ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2019-02-19

  • Сом меларди 2,6-рэ трагъэкIуэдэнущ
  • Къэрэшей-Шэрджэс. «Архъыз» курортымрэ Кислые псы къыщIэжыпIэмрэ зэпызыщIэ гъуэгур 2021 гъэм яухыну я мурадщ КъШР-м и унафэщIхэм. Республикэм туризмэмкIэ, курортхэмрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ и министр Ерчэн Анзор зэрыжиIамкIэ, абы текIуэдэнущ сом меларди 2,6-рэ.

  • КъШР-м и Уарп районым хыхьэ Пхъей поселкэм щыIэ минеральнэ псы къыщIэжыпIэм илъэсым къриубыдэу зыплъыхьакIуэ къокIуэ цIыху мини 10-м нэблагъэ.
  • Ерчэным зэрыжиIамкIэ, а гъуэгур зыхуей хуагъазэмэ, цIыхухэми къахэхъуэнущ.
  • Къэзыгъэзэжа адыгэхэр щыпсэун хьэщIэщ
  • Адыгей.Республикэм и унафэщIхэм Мейкъуапэ зыхуей щыхуагъазэ Сирием, Косовэ, Тыркум къикIыжу хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я унагъуэхэр щыпсэу центрыр, къет а IуэхущIапIэм и унафэщI ГъукIэлI Ас- хьэд.
  • Иужьрей илъэс тIощIым Адыгейм къригъэблэгъэжащ Косовэм, Сирием, Тыркум, Израилым, Иорданием, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум къикIыжа адыгэ мини 2-м нэблагъэ.
  • «Центр адаптации репатриантов» IуэхущIапIэр 1998 гъэм къызэрагъэпэщауэ щытащ Косовэ къикIыжу япэу Адыгейм къэзыгъэзэжахэр пIалъэкIэ щыпсэун папщIэ, сабий садым и унэу щытар абы хухахри. Республикэм и унафэщIхэм я фIыгъэкIэ иджы ар хьэщIэщ цIыкIум хуагъэкIуэнущ, сыт и лъэныкъуэкIи зэрагъэпэщы-жынурэ.
  • ГъукIэлI Асхьэд зэрыжи-IамкIэ, а унэр зыхуей хуагъэзэжыным трагъэкIуэдэну къаIэрыхьэнущ федеральнэ бюджетым щыщ сом мелуан 40. Унэр сыткIи къызэгъэпэща фэтэр 13-м хуагъэкIуэнущ, езым и пщIантIэ дахэ иIэжынущ, къэщIыхьауэ. ИджыкIэ абы щопсэу илъэс 14-м щIигъуа сабийхэр зыщIыгъу унагъуэ 11.
  • УЭРДОКЪУЭ Женя.