ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2019-03-06

  • Адыгэшым теухуауэ
  • Адыгей.Республикэм къыщыхахынущ адыгэшым теухуа художествен-нэ лэжьыгъэ нэхъыфIхэр. Адыгейм ирагъэблагъэ Кавказ Ищхъэрэм и сурэтыщI Iэзэхэр, «Превосходный конь Бечкан» зэпеуэм я лэжьыгъэхэр щагъэлъэгъуэну.

  • Апхуэдэ фIэщыгъэ иIэщ адыгэ усакIуэ, тхакIуэ, драматург Къуиикъуэ Налбий и повестым. Налбий къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъум и щIыхькIэ къызэрагъэпэщащ а гъэлъэгъуэныгъэ-зэпеуэр. Ар къызэригъэпэщащ «Государтвенный музей искусства народов Востока» ЩэнхабзэмкIэ федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и Кавказ Ищхъэрэ къудамэм, «Адыгэ Хасэ — Шэрджэс парламент» жылагъуэ IуэхущIапIэм диIыгъыу. Зэпеуэм и купщIэ нэхъыщхьэр адыгэм къадекIуэкI лъэпкъ хабзэхэм ящыщ шы гъэхъуным зегъэубгъунырщ.
  • СурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэр къыIахынущ мэлыжьыхьым и 20 пщIондэ. Лэжьыгъэ нэхъыфIхэр щагъэлъэгъуэнущ КъуэкIыпIэм и музейуэ Мейкъуапэ дэтым. Ар къызэIуахыну я мурадщ накъыгъэм и 8-м «Музейхэм я жэщхэр-2019» Iуэхум щыщу.
  • УнэщIэхэм ягъэIэпхъуэ
  • Къэрэшей-Шэрджэс.Республикэм фэтэрыщIэхэр щратынущ кхъахэ хъуа уни 7-м щыпсэухэм.
  • Къэрал программэ щыIэщ 2017 гъэм щIышылэм и 1-м ирихьэлIэу ущыпсэуну къемызэгъыу къалъыта унэхэм цIыхухэр къыщIэгъэIэпхъукIыным теухуауэ. КъШР-м и Правительствэм къищта унафэм ипкъ иткIэ, цIыху 1559-рэ къыщIагъэIэпхъукIащ зэтещэхэнкIэ шынагъуэ унэ 93-м.
  • УЭРДОКЪУЭ Женя.