Нэхъыжь Iумахуэ Мэкъуауэ Iэмырбий
2021-12-18
- ЦIыхугъэр, напэр, пэжыр япэ изыгъэщу, ахэр зи гъуазэу, гъащIэ джэ-лэсу дунейм тет цIыхур щIыналъэм, лъэпкъым, унагъуэм нэхъыжьыфIу уиIэныр фIыгъуэшхуэщ. «Нэхъыжь теIущIыкIыпIэщ», — жеIэ адыгэ псалъэжьым. Апхуэдэ унэтIакIуэу, ущиякIуэу Мэкъуауэхэ я лъэпкъым яIэщ Мухьэмэд Iэмырбий и къуэр. Аращ зи тхьэмадэ унагъуэм щызекIуэ адыгэ хабзэм и къежьапIэр, лъэпкъ нэмысым и хъумакIуэр, абы илъ акъылым и купщIэр, пщIэм и лъагапIэр. Куэд зылъэгъуа, куэд зыщIэ а нэхъыжьыфIым и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 80 ирокъу.
Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