ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КъардэнгъущI Зырамыку и фэеплъу

2018-08-23

  • Мы гъэм илъэси 100 ирокъу адыгэ тхакIуэ, IуэрыIуатэдж КъардэнгъущI Зырамыку къызэралъхурэ. И гъащIэ кIыхьыр (1918 — 2008) абы триухуащ нарт эпосыр, адыгэ уэрэдыжьхэр, хъыбархэр, псалъэжьхэмрэ жыIэгъуэхэмрэ зэхуэхьэсыжыным. Абы и лэжьыгъэшхуэ хэлъщ «Нарты. Адыгский героический эпос» академическэ къыдэкIыгъуэм, томитIым щызэхуэхьэса «Адыгэ IуэрыIуатэм», тхылъ зыбжанэ хъууэ дунейм къытехьа «Народные песни и инструментальные наигрыши» антологием.

  • Зэман зэхуэмыдэхэм тхылъ тедзапIэ щхьэхуэхэм къыщыдэкIащ КъардэнгъущI Зырамыку и Iэдакъэм къыщIэкIа тхыгъэхэр. Езым и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ теухуауэ «Эль-Фа»-м къыщыдэкIауэ щытащ «КъардэнгъущI Зырамыку» зи фIэщыгъэцIэ лэжьыгъэ гъэщIэгъуэныр.
  • Мы гъэм, щIэныгъэлI-IуэрыIуатэджыр, артистыр къызэралъхурэ илъэсищэ щрикъум ирихьэлIэу, Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм игъэхьэзыращ «Жанхъуэтхьэблэ хъыбархэр». Абы ихуащ IуэрыIуатэ лIыхъужьхэу Андемыркъанрэ Мэлэчыпхъу-рэ я хъыбархэр, Зырамыку къыщалъхуа Псыгуэнсу къуажэм къыдэкIахэм я гъащIэм щыщ гукъэкIыжхэр. Къыхэгъэщыпхъэщ тхылъыр жылэм дэс КъардэнгъущI лъэпкъым зэхуахьэса ахъшэкIэ къызэрыдагъэкIар. ЦIыхубэм яхуэлэжьэным зи гъащIэр тыхь хуэзыщIа адыгэлIым хузэфIэкIам пщIэ хуащIу, тхылъыр дунейм къызэрытехьэным пщIэншэу хуагъэхьэзыращ «Полиграфсервис и Т» тхылъ тедзапIэм и лэжьакIуэхэм.
  • Альпинист цIэрыIуэ Шыбзыхъуэ Казбек лэжьыгъэр илъэгъуа иужькIэ мурад ищIат Iуащхьэмахуэ и щыгум еплIыщIанэрейуэ зэрыдэкIыр адыгэ щэнхабзэм и лэжьакIуэ цIэрыIуэм фэеплъ хуищIыну. А Iуэхум ирихьэлIэу КъардэнгъущI Зырамыку и сурэтыр зытет баннер Котляров зэщхьэгъусэхэм ягъэхьэзырри, ари Зырамыку и иужьрей тхылъри иратащ. Куэд щIакъым КъардэнгъущIым фэеплъ хуищIа зекIуэр Казбек зэрызригъэхъулIэрэ. Европэм и лъагапIэ нэхъ ин дыдэм альпинистым а хьэпшыпхэр нихьэсащ.
  • ИСТЭПАН Залинэ.