Мы махуэхэм
2018-08-14
- ШыщхьэуIум и 14, гъубж
- Абхъазыр зыхъумэу хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ. 1992 гъэм Куржы-Абхъаз зауэм щIидзащ.
- Пакистан Ислъам Республикэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. 1947 гъэм Пакистаныр къэрал щхьэхуит хъуащ.
- 1908 гъэм Фолкстон (Инджылыз) дунейм щыяпэу щрагъэкIуэкIащ цIыхубзхэм я нэхъ дахэр къыхэхыным теухуа конкурс.
- 1917 гъэм Урысейм и пащтыхь Романов Николайрэ и унагъуэмрэ Тобольск щыпсэуну гъэIэпхъуэным теухуа унафэ къищтауэ щытащ ПIалъэкIэ щыIэ Правительствэм.
- 1930 гъэм СССР-м къыщащтащ дэтхэнэ и цIыхуми пэщIэдзэ щIэныгъэ Iэмал имыIэу зригъэгъуэтын зэрыхуейм теухуа унафэ.
- 1932 гъэм Москва Союзхэм я унэм и Колоннэ залым цIыхубэ творчествэмкIэ щекIуэкIа зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм етIуанэ увыпIэр щаубыдащ.
- 1944 гъэм Владимирскэ, Тюменскэ областхэр къызэрагъэпэщащ.
- 2010 гъэм шыщхьэуIум и 14 — 26-хэм Сингапур щекIуэкIащ ныбжьыщIэхэм я 1 гъэмахуэ Олимп джэгухэр. УФ-м и командэм медаль 45-рэ къихьри, а зэхьэзэхуэхэм етIуанэ увыпIэр щиубыдауэ щытащ.
- Шэрджэс усакIуэ, тхакIуэ Дыгъужь Къурмэн къызэралъхурэ илъэс 77-рэ ирокъу.
- Тырку Республикэм щылажьэ КАФФЕД зэгухьэныгъэм хэт, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэу щыта Джандемир (Гугъэв) Джихьан и ныбжьыр илъэс 70 ирокъу.
- IэпщIэлъапщIэ, УФ-м и Художникхэм я зэгухьэныгъэм хэт Мэстафэ Вячеслав и ныбжьыр илъэс 62-рэ ирокъу.
- Шэрджэс публицист, усакIуэ, КъШР-м, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ я журналист, «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ и ныбжьыр илъэс 57-рэ ирокъу.
- КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Тхьэщыгъуей Жаннетэ къыщалъхуа ма-хуэщ.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 25 — 26-рэ, жэщым градус 15 — 17 щыхъунущ.
- ШыщхьэуIум и 15, бэрэжьей
- Урысейм и Археологым и махуэщ
- Тыва Республикэм и махуэщ
- Индием и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ
- 1723 гъэм урысей императорхэм гъэмахуэр щагъэкIуэну я унэ лъапсэр Петергоф къыщызэIуахащ.
- 1795 гъэм Франджым валютэщIэ — франкыр — щызекIуэу хуежьащ.
- 1945 гъэм маршал Жуков Георгий «ТекIуэныгъэ» орденыр етIуанэу иратащ.
- 1992 гъэм Азербайджаныр валютэщIэм — манатым — хуэкIуащ.
- Адыгей усакIуэ, джэгуакIуэ Теувэж Дзыгъуэ къызэралъхурэ илъэси 163-рэ ирокъу.
- Шэрджэсым и япэ егъэджакIуэ, ГуащIэдэкI Бэракъ Плъыжь орденыр зыхуагъэфэща Уэхъутэ Хьэсэн къызэралъхурэ илъэси 119-рэ ирокъу.
- ТхакIуэ, офицер КIыщокъуэ Рашид къызэралъхурэ илъэси 111-рэ ирокъу.
- Фильм куэдым макъамэ яхуэзытха композитор цIэрыIуэ, РСФСР-м и цIыхубэ артист, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зрата Таривердиев Микаэл къызэралъхурэ илъэс 87-рэ ирокъу.
- СурэтыщI, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щхьэцэ Владимир и ныбжьыр илъэс 78-рэ ирокъу.
- КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Мэкъуауэ Хьэсэн къызэралъхурэ илъэс 77-рэ ирокъу.
- СурэтыщI-график, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Горлов Михаил и ныбжьыр илъэс 64-рэ ирокъу.
- ХьэрычэтыщIэ, «Чесико» фирмэм (Москва) и унафэщI Шэрджэс Мухьэрбий и ныбжьыр илъэс 63-рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 25 — 26-рэ, жэщым градус 16 — 17 щыхъунущ.