ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ IущIащ Матвиенкэ Валентинэ

2021-12-04

  • Москва щызэхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщI Матвиенкэ Валентинэрэ я зэIущIэ.

  • Республикэм и унафэщIымрэ ФедерацэмкIэ Советым и спикерымрэ тепсэлъыхьащ щIыналъэм щыIэ эпидемиологие щытыкIэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъур гъэлъэпIэным зэрызыхуагъэхьэзырым, щIыналъэм экономикэ и лъэныкъуэкIэ и Iуэху зыIутхэм, апхуэдэуи промышленнэ, социальнэ IуэхущIапIэхэр ухуэным, зэгъэпэщыжыным ехьэлIауэ зэфIагъэкIхэм.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ эпидемиологие щытыкIэм и гугъу щащIым КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ ар нэхъ зэпIэзэрыт зэрыхъужар, узыфэр зэуэлIахэмрэ сымаджэщхэм ягъэгъуэлъын хуей хъуахэмрэ я бжыгъэр иужьрей тхьэмахуэ зэхуакуитIым зэрынэхъ мащIэр. «Дэ сымаджэщхэм гъуэлъыпIэ нэщIхэр щыдиIэщ. Узыфэм нэхъ зыщиубгъуауэ щыта лъэхъэнэхэми апхуэдэхэмкIэ дыбэлэрыгъакъым икIи гъуэлъыпIэ нэщI ди куэдурэ декIуэкIащ. Нобэ узыр нэхъ кIащхъэ зэрыхъуар долъагъу», — жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
  • Матвиенкэ Валентинэ щIэупщIащ вакцинэр цIыхухэм яхэлъхьэным теухуа лэжьыгъэр щIыналъэм зэрыщекIуэкIым. Абы къыхигъэщащ узыфэм зэрызихъуэжыр, штаммыщIэ къызэрахутар икIи абы эпидемиологхэри узыфэ зэрыцIалэр зыпкърытхэм еIэзэ IэщIагъэлIхэри зэригъэгузавэр. КIуэкIуэ Казбек ФедерацэмкIэ Советым и УнафэщIым жриIащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр вакцинэхэмкIэ ирикъуу къызэрызэгъэпэщар, ахэр республикэм и поликлиникэхэм, къуажэ амбулаторэхэм зэрыIэрагъэхьэр. Псори зэхэту мастэ щыхаIу щIыпIэу 80 щыIэщ республикэм, хьэблэ-хьэблэурэ къакIухьурэ цIыхухэм гурагъаIуэ вакцинэр зыхрагъэлъхьэн щIыхуейр. Матвиенкэ Валентинэ къыхигъэщащ вакцинэр яхэлъхьэн лэжьыгъэр нэхъри зэрыщIэгъэхуэбжьапхъэр, сыту жыпIэмэ къэралым эпидемиологие щытыкIэр щыщIагъуэкъым. «ХъыбарегъащIэ сетхэр нэхъ жыджэру къэгъэсэ-
  • бэпын хуейщ икIи мастэр зыхрамыгъэлъхьэным къыхуезыджэхэу, абы щызыгъэшынэхэу я Iуэху еплъыкIэм цIыхухэр хагъэзыхьу тезышэну хущIэкъухэм япэщIэтын хуейщ. Дэ, къэрал къулыкъущIэхэм, узыфэм жэщ-махуэ ямыIэу гуащIэу щыпэщIэт сымаджэщхэм щылажьэ дохутырхэм тхуэдэу щабэукъым ахэр цIыхухэм зэрепсалъэр. Вакцинэр зэрыIэмалын- шэр цIыхухэм зыхегъэщIэн хуейщ», — къыхигъэщхьэхукIащ Матвиенкэ Валентинэ. Республикэм и Iэтащхьэм жиIащ цIыхухэм Iуэхум и щытыкIэр къагурыгъэIуэным хуэунэтIа лэжьыгъэр зэрыщIагъэхуэбжьэнур.
  •  ЗэIущIэм и гугъу щащIащ ФедерацэмкIэ Советым Республикэм и махуэхэр щегъэкIуэкIыным теухуа Iуэхухэм, ахэр дызыхуэкIуэ илъэсым и мэлыжьыхь мазэм траухуащ. КIуэкIуэ Казбек ФедерацэмкIэ Советым и лIыкIуэхэр къригъэблэгъащ республикэм и илъэси 100-р щагъэлъапIэкIэ махуэшхуэм хэтыну.
  • Гулъытэшхуэ хуащIащ щIыналъэм и социально-экономикэ щытыкIэм. «Республикэм езым и хэхъуэхэмкIи бюджет зэхуаку трансфертхэмкIи зэщIигъэуIуэхэр 2022 гъэм сом мелард 60 хъунущ. Апхуэдиз хэхъуэ республикэм зэи иIакъым», — къыхигъэщхьэхукIащ щIыналъэм и унафэщIым.
  • КIуэкIуэ Казбек Матвиенкэ Валентинэ фIыщIэ хуищIащ республикэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ проектхэр пхыгъэкIынымкIэ щIэгъэкъуэн зэрыхъуам папщIэ.
  • ФедерацэмкIэ Советым диIыгъащ вольфрамрэ молибденрэ къыщIэхыным теухуа лэжьыгъэр щIыналъэм щегъэжьэжыным теухуа проектыр. А Iуэхур 2019 гъэм и щIышылэми, 2020 гъэм и бадзэуэгъуэми ФедерацэмкIэ Советым къыщаIэтат республикэм къыбгъэдэкIыу абы хэт сенаторхэм. А псом кърикIуаращи, дызэрыт илъэсым и жэпуэгъуэ мазэм яужь ихьащ Iуащхьэмахуэ мывэ къыщIэхыпIэ комбинатым и ухуэныгъэм. ЩIыуэпс гъэтIылъыгъэхэр къыщIэхыныр 2023 гъэм щIадзэну я мурадщ.
  • Апхуэдэуи щIыналъэм къэрал бюджетым къыхэкIыу къыхуаутIыпщащ Театрхэм я уардэунэм и ухуэныгъэр и кIэм нагъэсыным трагъэкIуэдэну сом зы мелард. Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэ сенаторхэр хэту, УФ-м щэнхабзэмкIэ и министр Любимовэ Ольги кърихьэлIэу а Iуэхум арэзы щытехъуащ ФедерацэмкIэ Советым и зыхуэфащэ комитетым и зэIущIэм. 2024 гъэм унэр ухуэныр яухынущ. КIуэкIуэ Казбек зэрыжиIамкIэ, абы хэтынущ ЩIалэгъуалэ зэчиифIэхэм я уардэунэри, Темыркъан Б. Хь. и цIэр зезыхьэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал филармониери.
  • ЕджакIуэхэм щIэныгъэ куу ягъуэтыныр, ахэр щеджэ IуэхущIапIэхэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэгъэпэщыныр Къэбэрдей-Балъкъэрым и социальнэ политикэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Дызэрыт илъэсым и фокIадэм щIыналъэм къыщызэIуахащ курыт еджапIищ, псоми зэхэту цIыху 1785-рэ щIэхуэу. ДызыхуэкIуэ илъэсым щIадзэнущ ныбжьыщIэ мини 4,5-м ятещIыхьа школиблым я ухуэныгъэхэр. Къуажэ еджапIэхэр зэрагъэпэщыжынущ, апхуэдэ лэжьыгъэхэр ещIылIэным хуэныкъуэу курыт еджапIэ 75-рэ щыIэщ. Урысейм и Президент Путин Владимир и жэрдэмкIэ зэхалъхьа, школхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным теухуа къэрал программэм ипкъ иткIэ илъэситI гъунэгъум лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIынухэм, ФедерацэмкIэ Советри къадэIэпыкъуу, хагъэхьэну я мурадщ егъэджэныгъэ IуэхущIапIэ 50.
  • КъимыдэкIэ, ФедерацэмкIэ Советыр арэзы техъуащ Налшык дэт езанэ поликлиникэм и унэщIэр, зы махуэм къриубыдэу цIыху 500-м я узыншагъэм кIэлъыплъыным хуэщIар, лышх узыфэр зыпкърытхэм щеIэзэну диспансерыр илъэситIым къриубыдэу ухуэным теухуа проектхэм.
  • ЗэIущIэм и кIэухым КIуэкIуэ Казбек Матвиенкэ Валентинэ фIыщIэ хуищIащ икIи къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советымрэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэм адэкIи зэрызаубгъунум шэч къызэрытримыхьэр.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.