Тхыдэм хыхьэжа СССР-р
2018-08-23
- Илъэс зыкъом лъандэрэ Беловежскэ мэзыр СССР-р зэрылъэлъэжам и дамыгъэу къокIуэкI. Ауэ щIыпIэм зыри илэжьакъым, IейкIэ тхыдэм къыхэнами: Совет Союз лъэщым и мащэр арыншами къатIакIэт.
- ТхущI гъэхэм КПСС-м и ЦК-м мы мэзым щригъэухуат «Вискули» зыфIаща унэр… Ар щакIуэ кIуэ къулыкъущIэшхуэхэм я хэщIапIэт икIи хуабжьуи шынагъуэншэт: гъунэгъуу щыIэт дзэ-хьэуа базэ. 1991 гъэм мы щIыпIэр дунейпсо тхыдэм хыхьащ, СССР-р зэрагъэлъэлъэжым теухуа тхылъым Iэ щытрадзэри.
- ГъэщIэгъуэнщ, ауэ абы щыгъуэ къэхъуар Союзым щыпсэу цIыху мелуан 290-м щыщу куэдым къафIэIуэхуакъым. Псэугъуей хъуат, псори зэпэубыдат. Властыр егъэлеяуэ лъэрымыхьт. Ар къагъэсэбэпри, фIы зигу имылъхэм цIыхухэр щызэщIагъэсту щIадзащ щIыпIэ-щIыпIэхэм. — 1986 гъэм Алма-Ата, 1988 гъэм Тбилиси, Сыхъум, Фергана, 1990 гъэм Бакурэ Душанберэ, Карабахрэ Ошрэ лъы щагъэжащ. Ауэ а псори Кремлым имылъагъу хуэдэт.
- Парт къулыкъущIэшхуэхэм я псалъэхэмрэ Iуэхухэмрэ зэтехуэртэкъым. СССР-м и Конституцэу 1977 гъэм къащтам иратхат: «Совет Союзыр (сувереннэ) зи щхьэ хущытыж республикэхэу зэхэтщ». Абы ипэжыпIэкIэ къокI дэтхэнэри щхьэхуэу псэуну хуиту. АрщхьэкIэ властыр щылъэщам ар, уеблэмэ, ягу къэкIынуи тегушхуакъым. Иджы жьэ ягъуэтащ… Баку къыщыхъуахэр къигъэсэбэпри, псом япэу (1990 гъэм и щIышылэм) езым и суверинитет къищтащ Нахичеванскэ АССР-м. Абы и щапхъэм ирикIуащ Литвамрэ Куржымрэ. Хамэ унафэ зэрыщIэмытыр иужькIэ жаIащ Эстонием, Латвием, Молдавием, Армением — СССР-р лъэлъэжырт. 1991 гъэм и шыщхьэуIум ар къызэтригъэувыIэну хэтащ ГКЧП-м. СССР-м и япэ президент Горбачёвым а зэманым зэрызиIыгъ щIыкIэр щалъагъум и пщIэр цIыхухэм я пащхьэм щехуэхащ. Езы ГКЧП-м и гугъу пщIымэ, абы къэралыр къримыгъэла къудейкъым, атIэ ар лъэлъэжынри щIигъэхуэбжьащ, СССР-р зыунэтI къару нэхъыщхьэ КПСС-р, цIыху мелуан 19 зыхэтыр, зэбгрыкIыжащ.
- Иджы куэд тражыIыхь мыбы: Китайм и щапхъэм тету КПСС-м СССР-р рынок экономикэм хуэкIуэным теухуа зэщIэхъееныгъэр езым и бжьым щIигъэувамэ, дэ мы зэманым псори къыдэхъуапсэу фIыуэ дыпсэунут.
- Пэжу къыщIэкIынущ. Ауэ къэралыр зыкъутэжахэм цIыхухэм яфI гуэри зэрахуакъым, хэбгъэзыхьмэ, абы егупсысыххакъым. Ельцин Борис зыхуейр зы закъуэт: властыр зыIэригъэхьэу илъагъу мыхъу Горбачёв тридзынырт. А мурадыр зригъэхъулIэн папщIэ сытри ищIэнут.
- Ауэ ар хабзэм зыгуэркIэ ирагъэзэгъэн хуейт. Ягу къэкIыжащ 1922 гъэм Совет Социалист Республикэхэм я Союзыр къызэгъэпэщыным теухуа зэгурыIуэныгъэ зэзыщIылIар Урысейр, Украинэр, Белоруссиер, Закавказье социалист федеративнэ совет республикэр зэрыарар. Абы къыхэкIыу мыдрейхэр хуит хъуа хуэдэт зэгурыIуэныгъэр якъутэжыну. Апхуэдэуи ящIащ. Республикищым я Iэтащхьэхэр махуэкIэ щакIуэрт, пщыхьэщхьэм ефэрт. ЗэгурыIуэныгъэщIэм елэжьыр IэщIагъэлI гупхэрт.
- Журналистхэм иджы къатIэщIыж хьэлэмэт куэд.
- ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Белоруссием и Совет Нэхъыщхьэм и унафэщI Шушкевич Станислав и гугъар щIыдагъэмрэ газымрэ езым и республикэм и щIыналъэм пхрыригъэшыным тепсэлъыхьынырщ. Украинэм и президент Кравчук Леонид къагъэдэIуэнри тынштэкъым: абырэ Ельцин Борисрэ зэхуэткIийт. Апхуэдэу щыхъум, Шушкевич ирагъэпсэлъащ. Тхылъ Плъыжьым иратха домбейр къиукIыну Iэмал зэригъуэтынур къыщищIэм, щэкIуэным дихьэх Кравчук арэзы хъуащ. Къэзахъстаным и Iэтащхьэ Назарбаев НурсулътIани ирагъэблэгъат, ауэ яхуэкIуакъым
- Арати, 1991 гъэм дыгъэгъазэм и 7-м «Вискули» щызэхуэзащ лIыщхьищыр. ИщхьэкIэ къызэрыдгъэлъэгъуащи, СССР-р зыкъутэжыну нэхъыбэу хуейр урысей лъэныкъуэрт. Адрейхэм нэхъыбэу зэрахуэр газымрэ щIыдагъэмрэ япыщIа Iуэхухэрт. Пэжу, Кравчуки Шушкевичи зэгуагъэпырт Горбачёвыр къазэрепэгэкIым: абыхэм къалъытэрт Ельциным нэхъ тыншу гурыIуэфыну.
- ЗэIущIэр щэху дыдэу ирагъэкIуэкIырт. Абы къыхэ-кIыу зыпэмыплъахэм Iууэрт. Псалъэм и хьэтыркIэ, щакIуэ унэм ксерокс щIэмыту къыщIэкIащ. ТхылъымпIэхэм я копиехэр зыIэрагъэхьэн папщIэ ахэр тIэунейрэ телефаксым щIагъэкIын хуей хъурт. Зыри хэIущIыIу ямыщIын папщIэ тхылъымпIэхэр зэрыбкIэ тезыдзэр зы цIыхубз закъуэт. ЛэжьакIуэ гупым зэгурыIуэныгъэм и проект игъэхьэзыращ, арщхьэкIэ цIыхубзым и пэшыр гъэбыдати, тхылъымпIэхэр бжэм даIуащ. Пщэдджыжьым къакIуэмэ, тхылъымпIэхэр дэлъыжкъым, бжэри зэрыгъэбыдащ. ХъумакIуэхэм япкърыупщIыхьащ. ИужькIэ зыгуэрым игу къэкIащ пхъэнкIий зэрылъ пэгуным иплъэну. КъызэрыщIэкIамкIэ, машинисткэм япэ къэкIуа пхъэнкIакIуэм лъэгум илъ тхылъымпIэхэр зэщIикъуат…
- Ельциныр апхуэдизкIэ епIэщIэкIырти, проектми елIэлIакъым. Абы щыгъуэми, «Дызэрызэгухьам хуэдэу дызэбгъэдэкIыжынщ» жиIэу къигъэувамэ, Кърымри, Приднестровьери, нэгъуэщI щIыналъэ Iэджи Урысейм псалъэмакъыншэу къыхуэнэнут. БлэкIар блэкIащ, абы къыпхуегъэгъэзэжынукъым. 1991 гъэм дыгъэгъазэм и 8-м сыхьэт 16-м СССР-р зэрыщымыIэжыр жаIащ.