Зэрызэкъуэтыр нэрылъагъу мэхъу
2018-08-14
- Ди газетым зэрытетащи, «Шагъдий вагъуэбэ» зыфIаща шу зекIуэр Адыгэ Республикэм накъыгъэм и 3-м къыщыщIэдзауэ и 8-м нэсыху щекIуэкIащ. Бысымхэм къищынэмыщIа, абы хэтащ адыгэхэр щыпсэу хэгъэгухэу Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Краснодар крайм икIа щIалэхэри.
- Иджы, нэхъ убгъуауэ дытетхыхьыжынщи, зэрыхъуар мыращ. Зы махуэ гуэрым, пщыхьэщхьэхуегъэзэкIыу, си жып телефоныр къеуащ. Къулъкъужын къуажэм щыщ нэхъыжьыфI, зэрыцIыкIурэ шы гъэхъуным пыщIа Бабыгуей Сосрыкъуэ (Мухьэмэд) къэпсэлъащ, «Аслъэн, пщэдей ди гъусэу нежьэ, Адыгейм щызэхэтшэну шу зекIуэм укъыддыхэтын хуэдэу» жиIэри.
- Зи гугъу ищI щIыналъэр фIыуэ зэрыслъагъум къыхэкIыу, сыкъызэфIэнащ: «Ар дауэ? СщIэххакъым апхуэдэ гъуэгуанэ фытехьэуи, сыхуэхьэзыркъым». «Уэлэхьи, ущыгъуазэ си гугъамэ». «СынэкIуэнт сфIэфIу, лэжьапIэмкIи си щхьэ IуэхукIи зэрыхъунуращ сымыщIэр, армыхъуамэ». «Иджыпсту укъыддемыжьэфми, махуэ зыбжанэ дэкIауи уныткIэлъыкIуэ хъунущ. Зы щIыпIэ гуэрым деж укъыщыткIэлъысыжынщ», — сигъэIущащ ныбжьэгъум.
- Бабыгуейм сызыхидза гупсысэр си щхьэм щыкIэрахъуэ зэпытт. Апхуэдэу махуэ зы-тIущ дэкIауэ, сыщылажьэ «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм щызэхызох «Шагъдий вагъуэбэ» зыфIаща шу зекIуэр щиухын хуей Тэхъутэмыкъуей къуажэм а Iуэхум ехьэлIауэ къыщызэрагъэпэщыну гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм хэтын мурадкIэ, ди унафэщI ХьэфIыцIэ Мухьэмэд Адыгэ Республикэм кIуэну зигъэхьэзыр хуэдэу. «Ярэби, абы теухуауэ езым сеупщIмэ зэфIэкIакъэ?» — жысIэщ сигукIи, зыхуэзгъэзащ:
- — Мухьэмэд, Адыгейм укIуэрэ, шу зекIуэм уаIущIэну?
- — Хьэуэ. СыкъикIыркъым. Уэ укIуэн?, — жиIэри, къызэупщIащ езыр.
- — АтIэ! НэгъуэщI мыхъуми, автобускIэ а лъэныкъуэм сынэзыхьэсын гъуэгупщIэ сиIамэ…»
- Зыбгъэдэс Iэнэшхуэм и бгъумкIэ къытрилъхьа ахъшэм сызэрытеIэбэу къызгурыIуащ сыкъикIуэтыж зэрымыхъунур…
- А пщыхьэщхьэм Бабыгуейм деж сыпсэлъащ, Iуэхур зыIутыр къыгурызгъаIуэу, икIи сеупщIащ: «Дапщэщ зынисч хъуну?» — жысIэри. «Зумылъэфыхьмэ, нэхъыфIщ. Пщэдей фIумыгъэкIыу къежьэ, Аслъэн». ГъэщIэгъуэныракъэ, апхуэдэу дахэу си Iуэхур зэхуэхъуа пэтми, псынщIэрыежьэм сызэрытемыгушхуэм къыхэкIыу, сыгузавэрт. АрщхьэкIэ, унэм сызэрынэсыжу зыхуэзгъэхьэзыру щIэздзащ къыкIэлъыкIуэ махуэм гъуэгум сызэрытехьэнум.
- Си закъуэщ
- СыздэкIуэм щIагъуэу сызэрыщымыгъуазэм, сызыхуэзэнухэм сакъызэрыщыхъунур зэрызмыщIэм сропIейтей… Япэ жэщ-жэщитIыр щисхынури гурыIуэгъуэкъым. СызылъэщIыхьэну щIалэхэм шым сышэсын хуейуэ къысхуагъэувыну хьэмэрэ ядэщIыгъу машинэ гуэрым срагъэтIысхьэну? Абыи хэсщIыкI щыIэкъым. А псом къадэкIуэуи, шу зекIуэр пщэдей хуэдэм къыщыщIидзыну щIыпIэм сынэсыным гъуэгупщIэу текIуэдэнур зыхуэдизми, нэгъуэщIхэми сызэрыщымыгъуазэм иджырей си ежьэм Iэнкунагъэ къыхалъхьэрт.
- Абы къыхэкIыуи мурад сщIащ, япэщIыкIэ Мейкъуапэ сынэсу, абы дэс си цIыхугъэ, хьэщIэкIэ фIы, Тыркум илъэс 25-рэ ипэкIэ къиIэпхъукIыжауэ щыта Бэрзэдж Убых деж а жэщым сыщыIэу, етIуанэ махуэм Краснодар (Бжьэдыгъукъалэ) лъэныкъуэкIэ есIуэнтIэкIыну.
- Бэрзэджым гъуэгу сытехьэн ипэ телефонкIэ зыпысщIати, сызэрыщыгугъауэ къысхущIэкIащ. Уеблэмэ, автобусым ситIысхьауэ сыздэкIуэм, езыр къысхуэгузавэу къэпсэлъэжащ, «сыдэмысу укъэсмэ, пщIантIэм узэрыдыхьэнури, унэм узэрыщIыхьэнури къыбгурызогъаIуэ», — жиIэу.
- … А пщыхьэщхьэм Бэрзэдж Убых и унэ сисащ. Езыри Iуэху гуэр иIэу дэкIати, мыгувэу къигъэзэжащ. Тхылъ сымыцIыхухэр, адыгэхэм ятеухуауэ дэнэ лъэныкъуэкIи къыщыдагъэкIахэр, абыхэм игъащIэм сызытемыплъахэри яхэту, и гъэтIылъыпIэ-дапхъэхэм хуэфIу зэрыщегъэтIылъэкIам сыщыгуфIыкIащ. Сызэхъуапсэ псори къызэгуэсхыну зэман сызэримыIэм нэхъ гукъеуэ симыIэу, нэху сыкъыщекIащ Бэрзэдж Убых и унэм.
- Бэрзэдж Убых
- Къыщыхъуа Тыркур абы 1981 гъэм ибгынэн хуей хъуащ. Апхуэдэу къыщыщIидзым, зыхущIэкъу Германием зэрамыгъэкIуэнур ищIэрти, Бэрзэджым япэщIыкIэ ИорданиемкIэ иунэтIащ. Ар дэтIысхьащ Амман пэгъунэгъуу щыс Хьэнэсир адыгэ къуажэм икIи «Нартхэм я макъ» фIэщыгъэр иIэу Тыркум къыщыдигъэкIыу щыта и журналым, анэдэлъхубзэкIэ, тыркубзэкIэ, нэмыцэбзэкIэ ягъэхьэзыра тхыгъэхэр щызэхуэхьэсам, елэжьын щIидзэжащ.
- Бэрзэджым и журналыр, и жагъуэгъухэм ящихъумэн мурадкIэ, и цIэр «Щыблэ» жиIэу зэхъуэкIауэ, иджы Германием щытрыригъадзэрт. Ар Тыркум ис и лъэпкъэгъухэм япэхэми хуэдэу яIэригъэхьэрт, а къэрал жыжьэм кIуэ-къэкIуэж автомашинэ хьэлъэзешэхэм я гублащхьэдэсхэр къигъэсэбэпкIэрэ.
- КъызэрыщIэкIымкIэ, Убых а лэжьыгъэ щхьэпэмкIэ икIи мытыншымкIэ Тыркум къыщыдэIэпыкъуахэм ящыщщ а лъэныкъуэмкIэ илъэс куэд ипэкIэ къиIэпхъукIыжауэ щыта, налшыкдэс, си цIыхугъэ, ныбжьэгъугъэкIи къызбгъэдыхьэ Бидэнокъуэ Нихьэт. А Iуэхум езы Убых иджы япэу къысхутепсэлъыхьыжу арати, згъэщIэгъуащ алъандэрэ и гугъу зэримыщIар. Дауи, нэхъапэхэми сэ зэхэсхат Бидэнокъуэ Нихьэт, адыгэхэм я тхыдэр, щэнхабзэр джыным, я бзэр хъумэным хуэгъэзауэ Тыркум щригъэкIуэкIа и лэжьыгъэр къыхуамыдэу, а къэралым гугъу зэрыщрагъэхьам теухуа хъыбарыр. ИкIи, Убых къызэрысхуиIуэтэжамкIэ, Бидэнокъуэ Нихьэт а лъэхъэнэм Тыркум щагъэтIысынкIэ хъуну щытащ. Бэрзэджыр, езым зэрыжиIэжымкIэ, а къэралым мазэ 11-кIэ хьэпсым щисащ…
- Мы иджырей ди зэпсэлъэныгъэм сызыхуиша гупсысэщ мыри: укъызыхэкIа лъэпкъым, зихъумэжын папщIэ, удэIэпыкъуныр зэрыIуэху гугъур, дэнэ къэрал щыпсэу адыгэхэри (Хэкужьым исхэри абыхэм яхэту) дыкъэзыухъуреихь лъэпкъышхуэхэм тIэкIу-тIэкIуурэ дазэрыхэшыпсыхьыжым и гукъеуэр нэгъэсауэ зыхэзыщIэхэм Бэрзэдж Убых ящыщщ.
- Гъуэгуанэм
- адэкIэ пызощэ
- КъызгурыIуэрт, сызылъыхъуэ шууейхэм сащыхуэзэфынур Адыгэ Республикэм и «шыпхэтIыгур» зэрыарар. Бэрзэдж Убых, сыкъызэригъэгугъам тету, абыхэм салъыщIигъэхьэжын мурадкIэ, Мейкъуапэ дэт автовокзалым къыкIэлъыкIуэ махуэм и пщэдджыжьыпэм сынигъэсащ. Абдежым Краснодар кIуэ микроавтобусым ситIысхьащ.
- Дыздэжэм, согъэщIагъуэ, алъандэрэ дызыпхыкIар мыадыгэщI хуэдэ, «Адыгея» фIэщыгъэр ину тету гъуэгугъэлъагъуэ нагъыщэ зы щIыпIэ гуэрым деж дызэрыщрихьэлIар. Гъэбэкъуей зи фIэщыгъэ къуажэм дыщыблэкIым сыгушхуащ, «мыбдежыращ къыщыщIадзар ди шууейхэм я зекIуэр» жысIэри.
- Гукъыдэжхэм
- зыкъаIэтыж
- СызыгъэгуфIэр аращи, Яблоновскэ жылэм, абы ипэкIэ зэи сыздэщымыIам, сыдэтщ. СыкъыщыувыIа щIыпIэм деж щIалэ гуп щызэхэтщ, адыгэбзэкIэ уэр-сэру зэдэуэршэрыжхэу. Фэуэ ятетымкIи, таксизехуэхэщ. Сызэрилъэпкъэгъум сигъэгушхуами, сабгъэдыхьэу псори згъэпIейтеину сыхуейтэкъыми, ящыщ гуэрым гу зылъызогъатэ, Iэ хузощI. КъызбгъэдокIуатэ. ФIэхъус изохри, Афыпсыпэ кIуэ автобусыр къыщIэмысымкIэ соупщI. Си анэдэлъхубзэм ар къызэрыпэджэжам сэри сегъэгушхуэ, езыми ар и гуапэщ, гу зэрылъыстамкIэ. Автобусым зыщIигъэгувэр абыи къыхуэмыщIэу, телефонкIэ зыгуэрым йопсалъэ, семылъэIуами. «Вокзалым фыкъыщытекIыр сыдрэм щыгъуэ, уанэ мафэ тезылъхьэнхэ? — йоупщI ар зыгуэрым, къызэрысхуэгузавэр и нэгум къищу. — Мы кIалэр, сыхьэтищ хъугъэу къыфпоплъэри гъуэгу Iуфэм тетщ!»
- ЗгъэщIэгъуар, мы щIыпIэм автобус-машинэу щызэблэжыр зэрыбащэрщ, къэувыIэпIэми цIыху куэд дыдэ, я теплъэкIи я ныбжькIи зэмыщхь защIэхэу, къызэрыIухутэрщ, зыщамыгъэгувэуи зэрыщызэтекIырщ. Инэхъыбэм зэрымыадыгэр фэуэ ятетщ. Псори чэзу-чэзууэрэ йотIысхьэ къыIулъадэ автобусхэм, зыIурагъэш. Иджырей ухуэныгъэшхуэхэр, тыкуэнхэр мы къуажэ абрагъуэм зэрыщебэкIри умылъагъункIэ Iэмал иIэкъым.
- УзыгъэгуфIи
- узыгъэгумэщIи
- Шофёрыр адыгэщи, таксизехуэ щIалэр зыдэуэршэрар арагъэнщ. АнэдэлъхубзэкIэ згъэпсэлъэн мурадкIэ, абы сеупщIащ, «Мо тлъагъур Кубань псыр ары?» жысIэри. «Адэ, мо екIуэкIыр Кубань…» къызитыжащ абы жэуап.
- Гу къыслъызытэхэм гъэщIэгъуэн сащымыхъункIэ Iэмал иIэтэкъым, дыкъыщыщIидз щIыпIэхэр сфIэтелъыджэрэ дызыблэкIхэм защызмыгъэнщIу зэрызысплъыхьым къыхэкIыу. ЗыхуэзгъэщIэгъуэжурэ сегуп-
- сысырт: «Адыгэ къуажэхэр къыщызэтена мы щIыпIэ пхыдзам Псыжь гъунэгъуу блэжу хэт игъащIэм илъэгъуа?!» Пэж дыдэуи, Кубань мыбдежым зэрыщежэхыр инрэ псыбэут, и щхьэфэр сэтей губгъуэшхуэрэ езыр щхъуантIафэ-ятIафэу, сыджышхуэхэм зыкъыщамыгъэхъейми, куэд дэмыкIыу хым зэрыхэлъэдэжынур и напщIэ телъ хуэдэ, и теплъэкIэ уардэрэ хуэщхьэхынафэу.
- Автобусым къыддис цIыхухэми гу ялъызмытэу хъурэт? Зэанэзэкъуэм, иужьрейм и ныбжьыр илъэси 10-м нэблэгъагъэнщ хужыпIэну, зы тIысыпIэм зытрагъэзэгъат. ЩIалэ цIыкIур, увыIэгъуэ имыIэу, иIыгъ телефоным ириджэгурт, щызэблигъэкIхэм, кърих хъыбархэм макъкIэ дэпсэлъэжу. КъыжьэдэIукIыр зэми адыгэбзэ щхьэкIэ, мыдрейхэм дежи урысыбзэт, а тIур зэрызэблихъум зэрыригузави щымыIэу.
- СызыгъэгуфIар а ныбжьыщIэм и анэдэлъхубзэрщ. Сызыгъэгузавэр, ди щIалэгъуалэр, щIэблэщIэу къытщIэтаджэр, къафIэмыIуэху хуэдэурэ, урысыбзэм тыншу зэрытехьэрщ. Ди жагъуэ-ди гуапэми, мы щIалэ цIыкIум дэслъэгъуам хуэдэ адыгэхэр зэрыс дэтхэнэ щIыналъэми дыщрохьэлIэ: анэдэлъхубзэри урысыбзэри я зэхуэдэу я щIасэу, уеблэмэ, етIуанэр нэхъ къызэрыхахым уи гупсысэр хуагъакIуэу. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, лъэпкъ цIыкIухэм я нэхъыбапIэр а «узым» ицIэлащ.
- Афыпсыпэ сынос
- Сыдыхьащ шууейхэр, программэм ипкъ иткIэ, а пщыхьэщхьэм къыщыувыIэн хуей Афыпсыпэ къуажэм. СызэупщIахэм къызэрызгурагъэIуамкIэ, а Iуэхум теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэр щекIуэкIынур а жылэм дэт курыт еджапIэм и пщIантIэрат. Арати, сэри, сызыIущIэхэр сымыгъэпIейтеину, сыкъэзылъэгъуа зы-тIущым фIэхъус есхри, щIэщI IэрыщIым и лъабжьэм щагъэува Iэнэ кIыхьхэм ящыщ зым деж сыщетIысэхащ.
- Уи пIэ уимыкIыу зэпымыууэ ущысынт? Сыкъотэдж сотIысыж, бысымхэм ящыщу щыпэкIу-щикIукIхэм я бжыгъэр кIуэ пэтми нэхъыбэ зэрыхъуми гу лъызотэ. Сыкъэзылъэгъуахэри къызосэ, псэлъэгъу зыкъысхуэзыщIхэри къахокI, ящымыщу сыкъызэрамылъытэжым и щыхьэту.
- ЯпэщIыкIэ щIалэ цIыкIухэм ящыщ гуэрхэр къызбгъэдохьэри урысыбзэкIэ къызопсалъэ. Сэри адыгэбзэкIэ жэуап язотыж, си къэбэрдей псэлъэкIэр къызэрысфIыдэкIуейм тIэкIуи срипIейтейрэ къагурымыIуэнкIи сышынэу. ЩIалэ цIыкIухэм сызэрызэхащIыкIыр солъагъури, нэхъри сыкъогушхуэ. Ауэрэ, къыIухьагъащIэхэм, абдежыр зэлъыIузых, зыгъэдахэ балигъхэм фIэхъус щрахкIэ, си дежкIи зыкъагъазэ, «Уарэ! Мыбыхэм хэгъэрейуэ сыкъалъытар пэжу пIэрэ, атIэ?» жызагъэIэу. Адрейхэри си дежкIэ нэхъ къеплъэкI мэхъу.
- Ауэрэ макъамэ гуэр къоIу. СызыщIэдэIукIмэ, «Кушмэзыкъуей къафэжь» пшыналъэращ, Сирием зэрыщагъэзащIэу щытауэ. Абы зыдрагъэкIуу, утыкум школакIуэ ныбжьыщIэхэр къохьэ, къыдофэ. Пщащэхэмрэ щIалэхэмрэ зыхуагъэхьэзыру аращ мы щIыпIэм щекIуэкIыну пшыхьым зэрызыкъыщагъэлъэгъуэнум.
- А псори си нэгу здыщIэкIым, Налшык къалэ сыкъыдэмыкI ипэкIи Мейкъуапэ сыкъыщысами, КраснодаркIэ къыщызунэтIами, телефонкIэ зэпымыууэ пыщIэныгъэ зыхузиIа, шууей зекIуэм хэт си ныбжьэгъу Бабыгуейм деж сопсалъэ: «Уа, Сосрыкъуэу шууей хахуэ! Дэнэ фыкъэса? Сэ Афыпсыпэ сыщыIэщ. Сызыхэтхэр хуабжьу къыфпоплъэ!» жызоIэри. А хъыбарымкIэ сызыдэуэршэрыр, и гур зэрыхэхъуэр зыхэсщIэу, тIуащIэу согъэгуфIэ: япэрауэ, а щIыпIэм сызэрынэсам ар хуабжьу щогуфIыкI, етIуанэрауэ, «мыхэр къыфпоплъэ» зэрыжысIам ин ирохъу.
- Къуажэдэсхэр
- зызогъэцIыху
- Сызэрепэсэуар нэгъуэщIхэмкIэ къысхуэщхьэпами, сыкъыщымэжалIэм, Iэнэхэр зыгъэхьэзырхэр схуэгъэпIейтеинутэкъыми, мыжыжьэу щыт тыкуэн гъэпсам сыIуохьэ. Щызэхэт щIалэхэм саблокIри, сыщIохьэ. Кассэм бгъэдэсхэри тыкуэнтетхэри адыгэбзэщ зэрызэпсалъэр. Абы сегъэгуфIэ. Дапхъэхэр зэпэсплъыхьу сыздэщытым, бзылъхугъэ нэжэгужэм урысыбзэкIэ зыкъысхуегъазэри, «сытым нэхъ ухуеинт? СыбдэIэпыкъун?» къызжеIэ. ПэгъуэкIыр адыгэбзэкIэ фIэкIа зэрезмытыжынур сэркIэ щыпкъэти, «кхъуей хъуреишхуэм и Iыхьэ гуэркIэ сынывэлъэIунут, къыгуэбгъэж хъунумэ» жысIащ. «Узыфаемэ фэдизыпс къыгуэзыупчIышт» — къызитыжащ жэуап къызбгъэдыхьам. ПсынщIэу сыкъызэрыгурыIуар си гуапэ хъуащ. ИкIи, а тыкуэным, сызыщIэлъэIуам нэмыщI, нэгъуэщI ерыскъы гуэрхэри къыщысщэхуащ, абыхэм IэфIыкIи яхэту, «сабий сахуэзэмэ садэгуэшэнщ» гупсысэр сиIэу.
- «СызэIурыуху, школ пщIантIэм сыдэмыхьэжмэ нэхъыфIщ» жысIэри, абы и бгъумкIэ щыIэ губгъуэ цIыкIум щызэтелъ пхъэдакъэжь гуэрэным деж сыщетIысэхащ. Тхьэрыкъуэф Iэнэр щызуплIэнщIым, абдежым гъунэгъуу щызэдэджэгу ныбжьыщIэ цIыкIухэр нэхъри къэкIуэтащ. Ар зэрыхъуар езыхэми сэри къыдгурыIуагъэнтэкъым. Арати, сIыгъ IэфIыкIэр къысхуэщхьэпэжащ. Ящыщ зыр, пщащэ цIыкIужьейр, си дежкIэ къыщыплъэм, къезджэри къэзгъэхьэзырыну сызыхунэса IэфIыкIэм щыщ IэщIэслъхьащ, «мобыхэми яхуэгуэш» жысIэри.
- Ауэрэ уи закъуэнт? Школ пщIантIэм сыдыхьэжащ. Сыздэщысам аргуэру сыщетIысэхыжащ. Сыхьэт ныкъуэ сыкъэтами арагъэнт. АдэкIэ къыщыт Iэнэ кIыхьым лIы гуп бгъэдэст. Ящыщ зым, а щIыпIэм щекIуэкI Iуэхухэр зезыгъакIуэхэм я пашэу зыкъилъытэж къыщIэкIынти, гу къыслъитащ икIи, зыхэс гупым къахэпсэлъыкIри, зыкъысхуигъэзащ: «МыдэкIэ укъакIуэркъэ, ныбжьэгъу, уи закъуэу ущымысу» жиIэри. Ар, иужьым щыгъуазэ сызэращIамкIэ, сыкъыщыщIидза къуажэм и администрацэм и Iэтащхьэ ШIуцIэ (ФIыцIэ) Къазбэчт.
