Дэрэжэгъуэм и къигъэхъуапIэ мыкIуэщIыж
2018-08-14
- Си адэ Ершов Фёдор Михаил и къуэр
- Си адэ Ершов Фёдор Михаил и къуэр 1916 гъэм гъатхэпэм и 1-м Адыгейм къыщалъхуащ, шапсыгъ лъэпкъым къыхэкIащ. Ар къыщалъхуа Джаджэ къуажэм 1868 гъэ пщIондэ зэреджэу щытар Бэлэтокъуэ Айтэч и жылэщ. КIэмыргуеипщ, Урысейм и императорым и дзэм офицеру къулыкъу щызыщIа Бэлэтокъуэ Айтэч и къуажэу щытащ ар. Нэхъ иужьыIуэкIэ мыбдеж щыпсэуащ адыгэ лIакъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм ящыщхэр, абыхэм шапсыгъхэри яхэту. ХХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм ирихьэлIэу абыхэм ящыщ куэдым урыс унэцIэхэр къащтащ икIи къэзакъыдзэхэм къу- лыкъу щащIэу хуежьащ, я лъэпкъ щIыхьыр къагъэлъагъуэ хахуагъэрэ лIыхъужьыгъэкIэ яIэту.
-
Дзэм къулыкъу щыщIэным къигъэув мардэ-хэм ткIийуэ тетащ си адэм и унагъуэри. 1930 гъэхэм ар Дзэ Плъыжьым ираджащ. Абы и командирхэр щрагъаджэ школыр фIы дыдэу къиуха нэужь, ар Москва ягъэкIуащ къулыкъу щIэным абы щыпищэну. 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм и зэманым Ершов Ф. М. Кремлым, Штаб нэхъыщхьэм къулыкъу щищIащ. Си адэр хэтащ ТекIуэныгъэм и парадым, 1945 гъэм мэ- къуауэгъуэм и 24-м Москва и Утыку Плъыжьым щекIуэкIам. А лъэхъэнэм траха документальнэ фильмхэм парадым и сатырхэм хэтхэм къахызоцIыхукI ар.
- 1960 — 1980 гъэхэм Фёдор Михаил и къуэр жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ дипломатие къулыкъу пэрытащ — хамэ къэралхэм щыпсэу лъэпкъхэм ныбжьэгъугъэкIэ япыщIауэ щытыным зи лэжьыгъэр хуэгъэпса совет зэгухьэныгъэхэм я союзым (ССОД) и аппарат нэхъыщхьэм щылэжьащ, Зэныбжьэгъугъэм и Унэ цIэрыIуэм и унафэщIу. А Унэр Москва пасэ дыдэу щащIахэм ящыщщ, къалэкуми хуозэ икIи къуэкIыпIэ мардэхэм тету зэраухуар, и теплъэ гъэщIэгъуэныр уи нэм занщIэу къыIуедзэ. Ди зэманым ар Урысейм и Правительствэм и егъэблэгъапIэ унэщ.
-
Хамэ къэралхэм щыпсэу лъэпкъхэм я Зэныбжьэгъугъэм и Унэр СССР-ми адрей хэкухэми щыцIэрыIуэу щытащ, дунейпсо дипломатие, щэнхабзэ центру къалъытэрти. Зэныбжьэгъугъэм и Унэм щызэхашэ конференцхэм, гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм си адэр щаIущIауэ щытащ космонавтхэу Гагарин Юрий, Титов Герман, Терешковэ Валентинэ, маршалхэу Рокоссовский К. К., Буденный С. М., Баграмян И. Х., жылагъуэ лэжьакIуэ, дипломат, щIэныгъэлI цIэ-рыIуэ куэдым.
- Хамэ къэралхэм щыпсэу лъэпкъхэм ныбжьэгъугъэкIэ япыщIауэ щытыным зи лэжьыгъэр хуэгъэпса совет зэгухьэныгъэхэм я союзым 1975 гъэм къызэщIиубыдэрт абы и къудамэ 63-рэ — «СССР — Франджы», «СССР — Италие», «СССР — Йемен», нэгъуэщIхэри; хэхэс адыгэхэр нэхъыбэу щыпсэу къэралхэу Сириер, Мысырыр, Иорданиер абыхэм яхэту. Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэхэмрэ хамэ къэралхэмрэ щыпсэу зэлъэпкъэгъухэм 1960 — 1980 гъэхэм щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэр яIэ хъуауэ щытащ а зэгухьэныгъэм и фIыгъэкIэ. Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа дзэ къулыкъущIэхэр, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр, дипломатхэр Совет Союзым къакIуэу хуежьащ хамэ къэрал лIыкIуэхэм, творческэ гупхэм яхэту, апхуэдэуи ахэр Зэныбжьэгъугъэм и Унэу Москва дэтми щыхьэщIэрт. Мыбы щекIуэкIырт тхакIуэхэмрэ журналистхэмрэ зыхэт зэIущIэхэр, художественнэ гъэлъэгъуэныгъэхэр, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм, СССР-м хыхьэ республикэхэм я IуэрыIуатэ коллективхэм я концертхэр. Москвадэсхэмрэ хамэ къэрал къикIа хьэщIэхэмрэ яфIэтелъыджэт Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ къикIа артистхэм я зэфIэкIыр, яхуэIуэтыщIэртэкъым абыхэм къагъэлъагъуэ зэчийр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, и дипломатие къалэнхэр игъэзащIэкIэрэ, си адэм къыхуихуащ Урысеймрэ Хэхэс адыгэхэм я дунеймрэ иджыри къэс зэпызыщIэ Iуэхугъуэхэм я къызэгъэпэщакIуэу икIи унэтIакIуэу щытыну.
-
Пенсэ кIуа нэужьи, щхьэх имыIэу си адэр жылагъуэ Iуэхухэм хэлIыфIыхьащ. 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм я Комитетым и лэжьыгъэм жану хэтащ. И къару къихьыхукIэ уней хадэм илэжьыхьащ, фIэфI дыдэу зэрихьэрт мыIэрысейхэмрэ балиейхэмрэ. Мыбдежым, Москва и Iэшэлъашэм, къыщигъэкIырт езым и шэрджэс хадэр. Iэмал щигъуэтым деж кIуэжырт къыщалъхуа лъахэм, Джаджэ щIыналъэм, гъэмахуэм мызэ-мытIэу ЩыхьэщIэрт Налшык, Сочэ, Туапсе, Псыхуабэ — гупсэхугъуэ щигъуэтырт а щIыпIэхэм. Фёдор Михаил и къуэр 2005 гъэм и шыщхьэуIум дунейм ехыжащ, илъэс 90 хъуным зымащIэ фIэкIа имыIэжу.
- «Урыс дунеймрэ Кавказ Ищхъэрэм XX — XXI лIэщIыгъуэхэм я зэпылъыпIэм иIэпхъукIахэмрэ» тхылъым сыщелэжьым, сэ сигу къэкIыжащ си адэм и щIалэгъуэм теухуауэ къысхуиIуэтэжу щытахэр, Зэныбжьэгъугъэм и Унэм мызэ-мытIэу сызэрыщыIар. ДыкъызыхэкIахэр, ди лъабжьэр зэрытщымыгъупщэракъэ-тIэ ди творческэ дэрэжэгъуэм и къигъэхъуапIэ мыкIуэщIыжыр.
- ЕРШОВ Виталий,
- тхыдэ щIэныгъэхэм
- я доктор, профессор.
- Москва къалэ.
- Ершов Виталий Фёдор и къуэр тхыдэ щIэныгъэхэм я докторщ, Московскэ къэрал областной университетым Стратегиемрэ аналитикэмкIэ и центрым и унафэщIщ, профессорщ. Абы къиухащ Москва и тхыдэ-архив институтымрэ Ломоносовым и цIэр зэрихьэу Москва дэт къэрал университетымрэ. ЩIэныгъэ лэжьыгъэу 130-м щIигъу и къалэмыпэм къыщIэкIащ, абыхэм монографие зыбжани яхэту.
- Абы фIэгъэщIэгъуэну едж хамэ къэралыр псэупIэ зыхуэхъуа ди хэкуэгъухэм я тхыдэр: 1920 — 1970 гъэхэм Урысейр зыбгына дзэ къулыкъущIэхэмрэ политикхэмрэ я гъащIэм и къекIуэкIыкIар, СНГ-м щыпсэу урысейхэм, ХIХ къыщыщIэдзауэ ХХI лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэ пщIондэ Кавказ Ищхъэрэм иIэпхъукIахэм я Iуэху зыIутхэр.