ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

IуэрыIуатэ — дыщэ пхъуантэ

2021-07-03

  • Гъэсэпэтхыдэхэр
  • Адэм  и  уэсят
  • ЗэлIзэфыз псэурт, зы къуэ яIэу. Анэр щIэх дунейм ехыжащ. ЛIыми, фызым и дунейр щихъуэжым, къуэм IэщIагъэ иритащ, щхьэхрэ шынэрэ имыщIэу игъэсащ.
  • Жьы хъууэ лIыжьым и лIэгъуэр къыщысым, и къуэм жриIащ:
  •  — Си лIэгъуэ хъуащ, IэщIагъэ уиIэщ, шынэ жыхуаIэр пщIэркъым, псэу, дунейм цIыху хуэдэу тет. Ауэ удэхуэхрэ тхьэмыщкIэ дыдэ ухъумэ, мыпхуэдэ къуажэм дэс си ныбжьэгъум деж кIуэ. Абы къыбжиIэнщ адэкIэ пщIэн хуейр.

  • Куэд дэмыкIыу адэр дунейм ехыжащ. Тэлай дэкIауэ, щIалэр гугъусыгъу щыхэхуэм, и адэм къыжриIауэ щытыгъар игу къэкIыжащ. Арати, и адэм и ныбжьэгъум деж тридзэри кIуащ, и Iуэхури бгъэдилъхьащ. ЗдэкIуа лIыми щхьэгъусэ къызэришэн хуейр къыжриIащ.
  • — АтIэ, Iуэхур арамэ, уи пхъур къызэт, — жиIащ щIалэм.
  • — Хьэуэ, си пхъур уэ фыз пхуэхъунукъым, ар бзаджэщ, — идакъым лIым.
  • — Мыбы нэс сыкъыщыкIуакIэ, жысIэн щыжысIакIэ, икIуэт сиIэкъым, къызэт уи пхъур, — иувыкIащ щIалэр. Сытми, адэм иригъэдащ.
  • ЩIалэр унэм щIашэри ягъэтIысауэ здэщысым, джэду цIыкIу къыщIэлъадэри, «нау» жиIащ. ЩIахужащ джэдур. ЕтIуанэу къыщIэлъадэри, аргуэрыжьти, «нау» жиIащ. ЩIахужащ. «Ещанэу къыщIэлъадэрэ пщIэумэ, фIэзгъэжынущ», — жиIащ щIалэм. Ещанэу къыщыщIэлъадэм, джэдум кIэ иритащ щIалэм. Ар и нэгу щIэкIащ хъыджэб-зым.
  • ЗэрызэгурыIуам тету, лIым и пхъур щIалэм щхьэгъусэу иритри, иутIыпщыжащ. Зыкъом дэкIауэ, адэр пхъум деж лъагъунлъагъу къэкIуащ. ЩIалэр щIыпIэ жыжьэ гуэрым щыIауэ и жейр иригъэкъуж хъунти, пхъум лIыр къигъэушыну тегушхуакъым:
  • — Къеблагъэ, ди адэ, сытым укъитхуихьа? ЛIыр мэжей, куэд дэмыкIыу къызэщыунущ, апщIондэху дыщ хъыбар сыкъегъэдаIуэ, — жиIащ.
  • Зэадэзэпхъур зэпсалъэу щысыху, щIалэр къэушащ, гуапэу лIым IущIащ.
  • — ФылIарэ фыпсэурэ, фызэгурыIурэ фызэщыхьэгъурэ къэсщIэну сыкъэкIуати, лIыгъэ уиIэщ, цIыхубзыр бгъэдэIуащ, гъащIэ кIыхь ухъу, — жиIэри, гуфIэу дэкIыжащ.
  • ФIэлIыкI къэзымыгъэщI шынэ кIыхь щыIэкъым. ФIэлIыкI здэщыIэм, зэгурыIуэ щыIэщ, зэгурыIуэ здэщыIэм, лъагъуныгъи щыIэщ. ЛIыр щхьэ хъунущ, фызым жьауэ зищIыфмэ.
  • Шыпхъум и лъэIу
  • Куэд лъандэрэ зэныбжьэгъу щIалитI нэщI мазэу ежьащ. ЗдэкIуэм, лIы гуэр чытап еплъу гъуэгум щыхуэзащ. ЗэныбжьэгъуитIыр епсыхри, лIым фIэхъус ирахащ.
  • ЗдэкIуэмкIэ къащыщIэупщIэм, зэныбжьэгъуитIым я зым:
  •  — Сэ хьэж сщIыну сокIуэ, — жиIащ.
  •  — Сэ хьэж зэрысщIын мылъку сиIэкъым икIи хьэж сщIыфынукъым, ауэ къуажэ жыжьэ гуэрым си анэ къилъхуауэ си шыпхъу дэсщи, ар слъагъуну сокIуэ, — жиIащ етIуанэ щIалэм.
  • Абдежым щIалитIыр зэбгрыкIри, щхьэж здэкIуэну лъэныкъуэмкIэ игъэзащ.
  • Зи шыпхъум деж лъагъунлъагъу кIуэ щIалэм куэд дэмыкIыу и пащхьэ Псэхэхыр къиуващ. ЩIалэр абы елъэIуащ:
  •  — Ухуеймэ, сыхьэт пIалъэ къызэт, ухуеймэ, махуэ пIалъэ къызэт, ауэ си анэм къилъхуа си шыпхъур сыгъэлъагъуж.
  • — Хъунщ, лъагъуж, — жиIэри, Псэхэхыр IукIыжащ.
  • ЩIалэр и шыпхъум деж кIуащ. Мо куэд лъандэрэ имылъэгъуа дэлъхум шыпхъур къыщыгуфIыкIащ, игъэхьэщIащ, гъуэлъыжыгъуэ щихуэми, шыпхъур тхьэ елъэIуащ:
  •  — Уэ ди Тхьэ закъуэ, мы си дэлъхум къызита гуфIэгъуэм хуэдэ къетыж, сызэригъэгуфIам хуэдэу гуфIэгъуэ щымыщIэу илъэсищэ къет, — жиIэри.
  • Пщэдджыжьым жьыуэ щIалэр ежьэжри, Псэхэхым деж къекIуэлIэжащ.
  •  — Иджы, ухуеймэ, хэх си псэр, си анэкъилъхур слъагъужащ, къысхуэарэзыуэ сыкъыдэкIыжащ, — жиIащ щIалэм.
  • — Хьэуэ, — идакъым Псэхэхым, — уи шыпхъур тхьэ елъэIуащ илъэсищэ гъащIэ къуитынуи, Тхьэм деж абы и лъэIур нэсащ. Анэкъилъхур зыгъэгуфIэмрэ псы хуэлIэм и псыхуэлIэр изыгъэкIымрэ Тхьэр ящоукIытэ, щIэлъаIуэри къахуещIэ, — жиIащ.
  • Тхьэми цIыхуми я арэзыныгъэр тыншщ къэблэжьыну — гулъытэрэ лъагъуныгъэрэ уиIэн хуейуэ ара къудейщ.
  • ЩIалэм  и  хьэдэр  илъэсиблкIэ  зыхъума  жан
  • (Таурыхъ)
  • Пщы гуэр щыIэт. Абы зыпхъу закъуэ иIэт. Жаным цIыху трамыгъаплъэу, дзыхьыпцIэ зыми хуамыщIу, хьэкъущыкъу къутэным хуэдэу хуэсакъыу яхъумэрт. ЗэраIуэтэжымкIэ, хъыджэбзыр алэрыбгъум кIуэцIыту, цIыхум ирамыгъэлъагъун щхьэкIэ, хадэм яшэрт, алэрыбгъур къешэкIауи унэм къашэжырт.
  • Апхуэдэу, зы махуэ гуэрым, жаныр хадэм зыплъыхьакIуэ яшауэ, тхьэрыкъуэ цIыкIуищ къэлъатэри, жаIащ:
  • — Ей, пщым и пхъужь цIыкIу, апхуэдизу зумыщI, илъэсиблкIэ хъумэн хьэдэ уиIэщ уэ.
  • Тхьэрыкъуэ цIыкIухэр къэлъатэурэ апхуэдэу мызэ-мытIэу къыжраIа щхьэкIэ, ар жаным и тхьэкIумэ иригъэхьакъым.
  • Ауэрэ екIуэкIыурэ, хьэблэ хъыджэбз цIыкIухэр мэракIуэхьэ кIуэн хуей хъуащ. КъакIуэри, пщым къелъэIуащ, ди гъусэу нэгъакIуэ, дэ дыхуэсакъынщ, дыкIэлъыплъынщ, жаIэри. Езы жанри хъуапсэрт, дунейм техьэну хуейти, лъэIуащ, сыгъакIуэ, жиIэри. Пщыр арэзы хъури, и пхъур иутIыпщащ.
  • ЖыхуаIа пIалъэр къэсри, хъыджэбзхэр мэракIуэхьэ дэкIащ. КIуэурэ мэзышхуэ гуэрым нэсащ. МэракIуэр куэдт, къащыпурэ шэджагъуэм нэсауэ, жьапщэ ин къыкъуэуащ. Жаным и щхьэр къыщиIэт дыдэм данэ бэлътокъу гуэр и нэкIум къыIуихьащ. Ар къиубыдын и гугъэу пщащэр кIэлъыпхъуэм-кIэлъыжэурэ мэзым и кум ит хуеишхуэм хыхьащ. Абы унэшхуэ итт. Бжэм и дамэдазэмкIэ бэлътокур дэкIри, унэм щIихьащ. Жанри абы иужь иту щIыхьащ. Тхьэрыкъуэ цIыкIуищым зэрыжаIам хуэдэу, унэку дыдэм хуэзэу зы хьэдэ илът. Хъыджэбзыр Iэбэри, бэлътокур къищтащ, ауэ къыщIэкIыжакъым — хьэдэм бгъэдэтIысхьэри, бадзэ хуеуэу щIи-дзащ.
  • Апхуэдэ защIэурэ жаныр унэм къыщIэмыкIыжу илъэсиблкIэ хьэдэм бгъэдэсащ, ихъумэу.
  • Зы махуэ гуэрым, тIэкIу зигъэпсэхуну къэтэджауэ, щхьэгъубжэмкIэ къыщыдэплъым, шууиблым унэIут хъыджэбз гуэр яхуу илъэгъуащ. Жаныр шухэм якIэлъыджэ-ри, еупщIащ:
  • — Мы хъыджэбзыр дэнэ фшэрэ?
  • — Пщым худошэ, — жаIащ шухэм.
  • Жаным и Iуэхур зыIутыр шухэм яжриIэри, елъэIуащ хъыджэбзыр дэIэпыкъуэгъуу къратыну. Шухэми жаным унэIут хъыджэбзыр къратащ. Абы бадзэ трихуну унафэ хуищIри, жаным зигъэпсэхуну зигъэукIуриящ. Хъыджэбзыр хьэдэм щхьэщысу бадзэ здеуэм, имыщIэу бэлътоку кIапэмкIэ и нэкIум лъэIэсащ. Хьэдэу щылъ щIалэм и нэхэр къызэтрихри, къызэфIэтIысхьащ:
  • — Куэдрэ сыжея, куэдрэ сыщылъа? — жиIэри.
  • Зи нэхэр къызэтезыха щIалэм унэIут хъыджэбзыр хьэщыкъу хуэхъуати, пцIы иупсащ:
  •  — Сэ пщым срипхъущ, мо жейр си унэIутращ. Илъэсибл лъандэрэ уи хьэдащхьэм бадзэ сеуэу сыщхьэщысщ, — жиIащ.
  • И хьэдащхьэм щымымэхъашэу зэрыщхьэщысар и щхьэусыгъуэу унэIут хъыджэбзыр щIалэм щхьэгъусэу къишащ, пщым и пхъур я унэIут хъуащ.
  • Зы махуэ гуэрым щIалэр зекIуэ кIуэну зигъэхьэзыращ.
  • — Сыт къыпхуэсхьын, сыт къыпхуэсшэн? — жиIэу и фызым щеупщIым, хъугъуэфIыгъуэ, налкъутналмэс къыхуишэну елъэIуащ.
  •  — Уэ сыт къыпхуэсхьын? — еупщIащ щIалэр пщым и пхъум.
  •  — «Дэхуэхурэ-хуранджырэ» гуащэгъаплъэр къысхуэхь, ар къыумыхьу укъэкIуэжмэ, мывэ уэшхымрэ мывэ уэсымрэ Тхьэм укъыпхимыгъэкIыж, — пидзащ абы хъыджэбзым.
  • ЩIалэр зекIуэ ежьащ, къыщыкIуэжынум дуней хъугъуэфIыгъуэр къищэхури, къежьэжащ, пщым и пхъур къызэрелъэIуар щыгъупщэжри. КъыздэкIуэжым, мывэ уэшхымрэ мывэ уэсымрэ къыпхымыкIыфу игъэзэжащ. Хъыджэбзым и лъэIур зэримыгъэзэщIар игу къэкIыжри, абы жыхуиIар къищэхуну мурад ищIащ. ЛъапIэ дыдэу къыщыщIэкIым къищэхуакъым.
  • Къежьэжауэ къэкIуэжу аргуэру мывэ уэшхымрэ уэсымрэ къыпхыкIыфакъым. Сыт ищIэнт, игъэзэжри, къищэхуащ. Къэсыжри, щхьэж къахуихьар яритащ. ЩIалэм мурад ищIащ хъыджэбзым ищIэм кIэлъыплъыну икIи, зы пщыхьэщхьэ гуэрым, пкIэунэм итIысхьэри, кIэщIэдэIухьу щIидзащ.
  • Хъыджэбзым дэхуэхурэ-хуранджырэ игъэувауэ йоупщI:
  • — Сэ пщым срипхъу закъуэкъэ?
  • — АтIэ мыгъуэ, атIэ гущэ, — жаIэурэ дэхуэхурэ-хуранджырэ зэролъэлъ.
  • — МэракIуэхьэ сыкърашажьэри, сафIэкIуэдакъэ?
  • — АтIэ мыгъуэ, атIэ гущэ, — жаIэ дэхуэхурэ-хуранджырэ.
  • — БэлътокукIэ бадзэ щхьэщысхуу мы щIалэм илъэсиблкIэ сыбгъэдэсатэкъэ? — мэгъынанэ жаныр.
  • — АтIэ мыгъуэ, атIэ гущэ, — зэщIожьыуэ дэхуэхурэ-хуранджырэ.
  • — ПщылIыпIэм къисша мы хъыджэбзыр пцIыкIэ си пIэм иуватэкъэ? — кърегъэгъых хъыджэбзым.
  • — АтIэ мыгъуэ, атIэ гущэ, — зэпыужыххэркъым дэхуэхурэ-хуранджырэ.
  • Жаным и Iуэху къызэрекIуэкIа псом и щыхьэт хъуащ дэхуэхурэ-хуранджырэ.
  • ЩIалэр пкIэунэм къехыжри, жаным и щхьэ кърикIуар псори къригъэIуэтэжащ. Гувыр зэщIищIэри, пщым деж ишэжащ. ИужькIэ, хабзэм тету, лъыхъу кIэлъигъакIуэри, щхьэгъусэу къишащ. УнэIут хъыджэбз пцIы зэхэзылъхьар шы мыгъасэм кIэрищIэри, иутIыпщащ, езыхэр зэрылъагъурэ зэдэIуэжу псэу хъуащ.
  • Аращ-тIэ, пцIым лъакъуэ щIэткъым, насыпым Iыхьэгъу зыхуэхъуари къегъуэтыж.
  • Щхьэц къедзэкI
  • Адыгэ лъэпкъ щIэныгъэм щыщщ
  • Нысашэр иджыри къэмысауэ, ауэ нысашэ пежьэхэр дэкIауэ къэту хъыджэбзым зэрыдашыну щыгъынхэр щитIагъэрт. Хъыджэбзым и ныбжьэгъухэр къакIуэу яхуэпэныр, ягъэдэхэныр хабзэу щыIащ.
  • Хъыджэбзым япэщIыкIэ данэ псыпсу къепхъух дахэ хуащIырт, абы и щIыIужым гуэлмэдын къытралъхьэжырт. Гуэлмэдыныр къытрапIапэртэкъым. Данэр и нэгум кърапхъуэрт, гуэлмэдынри щимэ тIуащIэу зэтрахырти, пщэм къыдадзэрт, дэзышынухэр къэсмэ, натIэр щIихъумэу хъыджэбзым къытрапхъуэн хуэдэу.
  • Хъыджэбзхэм зэрыдашынум хуагъэхьэзыр пщащэм и щхьэцыр яухуэну щытащ. Ипэхэм щхьэц плIакIуэхэр зэрахьэрт, Iуву, кIыхьу, дахэу. Езы хъыджэбзхэри зэкIэлъыкIуэт, дахэт. Хъыджэбзыр дэсыху и щхьэцыр тIууэ иухуэну щытащ. Ауэ ар дашыну къыщыкIуэ махуэм и щхьэцыр зыуэ зэхаухуэнэжырт.
  • Хъыджэбзым и щхьэцыр яухуэна нэужь, адэ шыпхъум къеджэрти, унэм ирашэрт. Абыи хъыджэбзхэм сэлам ярихырти, дашыну нэрыбгэ цIыкIум бгъэдыхьэрт, дахэ жриIэрт, и щхьэцыр ижьымкIэ къридзыхырти:
  • Зэщэзэрыдзищэхэр,
  • си дахэ, къыуагъэкIу,
  • Зэхэбухуэна нэрынэхэр
  • ум къэгъагъэщ,
  • Тегъэ къыхэмыкIыну,
  • ЦIыху икIэм
  • къимыкъутэну,
  • Мыкъутэжыну лъапсэм и
  •  быдэхэр зэбгъэкIуну,
  • Унэгъуэ екIухэр бгъэувыну си Алыхьым солъэIу! — жиIэрти ехъуэхъурт.
  • Апхуэдэу хъуэхъуа нэужь, пIынэр хъыджэбзым щхьэритIагъэрт, данэр къытрипхъуэжырти, гуэлмэдыныр и пщэм дэдзауэ хъыджэбзыр зэрыс унэм бжэм нэхъ пэжыжьэ дыдэу иIэ щIыпIэм деж, и щIыбыр къэгъэзауэ, Iэщхьэубыдыр зэрыращIэкIынум хуэдэу, игъэтIысырти икIыжырт.
  • ЩIэупщIащ зыгуэр, хъыджэбзым и щхьэцыр ижьымкIэ къыщIрадзыкIыр сыт, жиIэри. Жэуапыр хьэлэмэтт: щауэм иридзэкIыжын щхьэкIэщ.
  • КъебжэкIхэр
  • ШкIащIэ
  • Ди шкIащIэ цIыкIур фэкъущ,
  • Ар ди шкIэ фэкъути натIэхущ,
  • Абы и натIэхэр гъуджэщ,
  • Езыр псы Iуфэм щохъуакIуэ,
  • Псы тIэкIу ефэнуи щогъупщэ,
  • Ар пщыхьэщхьэпэу къокIуэж,
  • Ар ди бжэIупэ къыIуоувэ,
  • Гузавэурэ зреIунтIыхь,
  • ЩIыхьэм къоплъ,
  • ЩIэкIыжым къыхудоплъей:
  • Ди натIэхур псы хуолIэ,
  • КъыдэлъэIуни мэукIытэ,
  • — А делэжь цIыкIу,
  • Хъыджэбз цIыкIу нэхъей, укIытэх,
  • Ди бжэр къыIухи къыщIыхьэ,
  • Псы къэхьа диIэщи, ефэ!
  •  
  • Нау-нау, си КIущэ
  • Нау-нау, си КIущэ,
  • КIущэ и къуэр зы набдзэщ,
  • Чэу нэпкъыр и гъуэгущ,
  • Игу цIыкIур IэфIылъэщ,
  • И лъэ цIыкIур мажьэщ,
  • Бэрэжьеижьыр и жьауэщ,
  • Жыг жьауэ щIэмыхьэ, зиунагъуэрэ,
  • ХьэщIэ къакIуэкIэ мытэдж,
  • Мытэджыжыххэр и КIущэщ,
  • зиунагъуэрэ.
  • КIущэ, КIущэ,
  • ЕкIуэщэхи псы ефэ,
  • Дзыгъуэшхуэр гуоуэ къэубыд,
  • Дзыгъуэ цIыкIур кIийуэ къэкъуз.
  •  
  • Къанжэ къебжэкI
  • Жыр-жыр, кIыр-кIыр,
  • Къанжэ, къанжэ,
  • Уи кIакIэр кIыхьщ,
  • Уи кIэр нэхъ кIыхьыжщ,
  • Жыжьэ уолъатэ,
  • Куэдым уажьэхолъатэ,
  • Жьуджалэу къыболъэтыхь,
  • УкIакIэу уолъэтэж.
  • Уэ уи ныбэ,
  • Сэ си ныбэ,
  • Хьэбабэ и гуэн,
  • Багъырсей и гупсэ,
  • ЦIыкIупсэ лъэгубгъуэ,
  • Ныбгъуэ жьауэ кIэлъэф,
  • Уафэр сотх,
  • Шытхыр согъагъ,
  • ГъагъкIэ сашэ,
  • Я пкIэм сытрагъэтIысхьэ.
  • Ныш схуаукI,
  • Нысэ щIэращIэхэм
  • сыхагъэтIысхьэ,
  • ХьэщIэшхуэхэр схузэблокI,
  • Ихьэ-икIым соплъри,
  • Лъапэрисэ сщIыуэ сыкъокIуэж.
  •  
  • Пщэ пцIанэжь
  • Ди джэдыжьыр пщэ пцIанэщ,
  • ДжэдыкIэ пцIанэ къекIэцI,
  • Пщэ пцIанэжь мэгъуалъхьэ,
  • Джэджьей мин къреш,
  • Я нэхъ инри танэщ,
  • Танэ мэхъури йожажьэ,
  • Я нэхъ цIыкIури бзу жунэщ,
  • Жунэ мэхъури мэлъатэ,
  • Джэдкъуртыжьыр мэпыхьэ,
  • КIуэи тхьэмыщкIэм дэлъыхъуэ.
  •  
  • Бажэ цIыкIу
  • Мэлыхъуэ гуп Къущхьэхъум щыIэу ныш ягъавэу мафIэм пэрыст. Таурыхъ жаIэурэ щхьэж и лъэныкъуэкIэ иукIуриикIри, псори жеящ. Бажэ цIыкIу гуэр къыIухьэри, псори жейуэ щилъагъум, кIапэр къыхипхъуэтри къригъэжьащ:
  • Уэри ухъэ,
  • Сэри сыхъэ,
  • Дыщэ хъыкIэ,
  • Дыщэ кIэн,
  • Бадзэ,
  • Дзищэ,
  • Хьэкусэ,
  • Хьэсанэ,
  • КIапэ зэразу-зутI,
  • КIапэ ныбэ цIыкIу,
  • КIапэ кусэр
  • Нус и Iыхьэщ,
  • КIапэ лейр сэ си Iыхьэщ.
