Унагъуэр быдэмэ, жылагъуэр лъэщщ
2021-12-04
- Шэч къызытумыхьэжыну псалъэ пэжщ, сыту жыпIэмэ жылагъуэмрэ унагъуэмрэ зэпэщхьэхуэу, зырызу, зыр зым къуэмыту, щхьэхуэу зэдыщыIэнкIэ Iэмал зимыIэщ. Адыгэбзэ, Адыгэ Хабзэ, зэхущытыкIэ дахэ, зэгурыIуэныгъэ — а псор щызекIуэри, цIыхур цIыху щыхъури адыгэ унагъуэрщ. «Унэм зыщыгъаси, хасэм хыхьэ», — лъэпкъ Iущыгъэм зэрыжиIэщи, унагъуэм къыщыпщта щэнырщ, цIыхугъэрщ, адыгагъэрщ цIыхум и гъащIэ псом кIуэцIришри. Унагъуэ узыншэм и лъабжьэщ нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ я зэхуаку дэлъ пщIэр хъумэныр, зым и щхьэ адрейр ирилъытыныр. Апхуэдэуи, унагъуэр лъэпкъым и бжыгъэм хэгъэхъуэным, зиузэщIыным и къежьапIэщ. А щIыкIэм тету унагъуэр лъэпкъым и зэфIэкIми, и гушхуэныгъэми, и дуней тетыкIэми, и хабзэми ублапIэ хуохъу.
- Ди щIыналъэм лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI унагъуэхэм я Iуэхур егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ. Унагъуэ узыншэм и щапхъэр, абы епха лъапIэныгъэр жылэм нэсу зыхищIэн, дэтхэнэ зы цIыхуми ар гурэ псэкIэ къыгурыIуэн папщIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ IуэхущIафэхэр къыщызэрагъэпэщ. Апхуэдэ зы щапхъэ ирокъу иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм ЕгъэджакIуэхэм я IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ щыхагъахъуэ икIи щрагъэфIакIуэ и центрым анэдэлъхубзэхэм яхуэгъэзауэ щылажьэ лабораторием къызэригъэпэщу иригъэкIуэкIа «Унагъуэр анэдэлъхубзэм, хабзэм я хъумакIуэщ» зэхьэзэхуэр. ЩIэупщIэ зыгъуэта, куэд хэтыну зыщIэхъуэпс мы унагъуэ зэпеуэр мызыгъуэгуми, дунейм къыщекIуэкI узыфэм цIыхур щтэIэщтаблэ зэрищIам щхьэкIи къэмынэу, хъарзынэу дыдэу зэхэтащ, цIыхум гукъыдэж къариту, утыку ирахьа Iуэхум нэщхъыфIагъэ къахилъхьэу, я гунэджыр къызэщIиIэтэу. Iуэхугъуэр зэхьэзэхуэу зэхэтми, абы хыхьахэм ар махуэщIу фIэкIа къалъытакъым, жыпIэмэ ущыуэнукъым.
- Адыгэ унагъуэ, Анэдэлъхубзэ, Адыгэ Хабзэ! Сыт щыIэн а Iуэхугъуищым нэхърэ нэхъ зэпэгъунэгъурэ нэхъ зэпыщIарэ? Сыт щыIэн а щыр щытепщэ лъэпкъым къыхуэмыгъэIурыщIэнрэ хузэфIэмыкIынрэ?! Ди зэфIэкIым къихьынур зыхуэдэр дэр-дэрурэ дгъэунэухужын, нэгъуэщIхэми я лъэкIыныгъэр здынэсым деплъын щхьэкIэ, а зэхьэзэхуэм дыхыхьащ. Дыхуейт ди еджапIэм щедгъэкIуэкI гъэсэныгъэ лэжьыгъэмрэ анэдэлъхубзэмкIэ щIэблэм ябгъэдэтлъхьэ щIэныгъэмрэ зэхэухуэнауэ утыкум къитлъхьэну, къаплъэ нэхърэ къиплъ, жыхуиIэм ещхьу, лъэныкъуэкIэ дыкъыщыту дызыхуэфIхэмрэ ди щыщIэныгъэхэмрэ деплъыжыну. Сыт хуэдэ Iуэхуми, ар зэхьэзэхуэм щыхуэкIуэм деж, и щIыбагъ зы махуэ лэжьыгъэкъым къыдэлъыр. Къытебгъэзэжурэ, щIупщытыкIыжурэ, зыгуэрхэр зэбгъэзэхуэжурэ ар пIалъэ пыухыкIакIэ ибохьэкI. Сабийм и мызакъуэу, унагъуэ псом ущыдэлажьэм деж, дэтхэнэми къалэн зэриIэр, увыпIэ хэха зэриубыдыр пщыгъупщэркъым, щхьэж къылъысыр нэсу икIи зэгъэпэщауэ бгъэпсыну ухущIокъу.
- Ди хъуреягъым пщIэ зыхуащI, Iулыдж зиIэ адыгэ унагъуэ дахэхэр щыкуэд пэтми, лъэпкъым къежьапIэ хуэхъуамкIи, дуней тетыкIэу зэрихьэмкIи, цIыху щIыкIэу яIэмкIи къыхэщу щIэщыгъуэ гуэр дгъэлъэгъуэну дыхуейт. Дыгулыбгъуей къуажэм дэт, Цагъуэ Нурий и цIэр зезыхьэ 9-нэ курыт еджапIэр хэплъэри, зэпеуэм и утыкушхуэм адыгэ жьэгум щызекIуэ дахагъэр щагъэлъэгъуэну Гергокъуэхэ Хьэсаншрэ Зерэрэ я унагъуэм хуагъэфэщащ. Пэжыр жыпIэмэ, икIи дыхущIегъуэжакъым, ди щхьэр лъагэу дагъэлъагъужащ.
- Ди щIыналъэм и щIыпIэ зэхуэмыдэхэм къикIри, зэпеуэм унагъуэ пщыкIуз хэтат: адыгэ унагъуитху, балъкъэр унагъуэу плIы, урыс унагъуитI. Зэхьэзэхуэр Iыхьэ зыбжанэу зэхэтт: япэ Iыхьэм гупхэм зыкърагъэцIыхуну къалэн яIэт, къыкIэлъыкIуэу лъэпкъ дамыгъэм, лъэпкъым и къекIуэкIыкIам теухуа лэжьыгъэ къэпщытакIуэхэм я пащхьэ ирилъхьэн хуейт. Ещанэр — лъэпкъ IуэрыIуатэм унагъуэхэр зэрыщыгъуазэр ягъэлъэгъуэн хуейт. АдэкIэ, Адыгэ Хабзэм щыщ теплъэгъуэхэр утыку кърахьэну къапэщылът. Мыбдеж къыжыIэпхъэщ, дэтхэнэ унагъуэми екIуу зэрызыкъагъэлъэгъуар. ЗыхыумыщIэнкIэ Iэмал иIэтэкъым абыхэм Iуэхур ауэ сытми зэхьэзэхуэу къызэрамылъы-тэр, псоми я напэмрэ я фащэмрэ щагъэлъагъуэ утыкуу ягъэувырт ар. Дэ нэхъыбэу дытепсэлъыхьыну дызыхуейр Гергокъуэхэ я унагъуэрщ. Дэтхэнэ зы Iыхьэми гунэсу, къэпщытакIуэхэми Iуэхум еплъыну къэкIуахэми ягу дыхьэу, я псэр къахьэхуу ахэр утыкум итащ икIи къыщыхэжаныкIащ. КъызэгъэпэщакIуэхэм гу зэрылъатащи, Гергокъуэхэ Iуэхур хуабжьу ягъэдэхащ, щIэблэм, унагъащIэхэм я дежкIэ щапхъэ зытехыпхъэ зыIыгъыкIэрэ зэхущытыкIэрэ зэрагъэлъэгъуар къыхагъэщащ.
- Зэпеуэм хыхьэну лъэпкъыр къызыхэкIа и лъэныкъуэкIэ гъэщIэгъуэн ящыхъуу дыхуейт дгъэлъэгъуэнуи, абы теухуауэ Гергокъуэ Хьэсанш къэпщытакIуэхэм закъыщригъэцIыхум мыр яжриIащ:
- — Гергокъуэхэ я унагъуэр илъэсищэрэ тIощIым щIигъуауэ адыгэ лъэпкъым ды-хэсу допсэу, тхыдэ хьэлэмэти диIэщ. Куэдым ягугъэщ балъкъэрхэр щрашым щыгъуэ, ди лъэпкъым хэкум зыкъранэн щхьэкIэ адыгэу зрагъэтхауэ. Пэжщ, балъкъэрхэр щрашым куэдым я унэцIэхэр яхъуэжурэ адыгэу зрагъэтхауэ щытащ, ауэ балъкъэрхэр щрашар дыгъуасэ хуэдэщ — 1944 гъэращ. Дэ, Гергокъуэхэ, абы щыгъуэ куэд щIауэ дыадыгэт. «Сыадыгэщ» жыпIэ къудейкIэ Iуэхур зэфIэкIыркъым, атIэ Адыгэ Хабзэр, адыгэ нэмысыр зищIысыр пщIэным и мызакъуэу ар пхэлъу, абы урипсэууэ, уи щIэблэ къыдэкIуэтейм яхэплъхьэфу, адыгэбзэр уи анэбзэу щытын хуейщ. Ахэр пхузэфIэкIрэ, мис итIанэ уадыгэщ. Сэ къысщохъу а псор си уна-гъуэ щызекIуэу, абы къыхэкIыуи сыадыгэщ жысIэну хуитыныгъи къызиту.
- АдэкIэ Гергокъуэ Руслан и адэшхуэхэр адыгэхэм къахыхьэн хуей щIэхъуам теухуа хъыбарыр къызэхуэсахэм къахуиIуэтащ:
- — Ди адэшхуэм куэдрэ IуэрыIуатэу къыджиIэжу щытащ ди лъэпкъыр адыгэ щIэхъуам и щхьэусыгъуэр. 1895 гъэхэм ди адэшхуэм и адэ Тэтэркъан Ислъэмей къуажэм дэтIысхьауэ щытащ. Ар абы кIуэн хуей щIэхъуам и щхьэусыгъуэр мыращ: ди адэшхуэм и адэ къуэшыр пасэу дунейм ехыжат, и щхьэгъусэмрэ и сабийхэмрэ къанэри. А зэманым хабзэт ду-нейм ехыжа уи къуэшым и щхьэгъусэр къэпшэжын хуей-уэ, сабийхэр зеиншэу къэмыхъун щхьэкIэ. Мо щIалэ зи къару илъыгъуэр а хабзэм ебакъуэри, къуажэм къыдэкIауэ щытащ, фызабэу къэна и къуэшым и щхьэгъусэм хэмыхьэжын щхьэкIэ. Ар Ислъэмей дэтIысхьэри, абы щыщ адыгэ цIыхубз къишауэ щытащ. Абы къыщыщIэдзауэ нобэр къыздэсым Гергокъуэхэ дыадыгэ лъэпкъщ, адыгэуи зыдолъытэж. Гергокъуэ Тэтэркъан къытепщIыкIыжауэ нобэ адыгэ унагъуэ тIощI дызэрогъэхъури, дызэрыIыгъщ, зы унагъуэм хуэдэу гуапэу дызэролъагъу, зылI и быну дызэдопсэу, лъэпкъ Iуэху зэдыдолэжь.
- Дыгулыбгъуей жылэжьым адыгэ унагъуэ хъарзынэ, анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ хабзэм-рэ куууэ зэрылъ, хэкум IуэхуфI куэд хузэфIэзыха унагъуэ и мащIэкъым. Ауэ дэтхэнэ зыри утыкушхуэ ихьэну пхутегъэгушхуэркъым: хэти укIытэр къытокIуэ, хэти Iэнкун мэхъу, хэти къекIуэкI Iуэху мыщхьэпэхэм къыхэкIыу цIыху Iувым хыхьэну мэщтэIэщтаблэ. Гергокъуэхэ я унагъуэм упщIэж ирахьэлIэу, чэнджэщ къыщалъыхъуэу, я псалъэм пщIэ иIэу апхуэдэщ. ЩысэтехыпIэу псэу унагъуэм я нэхъыжь Хьэсаншрэ Зерэрэ гъэсэныгъэ дахэ, щIэныгъэ хъарзынэ ябгъэдэлъу щIалитIрэ хъыджэбзитIрэ къащIэхъуащ. Хьэсанш, иджыпсту лъэпкъым я нэхъыжьри аращ, къэралыр къеджэу дзэ къулыкъур кърихьэлIа нэужь, зы махуэ лэжьыгъэншэу щысакъым, шофёру и гъащIэр ихьащ. Хьэсанш и щхьэгъусэ Зери пща-фIэ Iэзэу, адыгэ шхыныгъуэхэр IэфIу, берычэту ипщэфIу илъэс куэдкIэ лэжьащ. Иджы дадэ-нанэ Iумахуэхэр тIысыжауэ, къуэрылъху цIыкIухэр ягъасэу, фIым хуаущийуэ, хабзэм щIапIыкIыу яхэсщ.
- Зэпеуэм и утыкум ихьар Хьэсаншрэ Зерэрэ я щIалэ Рус- лан и унагъуэрщ. Абы нэхъ дыкъытеувыIэну дыхуейт. Дохутыр IэщIагъэм хуеджа нэужь, 2002 гъэм Руслан гукIи псэкIи зыщIэхъуэпс IэнатIэ мытыншым занщIэу пэрыуващ. Къыхиха Iуэхум щIалэр зэрыхуэIэижьыр ипэ махуэхэм щегъэжьауэ псоми я фIэщ ищIащ, щхьэх зэримыщIэри къигъэлъэгъуащ, Руслан къэхъукъащIэ шынагъуэхэм хэхуахэм медицинэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъу IэнатIэм дохутыру щолажьэ. 2008 гъэм Куржымрэ Осетие Ипщэмрэ я зэхуаку къыдэхъуа зэныкъуэкъум и курыхым хэтащ. ЛъэныкъуитIымкIи щхьэпэ узыхуэхъу хъу-ну зы цIыхум блэкIакъым, ажалым куэд къригъэлащ. И зэфIэкI лъагэхэм къапэкIуэу ди къэралми, Осетие Ипщэми я унафэщIхэм къабгъэдэкIыу Руслан тыгъэ куэд къыхуагъэфэщащ.
- Урысей Федерацэм и Президентым и унафэкIэ Герго-къуэ Руслан «ХэкIуэдэнкIэ шынагъуэ зиIэхэр къызэрыригъэлам папщIэ» медалыр 2009 гъэм къыхуагъэфэщащ. УФ-м Граждан зыхъумэжыныгъэмкIэ, щытыкIэ къызэрымыкIуэхэмрэ къэхъукъащIэ шынагъуэхэр гъэкIуэдыжынымкIэ и министерствэм «Къэхъукъа-щIэ шынагъуэхэр гъэкIуэдыжыным хилъхьа гуащIэм папщIэ», УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм «Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэм зэрыдэIэпы-къуам папщIэ» дамыгъэхэр къратащ. И гуащIэ емыблэжу цIыхум и узыншагъэр хъумэным, псэзэпылъхьэпIэм къишыным хуэунэтIауэ иригъэкIуэкI лэжьыгъэм папщIэ Руслан «Осетие Ипщэм узыншагъэр хъумэнымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр 2009 гъэм къыфIащауэ щытащ.
- Руслани и щхьэгъусэ Лиди къекIуэкI узыфэ шынагъуэр къызэрежьэрэ абы земыгъэубгъуным ерыщу пэщIэтхэм ящыщщ. Лэжьыгъэм я зэманри къарури ихь пэтми, абыхэм быным етын хуей гъэсэныгъэри, хэлъхьэн хуей цIыхугъэри зы меданкIэ ящыгъупщэркъым. Русланрэ Лидэрэ анэдэлъхубзэ щабэм, Адыгэ Хабзэ дахэм щIапIыкIыу сабиищ зэдапI. Камиллэ еянэ классым щоджэ, Ролан еханэ классым хэсщ, нэхъыщIэ Раминэ сабий садым макIуэ. Камиллэрэ Роланрэ школым и еджакIуэ нэхъ пашэ дыдэхэм ящыщщ, сыт хуэдэ Iуэху къыщрахьэжьэми, жыджэру хэтщ, сыткIи арэзы дыкъащI.
- Унагъуэр гупсэмэ, бынми гупсэхугъуэ къыует, жаIэ. Гергокъуэхэ Хьэсаншрэ Зерэрэ я унагъуэ апхуэдэщи, Тхьэшхуэм иригъэфIакIуэ, я Iуэху дапщэщи дахэ ищI!
- НЭЗЭР Марьянэ,
- ХЭЖЬ Светланэ.