ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зи IэщIагъэм хуэIэзэ  бзылъхугъэ гумызагъэ

2021-12-04

  • ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ зэрылъ унагъуэшхуэм хуэдэу дызэдолажьэ, дызэдопсэу «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм щыIэхэр. Абы щызекIуэ Iуэху зехьэкIэм и лъабжьэщ лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ хъумэныр, нэхъыжьым и пщIэр Iыгъыныр, нэхъыщIэм гъуэгу етыныр. Редакцэм щылажьэ нэхъыжьыIуэхэми ядэплъейрэ ди лэжьэгъу ныбжьыщIэхэми щапхъэфI зытрахыу гупым къытхэтхэм ящыщщ къыщалъхуа махуэ дахэр нобэ зыхуэдгъэлъапIэ Ныр (Зыхьэ) Саидэ. Зи псэр къабзэ, зи гур хуабэ а бзылъхугъэ щыпкъэр ди газетым и ехъулIэныгъэм илъэс куэд хъуауэ хьэлэлу хуолажьэ, абы и къыдэкIыгъуэхэр дахэ хъуным елIалIэу.

  • Зыхьэхэ Анатолэрэ Ленэ-рэ я бынунагъуэ дахэм, зэгурыIуэ, пщIэ зэрылъым къащIэхъуа быниплIым я ещанэщ Саидэ. Абыи, и шыпхъухэу ФатIимэрэ Мадинэри, я дэлъху закъуэ Мухъутари я хьэл-щэнхэм я лъабжьэ адэ-анэм хуащIыфащ адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ я мардэхэр икIи а лъэпкъ фIыгъуэхэр ягъэнэхъапэу балигъ гъащIэм хагъэуващ.
  • Ди республикэм и къалащхьэм дэт курыт школ №1-р ехъулIэныгъэкIэ 1989 гъэм къиуха нэужь, Саидэ лъэпощхьэпоуншэу щIэтIысхьащ Налшык дэт Технологие техникумым икIи абыи еджэныр фIы дыдэу щызэфIигъэкIащ. Инженер-технолог IэщIагъэр зэзыгъэгъуэта бзылъхугъэ цIыкIум лэжьэн щыщIидзащ япэщIыкIэ Налшык, иужькIэ Бахъсэн къалэхэм дэт ахъшэ хъумапIэ банкхэм. Техникэм хуэIэижьу, набдзэгубдзаплъэрэ къалэн къыщащIхэм жэуаплыныгъэр зыхищIэу пэрыт Саидэ и Iуэху зехьэкIэфIым гу лъатащ. Банкым и унафэщIхэм я жэрдэмкIэ ар ягъэкIуащ а лъэхъэнэм IэнатIэ псоми хуабжьу щыхапщэу хуежьа компьютерхэм щыхурагъаджэ курсхэм. Ахэр, зэрихабзэу, ехъулIэныгъэкIэ къиухащ бзылъхугъэ Iущым икIи куэд дэмыкIыу, 1996 гъэм, ар «Адыгэ псалъэ» газетым къэуващ, абы къыщызэIуахагъащIэ компьютер IэнатIэм и лэжьакIуэу.
  • Абы лъандэрэ блэкIа илъэс 25-м къриубыдэу Саидэ а IэнатIэм щолажьэ, а унэтIыныгъэмкIэ бгъэдэлъ щIэныгъэми зэфIэкIми хигъахъуэ зэпыту. Компьютерым дехьэх, абы и Iэмалхэм ящыщ куэдым фIыуэ щыгъуазэщ ар, а техникэ телъыджэм «игъэпщкIу щэхухэр къригъэIуэтэныр» лъэкIыу. Газетым и теплъэр компьютеркIэ зэхэгъэувэным хуэщIа программэ куэдым хуэIэзэщ ар. Абы щелэжькIэ, и псэм щыщ Iыхьэ гуэр абы хилъхьэу къыпщохъу, апхуэдизу къызыхуэтыншэу лэжьыгъэр зэфIехри. Дахагъэр псэкIэ зыхэзыщIэ цIыху гумызагъэм и лэжьэкIэм укIэлъыплъынуи хьэлэмэтщ. Абы фIэфIу зэрегъэзахуэ газет Iуэхум куэдрэ узыщрихьэлIэ, зэманышхуэ зытекIуадэ, къупынщыпын лэжьыгъэхэр, набдзэгубдзаплъэу йолэжь напэкIуэцI щхьэхуэр щызэхигъэувэкIи. Саидэ и IэдакъэщIэкIыр щытлъагъукIэ, ди гур хохъуэ, езым гупым щиIэ пщIэри нэхъ лъагэж мэхъу. «Аращ-тIэ, компьютерыр уи ныбжьэгъумэ!» — куэдрэ жыдоIэ абы, и IуэхущIафэр нэрылъагъу хъуа нэужь.
  • Апхуэдэу лэжьэфынур, зи пщэрылъхэр дагъуэншэу зыгъэзэщIэфынур зи IэщIагъэмкIэ щIэныгъэфI зыбгъэдэлъырщ, хэлъэт зиIэрщ, шыIэныгъэрэ жэуаплыныгъэрэ зи щэным хэлъырщ. А мардэ псоми изагъэу Iуэхур зэфIэзых Саидэщ.
  • Ди лэжьэгъу гумызагъэм, ди ныбжьэгъум нэгъуэщI хьэлыфI куэди хэлъщ. ЗэрылэжьакIуэфIым къыдэкIуэу, ар бзылъхугъэ щыпкъэщ, унэгуащэ IэкIуэлъакIуэщ, анэ гумащIэщ. Абырэ и щхьэгъусэ Русланрэ (ар инженер-электрикщ) хъыджэбзищ зэдагъуэтащ. Пщащэ цIыкIухэм я нэхъыжь Алинэ адыгэбзэр зи псэм хэлъу къэтэджа нэрыбгэщ. Абы КъБКъУ-м адыгэбзэмкIэ и къудамэм и бакалавриатыр диплом плъыжькIэ къиухащ. Мы зэманым и щIэныгъэм магистратурэм щыхегъахъуэ. Зэшыпхъухэм я курыт Каролинэ биологие IэщIагъэм КъБКъУ-м щыхуоджэ, ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьэу. Быным я нэхъыщIэщ Эвели-нэ. Ар зэрысабийрэ гъуаз-джэм дихьэхыу къэхъуащ, Нартан къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и уардэунэм къыщызэрагъэпэща «Вагъуэ цIыкIу» къэфакIуэ ансамбль цIэрыIуэм хэтащ, ди къэралым и щIыпIэ куэдым зыкъыщигъэлъэгъуащ, текIуэныгъэ инхэр къыщихьу. Нэ фыгъуэ зытрамыгъаплъэм хуэдэщ Нырхэ я унагъуэри, Тхьэм къихъумэ.
  • Саидэ пщIэ хуозыгъэщI нэгъуэщI Iуэхугъуэхэри щыIэщ. Апхуэдэу дэ ди нэгу щIэкIащ ар и гуащэ-тхьэмадэм зэрахуэгуэпар, адэ-анэм, и пщыпхъу закъуэ Светланэ, и анэкъилъхухэм зэрахуэгумащIэми гу лъыдотэ. Нэхъыжьхэм ящыщу нобэ абы хуэпсэужыр и анэ Ленэщи, ди ныбжьэгъум дохъуэхъу и анэм и жьауэр щхьэщымыкIыу иджыри куэдрэ псэуну.
  • И хьэл-щэныр, и дуней тетыкIэр лъэныкъуэ псомкIи дагъуэншэу къэтлъытэу апхуэдэущ Саидэ гупым къызэрытхэтри, дрогуфIэ апхуэдэ лэжьэгъу щыпкъэ дызэриIэм.
  • Нэмысрэ хабзэрэ зыхэлъу дунейм тет, зыпэрыт IэнатIэр жыджэру езыхьэкI, гупгъэдахэу къэтлъытэ Ныр Саидэ дохъуэхъу къыщалъхуа махуэмкIэ. Узыншэу, унагъуэ насып щымыщIэу, зэщхьэгъусэхэм къащIэхъуэ щIэблэмкIэ яIэ хъуэпсапIэхэр къехъулIэу дунейм куэдрэ Тхьэм тригъэт. И благъэхэр, Iыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр — фIыуэ къэзылъагъухэр къыкъуэту Тхьэм игъэпсэу ди Саидэ.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.