Шууей
2018-08-14
- Iэджэ щIащ Темыркъан Юрийрэ сэрэ ныбжьэгъу дызэрызэхуэхъурэ. Дыкъызэдэхъуащ, зы илъэскIэщ сэ сызэрынэ-хъыжьыр. Гъунэгъу дыдэ дыщызэхуэхъуар дыщеджа илъэсхэрщ, къалэ зырызым дыщыIами: Юрий Ленинград щеджащ, сэ — Москва.
-
ФэрыщIыгъэ хэслъхьэркъым: Юрий хуэдэ ныбжьэгъу уиIэныр насыпщ. ГъэщIэгъуэнщ. Сыт абы къизгъэкIыр? Ар музыкант щэджащэ къудейкъым. Зыми емыщхь цIыху хьэлэмэтыщэщ. Гъуазджэм и закъуэкъым ар щылъэрызехьэр. Щэнхабзэми щIэныгъэми куууэ хещIыкI. Уеблэмэ экономикэм. Сэ сыэкономистщ, а щIэныгъэмкIэ доктор цIэр зызохьэ. Экономикэм и Iуэхугъуэ гуэрым дытепсэлъыхьын хъуамэ, ар сэ къыспоуэ, сыкъыщигъэуIэбжь куэдрэ къыхохуэ, абы и щIэныгъэр апхуэдизкIэ куущ, куэд дыдэм хещIыкIри.
- Лэжьыгъэ гуэр иубламэ, ар зыщысхьыжыркъым, щхьэх жыхуаIэр ищIэркъым. «Евгений Онегин» оперэр игъэувын мурад щищIам щыгъуэ, Пушкиным и романым теухуауэ тхылъ Iэджэ щIиджыкIащ Юрий. Щедрин Родионрэ Петров Андрейрэ зэрагъэщIэгъуэнур ящIэртэкъым: «Уэ умузыкант, хьэмэ улитератор?» — жари.
- И ныбжьэгъу куэд сигъэцIыхуащ Юрий, и лэжьэгъухэм нэIуасэ сахуищIащ. Псоми жаIэ ар зэрыткIийр. И щхьэращ псом япэ зыхуэткIийр. Игу техуэнукъым, уи Iэпкълъэпкъыр щIэлIауэ, зыщIебгъэхыу укъилъагъумэ. И ныбжьэгъухэм яхуэгумащIэщ Юрий, зыри ящигъэпщкIунукъым. И чэнджэщ къуихьэлIэнущ, зыгуэр къыбдигъуами, къыпщибзыщIынукъым, ауэ уи гум къеуэнукъым, гузэрыдзэ уигъэщIынукъым.
- Хэкум къихьэжыху къэси дыпожьэ Юрий, дыщогуфIыкI. ЗыгуэркIэ деупщIын хъумэ, ди упщIэр зэхимыхауэ фэ зытрегъауэри, езыр нэхъыбэкIэ къыдоупщI. Ныбжьэгъухэр дызэрогъэIущ: Юрий лъагъунлъагъу къэкIуэжащ, едгъэшынкъым, зедгъэгъэпсэхунщ. Ауэ къыдэхъулIэркъым ар, зи лажьэри езыращ: и IитI зэтедзауэ щысыфынукъым, адэкIи мыдэкIи нос, музыкэм, щIэныгъэм я лэжьакIуэхэми, тхакIуэхэми, артистхэми яхуозэ, я Iуэху зытетыр зрегъащIэ, хэкур къызэхекIухь. Абы хуэныкъуэщ Юрий: илъэс пщыкIущ зэрырикъу лъандэрэ хэкум исыжкъым, къыщыкIуэж зэзэмызэрщ ар щилъагъур. Юрий зыщалъхуа хэкум зыщигъэнщIыркъым, ар зыми пищIыркъым.
- Юрий зримыкун щыIэкъым, апхуэдизкIэ хахуэщи. Хирург цIэрыIуэ Лапин Виктор къыздишэри, зэгуэрым къэкIуэжат ар. Къущхьэхъум сшащ ахэр, я нэ къыхуикIырти. Шыхъуэ пщыIэ дытехьащ. Адыгэш дахэ къыдбгъэдашащ шыхъуэхэм. Шыр кIэбдзкIэ мэув, щIыр фIалъэкIэ къреуд. Ар щилъагъум, Лапиныр щIогъуэж — шэсакъым, ауэ Юрий къикIуэтакъым: шым зридзащ, щIигъэпхъуащ. «Зыгуэр къыщыщIынущ», — жысIэу сыгузэва щхьэкIэ, къэхъуа щыIэкъым. Юрий шууейуи къыщIэкIащ.
- ТАУ Пщыкъан,
- къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ.