|
Ноябрь, 2020
2020-11-19
- Урысейм и Президент Путин Владимир щэкIуэгъуэм и 13-м «Урысейм ис лъэпкъхэм я ассамблее» къызэрагъэпэщыным теухуа унафэм Iэ щIидзащ. Адыгэхэм яхуэдэу зи бзэ, зи щэнхабзэ яхъумэжыным щIэхъуэпс лъэпкъ щхьэхуэхэу къэралым исхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ а унафэ щхьэпэм ди щIэджыкIакIуэхэри щыгъуазэ тщIыныр тфIэигъуэщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Указ
2020-11-19
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В. КъБР-м и Правительствэм и Унэм щэкIуэгъуэм и 17-м щыIущIащ Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щIым щIэлъ хъугъуэфIыгъуэхэр къыщIэхынымкIэ, абыхэм елэжьынымкIэ щыIэ комбинатым и генеральнэ директор Ушаков И. А.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
2020-11-19
- ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием иджыблагъэ «стIол хъурей» иригъэкIуэкIащ, онлайн жыпхъэм тету.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху
2020-11-19
- ПщIэ зыхуэтщI щIэджыкIакIуэхэ!
- 2020 гъэм фокIадэм и 1-м щIидзауэ йокIуэкI 2021 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм цIыхухэм яIэрыхьэну газетхэм, журналхэм Iэ тедзэныр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-11-19
- Иджыблагъэ дунейм ехыжащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Тау Хьэзешэ Талий и къуэр.
- Тау Хьэзешэ Талий и къуэр 1936 гъэм щIышылэм и 26-м Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Къамылыкъуэ къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр къиуха нэужь, ар щIэтIысхьащ Джавахишвили Иван и цIэр зэрихьэу Тбилиси дэт къэрал университетым. Таум и насып кърихьэкIащ а зэманым къэралым нэхъ цIэрыIуэу иса бзэ щIэныгъэлIхэм ирагъэджэну. ЕджапIэр диплом плъыжькIэ къиуха нэужь, Хьэзешэ аспирантурэм щIэтIысхьэри, 1962 гъэм «Адыгэбзэм падежхэр зэрыщылажьэр» и диссертацэр ехъулIэныгъэ пылъу пхигъэкIащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-11-19
- Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм къыщыдэкI «Черкес хэку» адыгэ газетым илъэс 16 хъуауэ щылажьэ, абы жэуап зыхь и секретарь, КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист Абидокъуэ (Щохъужь) Лусанэ интервью къыIахауэ иджыблагъэ къытрадзащ Тыркум къыщыдэкI «Жьынэпс» адыгэ газетым. ЩIыналъэкIэ дызэпэIэщIэми, гурэ псэкIэ дызэрызэпыщIам, жыджэру дызэрызэдэлажьэм и щыхьэту «Адыгэ псалъэ» газетми тыдодзэ, ди лэжьэгъухэм ягъэхьэзыра тхыгъэр икIи ди гуапэу фыдогъэцIыху адыгэ журналистикэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIхэм ящыщ шэрджэс пщащэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-11-19
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь КIыщокъуэ АлимрэКъБАССР-м и цIыхубэ усакIуэ Кулиев Къайсынрэ зэныбжьэгъуфIу, я гурыгъу-гурыщIэхэрмкIэ зэдэгуащэу къекIуэкIащ.
Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
2020-11-19
- НэфIэдз Мухьэмэд
- Повестым щыщ пычыгъуэхэр
-
(КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №137-м итщ.).
- * * *
- Ещанэ къатым и балкон бгъуфIэ хужьышхуэм ит Динэ удз гъэгъахэм псы щIекIэ. Абыхэм я мэ гуакIуэр и Iум итми, защимыгъэнщIу, щIэх-щIэхыурэ ину хьэуар зыжьэдешэ. Гъэгъахэм я мэ гурыхьым нэхърэ нэхъ гуащIэжу и гум зы IэфIыгъэ гуэри щызщ — ар зэрымыщIэкIэ зэщIэгъэгъа лъагъуныгъэрщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-11-19
- «Махуэку» кIуами тетат коронавирусым теухуа тхыгъи, аргуэру абы и гугъу сымыщIами хъунут. Ауэ, зауэм щыIэм и хъыбарым пэплъэхэу зэрыщытам хуэдэу, мы уз зэрыцIалэм Iэмал гуэр къыхуагъуэтыну пIэрэ, жытIэу ятхым деджэн, жаIэм дедэIуэн хуей мэхъу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Жылагъуэ
2020-11-19
- Ди щыIэкIэ-псэукIэм зригъэхъуэжыну гугъэ уэзыгъэщIщ 2021 гъэм къару зыгъуэтыну хабзэщIэр — щIыпIэм къыщалэжьым, хэхъуэу яIэм и Iыхьэ ар зи хьэрычэтхэм къагъэсэбэпыну Iэмал яIэ зэрыхъунур. УФ-м и Президентым Iэ щIидзащ БюджетымкIэ кодексымрэ щIыпIэ самоуправленэмкIэ хабзэмрэ халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм.
- Сыт хабзэм игъэбелджылыр? Япэрауэ, щIыпIэм и хэхъуэм щыщ къагъэсэбэпыну хуит ещI цIыхухэм я щыIэкIэ-псэукIэр егъэфIэкIуэным теухуауэ. ЕтIуанэрауэ, ди къуажэр, къалэр дгъэдэхарэт, жаIэу гудзакъэ зыхэлъ цIыхухэм ягъэхьэзыра проектхэм я нэхъыфIхэр, япэ игъэщыпхъэхэр къыхахыу ар ягъэзэщIэн хуейщ.
- Жэрдэм къызэбэкIым ахъшэ иIэкъым, ахъшэ зиIэр жылагъуэ Iуэхум къыхэшэгъуейщ. Ар икIи гурыIуэгъуэщ, я нэхъ мащIэрамэ, налогымкIэ хуэгъэкIуатэ щыIапхъэт хьэрычэтыщIэр апхуэдэ лэжьыгъэм къыхэпшэн папщIэ.
- Ди жагъуэ зэрыхъунщи, псэуну тIысагъащIэхэм ещхьщ ди къуажэхэм я нэхъыбэр. Ахъшэ зэрамыIэм къыхэкIыу, илъэс пщIы бжыгъэкIэ я лъапсэр къращIэкI. Унэ ныкъуэщIхэм гъуабжафэ къытрагъауэ ди къуажэхэм. Псом хуэмыдэу нэр фIонэ уэрам быркъуэшыркъуэхэм, шэдхэм, Iэщыр мащIэ зэрыхъуам къыхэкIыу, къуацэ-чыцэм зэщIащта губгъуэхэмрэ джабэ нэкIухэмрэ.
- Мы зэманым зрагъэужьыну яужь итщ «къуажэ туризм» жыхуаIэм. Къалэм дэзэшыхьхэм, шхын къабзэ тшхарэт, ди щIыналъэм я нэхъ дахэхэр зэдгъэлъэгъуарэт, жаIэу ди щIыпIэмкIэ къэзыунэтIынкIэ хъунухэм захуэдгъэхьэзырынымкIэ мы хабзэр сэбэп хъунущ. Псалъэм къыдэкIуэу жысIэнщи, туризмэмкIэ демыбауэ пIэрэ, цIыхухэм ахъшэ щамыIэ, лэжьапIэншэхэр щыкуэд, абы уз зэрыцIалэри къыхыхьэжу гъащIэр къызэтеувыIауэ къыщыпщыхъу зэманым? Дауэ щымытми, дакъыкIэрыху хъунукъым адрей щIыналъэхэм.
- Зи гугъу тщIы хабзэм цIыхухэр трегъэгушхуэ я къуажэр, къалэр, районыр, республикэр езыгъэфIэкIуэн, абыхэм щыпсэухэм гъащIэр тынш ящызыщIын жэрдэм къыхалъхьэну. Проект къыхэзылъхьам и Iуэхур даIыгъ-дамыIыгъым теухуауэ щIыпIэ администрацэм и унафэщIым мазэ пIалъэм къриубыдэу жэуап иратын хуейщ.
- Хабзэм елэжьахэм зэрыжаIэмкIэ, цIыхухэр хэтын, тегъэгушхуэн хуейщ я псэукIэр езыгъэфIэкIуэну Iуэхухэм. Хэтын къудей мыхъуу, бюджет ахъшэр зытрагъэкIуадэм кIэлъыплъыну хуитщ.
- Ар дауэ зэрыпщIынур? ЦIыхуипщI нэхърэ мынэхъ ма- щIэ зэгуохьэ, къуажэм, къалэм (щхьэж щыпсэум елъытауэ) щащIэну хуейм и проектыр щIыпIэ администрацэм щIалъхьэ. Проектым мыхьэнэуэ иIэр, мылъкуу текIуэдэнур, н.къ. псори гъэбелджылауэ, тхауэ администрацэм етын хуейщ.
- Псалъэм папщIэ, Ставрополь крайм, Дагъыстэным къыщагъэсэбэп «ЩIыпIэ жэрдэмхэр» программэр. Республикэм мы гъэм а программэм хухихащ сом мелуан 269,6-рэ. Абы щыщу сом мелуани 181,5-р республикэм и бюджетым, сом мелуан 28,1-р муниципалънэ бюджетым, сом мелуан 60-р меценатхэм къыхалъхьащ.
- ЦIыхум жэрдэм щIыхэлъын, абы ар дэIыгъын щIыхуейм щхьэусыгъуэ зыбжанэ иIэщ. Япэрауэ, ар демократием къигъэув Iуэхущ. ЕтIуанэрауэ, цIыхухэр политикэми, экономикэми, псэукIэм епха нэгъуэщIIуэхухэми хэпсэлъы-хьыну хуимытмэ, я псалъэм пщIэ имыIэмэ, жылагъуэу пхузэкъуэгъэувэнукъым. АтIэ псом хуэмыдэу мы зэманым абы мыхьэнэшхуэ иIэщ, щIыпIэ администрацэр и закъуэ зыпэмылъэщын Iуэху куэд зэтрихьэ хъуащи. Ар лэжьа- пIэншагъэм, афияным, ди щIыпIэм щыземыкIуа хабзэ къытхэзыпщэну зызыгъэткIийхэм, нэгъуэщIхэми епхащ икIи зи гугъу тщIа дэтхэнэ зы Iуэхури ди щыIэкIэ-псэукIэр хьэлъэ зыщIщ. Абы тещIыхьауэ уегупсысмэ, мы хабзэм мылъку зэхэдзи, акъыл зэхэдзи тщIыну Iэмал къыдет.
Зыхыхьэхэр: Махуэку
2020-11-19
- Иужьрей илъэсхэм топсэлъыхь Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и зыгъэпсэхупIэхэмрэ хы ФIыцIэ Iуфэмрэ я зэхуаку дэлъ гъуэгуанэм текIуадэ зэманыр гъэкIэщIын зэрыхуейм. Къапщтэмэ, Кисловодск къыщыщIэдзауэ Сочэ нэс километр 700 дэлъщи, ар уригъэшу кIыхьщ, гъуэгухэри хуэщIакъым уи машинэм уису, ущыхуейм деж укъэувыIэрэ зыбгъэпсэхуу узекIуэным.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Махуэку
2020-11-19
- Налшык щыIэ Универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ тхэквондомкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ илъэс 15 — 17 зи ныбжь спортсменхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр
2020-11-19
- Мэзкуу и «Олимпийская деревня-80» спорткомплексым щекIуэкIащ СССР-м щIыхь зиIэ и тренер Андреев В. дзюдомкIэ и фэеплъ зэхьэзэхуэ. Къэралым и щIыпIэ 17-м икIа спортсмени 115-рэ абы кърихьэлIат.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр
|