- ФIэхъус щысхым, псори къызэщIезгъэубыдэу хуэму си щхьэр згъэщхъри, сабгъэдэтIысхьащ. Я уэршэр макъым зыбжанэрэ седаIуэ иужькIэ, сэри зыгуэрхэр яхэжысIыхьу щIэздзащ. Ауэрэ, абдежым щыс щIалэхэр зэзгъэцIыхуащ, сыкъыздикIар зэкIэ къазэрезмыгъэщIэным сыхущIэкъуу. АтIэми (ар къэлъытапхъэт), тхьэлъэIур щызэщIэуIуэ щIыпIэм щызэхуэсхэм плъапIэ нэхъыщхьэу яIэр гъуэгу тету Ахупсыпэ (Афыпсып) жылэм къыхуэкIуэ шухэр арат. АрщхьэкIэ, дапхуэдэу мыхъуами, сызыхыхьа гупым заулрэ сахэсащ, я адыгэбзэм сыдихьэхарэ сыщIэдэIункIи зыщызмыгъэнщIу, я анэдэлъхубзэм и IукIэ, и тхыкIэ-сытхэм зыщызгъэгъуазэу, щIыпIэцIэхэр зэзгъащIэу, школ пщIантIэм дэт сабийхэм я псэлъэкIэр згъэщIагъуэу. ИкIи, сыкъыздикIар зэуэ къезмыгъэщIами, езы къызбгъэдэсхэр дэгъуэу зэзгъэцIыхуащ, Iэджэми дытепсэлъыхьащ.
- Шууейхэм дазэрыпэплъа сыхьэт бжыгъэм и кIуэцIкIэ сызыбгъэдэсахэм сакъыхэкI-сахыхьэжми, а къуажэр зытес щIыгум щыщу школым къегъэщIылIар къызэхэскIухьащ.
- Ауэрэ, си псэлъэкIэм гу лъызыта къыIухьагъащIэхэм ящыщ зыр къызэупщIащ: «У-Куэшхьэблэ?» — жиIэри. Сыт сщIэжынт? Къэбэрдеишхуэм сыкъызэрикIар сыбзыщIынт? Iуэхур здынэсам, зыкъэзумысми хъуну къэслъытати, «Налшык сыкъикIышт» — естыжащ абы жэуап.
- Зыкъысхуэзыгъэзам ар зэрызэхихыу, къызэрыкIри, и щIалэгъуэм Къэбэртайм (апхуэдэущ кIахэ адыгэхэр ди щIыналъэм зэреджэр) щигъэхъауэ щыта и гукъэкIыж куэдымкIэ щысхэр дытригъэуащ.
- Бысыму «сызыхэшыпсыхьыжахэр» зыгъэпIейтейр сэри зыхэсщIэу щIэздзащ. «Шухэм заIэжьэмэ, уэшхым къригъэжьэнщи, Iэнэхэр зыщIэдгъэува щIэщIхэм псыр къыщIикIэнщ» жаIэу щызэхэсхым, сэри сыгузавэу щIэздзащ, сызыхыхьахэм сащыщ фIэкIа умыщIэну.
- Шууейхэр къыщыIухьэм
- КъакIуэхэм апхуэдизу куэдрэ дапэплъати, школыр здэщыIэ уэрамдыхьэм и къэгъэшыпIэм ахэр къыщысам дгъэщIэгъуэжакъым. Нэхъри дытезыгъэгупсысыкIар абыхэм япэ иту къыIулъэда машинэхэм ящыщ зым къикIа щIалитIырщ. КъызэрызэщIэплъар нэрылъагъуу, ахэр къэбэрдей диалектымкIэ зэпсалъэрт. СедаIуэу куэдрэ сыщытынт? СабгъэдэкIуэтащ. ФIэхъус ясхри, захуэзгъэзащ: «Шухэм фадэщIыгъущ, аракъэ?» — жысIэри. «АтIэ» кърагъэкIыу, я щхьэхэр щащIым, пэжым фыхуеймэ, сыгуфIащ, Тхьэм и шыкуркIэ, «дыдейхэм» саIущIэжа хуэдэщ жыхуэсIэу.
- Гъуэгу нэхъыщхьэм къыщылъэгъуа шухэм дыздэщыт уэрамдэкIымкIэ къагъэзащ. Гъунэгъу къыщыхъум, япэ итахэр епсыхащ, адрейхэр хуагъэлъэгъуа губгъуэ цIыкIум ихьащ.
