ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Хэкурысхэм я набдзэ» хъуар адыгэшщ

2018-08-14

  • ШыщхьэуIум и 9 — 12 махуэхэм Бытырбыху щекIуэкIа Шы гъэлъэгъуэныгъэм КъБР-м, КъШР-м, АР-м икIа шыхэм «Хэкурысхэм я набдзэ» («Краса аборигенов») унэтIыныгъэм япэ, етIуанэ увы-пIэхэр къыщыхуагъэфэщащ. А хъыбарым щыгъуазэ дещI «Фейсбук» цIыхубэ зэпыщIапIэм шы гъэлъэгъуэныгъэм и щIыхькIэ къыщызэIуаха «Иппосфера, конная выставка/Hipposphere Equestrian Exhibition» напэкIуэцIым.

  • «Хэкурысхэм я вагъуэ» («Краса аборигенов») унэтIыныгъэм япэ увыпIэр къыщызыхьа Темрыкъуэ (зейр Щоджэн Ислъамщ, КъБР.)

  • ЕтIуанэ увыпIэр къэзыхьа, цIыхубэм я IэIэткIэ «Шы нэхъ бжьыфIэ дыдэ» цIэр зыхуагъэфэща Хъан (зейр ДыщэкI Беслъэнщ, АР).

  • Зэпеуэм и унэтIыныгъэ къэс текIуэныгъэр зыхуагъэфэщар абы хэт шы лъэпкъым бгъэдэлъыпхъэхэр нэхъыбэу зыдэплъагъу шырат. Гулъытэ хуащIырт абы и плъыфэм, и пкъым, и фэм и къабзагъым, уеблэмэ и хьэлым. ЦIыхубэр ямылейуэ адыгэ шихым ятхьэкъуащ.
  • ЩIыналъэ щхьэхуэхэм къыщагъэхъуа шыхэр щхьэж зыхэпсэукI щIыуэпсым елъытауэ ику ит инагъ яIэу, хьэл бэшэч яхэлъу, бгъэхъуну тыншу, гъащIэми лэжьыгъэми къыщыщхьэпэу зэфIэувахэщ. Мы унэтIыныгъэм щызэпеуахэм я нэхъыбэр адыгэшхэт. Кавказ Ищхъэрэм и щIыпIэхэм къыщыхъуа а шыр пэкъуршу, плъыфэкIэ фIыцIафэу, лъэ быдэу щыт хабзэщ. Утыкум зэуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэхъуа хакIуэ телъыджих кърашащ. Шы къэс лъэпкъ фащэ зыщыгъ шууей щIыгъут. «Мы шыхэм ящыщ дэтхэнэ зыри махуитхум и кIуэцIкIэ километр 262-рэ щызэпаупщIа «Шагъдий вагъуэбэ» зекIуэм хэтащ», — тепсэлъыхьырт абыхэм зэпеуэм и судья Николаевэ Аннэ.
  • Япэ увыпIэр хакIуитIым зэпаубыдат: Хъанрэ Темрыкъуэрэ. Хъаныр цIыхубэм я IэIэткIэ текIуащ, Темрыкъуэр судьяхэм къыхахри, финалым кIуащ.
  • «Мыбыхэм нэхъыфIыр къазэрыхэпхынур ди нэгу къытхущIэгъэхьэркъым», — тхьэусыхэрт судьяхэр, шыхэр иужьрейуэ утыкум щихьэм. ХеящIэхэр я къалэным егъэлеяуэ ткIийуэ бгъэдыхьэн хуей хъуащ, фIым я нэхъыфIыжыр наIуэ къащIын папщIэ. ТекIуэныгъэр Темрыкъуэ хуэфащэу къалъытащ. Саугъэту абы чемпион тепхъуэ, лентI лъапIэ, псэущхьэхэр кхъухьлъатэкIэ къепшэкIыну хуит узыщI дэфтэр, чемпион Iэгубжьэ гъэщIэрэщIа къратащ.
  •  
  • ЧЭРИМ Марианнэ.