2019-11-12
- Мелуанрэ ныкъуэм нэсыну поплъэ
- Къэрэшей-Шэрджэс.Республикэм и курортхэм мы гъэм и мазибгъум щыIащ цIыху 1 мелуанрэ мин 200-рэ, нэгъабэ елъытауэ проценти 10-кIэ нэхъыбэ.
- ЗыгъэпсэхуакIуэхэм, зыплъыхьакIуэхэм я бжыгъэм хигъэхъуащ республикэм турист Iэна- тIэм зэрызыщиужьым, хьэщIэщ, бгы-лыжэ ухуэныгъэхэм, щIыпIэхэр екIу зэращIым, гъуэгухэм зэрызрагъэужьым, — къет КъШР-м ТуризмэмкIэ, курортхэмрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ и министерствэм.
- IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, 2019 гъэм Къэрэшей-Шэрджэсым зыплъыхьакIуэ кIуэнур мелуанрэ ныкъуэм нэсынущ.
- Бжьыхьэсэр и кIэм нагъэс
- Адыгей.КъехьэлIэжыгъуэ, бжьыхьэсэ лэжьыгъэхэр республикэм щаух. Гъавэр щыхасащ гектар мини 110,8-м, бжьыхьэсэ рапсыр гектар мини 9,9-м, нэгъабэ елъытауэ ар гектар мини 3,3-кIэ нэхъыбэщ.
- Нартыху жылапхъэр къыщрахьэлIэжащ гектар мин 30-м, дэтхэнэми центнер 33,7-рэ къитащ. Прунжыр, дэтхэнэми центнер 48,2-рэ къытрахыу, щызэщIакъуэжащ гектар мини 7,9-м, сэхураныр къыщрахьэлIэжащ гектар мини 48,4-м. Лэжьыгъэхэм иджыри пащэ.
- ЗэхъуэкIыныгъэхэр мащIэкъым
- Абхъаз. Президент Хаджимбэ Рауль министрхэр я къулыкъум зэрыпэрыувэм теухуа Унафэм Iэ щIидзащ. Премьер-министру къэнэжащ Бгъанбэ Валерий.
- Иджы Абхъазым и правитель- ствэм министерствэ 12 хэтщ 15-м и пIэкIэ, языныкъуэ IуэхущапIэхэр зэрызэрахъуэкIам къыхэкIыу. Къапщтэмэ, Мэкъумэш IэнатIэмкIэ, Курортхэмрэ туризмэмкIэ министерствэхэр къэрал комитетым хуэкIуащ. Лэжьыгъэм, Узыншагъэр хъумэнымкIэ министерствэхэм я пIэкIэ къызэрагъэпэщащ Узыншагъэр хъумэнымрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ министерствэ. Апхуэдэуи министерствэ зыбжа- нэм я цIэр яхъуэжащ. Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министерствэр ЩIэныгъэмкIэ министерствэ хъуащ.
- Я къулыкъухэр къыхуагъэнэжащ министрищым: зыхъумэжыныгъэмкIэ министр Кишмарие Мераб, МИД-м и Iэтащхьэ Кове Даур, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэм и унафэщI Аршбэ Гарри. Япэ вице-премьер Аршбэ Даур, министрхэм я кабинетым и аппаратым и унафэщI Сангулие Давид сымэ я IэнатIэхэм къыпэрынащ.
- УЭРДОКЪУЭ Женя.