ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ноябрь, 2020

Жьы дыдэ хъуа псэупIэхэм цIыхур къыщIэгъэIэпхъукIыным нэхъ хуэхьэзыр щIыналъибгъум ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрыр

2020-11-17

  • Ущыпсэуну къемызэгъыж, уеблэмэ шынагъуэ хъуа унэхэм цIыхухэр къыщIэгъэпхъукIыным яужь нэхъ пасэу ихьэным Урысейм щыхуэхьэзырщ щIыналъибгъу, — «Урысей зэкъуэт» партым иригъэкIуэкIа селектор зэIущIэм апхуэдэу щыжиIащ УФ-м ухуэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Егоров Максим.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Пщэдейм  хуэкIуэ гъуэгу

2020-11-17

  • Аращ зэреджэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм курыт щIэныгъэ щызрагъэгъуэту ит IуэхущIапIэхэр зыхэша хъуа, 6 — 11-нэ классхэм щIэс еджакIуэхэм нэхъ пасэу IэщIагъэ къыхэхыным хуэгъэпса урысейпсо проектым. Абы ипкъ иткIэ ди щIыналъэм къыщызэрагъэпэща IэщIагъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэм хыхьащ еджакIуэ ныбжьыщIэ минитхум щIигъу. ЩIэупщIэ зыгъуэта Iуэхугъуэр, и фIэщыгъэм къызэрыхэщщи, зыхуэгъэзар къыдэкIуэтей щIэблэр IэщIагъэ къыхэхыным ехьэлIауэ щыIэ хэкIыпIэхэм, бгъэдыхьэкIэхэм щыгъэгъуэзэнырщ, абыхэм есэныгъэ пыухыкIахэр ябгъэдэлъхьэнырщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Ежевский Александр и цIэр зезыхьэ саугъэтым и лауреат Гъубжокъуэ Мурат

2020-11-17

  • Техникэмрэ машинэ пкъыгъуэхэмрэ къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм къызэригъэпэщу, Урысейм Промышленностымрэ сату IуэхухэмкIэ и министерствэм диIыгъа, Ежевский Александр и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ саугъэтыр иджыблагъэ хуагъэфэщащ КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и ещанэ курсым щеджэ Гъубжокъуэ Мурат. Пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкIэ жыгхэм псы хущхъуэ зэхэщIар зэрытраутхэ Iэмэпсымэр егъэфIэкIуэнымкIэ къэхутэныгъэ хъарзынэ езыгъэкIуэкIа адыгэ щIалэщIэм и лэжьыгъэм дуней псом щыцIэрыIуэ IэщIагъэлIхэм гулъытэшхуэ къыхуащIащ, пщIэи игъуэтащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ШЫХЪУЭСТЭН Владимир КIысту и къуэр

2020-11-17

  • Адыгэхэм мымащIэу къытхэкIащ лъэпкъыр зэрыгушхуэ, зэрыпагэ цIыху щыпкъэхэр. Апхуэдэхэм ящыщт иджыблагъэ дунейм ехыжа Шыхъуэстэн Владимир КIысту и къуэр. Еджагъэшхуэм и зэфIэкI куэд ирихьэлIащ техносферэ унэтIыныгъэм ди къэралым зыщиужьыным. РАЕН-м и академик, абы и къудамэм и унафэщI, профессор, физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор Шыхъуэстэныр дунейпсо цIэрыIуагъ зиIэ къэхутакIуэт, щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ IэщIагъэлI щыпкъэт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Псэ  зыIутхэм  щылъыхъуэу

2020-11-17

  • Австралием ЩIэныгъэмрэ абы и гуэдзэн унэтIыныгъэхэмкIэ и къэрал зэгухьэныгъэм (CSIRO) хэт щIэныгъэлIхэм хьэршым техноген сигналхэр къыщылъыхъуэнымкIэ зэхагъэува проектым хыхьэу, уафэ жыжьэм щыIэ, вагъуэ мелуани 10-м нэблагъэ зыхиубыдэ Парус зи фIэщыгъэ «цIуугъэнэ» гуэрэн абрагъуэм лъэныкъуэкIэ къыщыт и Iэгъуэблагъэр а къэралым щызэпкъралъхьа, MWA (Murchison Widefield Array) радиотелескоп лъэрызехьэмкIэ къаплъыхьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Насып зэхэгъэкIыпIэ

2020-11-17

  • НафIэдз  Мухьэмэд
  • Повестым  щыщ  пычыгъуэхэр
  • Зэшыгъуэщ гъащIэр, псом хуэмыдэу ущизакъуэм деж. Закъуэныгъэм и хъым уихуэным нэхърэ нэхъ Iей щыIэуи фIэщщIыгъуейщ. Зымыгъэунэхуам ищIэркъым ар зищIысыр, абы ишэч хьэзабыр.
  • Пэш кIыфIыжьым щIэмызагъэу щхьэгъубжэ Iухам бгъэдыхьа щIалэм зыгуэр къилъыхъуэ хуэдэщ. «Мор си вагъуэщ» — игукIэ жиIэу, и нэм уэгум япэу щыхиубыдыкIар псоми яхолыдыкI. ЗэримыпэсIа хуэдэ, уэгум лъагэу зэритрагъэнкIи хъунщ абы гъунэгъу щIимыIэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Лу Руслан и къалэным  полъэщ

2020-11-17

  • Къэрал кIуэцI органхэм я лэжьакIуэм и махуэм ирихьэлIэу фIыщIэ, хъуэхъу псалъэ дахэ куэд хужаIащ а IэнатIэм я къару емыблэжу пэрытахэм, нобэ щIалэгъуалэм ядэлажьэ нэхъыжьхэм, иджыпсту къулыкъу зыщIэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щапхъэ

Африкэм щыIэ адыгэ щIалэ

2020-11-17

  • КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и ЩIалэгъуалэ советым и жэрдэмкIэ 2015 гъэм екIуэкIа «Илъэсым и ехъулIэныгъэ» зэхьэзэхуэм «IT технологиехэр» Iыхьэм щытекIуауэ щытащ Къармэ Астемыр. Иджы илъэсищ хъуауэ ар Африкэ Ипщэм щолажьэ, Йоханнесбург къалэм дэт AxxonSoft (ITV) IуэхущIапIэм хьэрычэт IэнатIэм зегъэужьынымкIэ и унафэщI къулыкъур къыщыхуагъэфэщауэ. ЩIалэщIэм и лэжьыгъэр зытеухуар шынагъуэншагъэм ехьэлIауэ программэхэр зэхэгъэувэнырщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ

Бжыгъэр къахузэIухакъым

2020-11-17

  • «Спартак-Налшык» (Налшык) — «Мэшыкъуэ-КМВ» (Псыхуабэ) — 0:0. Налшык. «Спартак» стадион. ЩэкIуэгъуэм и 14-м. ЦIыхуи 100 еплъащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Урысейм ис лъэпкъхэм я литературэ

2020-11-17

  • ЩэкIуэгъуэм и 3-м «Урысейр – нобэ» хъыбарегъащIэ агентствэм и IуэхущIапIэм щекIуэкIащ «Урысейм ис лъэпкъхэм я литературэ» антологием и лъэтеувэр. Иджы тхылъ еплIанэ утыку къизыхьа проектым и мыгъэрей къыдэкIыгъуэр драматургием хухахащ. Пьесэ 72-рэ зэрыхуа тхылъым ирагъэуващ Урысейм ис лъэпкъ 40-м къыхэкIа тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр. Хуабжьу дыщогуфIыкI зи гугъу тщIы антологием адыгэ усакIуэ-драматургхэу IутIыж Борис, Шыд Юрий, Къаныкъуэ Заринэ, Бемырзэ Зураб сымэ я тхыгъэхэр зэрихуам.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2020-11-17

  • Дунейпсо Адыгэ Хасэр, Къэбэрдей Адыгэ Хасэр КъАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэ Лъхукъуэщауэ Хьэбас Мухьэмэд и къуэм хуогузавэ абы и къуэш Сэбаншы Хьэутий Хьэчим и къуэр дунейм зэрехыжам къыхэкIыу.

Зыхыхьэхэр: Хэха