Адыгейр фIыуэ уэзыгъэлъагъур
2021-10-09
- Адыгэ Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 30 зэрырикъур Iэтауэ мы тхьэмахуэм ягъэлъэпIащ ди къуэшхэм. Абы и тхыдэ напэкIуэцIхэм уриплъэжмэ, 1922 гъэм бадзэуэгъуэм и 27-м ВЦИК-м и Президиумым Унафэ къыдигъэкIауэ щытащ Шэрджэс (Адыгей) автоном область зэраухуэмкIэ. И цIэр 1922 гъэм шыщхьэуIум и 24-м Адыгей (Шэрджэс) автоном областу зэрахъуэкIат. 1937 гъэм щегъэжьауэ Адыгей автоном областыр Краснодар крайм хагъэхьащ.
- Къэбгъэлъагъуэмэ, Адыгейр къэрал-лъэпкъ щIыналъэхэм ящыщу блэкIа лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм ирихьэлIэу япэ дыдэу щIэныгъэншагъэр зыгъэкIуэдахэм язщ, колхозхэр къызэгъэпэщынымкIи япэ итащ. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм областым и цIыху мин 80 ди щхьэхуитыныгъэр яхъумэну фронтым Iухьащ. «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэр къыфIащащ Адыгейм щыщу цIыху 52-м, абыхэм ящыщу 7-р адыгэт.
- Адыгэ хэгъэгум и гуащIэрыпсэухэм зэи я гъунэгъухэм зыкъыкIэрагъэхуакъым, сытым дежи зыужьыныгъэ гъуэгум тетт, зауэ нэужь лъэхъэнэми экономикэмрэ щэнхабзэмрэ зэфIэгъэувэжыным, псэукIэр егъэфIэкIуэным жыджэру телэжьащ. Абы щыгъуэм зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ Адыгейм Лениным и орденыр (1957 гъэ), Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм и орденыр (1972 гъэ) къыхуагъэфэщащ.
- 1990 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м Адыгей областым и Советым и цIыхубэ депутатхэм тхыдэ мыхьэнэ зиIа сессие ирагъэкIуэкIауэ щытащ, автоном областыр РСФСР-м хэгъэгу щхьэхуэу хэгъэхьэнымкIэ. Жэщ хъуху екIуэкIа зэIущIэм и кIэухым утыку кърахьауэ щытащ РСФСР-м Адыгей Автоном Советскэ Социалистическэ Республикэ зэриIэмкIэ. Абы папщIэ депутат 63-м арэзыуэ Iэ яIэтат, 43-р арэзытэкъым, 2-р гуитIщхьитIт.
- Адыгейр хэгъэгу щхьэхуэу Урысей Федерацэм хэувэнымкIэ мыхьэнэшхуэ иIащ РСФСР-м и цIыхубэ депутатхэм я II съездым. Ар 1990 гъэм екIуэкIащ икIи «РСФСР-м и къэрал суверенитетым и декларацэр» и тегъэщIапIэу РСФСР-м и Конституцэм и 71-нэ, 82-нэ, 84-нэ статьяхэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ. А зэхъуэкIыныгъэхэм япкъ иткIэ, Урысейм и автономнэ областхэр крайхэм къыIахыжри, Урысей Федерацэм и субъект щхьэхуэ хъуащ. Ар конституцэкIэ щIагъэбыдащ 1990 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м.
- Адыгэ Республикэ щхьэхуэ зэфIэувэнымкIэ мыхьэнэшхуэ иIащ Краснодар крайм и губернатор Кондратенкэ Николай а Iуэхур къазэрыдиIыгъами. Урысей Федерацэм и хэгъэгущIэм и Iэтащхьэ Джарым Аслъэн и гъусэу абыхэм утыку кърахьат иужькIэ зэIэпах хъуа псалъафэр: «Уходя, остаемся!». Ноби а къыхуеджэныгъэм щIэтщ хэгъэгухэр.
- ИужькIэ, 1991 гъэм мэкъуауэгъуэм и 28-м, Адыгей ССР-м къэрал суверенитетым и Декларацэр къищтащ. Къэралым и Президент Ельцин Борис 1991гъэм бадзэуэгъуэм и 3-м Iэ щIидзащ «Адыгей Автоном областыр РСФСР-м хэт Адыгей Совет Социалистическэ Республикэ зэращIам теухуауэ» РСФСР-м и Унафэм. Абы къыщыхьат щIэуэ зэрагъэпэща щIыналъэм Адыгейм ис лъэпкъ псоми хуитыныгъэ щаIэу, цIыхум и хуитыныгъэр хъумэныр япэ ирагъэщу зэрыщытынур.
- Абы къыкIэлъыкIуэу унафэ тращIыхьащ Урысейм и хэгъэгущIэм хабзэ къыдэзыгъэкI, гъэзэщIакIуэ къулыкъущIапIэхэр иIэн зэрыхуейм. ИкIи РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и УнафэкIэ ар хуит ящIащ и щIыналъэм и тхыдэм щыяпэ Парламент къызэригъэпэщыну, депутати 100 хэту.
- Адыгей автоном областыр УФ-м хыхьэ Адыгэ Республикэ зэращIрэ блэкIа илъэс 30-м къигъэлъэгъуащ ипэкIэ яча лъэбакъуэхэр пэжу къызэрыщIэкIар, Кавказым ис лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщ адыгэхэм заужьынымкIэ ар сэбэпышхуэ зэрыхъуар. 2022 гъэм Адыгейм и илъэси 100-р Iэтауэ игъэлъэпIэнущ, блэкIам фIыщIэ хуищIрэ къэкIуэнум дахэкIэ хуэхъуапсэу.
- Лъэпкъыр къызэщIекъуэ
- Щхьэхуэу къытеувыIапхъэщ автономием къыкIэлъыкIуэу республикэ хъуа щIыналъэм адыгэ лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIам. Кавказ зауэжьым иужькIэ, 1897 гъэм ирагъэкIуэкIауэ щыта къыхэтхыкIыныгъэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, Кубань и Iэгъуэблагъэм иса ди лъэпкъэгъухэр абы щыпсэу цIыхухэм я проценти 2 къудей хъууэ арат. ЦIыху мини 192-рэ исти, абы щыщу мин 30-рат адыгэр. А бжыгъэм хэтт Щхьэщэхуж щыпсэухэри, хы ФIыцIэ Iуфэм Iус шапсыгъхэри. Иджыпсту республикэм адыгэ мин 27-рэ исщ. Автономием лъэпкъыр нэхъ зэщIикъуащ. Хьэхъурэт Щыхьынджэрий хэкум пашэ хуэхъуат абы щыгъуэм. Республикэр щIыналъэ щхьэхуиту зэфIэувэнымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэт экономикэмрэ щэнхабзэмрэ къэIэтыным. Арауэ жыпIэ хъунущ щIыналъэр зыгъэбыдар.
- Къэралыгъуэ зэрыхъуам и нэщэнэ ныпыр, гербыр, гимныр къащтащ. Зэманыр зэрыхьзэрийуэ, зэпэщIэувэныгъэхэр щыкуэду щытами, ди лъэпкъэгъухэм яхузэфIэкIащ я адыгэ лъэпкъым и ныпыр къэрал ныпу кърагъэщтэн. Абы папщIэ Адыгейм и лIыкIуэхэр Санкт-Петербург щыIэ геральдикэ комиссэм ягъэкIуауэ щытащ. Лъэпкъ ныпым и теплъэри пхъуэж зэрымыхъунур щрагъэдащ абы. НэгъуэщI лъэпкъым къыхэкIауэ республикэм щыпсэухэм я хуитыныгъэхэри хъума хъуным и нэщэнэу, Джарым Аслъэн къыхилъхьэри, ди лъэпкъ бэракъыр Адыгейм и къэрал IуэхущIапIэ псоми фIадзащ. Илъэси 160-рэ зи ныбжь лъэпкъ ныпыр нобэ къэрал мыхьэнэ зиIэ хъуащ. ИужькIэ зэныкъуэкъуи къиини къыхэмыкIыу гербымрэ гимнымрэ къащтащ.
- Адыгэ Республикэм и япэ президенту щыта Джарым Аслъэн зэрыжиIэмкIэ, адыгейм езым къэралыгъуэ гъэпсыкIэ иIэ зэрыхъуам куэд къаритащ, егъэджэныгъэм, щIэныгъэм, а зэманым мыхьэнэшхуэ зиIа мэкъумэшым, экономикэм, щэнхабзэм, нэгъуэщIхэми зрагъэужьынымкIэ автономием и фIыгъуэшхуэ къекIащ.
- «Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр щыпсэу Совет Союзыр субъект куэду зэхэтащ. Адрей лъэпкъхэми хуэдэу, 1922 гъэм Адыгейми езым и автономие иIэ хъуащ. Ар къыддэмыхъуауэ щытамэ, дыхэшыпсыхьыжынри зыхуэIуа щыIэтэкъым. Абы къыдэкIуащ еджапIэхэр, япэ газетыр, нэгъуэщI куэди. Республикэм къэралыгъуэ къулыкъухэр щыIэ хъуащ, псэукIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зиужьащ, жылэхэм газыр нэсащ, гъуэгухэр яухуащ, ди лъахэм къыщыщIагъэкIхэм заубгъуащ, щэнхабзэм, туризмэм, спортым хэпщIыкIыу зиужьащ.
- Илъэс 30-м Адыгейм зэхъуэкIыныгъэу иIар мащIэкъым, иджыри а Iуэхур ягъэкIуатэ къэрал къулыкъу пэрытхэм. Мыхьэнэшхуэ зиIэу щытари, иджыпсту щытри мамырыгъэр, зэгурыIуэныгъэр, лъэпкъыу хэгъэгум исхэр зэхуэфIыныр, зэкъуэш республикэхэм я зэпыщIэныгъэр мыгъэкIуэдыныр аращ. Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм ди зэкъуэшыныгъэр ди лъэмыжыу сыт щыгъуи дадэлэжьащ. Абыхэм я Iэтащхьэхэмрэ сэрэ зэныбжьэгъугъэ ди зэхуаку дэлъу дыкъызэдэгъуэгурыкIуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ зыхуэбгъэдэн къулыкъущIэ щыIэтэкъым, цIыхушхуэт ар. Ар Урысей Федерацэм ФедерацэмкIэ и Советым и тхьэмадэм и къуэдзэуи лэжьащ. Пасэу дунейм зэрехыжам сигу хегъэщI, сэ нэхърэ нэхъыщIэт, ныбжьэгъугъэр зыгъэпэж, къэрал къулыкъур зыхуэфащэ цIыху лъэрызехьэт. Дэ сыт щыгъуи дыхущIэкъуащ зэкъуэш республикищыр быдэу зэпхауэ зэдэлэжьэным, зэкIэлъыкIуэным.
- Сызэрыгушхуэхэм ящыщу къыхэзгъэщынущ ди лъэпкъэгъухэр Косовэ къитшыжауэ зэрыщытар. А лъэхъэнэм апхуэдэ Iуэху зэфIэпхыныр, зауэ щекIуэкI къэралым цIыхухэр къипшу нэгъуэщI къэрал бгъэIэпхъуэныр Iуэхушхуэт, зэи къэмыхъуауэ ди къэралым къытхуищIат апхуэдэ Iуэхутхьэбзэ, ди къуэшхэр ди республикэм къыдигъэшэжат. Къытхыхьэжа ди лъэпкъэгъухэр куэд щIащ тщыщ зэрыхъужрэ, ахэр республикэм и зыужьыныгъэм хуолажьэ, дахэу мэпсэу», — жеIэ Джарым Аслъэн.
- Зэманым декIуу зеужь
- Республикэм зэманым декIуу зэрызиужьым я фIыгъэшхуэ хэлъщ илъэс зэхуэмыдэхэм абы и унафэщIу щытахэу Джарым Аслъэн (1992 — 2002), Щэумэн Хьэзрэт (2002 — 2007), ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий (2007 — 2017), 2017 гъэ лъандэрэ Iэтащхьэ къулыкъум пэрыт КъумпIыл Мурат сымэ.
