ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Пэжым и телъхьэт

2021-12-04

  • 2021 гъэм щэкIуэгъуэм и 24-м дунейм ехыжащ жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ ГуэбэщIыкI Жантемыр Мухьэмэд и къуэр.
  • Пэжым и телъхьэ, лей зытехьэм и къыщхьэщыжакIуэ, захуагъэр утыкум щызэхэзыгъэкIыф цIыху щыпкъэу и гъащIэр ирихьэкIащ ГуэбэщIыкIым. Гъуэгуанэ купщIафIэ и щIы-багъ къыдэлъщ Жантемыр, республикэм и IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм пщIэрэ щIыхьрэ иIэу щылэжьащ.

  • 1961 гъэм Львов къалэм дэт Сату-экономикэ институтыр къиухри, абы лэжьэн щыщIидзащ Дзэлыкъуэ щIыналъэм щыIэ райпом и бухгалтер нэхъыщхьэу икIи зэман кIэщIым къриубыдэу экономикэм, финансым фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлI нэсу зыкъигъэлъэгъуащ. Куэд дэмыкIыу ар ягъэуващ «Къэббалъкъпотребсоюз»-м и правленэм и тхьэмадэм финанс IуэхухэмкIэ и къуэдзэу. Лэжьыгъэм хъарзынэу хэзэгъами, и щIэныгъэм адэкIэ хигъэхъуэну мурад ищIри, ар щIэтIысхьэжащ аспирантурэм икIи 1973 гъэм и диссертацэр ехъулIэныгъэкIэ Киев щыпхигъэкIри, экономикэ щIэныгъэхэм я кандидат хъуащ. ЩIыналъэм къигъэзэжа нэужь абы къыхуагъэфэщащ КъБР-м сату IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ къулыкъур. А IэнатIэм лэжьыгъэшхуэ зэрыщызэфIигъэкIам и щыхьэтщ «Отличник советской торговли» щIыхь дамыгъэр къызэрыхуагъэфэщар. АдэкIэ ар илъэс 11-кIэ лэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым транспортымкIэ и управленэм и унафэщIым и къуэдзэу. 1995 — 2013 гъэхэм ар щытащ езым къызэригъэпэщыжа, республикэм япэу къыщыунэхуа «Къэббалъкъаудит» IуэхущIапIэм и тхьэмадэу. Псом хуэмыдэу а илъэсхэм наIуэ къэхъуащ ГуэбэщIыкIыр IэщIагъэлI лъэрызехьэу, къэзыгъэпэщакIуэ Iэзэу зэрыщытыр. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и экономикэр ефIэкIуэнымкIэ аудитор компанием лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ, предприятэ куэдым я финанс Iуэхухэр тэмэму зэтеубла хъунымкIэ икъукIэ сэбэпышхуэ яхуэхъуащ.
  • ЩIэныгъэлIым, IэщIагъэлI пашэм и IуэхущIафэхэри гулъытэншэ хъуакъым. Къэралым, республикэм я экономикэ, финанс зыужьыныгъэхэм жыджэру и гуащIэ зэрыхилъхьам къыпэкIуэу абы къыфIащащ «УФ-м щIыхь зиIэ и экономист» цIэ лъапIэр, УФ-м и Аудитор Палатэм дыщэ медалкIэ игъэпэжащ, 2006 гъэм Урысей Федерацэм и цIыху цIэрыIуэхэм я лъэпкъ щIэнгъуазэм ар къилъытащ къэралым и менеджер нэхъыфIу икIи «УФ-м и топ-менеджер» щIыхьыцIэр къыхуигъэфэщащ. Апхуэдэу абы илъэс зэхуэмыдэхэм къратащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм, КъБР-м и Парламентым, Правительствэм я ЩIыхь тхылъхэр.
  • КъБР-м и Промышленникхэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ я союзым и тхьэмадэм и къуэдзэу, Мэкъумэш хозяйствэхэмкIэ ассоциацэм и советым, Налшык къалэ и хьэрычэтыщIэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм я унафэщIу щыткIэрэ хьэрычэт Iуэхум зегъэужьынымкIэ дэIэпыкъуэгъушхуэ яхуэхъуащ, гъэзэщIакIуэ, муниципальнэ органхэм, апхуэдэуи хьэрычэт Iуэху цIыкIумрэ курытымрэ ехьэлIа хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ зэфIигъэкIахэр къыпхуэмылъытэнщ.
  • ГуэбэщIыкI Жантемыр КъБР-м и Iэтащхьэм и деж Инвестицэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ щыIэ советым жыджэру дэлэжьащ, министерствэ, ведомствэ щхьэхуэхэм я Жылагъуэ советхэм хэтащ, КъБР-м и Парламентым, Налшык къалэ администрацэм къызэригъэпэщ зэIущIэхэм щIэх-щIэхыурэ ирагъэблагъэрт. Ар хагъэхьат КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и коллегием, грантыр зыхуэфащэ фермер щIэзыдзагъащIэхэр къыхэзыхыну къэпщытакIуэ гупми хэтт.
  • «Къэбэрдей-Балъкъэрым мамырыгъэ, лъэпкъ зэгурыIуэныгъэ илъыным и телъхьэу» зэгухьэныгъэм и унафэщI къулыкъум щыпэрытми лъэпкъхэм яку мамырыгъэ, зэгурыIуэныгъэ, ныбжьэгъугъэ дэлъынымкIэ Iуэху щхьэпэ куэд иригъэкIуэкIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Абхъазымрэ щыпсэу лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр егъэфIэкIуэным хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ Жантемыр къыхуагъэфэщауэ щытащ «ПщIэрэ щIыхьрэ» орденыр.
  • Иужьрей илъэсхэм ГуэбэщIыкIым республикэм и щIы Iуэхухэм теухуауэ щыIэ гугъуехьхэр зэфIэхыным и гуащIэшхуэ хилъхьащ. ХэкIыпIэхэр къэзыгъэнаIуэ проектхэр игъэхьэзырурэ мызэ-мытIэу утыку кърихьащ, къищынэмыщIауэ, адыгэбзэр курыт школхэм зэрыщрагъэджым теухуауэ щыIэ гукъеуэхэр къигъэнэIуащ.
  • Хабзэм тету сыт хуэдэ Iуэхури зэрызэфIихыным хущIэкъуу псэуащ ГуэбэщIыкIыр. ЖиIам тебгъуэтэж цIыхуу, зи щхьэ къезыхьэлIэм дэIэпыкъуэгъу хуэхъуфу зи гъащIэр езыхьэкIа Жантемыр и фэеплъ нэхур зыхъумэнур ар къыщалъхуа Хьэтуей къуажэм и закъуэкъым, ар куэдрэ фIыкIэ ягу къагъэкIыжынущ зыцIыхуу щыта псоми. Апхуэдэ пщIэмрэ щIыхьымрэ абы къыхуахьащ екIуу дунейм зэрытетам, лъэужь дахэ абы къызэрыщинам.
  • ТХЬЭХУЩЫНЭ Ланэ.