Адыгэгу зиIэ, лъэпкъыпсэ зыIут Къущхьэ Догъэн и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу
2021-12-04
- ЦIыхум и гум, и псэм Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр щигъафIэ хабзэщ, ар лэжьыгъэм, унагъуэм ехьэлIауэ щрет е гъащIэм щыщ нэгъуэщI хъуэпсапIэхэм епхауэ ирехъуи. Зи унагъуэ исыж, зи Хэку щыпсэуж цIыхум зыхимыщIэн куэд хэхэсхэм я гущIэ лъапсэм зэрыщаIыгъым сэ шэч къытесхьэркъым. Ар куэдрэ хьэкъ тщохъу, хамэ къэралхэр псэупIэ зыхуэхъуа ди лъэпкъэгъухэм я гурыгъу-гурыщIэхэр къыщытхуаIуатэкIэ, адыгэ лъэпкъым ехьэлIауэ ящIэфымрэ ялэжьыфымрэ ди нэгу щыщIэкIкIэ. Сыт хуэдэ Iуэхум епхауэ щытми, ар тIасхъэ хъуа иужьщ нэхъ ерыщу цIыхур абы елэжьын щыщIидзэр. Арагъэнщ адыгэ макъамэм, уэрэдым, ахэр усынымрэ утыкум щыгъэзэщIэнымрэ яужь щIихьауэ щытар зи махуэр зыгъэлъапIэ адыгэлI ахъырзэманыр. Хэкупсэ нэсу зэрыщытыр зи IуэхущIафэкIи дуней тетыкIэкIи наIуэ зыщI, адыгэ лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэу щыта хьэпшып куэдыкIейхэр зэхуэзыхьэсыжауэ зыхъумэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ди щIэджыкIакIуэхэми республикэм щыпсэу нэгъуэщI куэдми фIыуэ яцIыху Къущхьэ Догъэн и ныбжьыр дыгъэгъазэм и 3-м илъэс 65-рэ ирикъуащ.
- «Хэкур хэкущ, дызэрыцIыкIу лъандэрэ абы и хъыбарым дыкъыщIэтэджащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым ущыщыIэм и деж, мыр си уафэщ, мыр си щIылъэщ жыбоIэри, уи псэм зегъэпсэху. ДэнэкIэ щыпсэу адыгэхэми ящыщу къэкIуэжыфыр къэкIуэжын е хамэ къэрал кIуэуэ зыщагъэпсэху нэхърэ Хэкужьым зыщаплъыхьыныр нэхъ ягъэнэхъапэу щытын хуейщ», — жеIэ щыпсэу Тыркум къикIыу, Iэмал, щхьэусыгъуэ къыкъуэкIыххэмэ, зи лъэр лъахэм къэзыху Догъэн. Илъэс зыбжанэкIэ къэмыкIуэжыфауэ, 2019 гъэм Налшык щыхьэщIат ар. Абы щыгъуэ дыщыхуэзам уи фIэщ хъунтэкъым гуфIэгъуэрэ дэрэжэгъуэу абы и нэгум кърихыр, и ныбжьэгъухэр зэрилъэгъуам, зэрабгъэдэсам, ди лъахэм и щIыпIэ куэдым и лъэр зэрынихусам игъэгушхуауэ.
- Догъэн игъэзащIэ уэрэдхэр цIэрыIуэщ, и макъым цIыхубэр дехьэх. Абыхэм я лъабжьэр лъэпкъым и тхыдэрщ, и гукъеуэрщ нэхъыбэу. УэрэдкIэ нэхъ къацIыху хъуами, музыкэм хуеджакъым Догъэн, апхуэдэ IэщIагъи иIэкъым. Техникэ институтым щригъаджэу щытащ. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ къэрал Iуэхум къыпыкIауэ езым хьэрычэт ещIэ, Японием, Германием, Голландием щыIэ завод гуэрхэм я дилеру мэлажьэ. Станокхэр кърагъашэ, ягъэув, ахэр зыгъэлэжьэну IэщIагъэлIхэр ягъасэ. Абы къыдэхуэ зэман тIэкIур адыгэ Iуэхум — уэрэдхэм, IуэрыIуатэм, хъыбархэм, Хасэм — ятрегъэкIуадэ.
- Къущхьэм зэрыжиIэмкIэ, Тыркум щыпсэу адыгэ лIыжь-фызыжьхэм жаIэжу кIуэдыжыным нэса уэрэдыжьхэр, хъыбархэр, псалъэжьхэр, таурыхъхэр, тхыдэм теухуа гукъэкIыжхэр зэщIэкъуэжынырщ, зэхуэхьэсыжынырщ Iуэхур къыщежьар. «Ахэр, Iэмал имыIэу, лъэпкъым и пащхьэ ихьэжын хуейт. Компьютери диктофони щымыIэу, IуэрыIуэтэжу, зы жьэм жьэдэкIмэ, адрейм жьэдыхьэурэ ди деж къыщахьэсыфакIэ, дэ Iэмалу диIэр къэдмыгъэсэбэпыныр икIи емыкIут икIи гуэныхьт», — жеIэ Догъэн. Апхуэдэу зэхуихьэсыжа уэрэдыжьхэращ зэман ипэкIэ къыдигъэкIа дискитIым тетыр. ТыркумкIи КъэбэрдеймкIи псынщIэ дыдэу щызэбгрыкIащ ахэр, радиокIи куэдрэ къат. Ар апхуэдэу къыщIапхъуэтар лъэпкъым и гум къыдэкIащ, адыгэу зыкъэзылъытэж дэтхэнэ зыми и щIасэ бзэжькIэ тхащи аращ. Абы тетщ Къэбэрдейм щауса зыбжани, Догъэн игу ирихьу хигъэхьауэ. Уэрэд тIощIрэ тхум нэс щызэхуэхьэсауэ иужькIэ къыдигъэкIа дискитIым тетыр къанэ щымыIэу псори Тыркум щаусащ. ИстамбылакIуэм и гугъу зыщI, адыгэхэм я щхьэм кърикIуам тепсэлъыхь уэрэд гуузхэри, лъагъуныгъэ, гуфIэгъуэ уэрэдхэри яхэтщ абыхэм.
- Ди хэку дыщыпсэужу дызыIууэ Iуэхущ анэдэлъхубзэр ди щIэблэм къазэрыIурытчыр, абыкIэ псалъэхэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ зэрыхъур. Апхуэдэ гукъеуэм хэхэсыр щыхъума хъун-тIэ?
- — Нэхъ пасэхэм адыгэхэм захъумэжыну нэхъ тыншт, къуажэ цIыкIухэм зэрыIыгъыу дэсти. Адыгэхэр нэхъыбэ хъущ, къуажэ цIыкIухэм я экономикэм ахэр къимыгъэшхэжу хуежьэри, 1960 гъэхэм яужькIэ, къыдэкIыурэ къалэхэм Iэпхъуэу щIадзащ. Иджыпсту, къапщтэмэ, процент 20 хуэдизщ ди лъэпкъэгъухэм ящыщу къуажэхэм къыдэнар, адрейхэм къалэшхуэхэр псэупIэ яхуэхъуащ. Мис ар зэран хъуащ ди щхьэр, ди бзэр, ди хабзэхэр тхъумэжынымкIэ, — жеIэ Догъэн. — Сэ 1956 гъэм сыкъалъхуащи, си ныбжьыр илъэсибл хъууэ пэщIэдзэ классым сыщыкIуам, тыркубзэ сщIэртэкъым, си цIэмкIэ къызэупщIмэ, жэуап схуетыртэкъым. Иджыпсту къуажэхэм удыхьамэ, зы сабий адыгэбзэ ищIэу щыбгъуэтыжынукъым. Лъэпкъ гукъеуэ зэрылъ унагъуэ закъуэтIакъуэххэм ирагъащIэ я бынхэм адыгэбзэ. Иджыпсту илъэс пщыкIутху-тIощI зи ныбжь щIалэгъуалэм, зэман дэкIмэ, зэбгъэдэтIысхьэу адыгэбзэкIэ зэпсэлъэфыну къахэкIынур мащIэ дыдэщ. Пэжщ, иджыри зыкъомрэ дэ дыадыгэщ жаIэнщ, ауэ бзэр яIэщIэхумэ, абы хабзэми щэнхабзэми щыщ куэд здихьынущ. ЖысIэну сызыхуейращи, егъэлеяуэ псынщIащэу дыхокIуэдэж, къалэхэм дэкъухьа дызэрыхъуам и мызакъуэу, глобализацэ жыхуэтIэу къежьа Iэмал куэдыкIейхэм я «фIыгъэкIэ». Аращ нэхъ гукъеуэшхуэу диIэр, абы нэхърэ нэхъ гузэвэгъуи щыIэу си фIэщ хъуркъым. Насып зиIэм и Хэкужь къигъэзэжынщ, я щIыпIэр псэупIэ ящIыжынщ, апхуэдэу мыхъумэ, «Мысырми щыпсэурт адыгэ» жыхуаIэм дыщыхуэкIуэну зэманыр жыжьэкъым.