  •  
  • Дзыгъуэгъей
  • ЯтIэкъуэ дзыгъуэмрэ
  • Гуэн дзыгъуэ цIыкIухэмрэ зэрощIэ,
  • Дэ гъэ мэшыр дощIэри,
  • Уардэ унэжьхэр хащIыхь,
  • Жэщыпсыр къыдохьри,
  • Лъэрыжэ защIэкIэ къыхохьэ,
  • Фэнжейм зэдохьэри,
  • Хьэщхьэ ихуэну пхашхыкI,
  • Дэ ди нэдыжьым
  • Кхъужь дыдж нэхъейуэ,
  • къолъэлъэх,
  • Дагъэгупсысэри,
  • Дзыгъуэ басымэр доухуэ,
  • Дэ дызэрыхуейуэрэ
  • Я щхьэпхэтIыгум щолъащэ,
  • Нэхур къымыщурэ
  • Щэмрэ пщIеймрэ тхуеукI.
  •  
  • Бажэм и къуентхъ гуэшыкIэр
  • (Псысэ)
  • Еуэри, жеIэ, зы мэзыжь гуэрым зы Аслъэныжь щIэсти, Дыгъужьымрэ Бажэмрэ щакIуэгъу ищIри, зэдежьащ.
  • Жьыр здепщэ лъэныкъуэмкIэ къыщыхыхьэри, зы сыхьэтым и кIуэцIкIэ зы щыхь, зы мэз бжэн, зы кхъуэло къащэкIури, я хэщIапIэм кърахьэлIащ. Къуентхъхэр зэбгъуралъхьэри, зэныбжьэгъужьхэр еплъу тIысыжащ. Аслъэным и шхэгъуэр къэсагъэнти, Дыгъужьым жриIащ:
  • — СлIожь узыпэплъэр, Дыгъужьыжь, уэ ущакIуэжьщ, куэд уи нэгу щIэкIащ, уэ нэхърэ нэхъ Iэзэу хэт игуэшын къуентхъыр!
  • — Уэлэхьи, мыр гуэша хьэзырым езыр! — жи Дыгъужьым.
  •  — Сыт абыкIэ жыпIэну узыхуейр? — йонэщхъауэ Аслъэныр.
  • Дыгъужьыр къотэджри, щыхьыр къыбгъэделъафэ Аслъэным:
  • — Уэ узиусхьэнщи, мы нэхъ ин нэхъ IэфIыр къыплъос. Сэ уи къуэдзэу сыщыщыткIэ, мы мэз бжэныр къыслъос, — жери и Iыхьэр хелъэф. — Бажэр нэхъыщIэ цIыкIущи, мы лори хурикъунщ, — жери Бажэм хуедз къэнэжа закъуэр.
  • Аслъэныр къогубжь:
  • — Уэ пхуэдэ щхьэхуещэр дзей зыщIращ къуаншэр, армыхъумэ уэ сыт уи лажьэр! — жеIэ аби, зэ еIэгъуэм Дыгъужьым и псэр хеуд.
  • ИтIанэ, къотIысыжри, Бажэм йоплъ:
  • — Уэ ущIалэщ, бзаджагъэ пщIэн хуейкъым, Бажэжь цIыкIу, тэджи гуэш! — жери.
  • Бажэр мэтэджри щыхьыр къыбгъэделъафэ Аслъэным:
  • — Уэ узиусхьэнщи, мы нэхъ ин нэхъ IэфIыр шэджагъуашхэу къыплъос. — КIэлъоIэбэри, мэз бжэныр къыхубгъурелъхьэ. — Уэ удитхьэмадэщи, мы щIэщыгъуэр уи пщыхьэщхьэшхэу пшхыныр сфIэигъуэщ, — жи, къэнэжарати, кхъуэлори къыбгъэдилъхьэжащ. — Мыри, Iыхьэтелъу аращи, пщэдджыжь укъэушмэ, мащIэIэфIу пшхыжынщ, — жи.
  • Аслъэныр къуентхъым йоплъ, Бажэм йоплъыжри погуфIыкI: игу ирихьащ абы и гуэшыкIэр.
  • — Акъыл зиIэр хэгъуэщэнкъым, — жи Аслъэным.
