ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Набдзэгубдзаплъэ

2021-12-04

  • Куэшмэн-Битокъу Рузанэ КъБР-м и Казначействэм и федеральнэ IуэхущIапIэм хъыбархэр хъумэнымкIэ и экспертщ. ЩIэныгъэ щызригъэгъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и инженерно-техническэ факультетым, Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш университетым экономикэмрэ управленэмкIэ, финансхэмкIэ и къудамэм.

  • ЦIыхум и щIыкIэ хъунур и сабиигъуэм къыщожьэ. Хьэл-щэн хуэхъунухэр, гъащIэм нэхъ щыдэзыхьэхынухэр абдеж убзыхуа щыхъуу къыщIэкIынущ. Рузанэ и гумызагъагъым и къежьапIэри сабиигъуэрщ:
  • — СызэрыцIыкIурэ сесат зыгуэрым зеспщытамэ, ар Iэмал имыIэу фIы дыдэу сщIэн хуейуэ. КъэхъункIэ хъунукъэ апхуэди… Школым сыщыщIэсым къысхуихуащ 3 къэсхьу, ар си гум щыщIыхьа, сыщытегъа. Си адэ-анэр абы щхьэкIэ зэи къызэшхыдэнутэкъым, сэ езым зыхуэзмыгъэфащэу арат. Школым «тху» защIэкIэ сыщеджащ, еджапIэ нэхъыщхьэхэри диплом плъыжькIэ къэзухащ, — жеIэ абы икIи пещэ. — ЩIэныгъэр, ныбжьэгъухэр, егъэджакIуэхэр, Iуэхугъуэ дахэхэр — куэд мэхъу си гум гуапэу къинар. Къапщтэмэ, еджэныр нэхъ гугъуу къысщохъу лэжьэным нэхърэ. Ущеджэм деж махуэ къэс уэру гупсысэщIэхэр, хъыбархэр къокIуэ. УтеплъэкъукI хъуркъым еджэным. Сыщыстудентым сымыжейуэ жэщым сыщыщыса куэдрэ къысхуихуащ, нэхъыбэ къэсщIэн папщIэ.
  • Сэ сызыщеджа инженер-техникэ факультетым хъыджэбз щымащIэти, егъэлеяуэ дагъафIэрт, пщIэ къытхуащIырт. Зэгуэр, япэ курсым дыщIэсу, еджапIэ дэфтэрхэм халъхьэну ди паспорт копиехэр зэхуэтхьэсырт. Си паспортыр къэзылъэгъуа ди курсэгъум «УэI, мыбдеж ди нанэ урещхьщ», — жиIэри гушыIат. Ар гупым щIэсхэм зэхахри, «нанэ» къысфIащащ. Къэзухыху аращ къызэрызэджар, иджыри дыщызэхуэзэхэм «нанэ» къызжаIэ, — къыддогуашэ ди псэлъэгъур.
  • КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ къэрал мэкъумэш университетым заочнэу щеджэу, Казначействэм лэжьэн щыщIидзащ Битокъу Рузанэ. ЗэрыжиIэмкIэ, япэ махуэхэр къегугъуэкIащ. Ауэ фIы дыдэуи хэгъуэзащ. Лэжьыгъэм и щэхухэр къищIащ, и гум дыхьащ. Мыхьэнэшхуэ иIэщ уи псэм фIэфI IэнатIэм упэрытыным, абы гукъыдэж къыпхелъхьэ. Рузанэ лэжьакIуэ набдзэгубдзаплъэщ, хэлъэт иIэщ — зыпэрыт IэнатIэм аращ щынэхъыщхьэр.
  • — Си лэжьыгъэм къалэн къысщещI цIыху куэдым сагурыIуэну. ИтIанэ, жэуаплыныгъэшхуэ сохь. Псалъэм папщIэ, «электроннэ IэщIэдз» жыхуаIэр къэрал къулыкъущIэхэм язот. Абы папщIэ, я гъащIэм, лэжьыгъэм теухуа дэфтэрхэм зыщызогъэгъуазэ. Абы нэгъуэщIынэ тебгъаплъэ хъунукъым. ЦIыхухэм сэбэп сазэрыхуэхъуным яужь ситщ, куэдым щIэупщIэу зыкъысхуагъазэ, я дзыхь къызагъэз. Езыхэми псалъэ гуапэ куэд зэхызагъэх — аращ гукъыдэж къысхэзылъхьэр, — жеIэ абы.
  • ЦIыху щыхъукIэ, иIэщ гъащIэм щапхъэ щыхуэхъу, чэнджэщ щыхуэныкъуэм деж зэжалIэ, и щэху зриIуэтылIэ. Рузанэ и гъащIэм щапхъэ нэхъыщхьэу хэтыр и адэ-анэрщ:
  • — Ахэращ дуней тетыкIэу си-Iэн хуеймкIэ гъуазэ схуэхъуар. Гугъу зэрехьри слъэгъуащи, абыхэм зэрыпхыкIыф щIыкIэр згъэщIагъуэрт. Сыт хуэдэ Iуэху пэрыувэми зызэщIагъакъуэ, зэролъытэ. Си анэ-адэм я деж щыслъэгъуа зэхущытыкIэ дахэм и щапхъэр тегъэщIапIэ щызощI сэ езым сухуа унагъуэщIэм зэгурыIуэрэ пщIэрэ илъыным теухуауэ.
  • Тхылъхэми куэдым хуагъасэу жеIэ Рузанэ. Псом хуэмыдэу художественнэ тхыгъэхэр Iэпэгъу зыхуэхъуар абыхэми насыпыфIэ ящIу къелъытэ.
  • — НэхъыфI дыдэу слъагъу тхылъу сиIэщ Остин Джейн и «Гордость и предубеждение» зыфIища и романыр. ГъащIэ тхылъщ ар, лъагъуныгъэр и лъабжьэу. Къытезгъазэурэ куэдрэ седжащ, седжэхуи щIэщыгъуэ къыщызгъуэтащ, — жеIэ.
  • Битокъу Рузанэ инстагра-мым щиIэ напэкIуэцIым гу зылъыуегъатэ: абы цIыхухэм щадогуашэ шхын IэфIхэр зэрапщэфI щIыкIэмкIэ. ПщэфIэныр абы фIыуэ илъагъу Iуэхухэм ящыщщ.
  • — IэфIу пщэфIэныр бзылъхугъэм къыдалъху зы хьэл дахэу къысщохъу, моуэ нэхъ щаби нэхъ гуапи щIэхъукIыу и хьэ-лыр. Сэри пщэфIапIэм щызгъакIуэ зэманыр сфIэфIщ. Си анэм сыхуигъэсащ пщэфIэным. СыщыцIыкIум ар щыпщафIэкIэ сригъусэт, куэдым сыщIэупщIэрт, сыдэIэпыкъурт. ТIэкIу сыкъыдэкIуэтейри, сэри сыпщафIэу щIэздзащ. Илъэс 13-м ситу япэу хупцIынэ спщат си анэр къыскIэлъыплъурэ. КъызэгугъуэкIати, «зэрэ-тIэурэ упщмэ, уесэнущ», къызжезыIауэ щыта си анэм иджы езым нэхърэ нэхъыфIу сыпщу жеIэ.
  • ПщэфIэным зебгъэсэным ди зэманыр хуэщIащ. УпщэфIым хэплъхьэ ерыскъыхэкIхэр куэду щыIэщ, зэрыбгъэхьэзырынуращи, щIэщыгъуэ куэд интернетым къыщыбогъуэт е нэхъ къапщтэмэ, курсхэм зыхебгъатхэми хъунущ. Сэ, псалъэм щхьэкIэ, сыпщэфIхэм я рецептхэр инстаграмым щызиIэ напэкIуэцIым къызолъхьэ, абыхэм къыщIэупщIэхэм си гуапэу сэбэп сахуохъу, — жеIэ Рузанэ.
  • Сыт хуэдэ Iуэхум темыпсэлъыхьми, Рузанэ и гупсысэхэр бзыгъэщ. Я нэхъ Iуэху цIыкIуу къыпщыхъуми акъыл хелъхьэф. ЦIыхур дунейм къытехьэныр насыпырыхьу къелъытэ икIи гъащIэм хелъагъуэ а насыпыр зэрихъумэн Iэмал куэд.
  • — ФIыуэ слъагъухэр узыншэныр, я Iуэху кIуэтэныр насыпщ сэркIэ. Насыпщ мы дунеишхуэм сэр папщIи зы плIанэпэ зэрыщыIэр, си гупсысэм сызэрыхуитыжыр, цIыхухэм си сэбэп зэрезгъэкIыфыр, псэкIэ си гъунэгъухэм сыкъызэраухъуреихьыр, — жеIэ абы.
  • Гугъуэт Заремэ.