Тау Хьэзешэ Талий и къуэр
2020-11-19
- Иджыблагъэ дунейм ехыжащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Тау Хьэзешэ Талий и къуэр.
- Тау Хьэзешэ Талий и къуэр 1936 гъэм щIышылэм и 26-м Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Къамылыкъуэ къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр къиуха нэужь, ар щIэтIысхьащ Джавахишвили Иван и цIэр зэрихьэу Тбилиси дэт къэрал университетым. Таум и насып кърихьэкIащ а зэманым къэралым нэхъ цIэрыIуэу иса бзэ щIэныгъэлIхэм ирагъэджэну. ЕджапIэр диплом плъыжькIэ къиуха нэужь, Хьэзешэ аспирантурэм щIэтIысхьэри, 1962 гъэм «Адыгэбзэм падежхэр зэрыщылажьэр» и диссертацэр ехъулIэныгъэ пылъу пхигъэкIащ.
- 1963 гъэм Шордакъ къуажэ школым и унафэщIу лэжьэн щIидзат Хьэзешэ. 1966 гъэм щIэныгъэлI щIалэр ирагъэблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым. Абы щылэжьэху Таум и Iэдакъэ къыщIэкIащ адыгэбзэм епха лэжьыгъи 100-м щIигъу.
- 1977 гъэм, КъБКъУ-м и ректор Лъостэн В. Ч. и жэрдэмкIэ, Тау Хьэзешэ университетым ирагъэблэгъащ, жэуаплыныгъэ зыпылъ IэнатIэхэр абы щызэрихьащ: щIэзыгъэтIысхьэ комиссэм и унафэщIу, хамэ къэрал къикIа студентхэм я декану, еджапIэ нэхъыщхьэм филологиемкIэ и къудамэм и къызэгъэпэщакIуэу щытащ. Хьэзешэ илъэс 20-м щIигъукIэ зэрихьащ проректор къулыкъур, къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и кафедрэм и тхьэмадэ IэнатIэри ирихьэкIащ.
- Тау Хь.Т. и доктор диссертацэр теухуат къэбэрдей-шэрджэс диалектхэм. Абы игъэхьэзыращ бзэм и грамматикэмрэ структурнэ зэпкърыхыкIэмрэ епха лэжьыгъэхэр.
- Къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и псалъалъэр къыдэзыгъэкIахэм язщ Тау-профессорыр. Хьэзешэ хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм Хэкум зыкъызэрыпащIэфын Iэмалхэм зегъэубгъун Iуэхуми. Ар фIыуэ къыщацIыхурт Иорданием, Сирием, Тыркум. Тау Хьэзешэ КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэт. Абы и ехъулIэныгъэхэр куэдрэ республикэми къэралми медалхэмрэ тыгъэ лъапIэхэмкIэ къыщыхагъэщащ. Лъэпкъым дежкIэ гуауэшхуэщ апхуэдэ цIыху телъыджэ зэрытхэщIар. Тау Хьэзешэ и цIэр дэ зэи тщыгъупщэнукъым.
- КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ
- щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэ.
- Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ
- Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университет.
- Дунейпсо Адыгэ Хасэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэ, «Адыгэ псалъэ» газет.