ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2021-07-03

  • Фи лъэIукIэ
  • Иджыблагъэ редакцэм къэпсэлъащ «Адыгэ псалъэм» куэд щIауэ и щIэджыкIакIуэ, Нарткъалэ щыщ Тохъу Мухьэмэд. НэхъыжьыфIым зыкъытхуигъазэрт ПащIэ Ахьмэд игъэзащIэ «Анэ» уэрэдым и псалъэхэмрэ и хъыбарымрэ газетым къытеддзэну. «УэрэдыфIыр зэи жьы хъуркъым, купщIэ хэлърэ псалъэхэмрэ макъамэмрэ зэщIэжьыуэмэ, ар гум псэхугъуэ езытщ. ГъащIэ зиIэхэм ящыщщ «Анэ» уэрэдыр. Адыгэхэм я гуфIэгъуэ Iэнэхэм сытым дежи щыIурт цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа уэрэдхэр. Апхуэдэу зэныбжьэгъухэр дыщызэхыхьэ гуфIэгъуэ зэхуэсхэм мы уэрэдри щыжытIэну дыхуейт», — жиIащ Мухьэмэд.

  • «АНЭ»
  • Ди лъэпкъ гъуазджэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIахэм ящыщщ зи къалэмыпэм уэрэд дахэ куэд къыщIэкIа, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, макъамэтх, уэрэдус Щомахуэ Хьэсэнбий. Абы зэрыжиIэмкIэ, дэтхэнэ и IэдакъэщIэкIми лъабжьэ хуэхъуар гъащIэм зыщрихьэлIа Iуэхугъуэщ. Арагъэнщ ахэр цIыхухэм ягу щIыдыхьэри.
  • — Хэку зауэшхуэр къыщыхъеям, сэ ныбэ силът. Си нэгу щIэкIащ зауэ нэужь лъэхъэнэ гугъум си анэм и бынхэр мэжэщIалIагъэм дыкъригъэлын папщIэ и фэм дэкIар. Ауэ гугъуехьым къызэфIимыгъащIэу хузэфIэкIащ лъэ быдэкIэ гъащIэм дыхигъэувэн. Си анэм и закъуэкъым апхуэдэ бэлыхьыр зыгъэвар. Зауэ угъурсызым цIыхубз куэд фызабэ IэнатIэ хьэлъэм Iуигъэуват. Мис абыхэм ятезухуащ «Анэ» уэрэдыр, — къыджиIащ Щомахуэм, абы и хъыбар къэтщIэну зыщыхуэдгъазэм.
  • Уэрэдыр ПащIэ Ахьмэдщ япэу зыгъэзэщIар.
  • ХЬЭПЦIЭ  Аннэ.
  • *   *   *
  • ЩыIэщ псалъэ гуапэ, псалъэ псом я лей —
  • Уафэм, щIылъэм, гъатхэм я дуней.
  • ЩыIэщ гурыфIыгъуэ, лъагъуныгъэм и псэ —
  • Анэ – псэуныгъэр зи пщэдей.
  •  
  •                      Ежьу:
  • Анэ, ди гущапIэм уэ уепщIыхь зэпытщ,
  • Анэ, ди щхьэр тхъуами, дыбгъэфIэну пфIэфIщ.
  • Хэт щыIэн фэр нэхърэ нэхъ гумащIэ,
  • Псэ хьэлэл зыхэлъ, нэхъ гъащIэ мащIэ?
  •  
  • Дапщэ фыхъурэ нысащIэ щхьэтепхъуэр
  • Пасэу зауэ кIуам зытрихар,
  • Нобэм къэскIэ бынхэм яхуэпэжу,
  • Щхьэгъусэншэу зи дунейр зыхьар?
  •                      Ежьу.
  • Гъатхэм къегъэщI удзхэр, дыгъэм псэ къахелъхьэ,
  • Гум мыпсэхуу лъагъуэ гум хуелъыхъу,
  • Уафэм щIыр ехъумэ, хъугъэщIагъэм хоплъэр,
  • Анэр псэ зыIутхэм уахуоплъыр.
  •                      Ежьу.
  • Сыт щыIэн мы гъащIэм хуэвмыщIау фэ тыгъэ,
  • Сыт иIэн мы гъащIэм фэр нэхъ IэфI!
  • Фыпсэуху хьэлэлу фэ дэ дывоущийри,
  • Быным фи псэр тыгъэ тхувощIыж.
  •                                Ежьу.
  •  
  • Ди  сурэт  гъэтIылъыгъэхэр
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и къурш лъапэхэм.

  • ЖыIэгъуэхэр
  • Акъыл зиIэм зытумышащIэ
  • Сэр нэхъ делэ къысхуэмызэмэ, хэти сыщышынэркъым.
  • Мылъку зэхуэлъэфэсыным цIыхухэри цIыхугъэри фIигъэкIуэдат.
  • Бэджым и хъым уимыхуэн щхьэкIэ уи япэкIэ плъэурэ зекIуэ.
  • Уи щхьэм къэмысауэ мафIэм исри псыр зыщIэуари зыхэпщIэнукъым.
  • Зи ныбэ нэщIым зеуплIэнщIри, зи ныбэ изым зешэщI.
  • Къару сиIэщ жыпIэу акъыл зиIэм зытумышащIэ.
  • Псым урихьэжьа нэужькIэ, есыкIэ пхузэгъэщIэжынукъым.
  • Лъагъуныгъэ пэжкIэ зэпымыщIауэ къэхъуа унагъуэр зэи тэмэм хъунукъым.
  • Насыпыр лэгъупыкъур зэрызэхэлъ плъыфэхэм нэхърэ нэхъыбэжу зэхэлъщ.
  • Емыджэф еджакIуэм егъэджакIуэм хущIетхъуэ.
  • Жьэм хужымыIэр къыбжезыIэфынур нэхэращ.
  • Узыхуэныкъуэр къэплъыхъуэну емыкIу хэлъкъым.
  • Дахагъэ псори Iэпкълъэпкъым хэлъщ, гуапагъэр зыхэлъыр псэрщ.
  • ЗимыIуэху зезыхуэр зэи Iуэхуншэ хъуркъым.
  • «Акъыл бэлыхь симыIэми, къару ин сиIэщ», — жиIэу гуфIэрт щIалэжь гуэр.
  • Мылъку зи куэдыр абы и зэгъэзэхуэным еукI.
  • Адэ-анэм емыдаIуэм гуIэу гъащIэр ехь.
  • Гуащэр щытепщэм пщыр щеудыхащ.
  • КIУРАШЫН Алий.
  • Гупсысэр – псалъэкIэ
  • Гугъэ
  • ЗыгурыIуи зыщIэдэIуи щымыIэ гур темыпыIэу зы хъуэпсапIэ гуэрым хуопабгъэ, щIобэн, щIозэу. Махуэл димыхыу лъэужь мыцIыхухэм ирокIуэ, зы лъэмбым ипкIым, адрейм къыщыхутэурэ. ШыIэныгъи бэшэчагъ гуэри зыхэмылъыж, лъэпощхьэпокIэ гъэнщIа гъуэгуанэ гугъухэр къызэренэкI. Къэзыгъэдзыхэ къыхэкIми, къарууэ иIэр зэрегъэуIури, япоув, яполъэщ, и щIыб къыденэ. Езыр макIуэ, ежьужьымрэ кхъуэбанэмрэ къызэрафыщIри къримыдзэу. МакIуэ, къеплъэкI имыщIэу, щIежьам хуэпэжу.
  • Дэнэ нихьэсыну пIэрэ апхуэдиз гугъуехьым ткIыбжь дэхъуа гу ныкъуэкъуэхым? Дапщэщу пIэрэ и хъуэпсапIэр IэщIэхуу и лъэр щыщIэхунур? Хьэуэ, щIэхункъым и лъэр, и хъуэпсапIэри ищIынкъым IэщIыб. Сыту жыпIэмэ, гугъэм и къуэпсхэр быдэу зыхэжыхьа гур куэдым полъэщ, зызрипщытри нэхъыбэжщ. Жыжьаплъэщ ар, мэгугъэ, мэпабгъэ, мэхъуапсэ. Быдэуи и фIэщ мэхъу малъхъэдисым хуэдэу зыщIэзышэн гу зэгуэр зэрыIущIэнур. ЗыщIишэу зэригъэфIэнур, IэфIагъкIэ зэрипсыхьынур, хэщIыныгъэу игъуэта псомкIи зэуэ къызэретэжынур. Аращ, гугъэрщ гум псэ къыIузыгъэкIэжри, и щIэлъэныкъуэр гуэгъу къыхуэзыщIыжри, цIыхур дунейм щIытетыжыр къызыхэтэджыкI гупсысэ узэщIахэм купщIэрэ купкърэ яхуэхъужри.
  • ЖАМБЭЧ Рабия.
  • ХьэгъуэлIыгъуэ
  • Iуэтэж
  • Дзэм сыкъикIыжри, махуэ зытIущкIэ ди адэ-анэм сабгъэдэса нэужь, сэлэт фащэр зыщысхри, къалэм сыкIуат. ИлъэситI хъуауэ си нэр къызыхуикI Марят деж. СыпIащIэрт, сызэрыс машинэр шыдыжь жьажьэу къысщыхъурт. Ауэ сызэрынэсу сыкъэупщIыIуащ:
  • — Марят дэнэ къыщыдгъуэтыну?
  • — Маряти? — жиIащ бжэр къыIузыха хъыджэбз нэ къулэным. — Марят лIы дэкIуащ, мыбы щыпсэужыркъым.
  • Щхьэл мывэжьу си щхьэр зыкъомрэ кIэрахъуэри, и пIэ иувэжащ.
  • — Къысхуэгъэгъу…
  • — Пэжалыстэ.
  • Автобус къэувыIэпIэм сыкъэсыжауэ си ныбжьэгъу Сэрэждин сыIущIащ. Сэлам зэтхщ, дызэщIэупщIэри, гу къыслъитагъэнти, си лажьэмкIэ сыщыхигъэзыхьым, псори жесIащ. Ауэрэ къуажэм дынэсыжри, Сэрэждин си Iэблэр иубыдащ.
  • — НакIуэ сэ уздэсшэм.
  • Сэ абы зыри пэзмыдзыжу сежьащ. КъысфIэIуэху щыIэтэкъым.
  • Си гуауэр къыздигуэш щIыкIэу, дунейр уфат, къепсэпсауэрт. Гъуэгу сабэр къэуцIынати, си туфлъэр сщичыну къеныкъуэкъуу ятIэ бдзантхьэм зыкъыкIэрищIэрт. Абы ищIыIужкIэ, плащыр схуэкIэщIти, уэшхыпс тежыр зыщIифауэ гъуэншэдж лъапэр псыфт. «Емынэм сыхуигъэзат мы Сэрэждин», — сигукIэ сохъущIэ. АпщIондэху ятIэр нэхъ Iейуэ зэзупцIыжурэ лъапэм къыфIэкIри, плащым къэсащ.
  • Уэрамыр цIыхуншэт. Зырыз блэкIхэри, хуэм защIырти, къыдэплъхэрт, «Ярэби, мы щIалэхэр, тIы губжьауэ, я щхьэхэр щIэгуауэ здахур дэнэу пIэрэ?» — жыхуаIэу.
  • Сэ сыундэрэбжьати, уэшхи ятIэ бдзантхьэри зыхэсщIэртэкъм. Жыжьэу къэIу пшыналъэр си тхьэкIумэм къопыджэ. Iэгуауэ щIэтыр автоматышэу къыстрагъэлъалъэу къысщохъури, си лъэбакъуэм хызогъахъуэ. Марят и дыхьэшхыкIэр кинокадрым хуэдэу си нэгум къыщысфIыщIэувэкIэ, слъэмыкIыу и цIэр къызжьэдолъэт. Си жьэм жиIар зэрызэхэсхыжу, си гур къратхъым хуэдэу, къыхоузыкIри, си пIэм симыкIыфу ятIэ бдзантхьэм сыхоуджыхь.
  • — Зыр лIэмэ, адрейм зилIэжрэ? — сигу дахэ ещI Сэрэждин.
  • — ЛIам пэлъыт. Си дежкIэ лIащ.
  • — ФIыуэ укъилъагъутэмэ, укъигъанэу дэкIуэнтэкъым.
  • «Вы лIам сэ хеIу», — сыхузэгуоп Сэрэждин. Си гур зысыр зыхимыщIэу, абы аргуэру пещэ:
  • — Тхьэр пхуэзгъэпцIащ, хъыджэбзыжь цIыкIу щхьэкIэ си пэр пылэлу цIыхум закъезгъэлъагъум!
  • — Хуэмызар лIыфIщ, — сыкъыщетхъ зысхуэмышыIэжу.
