УсакIуэ, тхакIуэ цIэрыIуэ, публицист Къуиикъуэ Налбий къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу
2018-08-23
- «Сытхэну сыщытIысым деж уафэр зэлъыIукIым хуэдэщ»
- Адыгэ усакIуэ, прозаик, драматург, публицист, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Къуиикъуэ Налбий Инус и къуэр Адыгэ Республикэм и Теучэж районым хыхьэ Къунчыкъухьэблэ къуажэм 1938 гъэм бадзэуэгъуэм и 20-м къыщалъхуащ. 1957 гъэм Адыгей къэрал пединститутым щIэтIысхьащ. ЕджапIэр къыщиуха 1962 гъэм къыщыщIэдзауэ 1978 гъэ пщIондэ «Социалистическэ Адыгей» газетым корректору, корреспонденту щылэжьащ. 1978 — 1991 гъэхэм щIыпIэ радиом адыгэбзэмкIэ и къудамэм и унафэщIу, 1991 — 1993 гъэхэм «Гъуазэ» газетым и редактор нэхъыщхьэу щытащ. 1993 — 1997 гъэхэм Адыгэ Республикэм и радиом и унафэщIу лэжьащ. 1997 гъэм республикэм и тхылъ тедзапIэм и редактор нэхъыщхьэ, АР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ къалэнхэр зэдигъэзэщIащ.
- Налбий и Iэдакъэм къыщIэкIащ усэхэр, поэмэхэр, пьесэхэр, рассказхэр, повестхэр, шыпсэхэр, «Адыгэ хабзэ» тхылъыр. Къуиикъуэр адыгэбзэм и диалектитIым-кIи урысыбзэкIи тхэуэ щытащ. УрысыбзэкIэ дунейм къытехьа и тхылъхэм ящыщщ «Танец надежды» (1979 гъэ), «Светлый друг» (1982 гъэ), «Звезда близка» (1984 гъэ), «Продрогшая вишня» зыфIищахэр. И тхыгъэ щхьэхуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, Тбилиси, Урысейм и къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм, хамэ къэралхэм щыщу Болгарием, Тыркум, Сирием, Израилым къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ къытехуащ. Шекспир Уильям и «Укрощение строптивой», Гольдони Карлэ и «Хозяйка трактира», Мольер Жан-Батист и «Тартюф», Гоголь Николай и «Ревизор», Чехов Антон и «Иванов» тхыгъэхэр, куржы, чех, нэмыцэ усакIуэхэм я усэ щхьэхуэхэр адыгэбзэм къригъэзэгъащ. Гуащэ театрым папщIэ пьесэхэр адыгэбзэкIи урысыбзэкIи и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, Испанием щекIуэкIа кинофестивалым и саугъэт нэхъыщхьэр зылъагъэса «Сумерки надежд» япэ адыгэ художественнэ фильмым и сценарийр Къуиикъуэ Налбий зэритхар, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакIуэ пажэхэм ятеухуа теленэтынхэр зэригъэхьэзырар.
- Къуиикъуэ Налбий СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм 1974 гъэм хагъэхьащ. УсакIуэм и гуащIэр къалъытэри, «Адыгэ Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэр къыфIащащ, Адыгейм и Къэрал, Къандур Иззэт и цIэкIэ ягъэува дунейпсо саугъэтхэм я лауреат хъуащ.
- И ныбжьыр илъэс 70-м иту, 2007 гъэм Къуиикъуэ Налбий дунейм ехыжащ. ТхакIуэр Мейкъуапэ къалэм щыщIалъхьэжащ.
- Адыгэу укъэнэну тыншкъым
- УсакIуэ, прозаик, драматург, гупсысакIуэ Къуиикъуэ Налбий дунейм зэрехыжрэ илъэсипщI ирикъуащ.
- Зэманыр псынщIэу макIуэ, ауэ адыгэ лъэпкъым и къуэ нэхъыфIхэм ящыщ Налбий и цIэр тщыгъупщэркъым. Ди къэралми адыгэр щыпсэу нэгъуэщI щIыналъэхэми щыцIэрыIуэт ар.
- ГъащIэ къэзыгъэщIа сэ къэскIуа гъуэгуанэм куэдым сащыхуэзащ. Языныкъуэхэр ныбжьэгъу схуэхъуащ, адрейхэр спэIэщIэ хъуащ, гуми къемыуэу. Къуиикъуэ Налбий къызэрысцIыхуар насыпышхуэу къызолъытэ. Зи псалъэмрэ зи IуэхущIафэмрэ зэтехуэ цIыху иджыри дунейм зэрытетыр аращ быдэу си фIэщ зыщIар.
- Журналист, усакIуэ, прозаик, драматург… Сытым абы и гур нэхъ хуэгъэзат? Абы и жэуапри хьэзырщ. А псори зэуэ Налбий хэухуэнат, зыр зым дигъэIэпыкъуу. Ар цIыху тыншт, къызэрыгуэкIт, псэлъэгъу бэлыхьт. ТхакIуэр уэрамхэм къыщацIыхурт. Налбий къэзыцIыху дэтхэнэ- ри къыбгъэдыхьэурэ сэлам кърахырт, къепсалъэрт. Абы и лъэпкъыр фIыуэ илъагъурт, езыри фIыуэ къалъагъурт, пщIэшхуэ къыхуащIырт. ГъащIэм хилъагъуэ мыхъумыщIагъэхэм щытепсэлъыхькIэ къыпэрыуэну зыми къыщIрамыкури арат.
- Къуиикъуэ Налбий лъэпкъым и напэщ. Адыгэм фIыщIэ хуэфащэщ апхуэдэ цIыху зэригъэсам папщIэ. Ар дунейм щехыжам тфIэкIуэдар зыхуэдэмрэ зыхуэдизымрэ зэман дэкIмэщ къыщыдгурыIуэнур. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абы хуэфащэ гулъытэ псэу щIыкIэ хуэтщIакъым.
- Куэд щIат сэ Къуиикъуэ Налбий зэрысцIыхурэ, ауэ дызэнэIуасэтэкъым. Уэрамым дыщызэрихьэлIэмэ, сэлам зэтхырт, дызэпсалъэрт, усэ зэритхми сыщыгъуазэт. Налбий и къуэш Асфар нэхъ гъунэгъуу дызэригъэцIыхуащ. Абы щыгъуэм Налбий радиом щылажьэрт. Си усэхэм езгъэджэну щыжиIэм, щы къыхэсхри хуэсхьащ. Абыхэм къеджэри къызэплъащ, къытригъэзэжу къеджа нэужь, и щхьэр къиIэтри: «УсэфIхэщ, ауэ лъыкIэ гъэнщIащ», — жиIащ. ЗэкъуэшитIымрэ сэрэ а махуэм усыгъэм куууэ дытепсэлъыхьащ. Налбий адыгэбзэкIэ сыщIэмытхэм и щхьэусыгъуэм щIэупщIащ. Сэ жесIащ адыгэбзэр зэрызмыджам къыхэкIыу, псэм щыщIэр, гурыгъу-гурыщIэ-хэр ди бзэмкIэ къызэрысхуэмыIуатэр. Абдеж щыщIэдзауэ зыр адрейм и тхыгъэхэм дыкIэлъыплъурэ дыкъэгъуэгурыкIуащ. АдыгэбзэкIи урысыбзэкIи итхахэм сфIэфIу седжэрт, и пьесэхэм къытращIыкIауэ Лъэпкъ театрым щагъэлъагъуэ спектаклхэми сыдахьэхат.
- И тхыгъэхэм щыщ гуэрхэр лъэпкъ IуэрыIуатэм пэгъунэгъут. ПыухыкIауэ цIыху щхьэхуэхэмрэ Iуэхугъуэхэмрэ теухуами, зи гугъу ищIхэр къэхъуфынут блэкIа, къэкIуэну зэманхэми, ди нобэми. Къыхэгъэщыпхъэщ, Налбий нэхъыбэу зыгъэгузавэу щытар зэманыр зэрыармырар, атIэ цIыхухэм я зэхущытыкIэхэмрэ я IуэхущIафэхэмрэт.
- Къуиикъуэ Налбий дунейм ехыжа нэужь, и шыпхъу Дарихъан мыр къызжиIэжат. Налбий и къуэш нэхъыщIэ Аслъэнбэч и деж унагъуэр щызэхуэсыжауэ махуэшхуэ гуэр ягъэлъапIэрт. Налбий Iэнэм къыпэрыкIащ, тутын ефэну. И шыпхъур бгъэдыхьэу итххэр къыздрихымкIэ щеуп- щIым, «СщIэркъым, сытхэну сыщытIы-сым деж уафэр зэлъыIукIым хуэдэщ», — жиIащ Налбий.
- Иджыри зы щапхъэ къэсхьынщ. ТхакIуэ Iэзэ Немченкэ Гарий илъэс 70 зэрырикъур дгъэлъапIэрт. Хъуэхъу жызыIэхэр куэдт. Налбий чэзур къыщылъысым, и псалъэхэм Iэгуауэшхуэ хуаIэтащ. Пшыхьыр и кIэм щынэблагъэм, Гарий къэтэджри, псоми фIыщIэ яхуищIащ. ИтIанэ, Налбий и хъуэхъур псоми къахигъэщу, жиIащ и тхылъыщIэм ар пэублэ хуищIыну зэримурадыр. Къэсхьынщ а псалъэхэр: «Вот я адыг, в 50 лет меня назвали известным поэтом, в 60 лет выдающимся. Скоро мне 70, и я с лёгкой душой и, без всякого сомнения, жду очередного повышения. Я не возражаю. У нас, адыгов, свои правила мерки. По этим меркам Гарий Леонтьевич должен быть, ну хотя бы чуток, повыше меня»…
- Ди жагъуэ зэрыхъунщи, тхакIуэр илъэс 70 ирикъуным мазитI къудей иIэжу дунейм ехыжащ. Налбий и тхыгъэхэр школхэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ щадж, и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ ятеухуа диссертацэхэр ятх, и пьесэхэмкIэ ягъэува спектаклхэр театрым щагъэлъагъуэ. ТхакIуэм къыщIэнахэр хуолажьэ фIыуэ илъагъуу щыта лъэпкъым и зыужьыныгъэм. И тхыгъэхэм тхылъеджэхэр фIым, лъагъуныгъэм, гуапагъэм хуагъэуш.
- Ди лъэпкъэгъухэр къыщыхута хамэ щIыпIэм адыгэу укъыщынэныр тыншкъым. Ауэ, захъумэжын зэрыхуейр къагурыIуэу, я лъабжьэр, бзэр, хабзэр нэгъуэщI лъэпкъхэм ейм зэрыхамыгъэшыпсыхьыжыным хущIокъу. Зи хэку имысыжу ар къызэхъулIэхэм пщIэрэ фIыщIэрэ яхуэфащэщ. Къыщалъхуа щIыналъэм щыпсэу адыгэхэми ар тыншу къыдэхъулIэркъым. Уи хэку ущисыжым и деж зыми лъакъуэпэщIэдз къыпхуимыщIыну къыпщохъу. Ауэ дэтхэнэ къуэгъэнапIэми абы ущрихьэлIэнкIэ хъунущ. Аращ Налбий мы псалъэхэр щIитхари: «Адыгэм и щхьэр ихъумэжыным и щIыналъэми щыщIэ-бэнын хуей мэхъу».
- ЧЭМОКЪУЭ Долэтбий,
- усакIуэ.