгъубжэхэр плъэщIыным зы мазэпсо текIуэдэнущ. Мыбы туристхэмрэ езы къэралым щыпсэухэмрэ куэду щопэкIу. Зэ щыIами, илъэгъуахэр зэи щыгъупщэжыркъым. КIэщIу жыпIэмэ, Петронас чэщанэ зэтIолъхуэныкъуэхэр иджырей Малайзием и нагъыщэ нэхъыщхьэ хъуащ.