2019-07-06
- Адыгэ джэгур зэхаублэ
- Адыгей. Республикэм и щыхьэр Мейкъуапэ и къалэ паркым и ихьэпIэ нэхъыщхьэм деж махуэку къэс щекIуэкIынущ адыгэ джэгу. Iуэху гуапэм и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщщ «Абрэджхэр» ансамблыр. Джэгум ирагъэблагъэ гупыж зыщI дэтхэнэри.
- — Гъэмахуэ адыгэ джэгур Мейкъуапэ щрагъэкIуэкI илъэс бжыгъэ хъуауэ, адыгэ хабзэжьхэр къэгъэщIэрэщIэжын, адыгэ джэгум зегъэубгъун папщIэ, — жаIэ абы и къызэгъэпэщакIуэхэм.
- Абыхэм къызэрыхагъэщащи, адыгэ джэгум хэтынухэр екIуу хуэпауэ щытыпхъэщ. Пщащэхэм я кIэхэр лъэгуажьэм фIэкIыу щытыпхъэщ, щIалэхэм шортхэмрэ спорт кIэстумхэмрэ хуадэнукъым. Лъэпкъ фащэкIэ хуэпахэм щыгуфIыкIынущ.
- Хьэцэпэцэр Iуахыж
- Къэрэшей-Шэрджэс. Республикэм мы гъэм нэхъ пасэу хьэцэпэцэр щыIуахыж. ИджыкIэ тонн мини 3,4-м щIигъу къыщытрахащ гектар зы миным хуэдизым.
- КъШР-м мэкъумэш IуэхухэмкIэ и министр Ботэщ Анзор зэрыжиIамкIэ, нэгъабэ елъытауэ, мы гъэм щIыр псыIагъэкIэ ирикъуакъым, щIымахуэм уэсыр мащIэу зэрыщытам къыхэкIыу, ауэ 2018 гъэм къытраха гъавэм нэхърэ нэхъ мащIэ мыхъуну поплъэ.
- КъШР-м и щIыналъэм хьэцэпэцэмрэ джэшхэкIымрэ мы гъэм щыIуахыжынущ гектар мин 28-м щIигъум.
- УЭРДОКЪУЭ Женя.