Я щхьэр лъагэу ярегъэлъагъуж
2021-12-11
- Мы махуэхэм и ныбжьыр илъэс 50 ирикъуащ Тыркум къыщалъхуа адыгэ бзылъхугъэ, тхакIуэ цIэрыIуэ Къущхьэ Севим. Щыпсэу щIыналъэм и цIэр фIыкIэ зэригъэIум къыщымынэу, Севим хамэ къэралым щыпсэу адыгэхэм я щхьэр лъагэу зэрыригъэлъагъужыр къыпхуэмылъытэным хуэдизщ. ТыркубзэкIэ роман итхми, адыгэбзэкIэ псалъэ, зыхэсхэм ятетхыхьми, къызыхэкIар зыщымыгъупщэ бзылъхугъэ зэчиифIэм роман куэд и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Абыхэм яхэтщ адыгэхэм ятеухуахэри.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Щикъухьащ адыгэр дунеижьым
Ди тхыдэм и хъумапIэ
2021-12-11
- Хамэ къэралхэм ис адыгэхэм я бзэр, хабзэр, щэнхабзэр, тхыдэр яхъумэжын папщIэ Iэмал нэхъыщхьэу къалъытэу япэу зиужь ихьар Адыгэ хасэхэр къызэгъэпэщынырщ. Абы къыкIэлъыкIуэу, я зэхэщIыкIрэ лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэмрэ яхъумэн папщIэ, адэжь щIэинхэр зэхуахьэсу, яхъумэу хуежьащ. ЦIыху куэдым езыхэм я музей, библиотекэ яIэжщ. Абы и щхьэпагъыр пасэу къыгурыIуэри, Тыркум щыпсэу ди нэхъыжьыфI Агъашэ Мухьиддин къызэригъэпэщащ зы библиотекэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Щикъухьащ адыгэр дунеижьым