ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2018-10-02

  • ИугъащIэ Апсным!
  •  Абхъаз.Абхъазым и Президент Хаджимбэ Рауль иригъэблэгъащ Приднестровье Молдавие Республикэм къикIа, ПМР-м и Совет Нэхъыщхьэм и унафэщI Щербэ Александр зи пашэ гупыр.

  • — Си гуапэу фыкъызогъэблагъэ къэрал щхьэхуит дызэрыхъуар къыддэзыгъэлъэпIэну къэкIуа хьэщIэ лъапIэхэр. Зауэ хьэлъэм и ужькIэ дэкIа зэманым дэ ди къэралыгъуэ доухуэж. А Iуэхум мыхьэнэшхуэ щиIэщ Урысей къэралыгъуэм. Ар сэбэп мэхъу ди экономикэм фIыкIэ зихъуэжыным, социальнэ, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэр къыдэхъулIэным ехьэлIауэ. Абы къыдэкIуэу дэ яужь дитщ къытпэщыт къалэн куэдыр дэ езым зэрызэфIэтхыжыным, — жиIащ Хаджимбэ Рауль.
  • Зауэ гуащIэр ТекIуэныгъэкIэ зэриухрэ илъэс 25-рэ зэрырикъум, Абхъазыр зи щхьэ хущытыж къэрал зэрыхъуам и махуэшхуэм теухуа дауэдапщэхэр фокIадэм и 30-м республикэм и щIыналъэ псоми щекIуэкIащ.
  •  
  • Нэхъыжьхэр ягъэлъапIэ
  • Адыгей.Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат щIыналъэм щыпсэу, гъа-щIэшхуэ къэзыгъэщIахэм хъуэхъу яхуигъэхьащ Зи ныбжь хэкIуэтахэм я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу.
  • Республикэм щопсэу илъэси 100 ныбжьым щхьэдэха нэхъыжь Iумахуэу 29-рэ. Къапщтэмэ, Тохъутэмыкъуей районым щыщ Бэрэтэр ФатIимэт Тохъу и пхъум мы гъэм и дыгъэгъазэ мазэм игъэлъэпIэнущ илъэси 113-рэ зэрырикъур.
  • ЛIэщIыгъуэм щIигъу къэзыгъэщIа нэхъыжьыфIхэм я хьэщIащ властым и IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр. Нэхъыжьхэм иратащ Адыгейм и Iэтащхьэм къыбгъэдэкI саугъэтхэмрэ дэтхэнэми хуэгъэза хъуэхъу тхылъхэмрэ.
  •  
  • Уэрдокъуэ Женя.