- Флъагъуну фIэкIа сыхуейтэкъым, шууейхэм зы къыIухьэкIэ яIэти, уардагъэрэ дахагъэу къызыкъуахар зыхуэдизри зыхывэзгъэщIарэт! Псэущхьэ емылыджхэм тес щIалэхэр, я щхьэхэм къыщыщIэдзауэ я лъэхэм нэсыху, адыгэ фащэ екIухэмкIэ зэщыхуэпыкIарэ я нэкIу сабалъэхэр дыгъэм ипхъэхыжауэ.
- Алъандэрэ сымылъэгъуа лIы гуэр дыздэщытым къыIухьащ. Ар, ди псэлъэмакъым къыхыхьэну зэрыхущIэкъум гу лъыстэри, къэбэрдей щIалитIым къабгъэдэсшащ. Анэдэлъхубзэм дыкъытемыкIыу дызэрызэгурыIуэфынур къэзгъэлъагъуэмэ нэхъ къасщтэрти (езыми апхуэдэ Iуэху еплъыкIэ зэриIэр иужькIэ къызигъэщIащ), япэ зизгъэщри, кIахэ-къэбэрдей псэлъэкIэ зэхэухуэнамкIэ дэуэршэрын щIэздзащ. Зи машинэм бгъэдыхьэжа щIалэхэми ар я гуапэ хъуащ, зэрешам къыхэкIыу, псэлъэн яфIэмыфIыщэми. КъыIухьам адыгэхэм ди тхыдэм, щэнхабзэм теухуауэ ищIэу хъуар зэуэ кърикIутын щIидзащ, къэувыIэжыкIэ зымыщIэм хуэдэу. Абдежым щыжиIа псэлъафэхэм ящыщ зыр сигу ирихьащ. «Лъэпкъым псэ пытынукъым (хэлъынукъым), бзэ имыIэмэ!» — къыхигъэщащ Банэхэс жылэм къикIыу Афыпсыпэ нэс къэкIуа Бастэ Нурбий.
- Афыпсыпэдэсхэр шу зекIуэм хэтхэм апхуэдизу гуапэу яIущIати, псалъэкIэ къыпхуемытхэкIыжыным хуэдизщ.
- Бысымхэри хьэщIэхэри Iухьащ Урыс-Кавказ зауэм лIыгъэшхуэ щызезыхьа, адыгэ IуэрыIуатэми урыс дзэпщхэм ятхыжа дэфтэрхэми зи цIэр къыхэна ЩэрэлIыкъуэ Дыгъужьыкъуэ Къызбэч и фэеплъым. Нэхъыжьхэм дыуэ щызэдащIым сызэгупсысаращ: «Еплъыт иджы, мыхэр IуэхугъуитIым гъунэгъу зэрызэхуищIам: Урыс-Кавказ зауэм и лIыхъужь нэсу къалъытэ ЩэрэлIыкъуэ Дыгъужьыкъуэ Къызбэч и фэеплъым пщIэ зэрыхуащIымрэ муслъымэныгъэу къызэдагъэлъагъуэмрэ», — жысIэри.
- Япэ щхьэусыгъуэм адыгэ лIакъуэхэр, хьэзаб шынагъуэу тхыдэм щыщ хъужам и жьы бзаджэр зыщIихуахэм я нобэрей щIэблэр, зихуэдэ щымыIэу зэкъуегъэувэ, зэрешэлIэж.
- Абы къыхэкIыуи, адыгэ хэгъэгухэм я шууейхэм а щIыналъэм къызэрыщызэдакIухьар абы щыпсэухэм дежкIэ апхуэдизу тхъэгъуэщ, зыгъэгушхуэщи, щекIуэкIахэр куэдрэ ягу къагъэкIыжын Iуэхугъуэхэм ящыщ зыуэ зэрыщытым шэч къытехьэгъуейщ…
- Налшык — Мейкъуапэ —
- Афыпсыпэ — Тохъутэмыкъуей.