ЩIыналъэ зэпеуэхэр къапоплъэ
2020-03-26
- Налшык щекIуэкIащ гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм я лъэужьхэр щагъэкIуэдыжкIэ къегъэлакIуэ лэжьыгъэхэр зэрызэфIахым теухуа зэхьэзэхуэ. Ар ирагъэхьэлIат Урысей МЧС-р илъэс 30 щрикъум.
- Зэпеуэм хэтащ мафIэсышхуэхэр гъэункIыфIыным хуэгъэпса мафIэс-къегъэлакIуэ часть хэхам, ПСЧ №2-м, ПСЧ №23-м, Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэщIэтынымкIэ и IуэхущIапIэм, Налшык къалэ администрацэм и къэлъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ гупым я командэхэр.
- Гуп къэс хэтащ мафIэсгъэункIыфI-къегъэлакIуэу 4, гъуэгу-транспорт къэхъу къащIэхэм я лъэужьхэр гъэкIуэдыжын лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIыну хуит зыщI аттестатхэр зиIэхэр.
- Автомобиль зэжьэхэуэ къэхъуа хуэдэти, автомашинэм и бжэр Iуатхъын, абы исхэр къихауэ япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ иратын, ДэIэпыкъуэгъу псынщIэр къэса нэужь, абы иралъхьэн хуейт.
- — ЛэжьакIуэхэм къагъэлъэгъуащ зыхуэIэижьыр. Дэтхэнэми ищIэрт гупым щигъэзэщIапхъэ къалэныр. Къапщтэмэ, зым автомашинэм и кIуэцIым электрокIапсэхэр къыпихырт, адрейм гъэсыныпхъэр къижмэ къипщытэрт, нэгъуэщIхэм я къалэнт лей зытехьа хуэдэхэм (ахэр тIу хъурт) нэхъ псынщIэу ялъэIэсу автомашинэм кърахыныр, — жиIащ зэхьэзэхуэм и судья нэхъыщхьэ, мафIэсхэр гъэункIыфIынымрэ къегъэлакIуэ лэжьыгъэхэр къызэгъэпэщынымкIэ управленэм и унафэщI Къэгъэзэж Анзор.
- ИпэжыпIэкIэ, ДТП-м лей зыщытехьа цIыхур къегъэлын папщIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ япэ дэIэпыкъуныгъэр тэмэму етыным. Лъы зыфIэкIуэда, зи къупщхьэ къута, зи кIуэцIми сэкъат игъуэта цIыхум и лажьэр псынщIэу зэхэбгъэкIыу зыхуэфащэ дэIэпыкъуныгъэ иумытмэ, абы и щытыкIэр нэхъри екIэкIуэнкIэ, уеблэмэ къемылынкIэ мэхъу. Аращ судьяхэр зэпеуэм хэтхэм набдзэгубдзаплъэу щIакIэлъыплъар, зыми худамычыхыу, щхьэж и IуэхущIафэм теухуа баллхэр щIыхуагъэувар, зэфIаххэм, трагъэкIуадэ зэманым кIэлъыплъу, апхуэдэ щIыкIэкIи нэхъыфIхэр къыхэхыным щIыпылъар.
- Зэпеуэм кърикIуахэмкIэ бжьыпэр иубыдащ мафIэсышхуэхэр гъэункIыфIыным хуэгъэпса мафIэскъегъэлакIуэ часть хэхам и командэм, ПСЧ №2-м и гупым етIуанэ увыпIэр къихьащ, ещанэ хъуащ ПСЧ №23-м и лIыкIуэхэр. АдэкIэ ахэр республикэм и щIыхьыр яхъумэу хэтынущ щIыналъэ зэхьэзэхуэхэми, абыхэми ехъулIэныгъэхэр щызыIэрагъэхьэну ди гуапэщ, — къет Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэм.
- ДЫГУЛЫБГЪУ
- Жантинэ.