  • — Хъунщ, укъэмыцыдж, гуэгушыхъум хуэдэу.
  • — Дэнэ сыздэпшэр?
  • — ЛIыр здашэм щIэупщIэркъым.
  • «Ахьей, уэ батэр богъэш», — жызоIэ сигукIэ, абы ней-нейуэ сеплъурэ.
  • Дэ уэрам зэв гуэркIэ едгъэзыхащ. Япэ иту кIуэ си ныбжьэгъум зыкърегъэзэкIри, щIоупщIэ:
  • — Уздэсшэр пщIэркъэ-тIэ?
  • — СыщепшэжьакIэ, дэни сышэ, ухуеймэ — Тыркум, — сыкъыщIопсэлъыкI си щхьэр къэзмыIэту.
  • — Си ныбжьэгъу НэIиб и къуэш нэхъыжьым къишащ. Уэри уоцIыху. Футболым дыкъыщикIыжым къыдбгъэдыхьа щIалэ лъахъшэ Iувырщ.
  • — Хьэсэни?
  • — НтIэ, — къызэмыплъэкIыу жэуап къетыж Сэрэждин.
  • — Сэ сыту хъыбар симыгъэщIарэ? — согъэщIагъуэ.
  • — Уэлэхьи, сымыщIэ. Ныщхьэбэ и хьэгъуэлIыгъуэщ. Аращ уздэсшэри, — жеIэ Сэрэждин пыгуфIыкIыу.
  • «Сыщыхуэзам Хьэсэн сыту зыри къызжимыIарэ? МазихкIэ дызэгъусэу дзэм къулыкъу щытщIати… Аддэ хэкум дыщызэхуэзэжмэ, зы бжьэ дызэдефэну быдэу жытIати…»
  • ДыздэкIуам Хьэсэн дэмысу къыщIэкIащ. Ауэ дыкъыдамыгъэкIыжу унэмкIэ дыщIашащ. Пэшым щIэтыр щIалэгъуалэт.
  • Си дамэм къытеIэбам сыкъигъэскIащ.
  • — Къафэт, щIалэ, дыщIэгъэплъыт уи лъэгу.
  • Къэфэн си мыжагъуэми, ныщхьэбэкIэ сыкъэфэфынутэкъым. Зыкъысхуэзыгъэза щIалэ тхъуэплъым ар зэрыгурызгъэIуэнум сегупсысу, Сэрэждин нэкIэ къэслъыхъуэу щIэздзащ.
  • Ауэ си нэр зытехуар… хъыджэбз гупым хэту плIанэпэм дэт нысащIэ… Марятт. Бэлыхь псом сыхэзыдза Марятт, си япэ лъагъуныгъэрт.
  • Си лъэр схуэмыубыдыжу бжэмкIэ зыздзащ. Си нэм зыри илъагъужыртэкъым. Си щхьэр пщIантIэм къыдэсхри, уэрам ятIэр пхырыскъутыкIыу сежьэжащ.
  • Си губгъэн зылъысар Марят и закъуэтэкъым. Иджы Хьэсэни щIыгъут. ЖэщкIэ дымыжейуэ ди гъуэлъыпIэхэр зэтхулIэурэ мащIэрэ зэхуэтIуэтат ди гурылъхэр. ФIыуэ тлъагъу хъыджэбзхэм, дыкIуэжмэ дгъэхъэнухэм я гугъу тщIырт. Марят и гугъу дапщэрэ хуэсщIат! И сурэт нысхуригъэхьари езгъэлъэгъуат. Письмо нысхуитхахэми Хьэсэн къезгъаджэрт. Ар къыщыкIуэжым сэ илъэсрэ ныкъуэрэ сиIэт. Марят и хэщIапIэр Хьэсэн езытари сэрат, сэлам схурихыжынуи селъэIуат…
  • Пшыналъэ макъыр си тхьэкIумэм икIыркъым, си ужьым иту къакIуэ сфIощI. Сэри апщIондэху си лъэбакъуэм хызогъахъуэ, сыщIоущыкI. Си нэбжьыцым уэшх ткIуэпсхэр къыпоткIу, нэпсым хуэдэу, си лъагъуныгъэр къыздигъеижу.
  • ХЬЭIУПЩЫ МуIэед.
  • Псэлъафэр  къызэрежьар
  • Мо нартыхур къызэрыфэ…
  • ЛIыжьыр щIалэхэм яхэсу бжыхь джабэм здыкIэрысым, плъэри зы шу къакIуэу къилъэгъуащ. ЛIыр зытес шыр лъэрытемыту къафэрт. ЛIыжьым ар щилъагъум, жиIащ:
  • — Мо нартыхур къызэрыфэ…
  • ЩIалэхэр плъэри нартыху ялъэгъуакъым, а шы дэгъуэр къызэрыфэми гу лъатакъым.
  •  — Дадэр хэпсэлъыхь хъуащ, тхьэмыщкIэ, — жиIэри зым адрейм жриIащ, и жагъуэ хъууэ.
  • ЛIыжьым ар зэхихри:
  • — Уэращ, хьэм хуэдэ, хэпсэлъыхьыр. Мо къафэу къакIуэ шыр къэзыгъафэр нартыхущ, — жиIащ.
  • Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
  • Нартыху хьэлыуэ
  • ШыуанкIэ тхъу къагъэплъ, абы, бэлагъкIэ зэIащIэурэ, нартыху хьэжыгъэ ухуэнщIа хакIутэ, мафIэ щабэм тету дакъикъэ 28 — 30-кIэ ягъажьэ. Шыуаныр пэшхьэкум кърагъэувэхри, фошыгъупс пщтыр хакIэ, фIыуэ зэхэзэрыхьыху мыувыIэу япщ.
  • Хьэлыуэ пща пщтырыр тхъу зыщыхуа Iэнэм тралъхьэри, IэкIэ яубэ зэпэплIимэу е хъурейуэ. Мыдиипэ щIыкIэ сэ жан пIащIэкIэ IупщIэурэ зэпаупщI. Къэна упщIэтахуэхэр IэшкIэ цIыкIу ящI.
  • Халъхьэхэр: нартыху хужь хьэжыгъэу — г 400, тхъууэ — г 100, псыуэ — г 150-рэ, фошыгъуу — г 150-рэ
  •         
  • Шху
  • Шэр кIэримысхьэн щхьэкIэ, шыуаным псы щIыIэ ирагъэжыхь, итIанэ шэр иракIэри, пэшхьэкум трагъэувэ, мафIэ цIыкIу дыдэм тету, и щхьэр техауэ дакъикъэ 25 — 30-кIэ ягъэпщт. Къытрахыж, и хуабагъыр градус 45-м нэсыху ягъэупщIыIу, абы шэ хуабэ тIэкIу зыхэт шхупцIатэ хакIэри, фIыуэ зэIащIэж. Шэм и щхьэр трапIэ, зэщIауфэри, хуабапIэм деж сыхьэтитIкIэ щагъэт.
  • Ар зэрыт кIэструлыр ягъэхъейркъым. Бгъэхъеймэ, шхур пцIэнукъым е пцIэгъуей хъунущ. Шэр пщтырыIуэу шхупцIатэр ебдзмэ, шхур гуащIэ мэхъу, упщIыIуауэ ебдзмэ — шхур пцIэгъуей пфIэхъунущ.
  • Шху пцIар зэщIахри, ямыгъэсысу щIыIапIэм ягъэув икIи упщIыIуху щагъэт. IэфI ящIыну хуеймэ, щагъапцIэкIэ фо е фошыгъу халъхьэ хъунущ.
  • ЩIакхъуэ, лэкъум, мэжаджэ, чыржын, пIастэ дашх. Къудейуи ираф.
  • Халъхьэхэр: шэуэ — г 2000, шхупцIатэу — г 50, псы щIыIэу — г 50.
  • КЪУБАТИЙ Борис.