- Къущхьэ Догъэн хэкурысхэмрэ хэхэсхэмрэ дызэрыщIэ, нэхъ тыншу дызэкIэлъыкIуэ, ди зэпыщIэныгъэхэри нэхъ быдэ зэрыхъуам мыхьэнэшхуэ иIэу къелъытэри, абы щогуфIыкI. Хэкум къыщыIу макъамэхэм, къафэжьхэм Тыркум щыпсэу пшынауэхэр еуэу хуежьащ, хэхэсхэм я къэфэкIэр мыбы къэсауэ утыкухэм щагъэзащIэ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм хузэфIэкIам я нэхъыщхьэщ Тыркум щыпсэу сабийхэр Налшык къакIуэ, хэкурыс ныбжьыщIэхэр Тыркум еблагъэ зэрыхъуар. «Абыхэм я зэныбжьэгъугъэр уасэ зимыIэщ, арщхьэкIэ ирикъуркъым, мащIэщ, нэхъыбэж тщIэн хуейщ. Тыркум и къуажэхэм дэсщ нэхъыжьыфIхэр, Налшык дэнэкIэ гъэзами ямыщIэу, ауэ я пщIыхьэпIэ IэфIхэм хэту, — жеIэ Догъэн. — Апхуэдэхэр Хэкум къэшамэ, махуэ зыбгъупщIкIэ щыгъэIамэ фIыт. КIуэжынти, я къуажэдэсхэм, благъэ-Iыхьлыхэм хъыбар хуаIуэтэжынт. Мис абы ди Iэр зэрыхунэмысамкIэ ДАХ-м апхуэдиз илъэскIэ хэта сэри къуаншагъэ збгъэдэлъщ».
- Зыгуэр къыгурыIуэ зэрыхъурэ зы махуи, зы сыхьэти дэмыкIауэ адыгэм и къэкIуэнум егупсыс Догъэн игъэщIагъуэу зы Iуэху бгъэдыхьэкIэ къысхуиIуэтэжат илъэситI ипэ сыщыIущIам. Ар философие куу зыщIэлъу къысщохъу, икъукIэ згъэщIэгъуауэ зэрыщытам щхьэкIи къытызогъазэ. «Израилым сыщыIэу сызрихьэлIа зы Iуэхугъуэ гуэрщ пхуэсIуэтэжынур, Залинэ, — къыщIедзэ и хъыбарыр. — 1999 гъэхэра къыщIэкIынт, Кфар-Камэ къуажэ цIыкIум дэс адыгэхэм срагъэблэгъащ, мэз лъапэм деж тIэкIу дыщысынщ, жаIэри. Дыуэршэру дызэхэсу урыс уэрэд къэIуащ тпэмыжыжьэу щыс гупым къыхадзауэ. Ахэр хэт сымэми сыщыщIэупщIэм, Урысейм къикIа журтхэрауэ къызжаIащ. Абыхэм дахыхьэну зэрысфIэфIыр щыжысIэм, си гукъэкIыр къыздаIыгъащ. Сахоплъэри согъэщIагъуэ, псори зэрызэпсалъэр урысыбзэщ, езыхэри урыс нэгущ. Зы журт щIалэ псэлъэгъу къысхуэхъуащи, соупщI: «Ди лъэпкъэгъущ жыфIэу къэфшэжа щхьэкIэ, псори урысыфэщ, мыр дауэ?» Жэуапу къызитар гъэщIэгъуэнщ. «Ди бжыгъэр хэдгъэхъуэн хуейщи, сыжуртщ жызыIэр псори дэнэ къэрали къыдош. Израилым зы лэгъуп щыдгъэуващи, абы хыдодзэ, тIэкIу къыдогъэкъуалъэри, журт хъуауэ къыхыдохыж» (!) Дэ апхуэдизри дыгъэвэн хуей мыгъуэтэкъым, тIэкIу «дагъэвэпхъамэ» хэкурыс адыгэ дыхъужынурэ дежьэжынут. Мис а «лэгъупым» хуэдэ Хэкум щаухуэн хуейщ ди унафэщIхэм».
- 1995 гъэм къэкIуэжри, илъэс зытхухкIи щыпсэуат хэкум Догъэн и унагъуэр. Абы кIыхьу тепсэлъыхьыну фIэфIкъым, и Iуэхур тэмэму хузэтемыублэурэ, игъэзэжауэ аращ. АрщхьэкIэ хэкум сыкIуэжащэрэт жимыIэу зы махуи дэкIкъым Догъэн, зы сыхьэти лъахэр и гум ихуркъым. Иджыри и мурадщ къэкIуэжыну, унэ-лъапсэ тIэкIу зэригъэпэщу, нэхъыбэм мыбыкIэ щыIэу, Тыркум кIуэжрэ благъэ-Iыхьлыхэр ялъагъуу зэтриублэну.
- Хэкужьым пэIэщIэу псэуами, я дуней еплъыкIэм тIэкIу зихъуэжами, ахэр лъэпкъым зэрейр зэи щыгъупщэркъым Догъэн, и хъуэпсапIэу щыIэм я нэхъ IэфIхэри аращ зэпхар. АтIэ и гум илъым и Iэр техуэу, и унагъуэр хуэузыншэу, гуфIэгъуэрэ дэрэжэгъуэрэ иIэу и илъэс 65-м зэрыIущIам хуэдэу иджыри куэдрэ псэуну дыхуохъуахъуэ.
- ИСТЭПАН Залинэ.
- Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.