Лэжьыгъэм и пIалъэкIэ зохъуажэ
2021-07-03
- Тырку Республикэм и дохутырхэр COVID-19-м зэрыпэщIэтым, абыхэм я лэжьыгъэм и пIалъэ зрагъэщIэну а къэралым щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэр.
- СПИД-мрэ узыфэ зэрыцIалэхэмрэ защыхъумэнымкIэ, абыхэм япэщIэтынымкIэ республикэ центрым и дохутыр нэхъыщхьэ Иуан Маринэ, Налшык дэт къалэ клиникэ сымаджэщ №1, №2-хэм я унафэщIхэу Кумыщ Анзор, Тогузаевэ Залинэ сымэ Бурсэ къыщызэIуаха госпиталь нэхъ инитIым щыгъуазэ щызыхуащIащ коронавирусыр зыпкърыт сымаджэхэм зэреIэзэ Iэмалхэм.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа дохутырхэм япэу гу зылъатар цIыхухэм псоми медицинэ нэкIуIупхъуэр зэраIулъырщ, щIыбми пэш кIуэцIми абыхэм къыхуагъэува хабзэр ткIийуэ щагъэзащIэ. КъищынэмыщIауэ, ахэр вакцинэр къыщыхалъхьэну чэзум поплъэ.
- Иджыпсту Тыркум узыфэ зэрыцIалэхэм зэрапэщIэт мастэхэр зыхалъхьэр щIалэгъуалэрщ, нэхъыжьхэм нэхъ пасэу ар ящIэкIащ. Къэралым щыпсэухэм я процент 33-м вакцинэр халъхьакIэщ. Тырку правительствэм и мурадщ жылагъуэм и процент 80-р а Iуэхум къызэщIригъэубыдэну.
- Коронавирус узыфэ зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэр зэуалIэхэр а къэралым щымащIэ дыдэщ. Мазищ ипэкIэ университет клиникэм цIыху 300-м нэблагъэ ирашалIэу щытамэ, иджыпсту апхуэдэ сымаджэхэр 40-м щIигъуркъым.
- Ди республикэм икIа IэщIагъэлIхэр кIэлъыплъащ тырку дохутырхэм я лэжьэкIэм, узыфэ зэрыцIалэм зэрыпэщIэт щIыкIэм. Абыхэм я псалъэхэм къызэрыхэщамкIэ, ахэр тохуэ Урысейм щызэхагъэува методикэ чэнджэщхэм. Ауэ, апхуэдэу щытми, COVID-м илIыкIхэр а къэралым хуэди 2,5-кIэ щынэхъ мащIэщ. Шэч хэмылъуи, абы и щхьэусыгъуэу къалъытэр Тырку Республикэм и цIыхухэм санитар хабзэхэр нэгъэсауэ зэрагъэзащIэрщ, куэдым вакцинэр зэрызыхрагъэлъхьарщ.
- ЩхьэщэмыщI Изэ.