  •  
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу: 7. Аруан районым хиубыдэ къуажэ. 8. « … и сэшхуэ» — КIыщокъуэ Алим и роман. 10. Машинэ зэжьэхэуэм рулыр зыIагъэхэм … хахащ. 11. НэгъуэщIым … хуэптIмэ, уэ уихуэжынкIэ мэхъу. 12. ЩIыпIэ хуабэхэм хьэлъэзехьэу къыщагъэсэбэп псэущхьэ пIащэ. 13. Зи лъабжьэр бжьыныщхьэм ещхьу губгъуэхэм, мэзхэм узыщрихьэлIэ къэкIыгъэ. ЦIыхум яшх. 15. Къуацэчыцэ. 16. ЩоджэнцIыкIу Алийи и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и джэгуакIуэ Iэзэу щыта, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артисткэ. 21. Хабзэ-бзыпхъэм теухуауэ ди адэжьхэм къытхуагъэна щIэиныр … зимыIэ хъугъуэфIыгъуэщ. 22. Шыцуэс къесу узэрысым … 23. Адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэмкIэ, апхуэдэ цIыхур щыту малIэ. 24. Члисэхэм фIэлъ уэзджынэшхуэ. 25. Гъэмахуэм Iэщым я фэр изых бадзэжь. 27. Лъэгурыдз папщIэу гуэншэрыкъым иралъхьэу щыта мэкъу щабэ. 30. Къуаргъым нэ хуащIати, … жиIащ. 31. Ди ныбжьэгъум … ищIри, я унэ дригъэблэгъащ. 34. ТхылъымпIэм итыр зэрыпэжым щыхьэт техъуэ дамыгъэ. 36. ЦIыху къуэгъу, гъур дыдэ. 37. … джафэ. Е щIалэжь цIыкIу къуейщIейрейм хужаIэ псалъэ.
  • Къехыу: 1. Зи … исым и уэрэд къреш. 2. Мыщэм фIэбэлацэ хьэкIэкхъуэкIэ. 3. Нартыху хьэлу гъэва. 4. Сосрыкъуэ бзаджагъэкIэ, IэмалкIэ хигъэщIа и ныкъуэкъуэгъу. 5. Пэшым къыщIэIукIащ сымаджэм и щэIу, и … макъ. 6. Нарт хъыбархэм къызэрыхэщымкIэ, Iэщхэм я тхьэ. 9. Цы Iуданэу зэIуща IэлъэщI хуабэ. 13. Ерыскъы … Е къару зыщIэлъ шхыныгъуэ гуэр. 14. Пхъэ дзакIэм къыгуэлъэта Iыхьэ папцIэ цIыкIу. 17. Къэушырыба, къэпща. 18. Гъэмахуи щIымахуи зи тхьэмпэхэр щхъуантIэ, зи пхъафэр щхъуафэ жыг. 19. БгитI зэхуаку. 20. Жэм лъакъуэ … иукIрэ? 26. Ди къэралым щыщ цIыху куэд зыгъэпсэхуакIуэ здэкIуэ къалэ, Хьэрып Эмират Зэхэтым щыщу. 28. Илъэсищым ит щыщIэ, шыбз. 29. Махуэм и зэхуэдитI. 32. ЩIы … . Мэз … . Е зыгуэрым и Iыхьэ тIэкIу. 33. Тхылъым и «джанэ». 34. Къуаншагъэ зылэжьа, суд пащхьэ ираша цIыху. 35. Псым тет кхъухьыр и пIэм изымыгъэкI гъущI яе.
  •  Зэхэзылъхьар  МЫЗ Ахьмэдщ.
  • Мэкъуауэгъуэм и 26-м ди газетым тета
  • псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу: 2. Бел. 5. Къатыр. 6. Ержыб. 8. Iуданэ. 9. Бжьахъуэ. 11. Хьэкъуей. 13. ХущIэ. 15. КIэ. 16. Удж. 19. Абдж. 22. Нухь. 23. УпщIэ. 24. Собэ. 27. Бжей. 28. Псынэ. 29. Церп. 32. Лэгъуп. 33. Бажэ. 34. КIыщ. 36. Мет. 37. Хъы. 38. Кхъухь. 39. Нып. 41. БетIал. 43. Пшэплъ. 46. Амдэч. 47. Шэрэз. 48. Аргъей. 49. Соку.
  • Къехыу: 1. Сытхъу. 2. Бэдэху. 3. ЛантIэ. 4. Хъурмэ. 5. Къэб. 7. Бей. 10. Алыдж. 12. Къудан. 14. КъуакIэбгыкIэ. 15. КIэпхъ. 17. Джабэ. 18. Щхьэцпэщтэ. 20. Сэхусэплъ. 21. Псынабэ. 25. Шей. 26. Жей. 30. Шэпхъ. 31. Бжыхь. 35. ЩаитI. 36. Мыгъуэ. 39. Нэмыс. 40. Пхъэшку. 41. Баш. 42. Анэл. 44. Шэрхъ. 45. Лъей.