БлэкIа зэманым ущегъэхьэщIэ
2021-12-04
- Къэбэрдей-Балъкъэрым иджыблагъэ щекIуэкIащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Нало Ахьмэдхъан Хьэмырзэ и къуэр къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъуар гъэлъэпIэным теухуа Iуэхухэр. Ахэр республикэм и IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэми езыр къыщалъхуа Хьэтуей жылэми щызэхэтащ. А цIыху щыпкъэм теухуа си гукъэкIыжхэмкIэ, и тхыгъэхэм сызрагъэгупсысахэмкIэ сэри садэгуэшэну сыхуейт «Адыгэ псалъэм» и щIэджыкIакIуэхэм.
- АХЬМЭДХЪАН сэ къыщысцIыхуам сыхъыджэбз цIыкIут. СызыщIэсыр химико-биологие факультетрами, адыгэбзэр фIыуэ слъагъурт икIи ди тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм седжэн сфIэфIт. Хъыджэбз цIыкIухэм ди гъусэт Ахьмэдхъан и шыпхъу Зое. Дэ псори дехъуапсэрт абы. Дауи уемыхъуэпсэнрэт дэлъхуихым ягъафIэ, ягъэдахэ, ягъэлъапIэ хъыджэбзым! Ахьмэдхъан Зое и деж общежитым ныщIыхьамэ, дыукIытапэурэ дакIэлъыплъырт абыхэм.
- Зое хъыджэбз лъагэт, дахэт, Ахьмэдхъан щIалэшхуэм хуэдиз хъуным мащIэт къанэр. А зэманхэм щIэздзащ сэ Ахьмэдхъан и тхыгъэхэм седжэн. Пэжыр жысIэнщи, си щIалэгъуэу сыщеджамрэ иджы зэрыщIэзджыкIыжымрэ зэхуэдэкъым. Абы и «Нэхущ шу» романым сыщеджам си гум хыхьат. Псом хуэмыдэу зыхэсщIэпат «ХадапщIэ» Iыхьэр, абы къытезгъэзэжурэ тIэу-щэ седжэжат. Иджырей щIалэгъуалэм къагурыбгъэIуэну гугъущ а хадапщIэм и гугъуагъымрэ а зэманым цIыхум ятелъа хьэзабымрэ. Ахьмэдхъан «ХадапщIэр» зэритхыж дыдэм хуэдэт дэ школым дыщыщIэсым зи щхьэгъусэхэр зауэ гуащIэм хэкIуэдауэ колхоз губгъуэм ит фызхэм дазэрыдэIэпыкъур.
- Сыту нэрылъагъуу, гурыIуэгъуэу тхэрэт Ахьмэдхъан! А хадэм ухешэ, уи гум къегъэкIыж фIанэм и хьэлъагъыу щытар, псалъэкIэ нэхъ мыхъуми, дигу фIы ящIыну губгъуэм ныхыхьэу щыта, Нартан къуажэм и унафэщIхэу Шыбзыхъуэ Хьид, Егъэн Задин сымэ.
- Сыту сфIэфI Ахьмэдхъан и тхыгъэхэм сытепсэлъыхьыну! Псом хуэдэкъым «Псыхьэ нанэ» рассказыр.
- Сэ езыр куэд щIащ нанэ сызэрыхъурэ. Унанэу а рассказым ущеджэкIэ, Бышэ нанэ и деж плъэмыкIыу хьэщIапIэ уешэ Ахьмэдхъан: Iэмал имыIэу сыхуейщ абы сеуэршэрылIэну; псыуэ къихьыр пщIэншэу иримыкIуту: «Хьэутий къэкIуэжмэ, Iэнэм къытетлъхьэну хадэхэкIхэм щIэдгъакIэ», жысIэурэ тезгъэуну.
- Гум щIыхьэу итхащ Ахьмэдхъан а рассказыр, къигъэлъэгъуащ анэм быным хуиIэ лъагъуныгъэм и кууагъыр, уеблэмэ абы уи щхьэр зэригъэкIуэкIынкIэ зэрыхъунур. А рассказым апхуэдизкIэ купщIэшхуэ иIэщи, уегъэгупсысэ: «Сэри сцIыхуу пIэрэ абы ещхь нанэ?» жыпIэу. Сэ соцIыху! Нартан къуажэм щыщ Гъудэ Къарэ. А цIыхубз дахэр зыкIэ пшынауэ Iэзэти!.. Зэхыхьэ гуэр къэхъуамэ, къелъэIухэрт пшынэ ирагъэуэну. «Лалу къэкIуэжмэ сыфхуеуэнщ», — жиIэ фIэкIа, пшынэр яIихыртэкъым. Къарэ губзыгъэ дыдэт икIи къыбгурыIуэрт абы и псэм щигъафIэ лъагъуныгъэм и дахагъэр, абы зэрыхуэпэжыр. Зауэм хэкIуэда и щхьэгъусэм пэплъэурэ дунейм ехыжащ Къарэ. А зауэ нэужь зэманыр сыту IупщIу икIи гуузу къыщыгъэлъэгъуэжа Ахьмэдхъан и тхыгъэхэм.
- Абы и дэтхэнэ зы тхыгъэми и лъабжьэр гъащIэрщ — езым псэкIэ зыхищIа гурыщIэхэрщ, гуфIэгъуэри нэщхъеягъуэри щызэщIэлъу. Налом и IэдакъэщIэкIхэр ди щIэблэм Iэмал имыIэу куууэ яджыпхъэщ, сыту жыпIэмэ, ахэр гъащIэм узыщрихьэлIэ лъэпощхьэпохэм уащхьэдэхынымкIэ, гугъуехьхэм уапэлъэщынымкIэ узэрыгъуэзэнхэщ.
- Налом и тхыгъэхэм хэт лIыхъужьхэм ядэтлъагъу зэхущытыкIэ дахэм, пэжыгъэм щIэтпIыкI щIэблэр Ахьмэдхъан хуэдэу хахуэу, цIыху пэжу къэтэджыну уащыгугъ хъунущ.
- Нало лъэпкъым щыщ куэ-дым щIэныгъэшхуэ зэрабгъэдэлъым, я гупсысэхэр тхыгъэкIэ къаIуэтэну зэрафIэфIым, ар фIы дыдэуи зэрахузэфIэкIым дыщыгъуазэщ. Я къалэмыр жану ягъабзэу, ябгъэдэлъ зэчийр адыгэхэм хуагъэлажьэу къэгъуэгурыкIуащ Жансэхъу, Заур, Ахьмэдхъан, Аскэрхъан, Къарэ сымэ. Уегупсысмэ, сыт и уасэ апхуэдэ цIыхухэр лъэпкъым къыбдалъагъуну!
- Ахьмэдхъан цIыху куэдым фIыуэ ялъагъу икIи псалъэ гуапэ Iэджи хуатхащ. Абыхэм ящыщт си щхьэгъусэ полковник Джэтауэ Хьэмыщэ. Абы и тхыгъэ «Отважный понтонёр» зыфIищар Нало Ахьмэдхъан теухуат — адыгэлI щэджащэм Хэку зауэшхуэм къищигъэлъэгъуа хахуагъэм, и губзыгъагъэм, и псэм и къулеягъым. Дапхуэдиз акъылрэ зэфIэкIрэ уиIэн хуейт танк бригадэр Неман псышхуэм зэпрыпшын щхьэкIэ! И лIыгъэм папщIэ къэралым и дамыгъэ лъапIэ куэд къыхуагъэфэщат Ахьмэдхъан, ауэ нэхъ лъапIэхэм ящыщт Невский Александр и орденыр. Апхуэдэ щIыхь зыхуащIхэр зырызыххэт.
- Хьэмыщэ фIыуэ илъагъурт Ахьмэдхъан, абы и къуэшхэу полковник Аскэрхъан, Заур сымэ. Абыхэм яхуищI пщIэм кърикIуауи къыщIэкIынут Налохэ благъэ зэрытхуэхъуар — ди хъыджэбз нэхъыщIэ Радинэ Налохэ нысэ яхуэхъуат. Хэт игъащIэм илъэгъуа адэр и пхъум и нэчыхьытх кIуэуэ?! «Сэ Ахьмэдхъан, Аскэрхъан, Заур сымэ сабгъэдэсыну сыхуейщ», — жиIэри, Хьэмыщэ кIуат а нэчыхьытхым.
- Ахьмэдхъан теухуа псалъэ дахэ, гуапэ куэд зэхэсхащ сэ, ауэ Къэрмокъуэ Мухьэмэд хужиIауэ иджыблагъэ сыкъызэджэжам псори къызэщIиубыдэу къысщохъу: «Езым фIыуэ илъагъу и лIыхъужьхэм хуэдэу лъэщт икIи Iущт, бжьыфIэт икIи лIыфIт Нало Ахьмэдхъан».
- БЕКЪАН (Джэтауэ) Жанусэ Цом и пхъур,
- Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ.