ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Декабрь, 2021

ХъуэпсапIэхэр нахуапIэ мэхъу

2021-12-23

  • Къэралым и дэтхэнэ щIыналъэми хуэдэу, ди республикэми мы махуэхэм щокIуэкI дызэрыхьэну 2022 ИлъэсыщIэм хуэгъэпса гуфIэгъуэ Iуэхугъуэхэр. Абыхэм я мурад нэхъыщхьэр, псом япэрауэ, сабийхэр гъэгуфIэнырщ, ныбжьыщIэхэм я гукъыдэжыр къэIэтынырщ. Апхуэдэ мурад дахэ иIэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек махуэ зыбжанэ ипэкIэ Налшык щиублащ «ХъуэпсапIэхэм я псей» къэралпсо акцэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Гъэсэныгъэр  сабийхэм  я  нэкIэ

2021-12-23

  • КъБР-м и Парламентым и депутатхэр яIущIащ «ДыгъафIэ къалэ» Сабий академием и гъэсэнхэм. Лицейм и 7 — 11-нэ классхэм щIэсхэм ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и жэрдэмкIэ драгъэкIуэкIа зэхыхьэр теухуауэ щытащ сабийхэм гъэсэныгъэм и мыхьэнэр къазэрыгурыIуэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Егъэджэныгъэ

Нало Ахьмэдхъан ягу къагъэкIыж

2021-12-23

  • ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щекIуэкIащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, бзэ щIэныгъэлI, егъэджакIуэ, лIыгъэрэ хахуагъэрэ зезы-хьэу Хэку зауэшхуэм хэта Нало Ахьмэдхъан къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъум теухуа пшыхь гукъинэж. Ар ирагъэкIуэкIащ лъэпкъ театрым и артистхэу Хьэмырзэ Ахьмэдрэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Пшыхьхэр

Муслъымэн щIалэгъуалэм я щыхьэр

2021-12-23

  • Тэтэрстаным и къалащхьэ Къэзан 2022 гъэм ислъам дунейм и щIалэгъуалэм я къалащхьэу щытыну къыхуагъэфэщащ. Нэхъ тэмэму жыпIэнумэ, абы папщIэ зэпеуахэм ефIэкIауэ аращ. И хьэрхуэрэгъуу щытахэщ Фес (Мароккэ), Истамбыл (Тырку), Дохэ ( Катар) къалэхэр. Къапщтэмэ, Истамбылрэ Дохэрэ мы къалэныр ипэIуэкIэ ягъэзэщIауэ Iуэхум хуэхьэзырт, ауэ къэпщытакIуэхэм Къэзан трагъэкIуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Дзэзешэ цIэрыIуэ

2021-12-23

  • Щхьэлыкъуэ къуажэмкIэ укъикIыу КэнжэкIэ Налшык укъыщыдыхьэкIэ, япэу укъызытехьэ уэрамхэм ящыщщ Головко Арсений и цIэр зезыхьэр. Къалащхьэм и уэрам нэхъ инхэм хабжэ ар, и зыужьыныгъэкIи зэIузэпэщыныгъэкIи хуокIуэпс зи цIэр зэрихьэ лIыхъужьым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЗэрамыщIэ  Заретэ  и  IэдакъэщIэкI  гъуэзэджэ

2021-12-23

  • Налшык дэт «Тхылъ щытрадзэ пщIантIэм» иджыблагъэ къыщыдэкIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Урысей артиадэм и лауреат, уэрэдус, уэрэджыIакIуэ, егъэджакIуэ ЗэрамыщIэ Заретэ «Лъахэ уэрэдхэр» зыфIища и уэрэдылъэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЗэфIэкI лъагэхэр зиIэ бзылъхугъэ

2021-12-23

  • IэщIагъэлI нэс, къызэгъэпэщакIуэ Iэзэ, унафэщI гумызагъэ… А псори зэхуэдэу фIыуэ зэхъулIэ куэд щыIэу къыщIэкIынкъым. Ауэ апхуэдэу щыт цIыхум и зэфIэкIыр зэрылъагэми и IэнатIэм ехъулIэныгъэ зэрыщиIэми шэч хэлъыжкъым. Абы и щапхъэщ Прохладнэ район сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэ Щомахуэ Зитэ. Мы IуэхущIапIэр къызэрызэрагъэпэщрэ абы и дохутыр нэхъыщхьэу лэжьахэм яхэтакъым ныбжькIэ Щомахуэм нэхърэ нэхъ щIалэ. Апхуэдэу щытми, а бзылъхугъэм хузэфIэкIащ ипэ ита нэхъыжьхэм ирахьэжьа Iуэхур иригъэфIэкIуэн икIи адэкIи хущIокъу сымаджэщым иджырей мардэхэр и лъабжьэу зэрызригъэужьыным.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Дэни къыщыхожаныкI

2021-12-23

  • Мы махуэхэм Урысей Федерацэм и щIыналъэ зыбжанэм бэнэкIэ хуитымкIэ зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэр щокIуэкI. Абыхэм хъарзынэу зыкъыщагъэлъагъуэ ди лъэпкъэгъу спортсменхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

Дунейпсо кубокыр къехь

2021-12-23

  • Финляндием и Пухтая къалэм дэт «Aeronautica Arena» нэгузыжь комплексым щекIуэкIащ мас-рестлингымкIэ Дунейпсо кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэхьэзэхуэрэ ЩIы  Хъурейм и абсолютнэ чемпионатрэ. Къэрал 18-м къикIауэ абы и саугъэтхэм щIэбэнащ спортсмен 200-м щIигъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр