ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Декабрь, 2021

КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ IущIащ Матвиенкэ Валентинэ

2021-12-04

  • Москва щызэхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщI Матвиенкэ Валентинэрэ я зэIущIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

«Антарес» центрым и лэжьыгъэр къапщытащ

2021-12-04

  • КъБР- м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ «Зэчиймрэ ехъулIэныгъэмрэ» щIэныгъэ фондым и унафэщI, «ЩIэныгъэ» лъэпкъ проектым и Жылагъуэ-гъэзэщIакIуэ советым и унафэщI Шмелёвэ Еленэрэ ирагъэкIуэкIащ Гъуазджэм, спортым, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ зэфIэкI къыщызыгъэлъагъуэ сабийхэм зегъэужьыным хуэгъэпсауэ КъБР-м щылажьэ «Антарес» щIыналъэ центрым и Попечительскэ советым и зи чэзу зэIущIэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

БлэкIа зэманым ущегъэхьэщIэ

2021-12-04

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым иджыблагъэ щекIуэкIащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Нало Ахьмэдхъан Хьэмырзэ и къуэр къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъуар гъэлъэпIэным теухуа Iуэхухэр. Ахэр республикэм и IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэми езыр къыщалъхуа Хьэтуей жылэми щызэхэтащ. А цIыху щыпкъэм теухуа си гукъэкIыжхэмкIэ, и тхыгъэхэм сызрагъэгупсысахэмкIэ сэри садэгуэшэну сыхуейт «Адыгэ псалъэм» и щIэджыкIакIуэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГукъэкIыжхэр

Набдзэгубдзаплъэ

2021-12-04

  • Куэшмэн-Битокъу Рузанэ КъБР-м и Казначействэм и федеральнэ IуэхущIапIэм хъыбархэр хъумэнымкIэ и экспертщ. ЩIэныгъэ щызригъэгъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и инженерно-техническэ факультетым, Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш университетым экономикэмрэ управленэмкIэ, финансхэмкIэ и къудамэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щапхъэ

ЦIыху щыпкъэу дунейм тета

2021-12-04

  • И ныбжьыр илъэс 88-м иту щэкIуэгъуэм и 28-м дунейм ехыжащ щIэныгъэлI цIэрыIуэ, егъэджакIуэ, УФ-м щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэгъэгъуэтынымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик, Кавказ Ищхъэрэм и Курыт щIыналъэм щIыуэпсыр хъумэнымрэ физиологиемкIэ щIэныгъэ школ къыщызэIузыха, Урыс ботаникэ зэгухьэныгъэм хэт, Кавказ Ищхъэрэм и ботаникэ хадэхэм елэжь бюром и лэжьакIуэу щыта, биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Слъон Лудин Хьэчим и къуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

Пэжым и телъхьэт

2021-12-04

  • 2021 гъэм щэкIуэгъуэм и 24-м дунейм ехыжащ жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ ГуэбэщIыкI Жантемыр Мухьэмэд и къуэр.
  • Пэжым и телъхьэ, лей зытехьэм и къыщхьэщыжакIуэ, захуагъэр утыкум щызэхэзыгъэкIыф цIыху щыпкъэу и гъащIэр ирихьэкIащ ГуэбэщIыкIым. Гъуэгуанэ купщIафIэ и щIы-багъ къыдэлъщ Жантемыр, республикэм и IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм пщIэрэ щIыхьрэ иIэу щылэжьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Фэеплъ

Адыгэгу зиIэ, лъэпкъыпсэ зыIут Къущхьэ Догъэн и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу

2021-12-04

  • ЦIыхум и гум, и псэм Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр щигъафIэ хабзэщ, ар лэжьыгъэм, унагъуэм ехьэлIауэ щрет е гъащIэм щыщ нэгъуэщI хъуэпсапIэхэм епхауэ ирехъуи. Зи унагъуэ исыж, зи Хэку щыпсэуж цIыхум зыхимыщIэн куэд хэхэсхэм я гущIэ лъапсэм зэрыщаIыгъым сэ шэч къытесхьэркъым. Ар куэдрэ хьэкъ тщохъу, хамэ къэралхэр псэупIэ зыхуэхъуа ди лъэпкъэгъухэм я гурыгъу-гурыщIэхэр къыщытхуаIуатэкIэ, адыгэ лъэпкъым ехьэлIауэ ящIэфымрэ ялэжьыфымрэ ди нэгу щыщIэкIкIэ. Сыт хуэдэ Iуэхум епхауэ щытми, ар тIасхъэ хъуа иужьщ нэхъ ерыщу цIыхур абы елэжьын щыщIидзэр. Арагъэнщ адыгэ макъамэм, уэрэдым, ахэр усынымрэ утыкум щыгъэзэщIэнымрэ яужь щIихьауэ щытар зи махуэр зыгъэлъапIэ адыгэлI ахъырзэманыр. Хэкупсэ нэсу зэрыщытыр зи IуэхущIафэкIи дуней тетыкIэкIи наIуэ зыщI, адыгэ лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэу щыта хьэпшып куэдыкIейхэр зэхуэзыхьэсыжауэ зыхъумэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ди щIэджыкIакIуэхэми республикэм щыпсэу нэгъуэщI куэдми фIыуэ яцIыху Къущхьэ Догъэн и ныбжьыр дыгъэгъазэм и 3-м илъэс 65-рэ ирикъуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