- Урысейм къыщрахьэжьэ Iуэхухэр нобэ республикэм жану щызэфIах, бгъэдэлъ беягъхэмкIэ къэралым щынэхъ лъэрызехьэхэм ящыщщ. Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат и нэIэ тетщ экономикэм зегъэужьыным, цIыхухэр зыгъэпIейтейхэр зэфIэхыным, абыхэм сыт и лъэныкъуэкIи ядэIэпыкъуным теухуауэ щыIэ Iэмал псори къэгъэсэбэпыным. А псори цIыхубэм зэхащIыкIыу, зэгурыIуэ-зэдэIуэжу, ефIакIуэ зэпыту мэпсэу илъэси 100-м нэблагъэ гъуэгуанэ зи щIыбагъ къыдэлъ Республикэр.
- ПсэукIэм ехьэлIа Iуэхур псом япэ ирегъэщ УнафэщIым, сыт хуэдэ Iэмал щыIэми къегъэсэбэп, нэхъыщхьэращи, цIыхухэм я гуныкъуэгъуэхэр елъагъу, жаIэхэр зэхех, къыхуатххэм йоджэри, ар и лэжьыгъэм щыщ мэхъу. Министерствэхэм къалэн щхьэхуэу яхуегъэув федеральнэ къулыкъущIапIэхэм жыджэру дэлэжьэнхэу, сэбэпынагъ куэд къахуэзыхь лъэпкъ проектхэр, къэрал, республикэ программэхэр и чэзум зыхуей хуэзэу гъэзэщIа хъуным быдэу кIэлъоплъ.
- ЭкономикэмкIэ республикэм и Iуэхур нэхъыфI хъу зэпытщ. 2020 гъэм Адыгейм и бюджет зэхэлъым и хэхъуэр сом мелард 35-рэ мелуан 309-м нэсащ, ипэ илъэсым ебгъапщэмэ, ар процент 25-кIэ нэхъыбэщ. Налогыр сом мелард 36-рэ мэхъу. Республикэ бюджетым и хэхъуэр процент 28-кIэ нэхъыбэ хъуащ икIи сом мелард 31,2-м щIегъу. БлэкIа илъэсым ягъэзэщIа къэрал программэ 22-м сом мелард 31,3-рэ трагъэкIуэдащ. Абы щыщу сом мелард 16,1-м нэсыр республикэ бюджетым щыщщ. Лъэпкъ проекту сом меларди 4,5-рэ и уасэ ягъэзэщIащ.
- Урысейм и Президент Путин Владимир и нэIэ нэхъ зытригъэтхэм ящыщщ сабий зэрыс унагъуэхэм ядэIэпыкъуныр. Абы и лъэныкъуэкIи Адыгейм Iуэхушхуэхэр щызэфIагъэкI. БлэкIа илъэсым балигъ ныбжьым нэмыса ныбжьыщIэ 93540-м сом меларди 2-рэ мелуан 97-рэ трагуэшащ. Мы илъэсми а Iуэхум къыпащэ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, гъэ еджэгъуэщIэм щыщIидзэжым, адрей хэгъэгухэми ещхьу, АР-м и ныбжьыщIэу еджэн щIэзыдзэжхэм сом мини 10 зырыз иратащ.
- БлэкIа илъэс закъуэм псэукIэм ехьэлIа Iуэхухэр зэфIэхыным республикэм сом меларди 4-рэ мелуани 165-рэ тригъэкIуэдащ. Абы ипэ ита илъэсым еплъытмэ, ар хуэдитIкIэ нэхъыбэщ. Адыгейм федеральнэ мылъкуу къыхэхъуэр къызэригъэсэбэпыр щапхъэ зытехыпхъэхэм ящыщу зэрыщытыр мызэ-мытIэу жаIащ къэрал унафэщIхэм. Абы лэжьыгъэ IуэхукIэ къакIуэхэм зрагъэлъэгъуащ хэгъэгум и зыужьыныгъэр.
- Адыгейм и псэукIэр зэрефIакIуэм, зэрызиужьым абы щыпсэухэми хьэщIэу еблагъэхэми гу лъатэ. Я гъуэгухэр, жылагъуэ щIыпIэхэр дахэу зэрагъэпэщ, спортым, щэнхабзэм, узыншагъэр хъумэным ехьэ- лIа IуэхущIапIэхэр къызэIуах, цIыхухэм я нэгу зыщрагъэужьыну щIыпIэхэр и куэдщ, сыт хуэдэ Iуэхутхьэбзэри Мейкъуапэ щыбгъуэтынущ, щIыналъэхэмрэ жылэхэмри еджапIэхэр, гъэсапIэхэр, щэнхабзэмкIэ унэхэр къыщызэIуах. А псор и щыхьэтщ Урысейм и Ипщэ щIыналъэм хиубыдэ хэгъэгухэм ящыщу зыужьыныгъэмкIэ Адыгейр япэ зэритым.
- Абы къегъэлъагъуэ АР-м и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат и лъахэмрэ и хэкуэгъухэмрэ папщIэ и псэ емыблэжу и къулыкъум зэрыпэрытыр. Абы жиIащ Урысей Федерацэм и Президентымрэ Правительствэмрэ, республикэм щыпсэухэм я къарумрэ зэкъуэтыныгъэмрэ я фIыгъэкIэ хэгъэгур зэпIэзэрыт зыужьыныгъэ гъуэгу дахэм зэрытетыр.
- — Къэралым и зы Iыхьэу дыщыткIэрэ, псоми ди зэхуэдэ къалэнхэр и чэзум зэрыдгъэзэщIэным иужь дитщ, Урысейм, Адыгейм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэхэр япэ идгъэщу долажьэ. А псом хъеру къыпэкIуэр долъагъу, ди цIыхухэм я псэукIэр йофIакIуэ, гъащIэм и лъэныкъуэ куэдымкIэ ехъулIэныгъэхэр зыIэрыдогъэхьэ, хэгъэгум ис лъэпкъхэм я хабзэр, щэнхабзэр, тхыдэр хъума зэрыхъуным гулъытэ хэха худощI.
- Сэ си фIэщ мэхъу укъыщалъхуа хэкур фIыуэ плъагъумэ, укъызыхэкIа лъэпкъым ухуэпэжмэ, уи бзэр, хабзэр, тхыдэр пщIэжмэ, ар мамырыгъэм, лъэпкъ, дин зэгурыIуэныгъэм лъабжьэ быдэ зэрыхуэхъунур, а псори Адыгэ Республикэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфI зэрыхуэхъунур, — щыжиIащ КъумпIыл Мурат инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым.
- Нобэ Адыгейр дуней псом къыщацIыху лъахэ дахэщ. Абы и щIыуэпсыр, бгылъэ щIыпIэхэр, псыкъелъэхэмрэ ежэххэмрэ зэ зылъэгъуауэ димыхьэха щыIэу къыщIэкIынкъым. Адыгэ къафэмрэ макъамэмрэ, утыку ит къэфакIуэхэмрэ уэрэджыIакIуэхэмрэ, уи щхьэр лъагэу уэзыгъэлъагъуж «Налмэсымрэ» «Ислъэмеймрэ», IэпэIэсэу, зэчиифIэу, щIэныгъэлIу, тхакIуэу, сурэтыщIу ис цIыху цIэрыIуэхэр уи нэгу къыщыщIыхьэкIэ узэрыадыгэм уримыгушхуэнкIэ Iэмал иIэкъым.
- Дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа адыгэ кхъуейр, ар зыдэлъ хьэлывэ IэфIыр дэтхэнэ туристми гурыхь щохъу. ФIыгъуэ куэд щыгъэпщкIуа Iуащхьэхэмрэ щэху зыкъом зыхъумэ испы унэхэмрэ зыплъыхьакIуэ куэдым я нэ къыхуокI. Ахэращ нобэ Адыгейр къозыгъэцIыхур, абы и цIыхухэращ Адыгейр фIыуэ уэзыгъэлъагъур. Ди къуэш республикэм дохъуэхъу Урысейми дуней псоми и пщIэр къыщалъытэу, зиужь зэпыту иджыри бэрэ щыIэну!
- НэщIэпыджэ Замирэ,
- Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист.