Гугъэ мыушэ щыIэкъым
2020-09-10
- И лэ игъуэр къеIэтыж, жаIэ адыгэхэм, Iуэхум псэ хэзылъхьэжхэм папщIэ. Лъэпкъым и щIэжым зыкъыщиIэтыж лъэхъэнэм ирихьэлIэу къэхъея Куржы-Абхъаз зауэм хэта щIалэхэм лIыгъэм, къуэшыгъэм, напэм я уасэр зыхуэдизыр зэрыпсэемыблэжымкIэ къагъэлъэгъуат, а псор цIыхугъэм и пкъощIэсэу зэрыщытри цIыхум я фIэщ ящIыжат. Зи лIыгъэ щIагъэ зыущэхуа куэдым, фIы зыщIэу псым хэзыдзэжа ди лъэпкъэгъухэм я къэгъуэтыным, я цIэр фIыкIэ иджыри зэ къиIуэным, лъытэным хуэгъэзат Куржы-Абхъаз зауэм хэта щIалэхэм я зэгухьэныгъэм иужьрей лъэхъэнэм иригъэкIуэкI Iуэхугъуэхэр. Зауэм абхъазхэм текIуэныгъэр къызэрыщахьрэ илъэс 25-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу къыдагъэкIа медалыр зейхэм зэрыратыжым Куржы-Абхъаз зауэм и ветеран, пащтыхь Лиуан ЕтIуанэм и цIэр зезыхьэ дамыгъэр зыхуагъэфэща, зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Щэрдан Тимур Зеикъуэ къуажэм дыщепсэлъащ.
-
- — Тимур, дызэрыщыгъуазэщи, жылэ-жылэкIэ къызэхэфкIухьурэ унагъуэ куэдым фахохьэ, гъэфIэж зэIущIэхэр ивогъэкIуэкI. КIэщIу укъытхутепсэлъыхьамэ ди гуапэт зи ужь фит Iуэхур зыхуэдэм.
- — Псом япэрауэ, «Адыгэ псалъэ» газетым фIыщIэ хуэсщIыну сыхуейт и нэIэ къыттету, едгъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм мыхьэнэ ириту, фIэгъэщIэгъуэну къызэрыткIэлъыплъым папщIэ. ЕтIуанэрауэ, къыхэзгъэщынут унагъуэхэм дащIыхыхьэ, цIыхур щIызэхуэс мы медалыр Абхъаз къэралыгъуэм и унафэкIэ 2018 гъэм ящIауэ зэрыщытар, ар иджы илъэс 25-рэ ирикъуа ТекIуэныгъэр къэхьыным зи гуащIэ хэзылъхьа псоми зэрыхуагъэфэщар.
- Нэгъабэ, иджы хуэдэхэм, Абхъазым сыщыкIуам, а хэкум и къулыкъущIэхэм медаль 364-рэ къызатыжат, ди республикэм къэсшэжу зи цIэ къраIуахэм зэхуэсышхуэкIэ еттыжыну. Абхъаз къэралыгъуэм и лIыкIуэхэри, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал IуэхущIакIуэхэри хэту къызэдгъэпэщыну зытедухуа мы гуфIэгъуэ зэхуэсыр зы махуэкIи махуитIкIи зы щIыпIэм деж зэрыщытхуемы-гъэкIуэкIынури, зэхуэсыгъуэ пIалъэ кIэщIым дызэримытIэсэнури зэуэ наIуэ хъуат. Абы и пIэкIэ а Iуэхугъуэхэр щIыналъэхэм щедгъэкIуэкIыну тедубыдащ. Пэжыр жыпIэмэ, апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр нэхъ тэрэзу къыщIэкIащ. И егъэкIуэкIыкIэкIи, и зэхэтыкIэкIи.
- Апхуэдэу, псалъэм папщIэ, цIыхуми гукъинэж ящыхъуу, дэри арэзы дыкъищIу зи гугъу тщIы зэIущIэхэм хуэдэ купщIафIэу щекIуэкIащ Бахъсэн, Шэджэм, Аруан, Лэскэн, Тэрч щIыналъэхэм, Куржы-Абхъаз зауэм хэтахэри, я Iыхьлыхэри, щIыпIэ унафэщIхэри, жылагъуэ лэжьакIуэхэри, щIалэгъуалэри кърихьэлIэу.
- — Тимур, медалыр зейхэм етыжыныр хэмыкIэсауэ пIэрэт?
- — Дэ ди гугъащ едгъэкIуэкIа зэIущIэхэм я IэщхьэIулIэжу фIыщIэтыж пшыхьышхуэ зэхуэтшэсу Iэтауэ Налшык къалэ щедгъэкIуэкIыну. АрщхьэкIэ дунейр зэщIэзыубыда узыфэм и зэранкIэ тхуемыгъэкIуэкIыу къэнэжащ. Iуэхур апхуэдэу къэувыIа хъуа щхьэкIэ, дэ дыкъэувыIэ хъунутэкъыми, медалхэр зыIэрыдгъэхьэжын хуейхэр къэдгъуэтым, я унагъуэ- хэм дихьэурэ яхуэдгуэшыжу едгъэжьащ. Ди Iуэхур кIыхьлIыхь зыщIар мыпхуэдэ медалхэр зэтыжын хуейхэм щыщу цIыхуи 100-м нэблагъэр дымыцIыхуу, зыщыпсэур дымыщIэу къызэрыщIэкIаращ.
- Ар гъэщIэгъуэнкъым, сыту жыпIэмэ, щIалэр зэуапIэм Iухьэщ, зы зэуэгъуэ ирихьэкIри, щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм къыхэкIыу и унэ игъэзэжащ, зэрихьа лIыгъэм и хъыбарри хэIущIыIу имыщIыщэу и щхьэ Iуэху зэрихуэу ежьэжащ. Зэрахьа лIыгъэм темыпсэлъыхьу я пщIантIэ дэтIысхьэжахэр къыдогъуэтыж, фIыщIэ тхылъхэр щIыгъуу медалхэр ядотыж. Медалыр пхъуантэдэлъ пщIы хъунукъым, ар къэзылэжьам Iэмалыншэу Iэрыгъэхьэжын хуейщ.
- КъинэмыщIауэ, ТекIуэныгъэр абхъазхэм къызэрахьрэ илъэс 25-рэ ирикъуа нэужьщ ар гуэшын щыщIадзар. Дапхуэдэу щымыт-ми, ар ди деж къэсыхукIэ цIыху 12 дунейм ехыжащ. Псэу щIыкIэ яIэрымыхьэжами, ар зейм и Iыхьлыхэм я дежкIэ апхуэдэ гулъытэр куэд и уасэщ. Абыхэм я адэ-анэхэм, къыдалъхуахэм, я бынхэм медалыр щеттыжым деж гуфIэнэп- су щIагъэкIым длэжьым и пщIэр зэрымыцIыкIур зыхыдегъащIэ. ДэркIэ Iэджэ и уасэщ «фщыгъупщакъым», «фигу илъщ» жаIэу дигу къызэрыдрашейр.
- — Тимур, зэрыжыпIащи, мы Iуэхугъуэр къэрал унафэкIэ къежьа хъуащ. Фэ зэвгъэуIужа списокым къызэщIиубыдэр Iэщэ иIыгъыу зэуапIэм Iухьа къудейхэра хьэмэрэ мащIэ зи куэда Абхъазым щекIуэкIа зауэм зыгуэр-кIэ зыщIэзыгъэкъуа, зи псалъэ щызыгъэIуа, сом хэзылъхьа, хущхъуэ, ерыскъы яхуезыгъэшахэри хиубыдэрэ?
- — Пэжу гу лъыптащ, Му-рат. Iэщэ зыIыгъыу зауэм хэтахэр дэркIэ къэгъуэтыгъуейкъым, ауэ, зы зэуэгъуэ ирихьэкIыу и унэ кIуэжахэр, зи гугъу пщIауэ, гугъуехь хэхуа абхъаз цIыхухэм ядэIэпыкъуахэр, щтапIэ ихьэжу зэбгрыкIахэр зи унэ щIэзыгъэсахэри, шхынрэ хущхъуэкIэ я нэIэ тету къекIуэкIахэри а списокым хэлъыта хъуащ. Ахэр гугъу зыдехьа цIыхухэм, дауи, къыхуащIахэр ящыгъупщакъым. ФIыщIэхуэщIэуи мо списокыр щызэрагъэпэщым храгъэтхащ. Абхъазым сэ къисшыжа медалхэм нэхърэ фIыуэ нэхъыбэт списокым ит бжыгъэр зэрыхъуу щытар. Ауэ ди зэхуакум зэпыщIэныгъэхэр дэлъщ, куэд зэкIэлъокIуэри, Абхъазым кIуэм къыздишэжми, къакIуэхэм къыздахьыжми, нобэ дэ къытхуэнам хуэдизщ щыIэжыр. Арыххэуи мы списокым дэIэпыкъуэгъу, щIэгъэкъуэн хъуахэри хэтщ.
- — Дауэ къащыхъурэ фызыхыхьэхэм мы Iуэхугъуэр?
- — ПщIэрэ, Мурат, дэнэ дымыкIуами, ди зэIущIэхэм щIалэгъуалэ кърохьэлIэ. Ди ужькIэ къэнэну ныбжьыщIэхэр ди IуэхущIафэхэм щыгъуазэу, ар щапхъэ яхуэхъуу щытыныр зауэм хэтахэм псоми ди хъуэпсапIэщ. Дэнэ щIыпIэ дымыкIуами, Абхъазым щекIуэкIа лъыгъажэм ехьэлIауэ трахауэ щыта кинофильм кIэщIхэр ягъэлъэгъуащ, щIалэгъуалэм уэрэдхэр, усэхэр жа-Iащ, зауэм хэтахэм я гу- къэкIыжхэмкIэ щIэблэм дэгуэшащ. Псалъэм къару иIэщ. Абы уиузэщIынущ, абы икIи уигъэжэкъуэнущ. Игъуэу жыIа хъуам фIагъыу къимышэ щыIэкъым. Абхъаз щIыналъэм щекIуэкIа зауэр абы исхэм я щхьэхуитыныгъэр, я жьэгу пащхьэр хъумэным хуэунэтIауэ зэрыщытыр, я Iыхьлыхэм къащыжыным зэрыхуэгъэзар тегъэчыныхьауэ ябгъэдэплъхьэмэ, щапхъэкIэрэ яхузэпкърыпхмэ, езыхэри щалъхуа щIыпIэм и лъа- пIэныгъэм хуигъэушынущ, Хэку хъумэным къикIым епха гупсысэхэм хуишэ-нущ. Арыххэуи, мы медаль тыжыныр къызэрыкIуэ зэхуэсу мыхъуу, гъэсэныгъэ мыхьэнэ зиIэ лэжьыгъэуи къэплъытэ хъунущ. Абы и IуэхукIэ упсалъэмэ, дэ, яхыхьэхэми, дызыхыхьэхэми тщIэр къызэрытщыхъур гурыIуэгъуэ хъу къысщохъу.
- — Тимур, зым и дежкIи щэхукъым адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ я зэхущытыкIэм щIыIэ гуэр дэлъ зэрыхъуар. Мыпхуэдэ гулъытэ щIыныр ди зэхущытыкIэхэм хуэщхьэпэну пIэрэ?
- — Узахуэщ, Iуэхум жыжьэ дыдэу фIэкIа хэзымыщIыкIми ещIэ а щIыIагъыр зэрыщыIэр. Абхъаз щIыналъэм и щхьэхуитыныгъэм щIэзэуну езыхэм яфIэфIу кIуа щIалэхэм я махуэр, шыщхьэуIум и 15-р, Iэтауэ щагъэлъэпIащ Абхъазым. Зауэм хэта щIалэхэм ящыщ куэд абдеж къыщынащ, я псэуныгъэри а щIыналъэм епха хъуащ. КъыдэхъулIэмэ, ахэри дэри дызэхуэсу ди Iуэ-хум дрипсэлъэнущ, абы хэлъ зэхэмыбзхэр зэрыдгъэкIуэдыным шэщIауэ я щхьэфэ диIэбэнущ. Ди гукъеуэхэм унафэ пыухыкIа тещIыхьауэ, лъэныкъуэ псо-ми ди псалъэр зэтес хъуауэ Абхъаз къэралыгъуэм и Iэтащхьэм деж дыщIыхьэну ди гугъэщ. Абы мис а зи гугъу пщIы щIыIагъэр къэзышэ щхьэусыгъуэхэмкIэ депсэлъылIэнущ, ахэр гъэкIуэда зэрыхъунум и гугъур къэтIэтынущ. ДэркIэ гурыIуэгъуэщ ди пщIэр дымыIыгъыжмэ, ди Iуэхур дэ ды-мыгъэкIуатэмэ, дэIэпыкъуэгъу щIагъуэ дызэримыIэнур. Iэщэр къэзыщтэу зауэ Iухьа щIалэхэр псори — Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Шапсыгъым икIахэр — дызэрызэкъуэтыр, ди акъыл зэрызэтехуэр ялъагъумэ, мыкIуатэр зэрыкIуэтэнум шэч хэлъкъым. Дызэрызэхущытыр нахуэ ящытщIмэ, ди гуныкъуэгъуэхэми кIуэрабгъу гуэр яIэну къыщIэкIынщ. Ди зэхуаку дэлъ щIыIагъэр апхуэдэурэ къэдгъэувыIэу зэтес зэрытщIыным, ди зэхущытыкIэр зэредгъэфIэкIуэным делэжьынущ. Сыт хуэдэ Iуэхури гуращэ дахэм къыхэкIын, гуращэ дахэкIэ зэблэхын хуейщ. Ди щIалэхэр псори зи ужь дитыр аращ. Мы етхьэкI IуэхущIафэхэри апхуэдэ гулъытэщ къэзыгъэщIари, IэхъуэгъуэтегъэкI дымыщIу дыщIыпылъри аращ.
- Гугъэ мыушэ щыIэкъым, фIыщ псори дызыпэплъэр.
- Епсэлъар ТАБЫЩ Муратщ.