ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мы махуэхэм

2018-08-23

  • ШыщхьэуIум и 23, махуэку
  • ГъэрхэмкIэ сату щIыным хэкIуэдахэм я фэеплъыр щагъэлъапIэ дунейпсо махуэщ
  • Урысейм и дзэ щIыхьым и махуэщ — 1943 гъэм СССР-м и Дзэ Плъыжьым Курск и деж нэмыцэ-фашистыдзэр щызэтрикъутащ.
  • Белоруссием щагъэлъапIэ Къэрал статистикэм и лэжьакIуэхэм я махуэр
  • Украинэм и Къэрал ныпым и махуэщ

  • 1382 гъэм Урысейм артиллерие дзэхэр къыщызэрагъэпэщащ. Ар япэу къагъэсэбэпащ Тохъутэмыщ хъаныр Мэзкуу щытеуам щыгъуэ.
  • 1924 гъэм Франджым къыщызэрагъэпэщащ «Монако» футбол клубыр.
  • 1935 гъэм СССР-м и ЦIыхубэ комиссархэм я советымрэ Компартым и ЦК-мрэ унафэ къащтащ Кремлым и чэщанэхэм щхьитI зыфIэт бгъэхэр къытехауэ къуапитху зиIэ вагъуэхэр тегъэувэным теухуауэ. Абы пIалъэ пыухы-кIаи хуагъэуват — щэкIуэгъуэм и 7-м ирихьэлIэу а лэжьыгъэр зэфIэкIауэ щытын хуейт.
  • 1939 гъэм Iэ традзащ Молотовымрэ Риббентропрэ я зэгурыIуэныгъэ цIэр иIэу тхыдэм хыхьа дэфтэрым. Абы къыщыгъэлъэгъуат Совет Союзымрэ Германиемрэ зыр адрейм темыуэным хуэунэтIауэ къалэн зыщащIыжхэр.
  • 1942 гъэм нэмыцэ кхъухьлъатэхэм Сталинград «лагъым уэшх» щрагъэшхащ. Абдеж къыщежьащ къалэр бийм щыхъумэным хуэунэтIа зауэшхуэр.
  • 1943 гъэм советыдзэхэм Харьков къалэр нэмыцэ-фашистыдзэхэм къыIэщIагъэкIыжащ.
  • 1955 гъэм Череповец лажьэу щаутIыпщащ гъущI щагъавэ заводышхуэ.
  • 1959 гъэм США-м и Правительствэм унафэ ищIащ я къэралым и курыт школ 400-м урысыбзэр щаджыным теухуауэ.
  • 1975 гъэм Харьков метром лэжьэн щыщIидзащ.
  • 1990 гъэм Армян ССР-м и Совет Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ СССР-м къызэрыхэкIыжым, езыр къэралыгъуэ щхьэхуэу зэрыщытым теухуауэ.
  • 1991 гъэм Ельцин Борис къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ КПСС-м и лэжьыгъэмрэ «Правда» газетыр къыдэгъэкIынымрэ къэралым къыщызэтрагъэувыIащ.
  • 1992 гъэм ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академиер къызэрагъэпэщащ.
  • Урыс тхакIуэшхуэ Грин Александр (и цIэ-унэцIэ дыдэр Гриневский Александрщ) къызэралъхурэ илъэси 138-рэ ирокъу.
  • КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Шортэн Даниткэ къызэралъхурэ илъэс 92-рэ ирокъу.
  • Пшынауэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ХьэпащIэ Заудин и ныбжьыр илъэс 62-рэ ирокъу.
  • Уэчыл цIэрыIуэ, юридическэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Кучеренэ Анатолий и ныбжьыр илъэс 58-рэ ирокъу.
  • Урысей уэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Апинэ Алёнэ и ныбжьыр илъэс 54-рэ ирокъу.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  •  «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 23 — 24-рэ, жэщым градус 15 — 16 щыхъунущ.
  • ШыщхьэуIум и 24, мэрем
  • Украинэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. 1991гъэмРадэ Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ Украинэр СССР-м къызэрыхэкIыжым икIи абы къэралыгъуэ щхьэхуэу зыкъызэрилъытэжым теухуауэ.
  • Къыргъызым и къэрал кIуэцI дзэхэм я махуэщ.
  • 79 гъэм Везувий вулканыр къибыргъукIащ. Абы щIым щыщ ищIауэ щытащ Помпей, Геркуланум къалэхэр.
  • 1516 гъэм Алеппэ (Сирие) ищхъэрэIуэкIэ тыркудзэхэм мысыр мамлюкхэм я дзэ-хэр щызэтракъутащ. А IэщэмкIэ узэуэныр мызахуагъэу, уеблэмэ щIэпхъаджагъэу къалъытэри, топхэр къагъэсэбэпын ядатэкъыми.
  • 1830 гъэм дунейм ехыжащ Къэбэрдей пщы уэлий хахуэ Жанхъуэт Кушыку.
  • 1853 гъэм США-м и Нью-Йорк штатым хыхьэ Сара-тогэ-Спрингс къалэ цIыкIум и ресторанхэм ящыщ зым япэу щагъэжьащ ди зэманым икъукIэ цIэрыIуэ чипсхэр — пIащIабзэу зэтегъэжа кIэртIофым къыхэщIыкIахэр.
  • 1827 гъэм индустриализацэм и япэ къэрал займхэр къыдагъэкIащ.
  • 1904 гъэм Урысейм унафэ къыщыдагъэкIащ къуаншагъэ зылэжьа цIыхум тралъхьа тезырыр щрагъэпшынкIэ удын традзэну зэрыхуимытым теухуауэ.
  • 1943 гъэм Къардэн Къубатий Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ.
  • 1944 гъэм советыдзэхэм Кишинёв къалэр хуит къащIыжащ.
  • 1949 гъэм къару игъуэтащ НАТО-р къызэгъэпэщыным теухуауэ мэлыжьыхьым Iэ зытрадза зэгурыIуэныгъэм.
  • 1990 гъэм Таджик ССР-м и Совет Нэхъыщхьэм уна-фэ къищтащ и къэрал суверенитетым теухуауэ.
  • 1991 гъэм Горбачёв Михаил КПСС-м и ЦК-м и Секретарь нэхъыщхьэ къулыкъум къызэрытекIыр хэIущIыIу ищIащ икIи ЦК-р зэбгрыкIыжынми къыхуриджащ.
  • 1995 гъэм Куржым и Конституцэр къащтащ.
  • 2008 гъэм Пекин щызэхуащIыжащ ХХIХ гъэмахуэ Олимп джэгухэр. Ахэр тхуэугъурлат ди республикэм — Китайм и къалащхьэм дыщэ медаль кърихауэ щытащ ди бэнакIуэ Хъущт Аслъэнбэч.
  • Урысей журналист, тхакIуэ, УФ-м и Президенту щыта Ельцин и пресс-секретару лэжьа Костиков Вячеслав и ныбжьыр илъэс 78-рэ ирокъу.
  • Адыгей усакIуэ, зэдзэкIакIуэ КъумпIыл Къадырбэч и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу.
  • Урысей космонавт, УФ-мрэ Къыргъыз Республикэмрэ я ЛIыхъужь Шарипов Салижан и ныбжьыр илъэс 54-рэ ирокъу.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  •  «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 23 — 24-рэ, жэщым градус 16 — 17 щыхъунущ.