ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2021-12-04

  • Псалъэжьхэр
  • Анэм лъэгу  щIэтын зыхуэщI
  • Гъатхэ дыгъэ си нысэ типси, бжьыхьэ дыгъэ сипхъу типсэ.
  • КъуэфI и анэ гуфIэ щигъащIэркъым.
  • Ажалым умылъыхъуэ, езым укъигъуэтынщ.
  • Гум фIэIэфIыр нэм фlэдахэщ.

  • Акъыл зимыIэм насып иIэкъым.
  • Анэм лъэгу щIэтын зыхуэщI.
  • 3и щхьэ уи унэ исым и псэ уи унэ илъщ.
  • 3и Iуэху зыфIэмыбэрэ зи бын зыфIэмыдахэрэ щыIэкъым.
  • АкъылыфIэм делэми бзэ къыхуегъуэт.
  •  
  • Фэ фщIэрэ?
  • Уэщыщхьэм уэщыкIри зэрыкIэлъидзар
  • Бэзэрым зылI тетт туфлъэ щIэрыпситI лъыгъыу. Абы къыбгъэдыхьащ имыцIыху лIы гуэр икIи, и ныбжьэгъужь хуэдэ, къыдэуэршэру хуежьащ.
  • — Къысхуэгъэгъу, ауэ сэ уэ усцIыхуркъым, — жиIащ туфлъэщIэхэр зылъыгъ лIым.
  • — ЛIо, туфлъэщIэ къызэрыпщэхуу уи ныбжьэгъухэр умыцIыхуж ухъуауэ ара? — и жагъуэ ищI хуэдэу зищIащ модрейм, къапхъуэщ, лIым и шляпэр къыщхьэричщ, унащхьэм дридзейри зигъэбзэхыжащ.
  • Мыдрейм къыщыхъуащ ар чэф гуэру. ИщIэнур имыщIэу здэщытым, абы къыбгъэдыхьащ имыцIыху нэгъуэщI зылI икIи дыхьэшхыурэ жиIащ:
  • — Напэншагъэ хэлъу ауан укъищIащ абы, пэжкъэ? ЩхьэпцIэу ухэмыт мы дыгъэ гуащIэм. Уи пыIэр щхьэ къыумыхьэхыжрэ?
  • — Унащхьэ лъагэм дауэ сыдэпщеин? ПкIэлъей зэрызимыIэр плъагъуркъэ?
  • — Сэ сыбдэIэпыкъунщ, — жиIащ лIы мыцIыхум.
  • — Къытеувэ мыдэ си дамащхьэм, сэ ущIэсIэтэнщи, адэкIэ тыншу удэкIуеинщ. Хъункъэ?
  • Туфлъэхэр зейм лIы имыцIыхум фIыщIэ хуищIащ. Модрейм зригъэзыхри, лIыр и дамащхьэм тригъэувэри зыкъиIэтыжащ. ЛIыр адэкIэ дэбэкъуеину щыхуежьэм, мыдрейр къэгубжьащ:
  • — УгъэщIэгъуэнщ уэ! Уи пыIэр къепхьэхыжыну уопIащIэ, ауэ щыхъукIи си джанэр зэрыбутэр къыпфIэIуэхукъым. Уи туфлъэхэр, зэрыщIэм щхьэкIэ, я лъэгур мыфIей уи гугъэрэ? Си джанэр сфIэбуцIэпIащ.
  • ТуфлъэщIэхэр зейм ахэр псынщIэу зылъигъэпкIри, лIы мыцIыхум къритащ, езыр лъэпэд лъапцIэу унащхьэм дэкIуеящ. И пыIэр къищтэжыну щыIэбэм, жьы къыкъуэури ирихьэжьащ. Къехыжыну къызэплъэкIмэ… лIы мыцIыхур щIэпхъуэжауэ, туфлъэщIэхэр къыхуигъэджэгуу цIыху Iувым яхэлъэдэжырт. Арати, зэрыжаIэу, уэщыщхьэм уэщыкIри кIэлъидзащ.
  • Юань Мэй, китай тхакIуэ
  • ЗэзыдзэкIар Къагъырмэс Борисщ.
  • Шхыныгъуэхэр
  • Джэдыл гъэбэкхъа
  • Абы щхьэкIэ нэхъ къащтэр джэдыжьщ. Джэд гъэкъэбзар Iыхьэ-Iыхьэурэ зэпкърах, псы щIыIэкIэ ятхьэщIыж. Джэдыл Iыхьэхэр шынакъ мыулъийм иралъхьэ, шыгъу, губгъуэпхъ, мыцIыкIу дыдэурэ упщIэта бжьыныщхьэ, бурш мыхьэжа, IупщIэ цIыкIуурэ упщIэта шыбжий сыр мыхьэжа халъхьэ. Псы щIыIэ тIэкIу хакIэри, фIыуэ зэIащIэ, бжьыныпсыр фIыуэ къыщIахуху. Шынакъыщхьэр трапIэжри, нэхъ зэхэшыпсыхьын щхьэкIэ щIыIапIэм ягъэув сыхьэти 8 — 10-кIэ е нэху кърагъэкI. А зэманым къриубыдэу джэдылыр зэ-тIэу зэIащIэ. Щагъэжьэнум деж джэд Iыхьэхэм кIэрыпщIахэр къыкIэрахри, езы джэдылыр ягъэгъущ, тебэ куукIэ тхъу къагъэплъ, джэдыл Iыхьэ гъэгъущахэр абы халъхьэ, мафIэр ину блэуэ, зэрагъэдзэкIыурэ ягъажьэ тхъуэплъ дахэ хъуху. ИужькIэ псывэ щIакIэ, мафIэр цIыкIу ящIри, тебащхьэр тепIауэ ягъэбэкхъ, псыр щIэвэщIэным нэсыхукIэ. ИтIанэ, зэIащIэурэ, шатэпс щIакIэ, бжьыныху уба халъхьэ, тебащхьэр трапIэжри, мафIэ щабэ дыдэм тету хьэзыр хъуху ягъэбэкхъ, тебэр къытрахыж, джэдгын траудэри, и щхьэр тепIауэ дакъикъи 5 — 6-кIэ щагъэт. ЗэрызэщIэлъу Iэнэм пщтыру трагъэувэ. Дашх пIастэ хуабэ, мырамысэ.
  • Халъхьэхэр (цIыхуитху Iыхьэ):
  • Джэдылу — г 1000,
  • Тхъууэ — г 180-рэ
  • Бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 100,
  • Псывэу — г 300,
  • Бжьыныху укъэбзауэ — г 30,
  • Шатэпсу — г 300,
  • Шыгъуу, шыбжийуэ, губгъуэпхъыу, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
  • «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ.
  • ФIыщIэ
  • Сабий гуэр зеиншэ хъури, и Iыхьлы жыжьэм зришэлIэжат. Сабийр къэзыщтэжа лIыр къыхуэгущIэгъуншэт: щIалэ цIыкIум щIэх-щIэхыурэ удын гъущэ иридзырт, езыр шха нэужь, къанэр къыхуидзырт, и ней къыщыхуэмэ, щIыунэм щIидзэрти, сыхьэт бжыгъэкIэ щIигъэсырт, нэгъуэщI сабийхэм ядигъэджэгуртэкъым.
  • Зэгуэрым а псор хуэмышэчыжу щIалэ цIыкIур къыщIэпхъуэжащ. Куэдрэ къызэхикIухьащ абы дунейр: щIакхъуэ Iыхьэ щхьэкIэ лъаIуэу, къыздыпэщIэхуэм щыIурихыу. Зэгуэрым ар тежеящ дзэ хуэIухуэщIэхэм щыхуагъасэ школым и бжэщхьэIум. Школым и гъэсакIуэр апхуэдизкIэ лъэщти, и хъыбарри жыжьэ нэсат. Абы зришэлIащ щIалэ цIыкIур, дзэ хуэIухуэщIэхэми хуигъэсащ. Илъэсхэр кIуащ. ЩIалэ цIыкIур и гъэсакIуэм лъэщIыхьэжащ IэзагъкIэ. ГъэсакIуэр щылIэм и школыр щIалэм къыхуигъэнащ. Зэгуэрым щIалэр и гъэсэнхэм я гъусэу и сабиигъуэр щыкIуа щIыпIэхэм къыщыхутащ. Куэбжэпэ гуэрым деж щыст щIалэм и благъэ ткIийр.
  • — Мо лIыжьращ сыкъызыфIыщIэпхъуэжауэ щытар, — яжриIащ абы и гъусэхэм.
  • Модрейхэм я къамэхэр кърапхъуэтат я гъэсакIуэм илъ ящIэжыну. Ауэ щIалэм къигъэувыIащ ахэр:
  • — Сэ абы фIыщIэшхуэ хузощI. Иджыпсту сиIэ псори абы и фIыгъэкIэ зыIэрызгъэхьащ. Сэ сызэрыхъунур хэтыт зыщIэр, ар мыхъуамэ?
  • Къэбарт Мирэ.
  • Вавилон
  • Вавилон, Вавилонием и къалащхьэр (иджыпсту Иракым и Iэхэлъахэм хеубыдэ), зыухуауэ щытар пащтыхь Навуходоносор ЕтIуанэрщ. Ар зэманкIэ зыхуэзэр ди эрэм и пэкIэ VI лIэщIыгъуэрщ. А лъэхъэнэм къалэ дахащэу икIи бейуэ щытащ Вавилоныр. Къалэм дэт уардэунэхэмрэ члисэхэмрэ къаухъуреихьырт метр 18 зи лъагагъ, километр 13 зи кIыхьагъ блынхэм.
  • XIX лIэщIыгъуэм щIыр къыщатIым къалэ ухуэныгъэхэм щыщу къагъуэтыжар Вавилон и куэбжэ абрагъуэрщ. Абы зэреджэр Иштарт.
  • Навуходоносор щхьэгъусэ ищIауэ щытащ пащтыхьыпхъу Амитис. Ар и хэкум щыIэ бгыхэмрэ къырхэмрэ хуэзэшырти, Навуходоносор унафэ ищIауэ щытащ и пащтыхь гуащэм и хэкур игу къэзыгъэкI жыг хадэхэр хухасэну. Ахэр иужькIэ цIэрыIуэ хъуащ «Семирамидэ и хадэ фIэдзакIэ» еджэу. Апхуэдэу щIыжаIэр жыгхэр бгым тету къыпщигъэхъуу террасэхэм трасати арат. Абыхэм механизм зэтеублакIэ псы щIагъэлъадэрт, нэхъ гъунэгъуу ежэх псым къыхашурэ.
  • Нэхъ пасэм Семирамидэ и хадэ фIэдзар дунейм и телъыджиблым хабжэу щытащ.
  • Дохъушокъуэ Синэ.
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу: 2. Дунейр щыуаем щатIагъэ щыгъын. 6. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ художник … Анатолэ. 7. Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм я щIыналъэхэм щежэх псы. 8. Пасэрей хъыбарегъащIэ. 9. ЩIымахуэм щыгъыным хищIэ хьэпIацIэ къэзылъэтыхь. 13. Сталиным и зэманым СССР-м и ВЦИК-м, Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и лIыщхьэу щытам и цIэр зезыхьэ къалэ. 14. … лъакъуэрэ джэд лъакъуэрэ зыубыда щыIэ? 17. ПIастапхъэ. 20. IэщIэвыщIэ. 21. Хьэкъущыкъу. 22. ЩIыпIэ хуабэхэм хьэлъэзехьэу къыщагъэсэбэп псэущхьэ.
  • Къехыу: 1. Чы-… бжыхь. 2. Бразилием щекIуэкIа дунейпсо Олимп зэхьэзэхуэхэм дыжьын медаль къыщызыхьа адыгэ щIалэ. 3. НысащIэр къызыхэкIа унагъуэр. 4. Зи … исым и уэрэд къреш. 5. ХадэхэкI. 10. Куэдрэ щыта махъсымэм и лъащIэм щIещIэ. 11. Ди гъунэгъу цIыхубзым … фIыцIэ и пэшэгъуу жаIэ. 12. ПхъащIэ Iэмэпсымэ. 14. Кэнжэ къуажэм щыпсэу адыгэ усакIуэ, журналист. 15. … фIэIэфIыр нэм фIэдахэщ. 16. Махъсымэ щащIкIэ халъхьэ пщагъэ. 18. ЦIыху сымаджэм … хуэщIыпхъэщ. 19. Алыхь Iэмырым ерыщу тет цIыху.
  • Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
  • ЩэкIуэгъуэм и 27-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу: 5. Хъуржын. 6. Мэрем. 7. Сэлэт. 9. Акъбащ. 12. Хыв. 13. Ужьэ. 14. Зым. 15. КъуанщIэ. 17. Дурэш. 20. ЩIэблэ. 21. УнэIут.
  • Къехыу: 1. Тхъупс. 2. Быхуэ. 3. Жэпкъ. 4. Амыщ. 8. Ливан. 10. Бэзэр. 11. Ежьу. 15. КъуащIэ. 16. ЩIалэ. 18. Уанэ. 19. Шатэ.