  • — Уянэр хэтхэ япхъу?
  • — Гугухэ япхъущ.
  • — Алыхь-алыхь! — егъэщIагъуэ. — Уядэр хэт и къуэ?
  • — Тыркум къикIыжащ, Дэжыгым и къуэщ.
  • — НтIэ мы гуэшыкIэ дахэр хэт уигъэщIа?
  • — Дыгъужьым и псэ хэкIам.
  • — Уэ сыт пшхынур, сэ мы къомыр сшхыжмэ?
  • — Сэ сыщхьэгъэрытщи, щхьэр щыпкъутэкIэ, тхьэкIумэр къыслъос.
  • Къылышбий и къуэ
  • кIасэм къангъэджэгу зэрыхуащIар
  • (Къан уэрэд)
  • ЩIалэр къану ятрэ илъэс бжыгъэкIэ къаныпIэ ирагъэсу щытат. Арат хабзэу къекIуэкIыр.
  • Къылышбийхэ лъэпкъыжьщ-тIэ, еуэри, я зы щIалэ нану дыдэу къану ятащ. Атэлыкъ гуащэр дэджэгуурэ игъафIэрт, жаIэ, ар. Зэгуэрым нанум гуащэр зэрыдэджэгур Думэныщхэ я нэхъыжьхэм ящыщым къилъэгъуащ. Къуажэм къэкIуэжри, цIыхум яхуиIуэтэжащ: «Бэчмырзэ лIыфI мыхъумэ, лIы къикIынщ, икъукIэ къелIалIэу анэрэ телажьэу адэрэ игъуэтащ», жиIэри.
  • «А зиунагъуэрэ», «а зи унагъуэ сиплъэн» псэлъафэхэр зэхэзымыха щыIэкъым. Ахэр къаныпIэ исым щхьэкIэщ щIыжаIэу щытар. Унагъуэуи, псэхугъуэуи къаным иIэр атэлыкърат: лей къылъысыркъым, ягъафIэ, лIыпIи щоувэ. Гугъу зыдехь сабийм и лъэ зэрыувынур, унагъуэ щIапIэ зэрихуэнур я хъуапсэм хэлът. Псэлъафэр абдежщ къыщежьэр.
  • Къылышбий и къуэу къаныпIэ исыр зэрагъэджэгуу щытар мыращ:
  • Дыжьыныгъуэ шури къызогъэблагъэ,
  • Зиунагъуэрэ,
  • ХьэщIэ пежьэ хузощIыр,
  • Зиунагъуэрэ,
  • Жыжьэу сыплъэу соувыр,
  • Зиунагъуэрэ,
  • IэщIэвыщIэр соукIыр,
  • Зиунагъуэрэ,
  • Ихьэ-икIыр си куэди,
  • Зиунагъуэрэ,
  • Хъыджэбзиблыр къоблагъи,
  • Зиунагъуэрэ,
  • ХьэщIэ щIалэр уаходи,
  • Зиунагъуэрэ,
  • УкъыщIену укъебли,
  • Зиунагъуэрэ,
  • Хъыджэбзиблым уахоплъи,
  • Зиунагъуэрэ,
  • Беслъэн пщащэр къыхохи,
  • Зиунагъуэрэ,
  • Джэгу ташыным къахеши,
  • Зиунагъуэрэ
  • Дыгъэ-мазэу къахокIыри,
  • Зиунагъуэрэ,
  • ПсыкъазыпцIэ пщатхъуэу ирехуэкIыри,
  • Зиунагъуэрэ,
  • Дэп жьэражьэ маскIэри,
  • Зиунагъуэрэ,
  • Уи лъэм къыщIеудыри,
  • Зиунагъуэрэ,
  • Къаным я нэхъ IэфIыри согъэджэгури,
  • Зиунагъуэрэ,
  • Джэгуэгъу дахэ IэджэкIи,
  • Зиунагъуэрэ,
  • ЩIалэм сыпхуопщIыхьыри,
  • Зиунагъуэрэ…