И хъуэпсапIэр къехъулIащ

2021-12-04

  • УФ-м щIыхь зиIэ и художник, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием хэт, ЩIДАА-м, европей академие зыбжанэм я академик КIыщ Мухьэдинрэ абы и щхьэгъусэ икIи и арт-менеджер Мосс Жаклинрэ Налшык Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ и проспектым щаухуагъащIэ унэм 2018 гъэм къыщащэхуа фэтэрым ехьэлIауэ зыхэхуа хьэлэбэлыкъым теухуа хъыбарым газетеджэхэр ипэIуэкIэ фыщыдгъэгъуэзат.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ

Унагъуэр быдэмэ,  жылагъуэр лъэщщ

2021-12-04

  • Шэч къызытумыхьэжыну псалъэ пэжщ, сыту жыпIэмэ жылагъуэмрэ унагъуэмрэ зэпэщхьэхуэу, зырызу, зыр зым къуэмыту, щхьэхуэу зэдыщыIэнкIэ Iэмал зимыIэщ. Адыгэбзэ, Адыгэ Хабзэ, зэхущытыкIэ дахэ, зэгурыIуэныгъэ — а псор щызекIуэри, цIыхур цIыху щыхъури адыгэ унагъуэрщ. «Унэм зыщыгъаси, хасэм хыхьэ», — лъэпкъ Iущыгъэм зэрыжиIэщи, унагъуэм къыщыпщта щэнырщ, цIыхугъэрщ, адыгагъэрщ цIыхум и гъащIэ псом кIуэцIришри. Унагъуэ узыншэм и лъабжьэщ нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ я зэхуаку дэлъ пщIэр хъумэныр, зым и щхьэ адрейр ирилъытыныр. Апхуэдэуи, унагъуэр лъэпкъым и бжыгъэм хэгъэхъуэным, зиузэщIыным и къежьапIэщ. А щIыкIэм тету унагъуэр лъэпкъым и зэфIэкIми, и гушхуэныгъэми, и дуней тетыкIэми, и хабзэми ублапIэ хуохъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2021-12-04

  • Псалъэжьхэр
  • Анэм лъэгу  щIэтын зыхуэщI
  • Гъатхэ дыгъэ си нысэ типси, бжьыхьэ дыгъэ сипхъу типсэ.
  • КъуэфI и анэ гуфIэ щигъащIэркъым.
  • Ажалым умылъыхъуэ, езым укъигъуэтынщ.
  • Гум фIэIэфIыр нэм фlэдахэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

Зи IэщIагъэм хуэIэзэ  бзылъхугъэ гумызагъэ

2021-12-04

  • ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ зэрылъ унагъуэшхуэм хуэдэу дызэдолажьэ, дызэдопсэу «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм щыIэхэр. Абы щызекIуэ Iуэху зехьэкIэм и лъабжьэщ лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ хъумэныр, нэхъыжьым и пщIэр Iыгъыныр, нэхъыщIэм гъуэгу етыныр. Редакцэм щылажьэ нэхъыжьыIуэхэми ядэплъейрэ ди лэжьэгъу ныбжьыщIэхэми щапхъэфI зытрахыу гупым къытхэтхэм ящыщщ къыщалъхуа махуэ дахэр нобэ зыхуэдгъэлъапIэ Ныр (Зыхьэ) Саидэ. Зи псэр къабзэ, зи гур хуабэ а бзылъхугъэ щыпкъэр ди газетым и ехъулIэныгъэм илъэс куэд хъуауэ хьэлэлу хуолажьэ, абы и къыдэкIыгъуэхэр дахэ хъуным елIалIэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

Министрым ирегъэблагъэ

2021-12-04

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм пресс-конференц щекIуэкIащ. Журналистхэм яIущIащ спортымкIэ министр Хьэсанэ Ислъамрэ тэмэму зэхэзымыххэм тхэквондомкIэ я дунейпсо чемпионатым щытекIуа Сатушы Мадинэ, Жылэ Татьянэ, абыхэм я тренер Ахъмэт Амир сымэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

Дунейпсо чемпионатым зыхуагъэхьэзыр

2021-12-04

  • Къэзан дэт, щхьэзакъуэ зэзауэхэмкIэ «Ак Барс» уардэунэм щекIуэкIащ мыолимп тхэквондомкIэ Урысей Федерацэм и чемпионатрэ зэхьэзэхуэрэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ 52-м къикIа спортсмен 900-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэм Тэтэрстаным щызыIэрагъэхьащ медаль зэмылIэужьыгъуэу 10.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр